ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 7-нэ урокыр
  • Ди зэІущІэхэр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди зэІущІэхэр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуахьынур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Ди зэІущІэхэм къыпхуахьыну сэбэпынагъыр
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 7-нэ урокыр

7-НЭ УРОКЫР

Ди зэІущІэхэр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр?

Встреча собрания Свидетелей Иеговы в Новой Зеландии

Новая Зеландие

Встреча собрания Свидетелей Иеговы в Японии

Японие

Юный Свидетель из Уганды читает Библию

Угандэ

Две сестры, Свидетели Иеговы, из Литвы показывают, как можно проводить библейское обсуждение

Литва

Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэІущІэхэм уэрэд щыжаІэт, Алыхьым щелъэІут икІи Тхыгъэ ЛъапІэм еджэурэ ар зэпкърахт (1 Коринф 14:26). Ахэр цІыхухэм къагупсысыжа хабзэхэм теттэкъым. Нобэ ди зэІущІэхэри апхуэдэущ зэрекІуэкІыр.

Дызэджэр Библием тегъэщІащ икІи ди гъащІэм сэбэп къыщытхуохъу. Щэбэтым е тхьэмахуэ махуэм екІуэкІ зэІущІэм дакъикъэ 30-кІэ Библием тегъэщІа псалъэ щыжаІэ. А псалъэм къыдгурегъаІуэ дунейм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэм я мыхьэнэр икІи Библием ди гъащІэр нэхъыфІ зэрищІыр. ЗэІущІэм щызэпкърах едзыгъуэхэм кІэлъыплъын щхьэкІэ, псоми Библиер къызэІуах. Псалъэр жаІа иужь сыхьэтым и кІуэцІкІэ «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит статьяр зэпкърах. Гукъыдэж зиІэхэм я Іэр яІэтурэ жэуап ят хъунущ. Апхуэдэ статьяхэр зэрызэпкърытхым и фІыгъэкІэ Библием ит принципхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыфу зыдогъасэ. Дуней псом щыІэ зэхуэсхэм я бжыгъэр 120 000-м ноблагъэ икІи абыхэм псоми яджыр зы материалщ.

ЦІыхухэр фІыуэ едгъэджэфу зыдогъасэ. Тхьэмахуэм къриубыдэу иджыри зэ дызэхуозэ. «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэр Іыхьищу зэхэлъщ. А зэІущІэр зытегъэщІар мазэ къэс къыдэкІ «Дызэрылажьэ тхылъым» ит материалыращ. «Алыхьым и Псалъэм ит хъугъуэфІыгъуэхэр» жыхуиІэ япэ Іыхьэм тхьэмахуэм дызэджа Библием щыщ пычыгъуэр нэхъыфІу къыдгурегъаІуэ. Абы къыкІэлъыкІуэ «ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур идогъэфІакІуэ» жыхуиІэ Іыхьэм Библием тегъэщІауэ цІыхум дауэ уепсалъэ хъунуми щыдолъагъу. Чэнджэщхэр зыт къуэшыр еджакІуэм доІэпыкъу къызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэрыригъаджэмрэ иригъэфІэкІуэну (1 Тимофей 4:13). «Ди гъащІэр» жыхуиІэ иужьрей Іыхьэм зыщыдогъасэ Библием ит принципхэр махуэ къэс ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыфу. А зэІущІэм упщІэрэ жэуапкІэ зэпкърытх материалым Библиер нэхъ куууэ къыдгурегъаІуэ.

Ди зэІущІэхэм укъакІуэмэ, уи нэкІэ плъэгъунущ дызэрырагъаджэм и фІагъыр (Исаия 54:13).

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр дауэ зэрекІуэкІыр?

  • Тхьэмахуэ къэс екІуэкІ ди зэІущІэхэм щыщу сыт хуэдэрат уздэкІуэну узыхуейр?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иджыблагъэ екІуэкІыну зэІущІэм щызэпкърахыну материалым хэплъэ. Абы ит гупсысэхэр уи гъащІэм къызэрыбдэІэпыкъуфынум егупсыс.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын