6-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым щІылъэр къигъэщІа?
АЛЫХЬЫМ мурад иІащ цІыхухэм щІылъэр псэупІэфІ яхуищІыну. И Псалъэм щыжыІащ: «Уафэр — уафэр Иеговэ ейщ, щІылъэр цІыху лъэпкъым я къуэхэм къаритащ» (Псалом 115:16).
Япэ цІыху Іэдэм къигъэщІын ипэкІэ, Алыхьым щІылъэм щыщ Іыхьэ хихри Іэдэн жыг хадэр ищІащ. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ Евфрат, Тигр жыхуиІэ псыежэххэр Іэдэн жыг хадэм къыхэжу щытауэa. Іэдэн жыг хадэр нобэрей Тыркум и къуэкІыпІэмкІэ щыІауэ къыщІэкІынщ. Іэдэн жыг хадэр пэж дыдэу щІылъэм щыІащ!
Алыхьым Іэдэм къигъэщІа иужь Іэдэн жыг хадэм иригъэтІысхьащ «абы илэжьыхьын, ар ихъумэн папщІэ» (ЩІэдзапІэ 2:15). ИужькІэ Алыхьым Іэдэм къыхуигъэщІащ щхьэгъусэ — Хьэуа. Абыхэм унафэ яхуищІащ: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» (ЩІэдзапІэ 1:28). Зэрытлъагъущи, Алыхьым щІылъэр «пщІэншэу къигъэщІакъым, цІыхухэр тез хъун щхьэкІэ къигъэщІащ ар» (Исаия 45:18).
Ауэ ящІэр къагурыІуэу Алыхьым и унафэм щебэкъуам щыгъуэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым пэщІэуващ. Абы щхьэкІэ Алыхьым ахэр Іэдэн жыг хадэм кърихуащ. Апхуэдэу Жэнэтыр абыхэм яфІэкІуэдащ. Іэдэм и гуэныхьым нэгъуэщІ насыпыншагъэхэри къыпэкІуащ. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкІар зы цІыхущ. Гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цІыху псоми гуэныхь зэращІам щхьэкІэ лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12).
ЩІылъэр Жэнэт ищІыну икІи цІыху насыпыфІэхэр абы щигъэпсэуну япэу иІа мурадыр Алыхьым ихъуэжауэ пІэрэ? Хьэуэ, ихъуэжакъым! Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «Апхуэдэу си жьэм къыжьэдэкІа си псалъэм си деж гъэзэщІа мыхъуауэ къигъэзэжынукъым, атІэ сызыхуейр игъэзэщІэнущ икІи сэ щІэзгъэкІуар ищІэнущ» (Исаия 55:11). ЩІылъэм Жэнэтыр ухуэжа щыхъунущ!
Жэнэтым сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнур? КъыкІэлъыкІуэ напэкІуэцІитІым Тхыгъэ ЛъапІэм дыкъызэригъэгугъэхэр щыплъэгъунущ.
a ЩІэдзапІэ 2:10—14 итщ: «Іэдэн къыхэжырт жыг хадэр зыгъэпсыІэ псыр, итІанэ ахэр псиплІу зэхэкІыжырт. Зым и цІэщ Пишэн... [...] ЕтІуанэ псым и цІэщ Гъыхъон... Ещанэ псым и цІэщ Тигр: ар щожэх Ашур и къуэкІыпІэмкІэ. ЕплІанэ псыр Евфратщ». Япэ псыежэхитІыр здэщыІэр нобэ ящІэркъым.