ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • rk пс. 4, н. 10—11
  • Алыхьыр хэт хъуну?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьыр хэт хъуну?
  • ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
rk пс. 4, н. 10—11

4-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

Алыхьыр хэт хъуну?

ЦІЫХУХЭМ алыхь куэд ягъэлъапІэ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ Алыхь пэжыр закъуэщ. Ар псоми къащхьэщокІ. Абы хуэдэ щыІэкъым. ЩІэдзапІи кІэухи иІэкъым. Абы щІылъэми уафэми щыІэ псори къигъэщІащ, гъащІи къыдитащ. Абы къыхэкІыу, дыхуэлэжьэну зыхуэфащэр а зыращ.

Мусэ бегъымбар итхыжа Торэт хабзэм «мелыІычхэм къаІуэта псалъэхэу» йоджэ

Алыхьым титул куэд иІэщ, ауэ цІэуэ зы закъуэщ иІэр. Абы и цІэр Иеговэщ. Алыхьым Мусэ жриІащ: «Мыпхуэдэу яжеІэ Израил и къуэхэм: „Иеговэ, фи адэжьхэм я Алыхьым, Ибрэхьим и Алыхьым, Исхьэкъ и Алыхьым, Екъуб и Алыхьым фи деж сыкъигъэкІуащ“. Аращ си цІэу игъащІэкІэ щытынур икІи зы щІэблэм икІыу адрей щІэблэм кІуэуэ къызэрызэджэнур» (Исход 3:15). Тхыгъэ ЛъапІэм Алыхьым и цІэ Иеговэ 7 000 хуэдизкІэ ущрохьэлІэ. Псалом 83:18 Алыхьым теухуауэ итщ: «Уэ, Иеговэ зицІэ, уэ зыращ Псом нэхъ Лъагэр, ирыращІэ цІыхухэм ди щхьэщыгум узэритыр».

Алыхьым и цІэр зэрыт пасэрей тхыгъэм щыщ Іыхьэ (Хы Псэншэм и Іэрытххэр)

Алыхьыр зыми илъэгъуакъым. Алыхьым Мусэ жриІащ: «Си нэгу укъыщІэплъэн плъэкІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сыкъэзылъэгъуа цІыхур псэууэ къэнэнукъым» (Исход 33:20). Алыхьыр уафэм щопсэу икІи ар нэрымылъагъущ. Къезэгъкъым Алыхьым и сурэт, дэмыгъэ е тхьэ нэпцІ пщІыну икІи абыхэм уелъэІуну. Алыхь Иеговэ бегъымбар Мусэ унафэ къритащ: «Уэгум щыІэхэри, ищІагъкІэ щІылъэм щыІэхэри, щІы щІагъым нэхъ лъахъшэу щыІэхэри къыхомыбзыкІ икІи я сурэт умыщІ. Щхьэщэ яхуомыщІ икІи уахуэмылажьэ абыхэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэращ уи Алыхь Иеговэр,— нэгъуэщІым хуэлэжьэныр зымыдэ Алыхьыр» (Исход 20:2—5). ИужькІэ Алыхьым бегъымбар Ешайа (Исаия) къигъэсэбэпу жиІащ: «Сэ сы-Иеговэщ. Аращ си цІэр, си щІыхьыр нэгъуэщІым зыми естынукъым, си щытхъури къыхэбзыкІа сурэтхэм ядэзгуэшынукъым» (Исаия 42:8).

Куэдым Алыхьыр я фІэщ мэхъу, ауэ ар къыпхуэмыцІыхуну икІи абы гъунэгъу зыхуомыщІыфыну къалъытэ. Апхуэдэ цІыхухэм Алыхьым хуэгъэзауэ лъагъуныгъэ нэхърэ шынэ нэхъ яІэу къыщІэкІынщ. Уэ дауэ уеплърэ: Алыхьым укъыфІэІуэхуу пІэрэ? Ар зэбгъэцІыхуну икІи абы гъунэгъу зыхуэпщІыфыну пІэрэ? Алыхьым и хьэл-щэнхэм теухуауэ Тхыгъэм итым девгъэплъ.

Сыт хуэдэ жэуапт ептынур?

  • Алыхьым дыщІыхуэлэжьэн хуейр сыт?

  • Сыт хуэдэ цІэ Алыхьым иІэр?

  • Алыхьым ухуэлэжьэн щхьэкІэ сурэтхэр къэбгъэсэбэп щІэмыхъунур сыт?

  • Алыхьым и къару лъапІэмрэ и мелыІычхэмрэ дауэ къызэригъэсэбэпыр и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ?

Алыхьым и къару лъапІэмрэ и мелыІычхэмрэ

Дауэ Алыхьым и Іэмырыр зэригъэзащІэр? Псалъэм папщІэ, абы и къару лъапІэр къегъэсэбэп. Алыхьым и къару лъапІэр — акъыл зиІэ псэ зыІут гуэркъым е мелыІычу щыткъым, атІэ Иеговэ и мурадхэр зэригъэзащІэ, мыувыІэу лажьэ нэрымылъагъу и къарууэ аращ. А лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ и къарумкІэ Алыхьым щІылъэри уафэри къигъэщІащ. «Иеговэ и псалъэкІэ уафэр къигъэщІащ, и къару лъапІэмкІи — абы щыІэ псори» (Псалом 33:6). ЩІыр псы щІагъым щыщІэтам щыгъуэ икІи щІылъэр Алыхьым цІыхухэм щхьэкІэ щигъэхьэзырым, «Тхьэм и Псэр [къару лъапІэр, ДЩІ] щыхуарзэрт псы гущІыІум» жиІэу ЩІэдзапІэ 1:2 итщ. Абы иужькІэ Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпурэ сыт хуэдэ гъащІэри щІылъэм къыщигъэщІащ.

Алыхьым и мурадхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ мелыІычхэри къегъэсэбэп. Ахэр уафэм щыпсэун щхьэкІэ къигъэщІащ. Абыхэм къаруушхуэ ябгъэдэлъщ. МелыІычхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ унафэхэм цІыхухэр щыгъуазэ ящІ икІи нэгъуэщІ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр ягъэзащІэ. Тхыгъэ ЛъапІэр Мусэ бегъымбар итхыжа Торэт хабзэм «мелыІычхэм къаІуэта псалъэхэу» йоджэ. Абы нэмыщІ, мелыІычхэр Алыхьым и лэжьакІуэ щІылъэм щыпсэухэм доІэпыкъу. МелыІычхэм теухуауэ Тхыгъэм жеІэ: «Тхьэм къызэрыригъэлынур ІыхьэфІу къызылъысыну цІыхухэм яхуэІуэхутхьэбзэщІэну ахэр Тхьэм къегъакІуэ» (Еврейхэм 1:14; 2:2).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын