6-НЭ УРОКЫР
Ди къуэш, ди шыпхъухэр зэрыдгъэныбжьэгъум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?
Мадагаскар
Норвегие
Ливан
Италие
Мэз Іув дыпхрыкІын хуей хъуми, дунейр къетІэтІэхми, дэ ди зэІущІэхэр зэи блэдгъэкІкъым. Гугъуехь диІэхэмрэ махуэ псом дызэрылэжьам щхьэкІэ дызэрешамрэ емылъытауэ, щхьэ апхуэдиз къару етхьэлІэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэр тлъэгъун щхьэкІэ?
Дэ дэІэпыкъуэгъу догъуэт. ЗэІущІэхэм кІуэхэм хуэгъэзауэ Паул итхащ: «Дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж» (Еврейхэм 10:24). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ фІыуэ дызэрыцІыхун икІи зыр зым дыдэІэпыкъун зэрыхуейр. Зэхуэсым хэтхэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхумэ, дэ къыдгурыІуэнущ языныкъуэхэм ди гугъуехьхэм хуэдэ зэраІар икІи абыхэм зэрыпэлъэщыфар. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм я чэнджэщхэр къыддэІэпыкъунущ ди гугъуехьхэм хэкІыпІэ къыхуэдгъуэтыну.
Ныбжьэгъу пэжхэр къыдогъуэт. Ди зэІущІэхэм къакІуэхэр ди цІыхугъэ къудейкъым, атІэ ахэр ди ныбжьэгъуфІхэщ. ЗэІущІэхэм дыщызэролъагъу, ауэ абы нэмыщІ дэ зэгъусэуи зыдогъэпсэху. Сыт абы къыдитыр? Зым зыр лъапІэу илъытэну икІи нэхъыфІыжу илъагъуну къыддоІэпыкъу. Ди къуэш, ди шыпхъухэр гугъуехь гуэрым щыпэщІэхуэм деж, дэ абыхэм занщІэу дадэІэпыкъуну дыхьэзырщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр ди ныбжьэгъущ (Притчи 17:17). Ди зэхуэсым щыщ псоми гулъытэ яхуэтщІыну дызэрыхущІэкъумкІэ къыдогъэлъагъуэ дэ сыт щыгъуи абыхэм яфІ къызэрытлъыхъуэр (1 Коринф 12:25, 26).
Алыхьым и мурадыр зыгъэзащІэхэр ныбжьэгъу пщІыну ухудогъэуш. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэращ. Ахэр ныбжьэгъу пщІыну зыри зэран зыхуумыгъэхъу!
Ди къуэш, ди шыпхъухэр ди ныбжьэгъуу зэрыщытым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?
Ди зэхуэсым хэтхэр дапщэщ щызэбгъэцІыхунур?