ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 5-нэ урокыр
  • Ди зэІущІэхэм къыпхуахьыну сэбэпынагъыр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди зэІущІэхэм къыпхуахьыну сэбэпынагъыр
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуахьынур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • ЗэІущІэхэм дыщІэкІуэм и щхьэусыгъуэр сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 5-нэ урокыр

5-НЭ УРОКЫР

Ди зэІущІэхэм къыпхуахьыну сэбэпынагъыр

Зал Царства Свидетелей Иеговы в Аргентине

Аргентинэ

Встреча Свидетелей Иеговы в Сьерра-Леоне

Сьерра-Леоне

Встреча Свидетелей Иеговы в Бельгии

Бельгие

Встреча Свидетелей Иеговы в Малайзии

Малайзие

Куэдым я диным пыщІа зэІущІэхэм кІуэн щагъэтащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэІущІэхэм Алыхьым теухуауэ зыри щызэхахтэкъым икІи гупсэхугъуэ щагъуэттэкъым. Ауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм ирагъэкІуэкІ зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуахьыфынур?

ЦІыхуфІхэм, цІыху щабэхэм дахэтщ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми зэІущІэхэр яІэт. А зэІущІэхэм Алыхьыр зэгъусэу щагъэлъапІэт, Тхыгъэ ЛъапІэр щаджт икІи зэрыгъэгушхуэт (Еврейхэм 10:24, 25). Абыхэм я зэхуаку хуабагъэ дэлът икІи дэтхэнэ зыми зыхищІэт и къуэш, и шыпхъухэр абы и ныбжьэгъу пэжу зэрыщытыр (2 Фессалоникэ 1:3; 3 Иуан 14). Дэ абыхэм щапхъэ тыдох икІи абыхэм яІа гурыфІыгъуэм хуэдэ дэри зыхыдощІэ.

Библием ит принципхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпу зыщыдогъасэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, пасэм псэуа цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр зэхуэст, Алыхьым теухуауэ къащІэн щхьэкІэ. Дэри абыхэм нобэ щапхъэ тыдох. Куэд щІауэ Алыхьым хуэлажьэ ди егъэджакІуэхэм къыдгурагъаІуэ Библием ит принципхэр махуэ къэс ди гъащІэм дауэ къыщыдгъэсэбэп хъунуми (Второзаконие 31:12; Неемия 8:8). Гукъыдэж зиІэ псоми ди гъусэу уэрэд жаІэ хъунущ икІи Библием тегъэщІа статьяр щызэпкърытхкІэ, я Іэр яІэту жэуап ят хъунущ. Ди зэІущІэхэм Алыхьым щытхъу къыхуэтхьыну Іэмал къыдат (Псалом 35:18).

Ди фІэщхъуныгъэм хыдогъахъуэ. Апостол Паул зы зэхуэсым хуитхат: «Фыслъагъуну куэду сыхуейщ. А зы фІэщхъуныгъэу диІэмкІэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсІэр» (Рим 1:11, 12). Ди къуэш, ди шыпхъухэм щІэх-щІэхыурэ дазэрыхэтым ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ икІи Алыхьым и хабзэхэм дытету дыпсэуну дытрагъэгушхуэ.

Ди гум къыбгъэдэкІыу ди зэІущІэхэм укъыдогъэблагъэ. Ахэр зэрекІуэкІыр уи нэкІэ плъэгъуну Іэмал уиІэщ. УкъызэрыкІуам псори щыгуфІыкІынущ. ЩІыхьэпщІэ ептын хуейкъым икІи зэІущІэр щекІуэкІкІи ахъшэ лъэпкъ хахкъым.

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр зэрекІуэкІын хуейм теухуауэ хэт щапхъэ зытрахыр?

  • Ди зэІущІэхэм узэрыкІуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуихьынур?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

ЯпэщІыкІэ дыщызэхуэс Унэм уеплъ хъунущ. Иеговэ и Щыхьэтхэм щыщ дэтхэнэми экскурсие пхуищІыфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын