ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • rk пс. 5, н. 12—14
  • Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр
  • ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • И къарум гъунэ иІэкъым
  • Захуагъэ зыхэлъ Алыхьщ
  • Іущагъ зыбгъэдэлъ Алыхьщ
  • «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»
  • Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІ
  • Алыхьым и хьэл-щэнхэр
    ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
  • Алыхьымрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуа пэжыр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Библиер къызыбгъэдэкІым теухуауэ а тхылъым сыт къыдигъащІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Алыхь пэжыр — хэт ар?
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
Нэхъыбэ еплъын
ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
rk пс. 5, н. 12—14

5-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр

ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭР Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэм топсэлъыхь. Абыхэм Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къыдагъащІэ. Абы и хьэл-щэн нэхъыщхьиплІыр — къарур, захуагъэр, Іущагъыр, лъагъуныгъэр арщ. А хьэл-щэнхэр зэпкърытхынщ.

И къарум гъунэ иІэкъым

Алыхьым и къарум гъуни нэзи иІэкъым

Иеговэ Ибрэхьим жриІащ: «Псори зыхузэфІэкІ Тхьэр Сэращ» (ЩІэдзапІэ 17:1). Алыхьым и къарум хуэдэ щыІэкъым, абы гъуни кІэи иІэкъым. А къарур къигъэсэбэпу Алыхьым дуней псор къигъэщІащ.

Алыхьым и къарумкІэ зэи Іей илэжькъым, атІэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ ар къегъэсэбэп. Абы и къарур и захуагъэм, и Іущагъым, и лъагъуныгъэм екІуу щытщ.

Иеговэ пэжу хуэлажьэ цІыхухэм и къарумкІэ ядоІэпыкъу. «Иеговэ щІылъэ псор къеплъыхь и гур етауэ хуэлажьэхэм и къарур къигъэсэбэпу дэІэпыкъун щхьэкІэ» (2 Летопись 16:9). Апхуэдэ къаруушхуэ зиІэ икІи гулъытэ къытхуэзыщІ Алыхьым гъунэгъу зыхуэпщІыну ухуейт?

Захуагъэ зыхэлъ Алыхьщ

«Иеговэ захуагъэр ифІэфІщ» (Псалом 37:28). Езым и хабзэхэм тетщи и Іуэхухэм сыт щыгъуи пэжагърэ захуагъэрэ хэлъщ.

Алыхьым цІыху псори и зэхуэдэщ

Иеговэ хабзэншагъэр илъагъу хъукъым. Абы «нэфІ-ней хэлъкъым икІи Іулъхьэ къищтэкъым» (Второзаконие 10:17). Ар дэІэпыкъуэгъу зимыІэхэм къащхьэщож, псалъэм папщІэ «зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ», икІи нэгъуэщІхэм лей езыххэм пэщІэтщ (Екъуб 1:27). Алыхьым псори и зэхуэдэщ. «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (Апостолхэм 10:34, 35).

Алыхьым и захуагъэм щыщІагъэ хэлъкъым. Ар егъэлеяуэ щабэу е ткІийуэ щыткъым. Алыхьым хущІемыгъуэж гуэныхьщІакІуэхэм тезыр ятрелъхьэ, ауэ зи гуэныхьхэм хущІегъуэжхэм гущІэгъу хуещІ. «Иеговэ Алыхь гущабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, къэгубжьыгъуафІэкъым, лъагъуныгъи и куэдщ. Сыт щыгъуи ди къуаншагъэ къилъыхъуэнукъым икІи и губжьри куэдрэ иІыгъынукъым, ди гуэныхьхэр тхуегъэгъу икІи ди мыхъумыщІагъэхэм къыпэкІуэр дигъэпшыныжкъым» (Псалом 103:8—10). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я фІэщхъуныгъэм щыхьэт техъуэ Іуэхухэр щыгъупщэкъым икІи и нэфІ ящехуэ. Апхуэдэ Алыхь захуэм уи дзыхь ебгъэзыну хуэфащэкъэ?

Іущагъ зыбгъэдэлъ Алыхьщ

Алыхьым и Іущагъыр Тхыгъэ ЛъапІэм итщ

Іущагъ псори къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ. «Сыту ин Тхьэм и фІыгъуэшхуэр, и акъылыфІагъэшхуэр, и щІэныгъэшхуэр!» (Рим 11:33). Абы и Іущагъым хуэдэ щыІэкъым икІи гъунэ иІэкъым.

