СТАТЬЯР 28
Зэпеуэным зым зыр хуэвмыгъэуш — мамырыгъэм фыхущІэкъу!
«ДыкъызыфІэщІыжу, дызэрыгъэгубжьу икІи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт» (ГАЛ. 5:26).
101-НЭ УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ЦІыхухэр щызэпеуэм деж сыт абы къыпэкІуэфынур?
ДИ ЗЭМАНЫМ дунейм щыщ цІыхухэм яхузэфэкІ къагъанэкъым нэгъуэщІхэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу щыту зыкъагъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, фейдэ къыхуихьынум щхьэкІэ бизнесменыр нэгъуэщІхэм ебэкъуэну хьэзырщ. ДжэгуакІуэм и командэм текІуэныгъэ къихьын щхьэкІэ зыпеуэ джэгуакІуэм хуейуэ фэбжь иригъэгъуэтыфынущ. ЕджапІэ цІэрыІуэм щІэтІысхьэн щхьэкІэ куэдыр экзаменыр зэрекІуэкІ хабзэм ебэкъуэну хьэзырщ. Ауэ Библиер апхуэдэ Іуэхухэм «цІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ ІейкІэ» йоджэ (Гал. 5:19—21). Дэ къыдгуроІуэ Алыхьым и лэжьакІуэм дежкІэ апхуэдэ щытыкІэхэр къызэремызэгъыр. Ауэ къуэш е шыпхъу гуэрым езым къыгурымыІуэжу адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу щыту зыкъигъэлъагъуэу икІи апхуэдэ гупсысэкІэм нэгъуэщІхэр хуигъэушу хъуфыну пІэрэ? А упщІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэпеуэныгъэм зэхуэсым щыІэ зэкъуэтыныгъэр зэтрикъутэфынущ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Мы статьям дэ къыщытщІэнущ сыт хуэдэ мыхъумыщІэ хьэл-щэнхэм зэпеуэныгъэм дыхуагъэушыфынуми. Абы нэмыщІ Библием зи гугъу ищІ Алыхьым хуэпэжу щыта и лэжьакІуэхэм я щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Ахэр нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІ хуэдэу зыкъагъэлъэгъуэну зэи хэтакъым. Ауэ япэщІыкІэ Иеговэ дыщІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэхэр дауэ къэтщІа хъунуми дегупсысынщ.
ИЕГОВЭ ФЫЩІЫХУЭЛАЖЬЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭХЭР ЗЭХЭВГЪЭКІ
3. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей?
3 Зэман-зэманкІэрэ дэтхэнэ зыми Иеговэ дыщІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэхэр зэхэдгъэкІын щхьэкІэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуейщ: «Сэ езыр сызэрызэплъыжым сыт лъабжьэ хуэхъур? НэгъуэщІхэм зезгъапщэу сызэрыщытырауэ пІэрэ? Зэхуэсым и Іуэхухэм сыщІыхэтыр сыт? ЦІыху псом нэхърэ е къуэш, шыпхъу хэха гуэрым нэхърэ зыгуэркІэ сызэрынэхъыфІыр згъэлъэгъуэн щхьэкІэ? Хьэмэрэ Иеговэ сиІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр естыну сызэрыхуейм щхьэкІэ?» Апхуэдэ упщІэхэр зэттыжын щІыхуейр сыт? Абы теухуауэ Библием итым гу лъыттэнщ.
4. Галатие 6:3, 4 зэритымкІэ, нэгъуэщІхэм зедгъэпщэн щІыхуэмейр сыт?
4 НэгъуэщІхэм зедмыгъэпщэну Библием дыхуегъэуш. (Къеджэ Галатие 6:3, 4.) Сыт щхьэкІэ? Зы лъэныкъуэкІэ къапщтэмэ, адрейхэм нэхърэ дынэхъыфІу зытлъытэмэ, дэ пагэ дыхъуфынущ. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, адрейхэр зыгуэркІэ дэ нэхърэ нэхъыфІу щыту къэтлъытэмэ, абы ди лъэр щІихыфынущ. Дауэ мыхъуами, апхуэдэ гупсысэкІэм фІым дыхуишэнукъым (Рим 12:3). Грецием щыщ ди шыпхъу Катеринэb къыддогуашэ: «Япэм сэ сыт щыгъуи нэгъуэщІ шыпхъухэм зезгъапщэт. Ахэр сэ нэхърэ нэхъ дахэу, ныбжьэгъу нэхъыбэ яІэу икІи хъыбарыфІ гъэІунымкІэ нэхъ Іэзэу къысщыхъут. Абы щыгъуэ сэ зыри сримыщІысу зыкъэслъытэт». Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: дэ Иеговэ дыщІызэбгъэдишар теплъэ дахэ дызэриІэм, тыншу ныбжьэгъу къызэрыдгъуэтым е жьакІуэу дызэрыпсалъэм щхьэкІэкъым, атІэ Алыхьыр фІыуэ тлъагъуну икІи и Къуэм дедэІуэну дызэрыхьэзырым щхьэкІэщ (Ин. 6:44; 1 Кор. 1:26—31).
5. Хюн зи цІэ ди къуэшым и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
5 Иджыри мыпхуэдэ упщІэ зэттыж хъунущ: «Дапхуэдэу сэ сыкъызэрацІыхур: адрейхэм я зэхуаку мамырыгъэ дэзылъхьэм хуэдэу, хьэмэрэ нэгъуэщІхэм едэуэн зи фІэфІ цІыхум хуэдэу?» Ипщэ Кореем щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Хюн и щапхъэм деплъынщ. Япэм абы къилъытэт пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм езым нэхърэ зэрынэхъыфІыр сыт щыгъуи къагъэлъагъуэу. Хюн жеІэж: «Сэ ахэр згъэкъуаншэт икІи абыхэм жаІэм арэзы сытехъуэтэкъым». Сыт абы къыпэкІуар? Абы пещэ: «Си ягъэкІэ зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьащ». Хюн и насыпти, и къуаншагъэр къыгурыІуэжыну и ныбжьэгъухэр къыдэІэпыкъуащ. Абы и гупсысэкІэр ихъуэжащ икІи адэкІи зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ. Мамырыгъэм дыхущІэмыкъуу, атІэ нэгъуэщІхэм дапеуэу гу зылъыттэжамэ, зыдмыІэжьэу ди гупсысэкІэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэн хуейщ.
ЗЫКЪЫФІЭЩІЫЖЫНЫМРЭ ФЫГЪУЭНЫМРЭ ЗЫЩЫФХЪУМЭ
6. Галатие 5:26 зэритымкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэра цІыхур зэпеуэныгъэм хуэзыгъэушыфынур?
6 Къеджэ Галатие 5:26. ЦІыхур зэпеуэныгъэм хуэзыгъэушыфынур сыт хуэдэ хьэл-щэнхэра? Япэрауэ, зыкъыфІэщІыжыным. ЗыкъызыфІэщІыжа цІыхур пагэщ икІи щхьэхуещэщ. ЕтІуанэрауэ, фыгъуэным. ЦІыху фыгъуэнэдым нэгъуэщІым иІэр зыІэригъэхьэну зэрыхуейм нэмыщІ ар фІигъэкІуэдынуи хуейщ. КъызэрыщІэкІымкІэ, фыгъуэныр — ар лъагъумыхъуныгъэм и зы лъэныкъуэщ. Абы къыхэкІкІэ зыкъыфІэщІыжынымрэ фыгъуэнымрэ уз зэрыцІалэм хуэдэу зыщытхъумэн хуейщ.
7. ЗыкъыфІэщІыжынымрэ фыгъуэнымрэ сыт хуэдэ Іей къыпэкІуэр? Щапхъэ къэфхь.
7 ЗыкъыфІэщІыжынымрэ фыгъуэнымрэ ебгъэщхь хъунущ кхъухьлъатэм ирагъахъуэ фэтыджэным хэлъынкІэ хъуну фІейм. Апхуэдэ фэтыджэн кхъухьлъатэм ибгъахъуэу щытмэ, дауикІ, абы зиІэтыфынущ, ауэ къэтІысыжыфынукъым. ФІейм фэтыджэныр моторым зэрыкІуэ системэр икудэнурэ, кхъухьлъатэр къыщытІысыжкІэ и моторхэр зэрылэжьэн хуейм хуэдэу лэжьэнукъым. Абы къыхэкІкІэ ар къехуэхынущ. Абы ещхьу зыкъызыфІэщІыжа цІыху пагэр зэман гуэркІэ Иеговэ хуэлэжьэфынущ, ауэ, абы и хьэл-щэнхэр имыхъуэжу щытмэ, икІэм-икІэжым ар кхъухьлъатэм хуэдэу къехуэхынущ (Прит. 16:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Апхуэдэ цІыхум Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтынущ икІи и щхьэми нэгъуэщІхэми зэран яхуэхъунущ. Дауэ-тІэ зыкъызыфІэщІыжынымрэ фыгъуэнымрэ зэрызыщытхъумэнур?
8. ЗыкъыфІэщІыжыным дауэ зэрызыщытхъумэнур?
8 ЗыкъыфІэщІыжыным зыщытхъумэн щхьэкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ апостол Паул Филиппи къалэм дэса къуэш, шыпхъухэм яхуитхар: «Зэщыхьэнми зыкъыфІэщІыжынми къахэкІауэ зыри фымыщІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу» (Флп. 2:3). Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, дэ димыІэ зэфІэкІхэмрэ лъэкІыныгъэмрэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм дапеуэнукъым, атІэ абыхэм щхьэкІэ дыгуфІэнущ. Псом хуэмыдэу дэ догуфІэ абыхэм я зэфІэкІхэр Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ къыщагъэсэбэпым деж. Абыхэми я лъэныкъуэкІэ нэгъуэщІхэр я щхьэм нэхърэ нэхъ ину къалъытэмэ, дэ тхэлъ хьэл-щэныфІхэр ялъэгъунущ икІи лъапІэу далъытэнущ. Апхуэдэу дэтхэнэ зыми зэхуэсым щыІэ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ ихъумэфынущ.
9. Фыгъуэным дауэ зэрызыщытхъумэнур?
9 Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ дэ сыт щыгъуи фыгъуэным дебэнын хуей мэхъу икІи абыкІэ къыддэІэпыкъунущ ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр. ЦІыху Іэдэбым нэгъуэщІхэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу е нэхъ Іэзэу щыту зэи зыкъигъэлъэгъуэнукъым. Апхуэдэ цІыхум адрейхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъетэ икІи абыхэм я деж зыщигъэсэну хьэзырщ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым щыщ къуэш гуэрым псалъэ гъэхьэзырахэр фІыуэ жеІэ. Абы зэрызигъэхьэзырым теухуауэ уеупщІ хъунущ. Хьэмэрэ шыпхъу гуэр ІэфІу мэпщафІэ. ПщэфІэкІэ зебгъэсэн щхьэкІэ чэнджэщ къыуитыну абы уелъэІу хъунущ. Е зэхуэсым щыщ ныбжьыщІэ гуэрым ныбжьэгъу къигъуэтыну къегугъуэкІмэ, нэгъуэщІхэр тыншу зэзыгъэцІыхуф къуэшым е шыпхъум чэнджэщ къритыну елъэІу хъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, фыгъуэным гъуэгу еттынукъым икІи зы фІы гуэрым зедгъэсэфынущ.
БИБЛИЕМ ИТ ЩАПХЪЭХЭМ ДЕРС КЪЫХЭФХ
Іэдэбагъыр Гидеон къыдэІэпыкъуащ абырэ Ефрем лъэпкъым щыщхэмрэ я зэхуаку дэлъ мамырыгъэр ихъумэну (10—12-нэ абзацхэм феплъ.)
10. Гидеон сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа?
10 Гидеонрэ Ефрем унагъуэ лъэпкъым и дзэмрэ къащыщІам гу лъыттэнщ. Гидеон Манассие унагъуэ лъэпкъым щыщт. Иеговэ и фІыгъэкІэ абы зауэлІ 300 и гъусэу Алыхьым и бийхэм зэрытекІуэрэ куэд щІатэкъым. Абыхэм я пІэм нэгъуэщІ гуэр итамэ, зыкъыфІэщІыжыну къыщІэкІынт. Абы щыгъуэ Гидеон деж Ефрем лъэпкъым щыщхэр къэкІуащ, ауэ ахэр къыщІэкІуар абы къехъуэхъун щхьэкІэкъым, атІэ гукъанэ хуащІын щхьэкІэт. Абыхэм Гидеон зыхуагъэгусащ и гъусэу зауэм кІуэну зэражримыІам щхьэкІэ. Ахэр цІэрыІуэ зэрыхъуным фІэкІа нэгъуэщІ зыри къафІэІуэхутэкъым икІи псом нэхърэ нэхъапэу щытыр зэхагъэкІыфакъым: а текІуэныгъэмкІэ Гидеон Иеговэ и цІэр игъэлъэпІащ икІи и лъэпкъыр къригъэлащ (Суд. 8:1).
11. Гидеон Ефрем лъэпкъым щыщхэм сыт хуэдэ жэуап ярита?
11 Гидеон Іэдэбагъ хэлъу Ефрем цІыхухэм жэуап яритащ: «Фэ фэлъытауэ сыт сэ сщІар?» Абы иужь Иеговэ къарита текІуэныгъэшхуэм теухуауэ Гидеон абыхэм ягу къигъэкІыжащ. Ар жиІа иужь Ефрем цІыхухэм «я губжьыр теужащ» (Суд. 8:2, 3). Пагагъэ хэмылъу Гидеон абыхэм зэрепсэлъам и фІыгъэкІэ Алыхьым и лъэпкъым щыщхэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэр ихъумэфащ.
12. Гидеонрэ Ефрем лъэпкъым щыщхэмрэ я щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?
12 Мы Іуэхугъуэм сытым дыхуигъасэрэ? Ефрем лъэпкъым щыщхэм я щапхъэм къегъэлъагъуэ зыгуэрым пщІэ лей къыщилъыхъуэм деж псом нэхърэ нэхъапэр зэрыщыгъупщэнкІэ хъунур — ар Иеговэ и цІэр гъэлъэпІэныращ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж пщІэн хуейм теухуауэ унагъуэм и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ Гидеон щапхъэфІ къахуигъэнащ. Зыгуэрым зыкъытхуигъэгусауэ щытмэ, а Іуэхугъуэм абы и нэкІэ деплъыну дыхущІэвгъэкъу. Апхуэдэ цІыхум иІэ ехъулІэныгъэхэм щхьэкІэ дыщытхъу хъунущ. ДауикІ, а Іуэхугъуэм дыпэлъэщын щхьэкІэ Іэдэбагъым дыхуэныкъуэнущ, псом хуэмыдэу зыкъыщІытхуагъэгусэн щхьэусыгъуэ щыщымыІэм деж. Ауэ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр тхъумэныр ІэджэкІэ нэхъ лъапІэщ ди захуагъэр дгъэлъэгъуэным нэхърэ.
Аннэ Иеговэ дзыхь зэрыхуищІыр къыдэІэпыкъуащ гугъуехь иІэр Алыхьым и ІэмыщІэ ирилъхьэну икІи гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)
13. Аннэ сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа икІи сыт абы ищІар?
13 Аннэ и щапхъэми дегупсысынщ. Ар Элканэ зи цІэ левитым и щхьэгъусэу щытащ. Ауэ абы Пени́ннэ и цІэу иджыри зы щхьэгъусэ иІэт. Элканэ Аннэ нэхъыфІу илъагъут, ауэ Пениннэ елъытауэ абы сабий иІэтэкъым. Абы щхьэкІэ Пениннэ Аннэ щыдыхьэшхт икІи и пщІэр ириудыхт. А Іуэхугъуэр Аннэ апхуэдизу игу къеуэти «ар гъыт икІи шхэтэкъым» (1 Сам. 1:2, 6, 7). Ауэ Библием иткъым Аннэ Пениннэ къызэрыхущытам хуэдэу хущытыжауэ. Абы лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъазэри и гурыщІэхэр хуиІуэтащ икІи и гугъуехьыр Алыхьым и ІэмыщІэ ирилъхьащ. Пениннэ Аннэ игъэбэмпІэн щигъэтауэ пІэрэ? Абы теухуауэ Библием зыри жиІэкъым. Ауэ дэ дощІэ Аннэ гупсэхугъуэ зэригъуэтыжар икІи афІэкІа нэщхъейуэ зэрыщымытар (1 Сам. 1:10, 18).
14. Аннэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
14 Аннэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Фэ нэхърэ нэхъыфІ хуэдэу зыгуэрым зыкъигъэлъэгъуэну хэтмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: а Іуэхум фызэрыхущытынум теухуауэ унафэ зыщІыр фэращ. А зэпеуэныгъэм Іэмал имыІэу фыхэтын хуейкъым. КъыващІа бзаджагъэм хуэдэ ефщІэжыным нэхърэ, мамырыгъэр зэрызэфІэвгъэувэжыным фыхущІэкъум нэхъыфІщ (Рим 12:17—21). Къару ефхьэлІам щхьэкІэ къэмынэу, цІыхум зимыхъуэжу щытми, фи гум гузэгъэгъуэ илъынущ.
Аполлосрэ Паулрэ я ехъулІэныгъэхэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр къазэрыгурыІуэр абыхэм къадэІэпыкъуащ зэпеуэныгъэм хэмытыну (15—18-нэ абзацхэм феплъ.)
15. Паулрэ Аполлосрэ сыткІэ зэщхьу щыта?
15 Иджы Паулрэ Аполлосрэ я щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми деплъынщ. А тІур Тхыгъэ ЛъапІэм фІыуэ щыгъуазэт, егъэджакІуэфІу щытт икІи цІыху куэдым дэІэпыкъуащ Хьисэ и гъуэгу теувэну. Ауэ абы щхьэкІэ ахэр зэпеуакъым.
16. Аполлос сыт хуэдэ цІыхуу щыта?
16 Аполлос Александрие къалэм къыщалъхуащ. А къалэр япэ лІэщІыгъуэм щІэныгъэ зэгъэгъуэтынымкІэ цІэрыІуэт. Арауэ къыщІэкІынущ Аполлос жьакІуэу псэлъэфу икІи Тхыгъэ ЛъапІэм щыгъуазэу щІыщытар (Апост. 18:24). Аполлос Коринф щыдэсам щыгъуэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм ябзыщІтэкъым Паулрэ нэгъуэщІ къуэшхэм нэхърэ ар нэхъыфІу зэралъагъур (1 Кор. 1:12, 13). Аполлос апхуэдэ гупсысэкІэр абыхэм ядиІыгъыу щытауэ пІэрэ? Апхуэдэу дыщІегупсысын щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыІэкъым. Абы нэмыщІ Аполлос Коринф икІыу нэгъуэщІыпІэ щыкІуам щыгъуэ къигъэзэжыну апостол Паул абы хуабжьу елъэІуат (1 Кор. 16:12). Аполлос зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъуу Паул къилъытэу щытамэ, къигъэзэжыну абы елъэІунут? Шэч хэмылъу Аполлос зэфІэкІ иІэхэр тэмэму къигъэсэбэпт — абы хъыбарыфІыр жыджэру игъэІут икІи къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэт. Абы нэмыщІ ар цІыху Іэдэбу зэрыщытар наІуэщ. Псалъэм папщІэ, Акилэрэ Прискиллэрэ «Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфІу» Аполлос къыгурагъэІуэну щыхэтам щыгъуэ, абы и жагъуэ ищІауэ Библием щыжыІакъым (Апост. 18:24—28).
17. Апостол Паул дауэ мамырыгъэм хущІэкъуу зэрыщытар?
17 Аполлос и ехъулІэныгъэхэм теухуауэ апостол Паул фІыуэ щыгъуазэт. Абы емылъытауэ, ар зыгуэркІэ зэран къыхуэхъуну къилъытэтэкъым. Паул цІыху Іэдэбу, и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу икІи акъылыфІэу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Коринф зэхуэсым ирита чэнджэщыр. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм «Сэ Паул и гупым сыщыщщ» щыжаІэм ар абы и гуапэ хъутэкъым. Абы и пІэкІэ Паул ахэр хуигъэушт Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ фІыщІэ псор хуащІыну (1 Кор. 3:3—6).
18. 1 Коринф 4:6, 7 зэритымкІэ, Аполлосрэ Паулрэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну?
18 Аполлосрэ Паулрэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну? Дэ къыдгурыІуэн хуейщ, Иеговэ псэемыблэжу дыхуэлажьэми, цІыху куэдым пэжыр къащІэну дадэІэпыкъуами, ехъулІэныгъэ диІэхэр Алыхьым и фІыгъэу зэрыщытыр. Абыхэм я щапхъэхэм иджыри зы дерс хэтхыфынущ: пщІэ зыпылъ къалэн нэхъыбэ диІэху, мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ дыхущІэкъуну Іэмал нэхъыбэ диІэнущ. ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм дэ фІыщІэшхуэ худощІ мамырыгъэм зэрыхущІэкъум щхьэкІэ. Абыхэм зэхуэсыр я еплъыкІэракъым, атІэ Алыхьым и Псалъэм тегъэщІа чэнджэщхэм тету ягъасэ. Абы нэмыщІ езыхэм щапхъэ трахын хуейуэ къалъытэкъым, атІэ Хьисэ Мэссихь и щапхъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр къагуроІуэ. (Къеджэ 1 Коринф 4:6, 7.)
19. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми сыт ищІэфынур? («Зэпеуэным зым зыр хуэвмыгъэуш» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
19 Алыхьым дэтхэнэ зыми зэфІэкІыныгъэ гуэрхэр къытхилъхьащ икІи нэгъуэщІхэм сэбэп дахуэхъун щхьэкІэ ахэр къэдгъэсэбэпыфынущ (1 Пет. 4:10). Языныкъуэхэм къащыхъункІэ хъунущ зэхуэсым зэкъуэтыныгъэ иІэн щхьэкІэ ирахьэлІэ къарум мыхьэнэшхуэ имыІэу. Ауэ девгъэгупсыс: унэшхуэ быухуэн щхьэкІэ дэтхэнэ зы чырбыш цІыкІуми мыхьэнэ иІэщ. Апхуэдэу зэкъуэтыныгъэм сэбэп хуэхъу дэтхэнэ зы Іуэхугъуэ цІыкІуми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ псоми къару етхьэлІэн хуейщ нэгъуэщІхэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу дыщыту зыкъэдмыгъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Аращи, зэхуэсым и мамырыгъэмрэ и зэкъуэтыныгъэмрэ тхъумэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ (Еф. 4:3).
80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»
a Хьэкъущыкъу лъапІэм ча иІэу щытмэ, ар гува-щІэхами къутэнущ. Апхуэдэ дыдэу зэпеуэныгъэр зэхуэсым зэран хуэхъуфынущ. Зэхуэсым щыщхэр зыгуэркІэ зэпеуэу щытмэ, а зэхуэсыр мамыру икІи зэкъуэту Алыхьым хуэлэжьэфынукъым. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ нэгъуэщІхэм нэхърэ зыгуэркІэ дынэхъыфІу зыкъэтлъытэжын щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэхэр. Абы нэмыщІ зэхуэсым и мамырыгъэр тхъумэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми къэтщІэнущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.