Алыхьым и Іущагъыр къигъэщІахэм фІыуэ хыболъагъуэ. «Сыту куэд уэ къэбгъэщІар! Акъылышхуэ хэлъщ а псом. ЩІылъэр уи ІэдакъэщІэкІхэмкІэ гъэнщІащ» (Псалом 104:24).

Абы нэмыщІ, Алыхьым и Іущагъыр Тхыгъэ ЛъапІэм къытхузэІуех. Пащтыхь Даут итхат: «Иеговэ и ущиехэм дзыхь хуэпщІ хъунущ — зэхэщІыкІ зимыІэхэр Іущ ещІ» (Псалом 19:7). Дэтхэнэ зы цІыхуми а Іущагъыр зэригъэгъуэтыфынущ! Къэбгъэсэбэпыну пІэрэ уэ а Іэмалыр?

«Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ»

Иеговэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэр лъагъуныгъэщ. Тхыгъэми аращ итыр: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Иуан 4:8). ИщІэ псори и лъагъуныгъэм къыхэкІыу ещІэ.

Алыхьым и лъагъуныгъэр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ дегъэлъагъу. Алыхьым фІы къытхуещІэ, псалъэм папщІэ, «уафэм къикІыу уэшх къытхуригъэшхыу, игъуэм гъавэр къытхуигъэкІыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфІэу» (Апостолхэм 14:17). Пэж дыдэу «сыт хуэдэ ІуэхуфІри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыІэ нэхухэм я Адэ лъапІэм къыбгъэдокІ» (Екъуб 1:17). Уасэ зимыІэ апхуэдэ тыгъэхэм ящыщ зыщ Тхыгъэ ЛъапІэр. Ар къигъэсэбэпурэ Алыхьым езым теухуа пэжыр къытхуеІуатэ икІи лъагъуныгъэм тегъэщІа и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ къыдегъащІэ. «Уэ уи псалъэхэращ щыпкъэр»,— и тхьэлъэІум хэту жиІащ Хьисэ (Иуан 17:17).

Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм къыхэщ и Іущагъым уи гур хегъахъуэ

Абы нэмыщІ, гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж Алыхьыр къыддоІэпыкъу. «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7). Абы ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу. «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ, зыкъыпхуэзыгъазэ псоми уи фІылъагъуныгъэшхуэр ибогъэлъагъу» (Псалом 86:5). Алыхьым гъащІэ мыухыжи къыдитыну дыкъегъэгугъэ. «Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апокалипсис 21:4). Алыхьым къытхуиІэ лъагъуныгъэм хуэдэ уэри хуэпщІыну ухуей?

Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІ

Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэмэ икІи абы и хьэл-щэнхэм куууэ уегупсысмэ, гъунэгъу ухуохъу

Алыхьыр хуейщ уэ ар фІыуэ пцІыхуну. И Псалъэм дыкъыхуреджэ: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Алыхьым и бегъымбар пэж Ибрэхьим езым и «ныбжьэгъукІэ» еджащ (Екъуб 2:23). Иеговэ хуейщ уэри абы и ныбжьэгъу ухъуну.

Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ щызэдгъэгъуэтым деж, абы гъунэгъу дыхуохъу. Абы нэхъ насыпыфІэ дещІ. «Иеговэ и хабзэхэм иригушхуэ икІи жэщи махуи и хабзэхэм макъкІэ еджэ» «цІыхур насыпыфІэщ» (Псалом 1:1, 2). Абы къыхэкІкІэ адэкІи Тхыгъэ ЛъапІэр джы. Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэмрэ и Іуэхухэмрэ куууэ егупсыс. КъапщІэхэр къэбгъэсэбэпурэ, Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэр гъэлъагъуэ. «Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ. И унафэхэри гугъукъым» (1 Иуан 5:3). Даут хуэдэу Алыхьым фелъэІу: «Уи гъуэгухэр сыгъэлъагъу, уэ Иеговэ, уи лъагъуэхэм щыгъуазэ сыщІ. Уи пэжыгъэм и гъуэгухэм сытегъэт» (Псалом 25:4, 5). Уэ плъэгъунущ мы псалъэхэм и пэжагъыр: «Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апостолхэм 17:27).

Дауэ уеплърэ?

  • Алыхьым и хьэл-щэнхэм щыщу дэтхэнэра нэхъ уигу ирихьыр? Сыт щхьэкІэ?

  • Алыхьым дауэ гъунэгъу зыхуэпщІыфыну?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын