ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Июль н. 8—13
  • Иеговэ и теубыдагъэм щапхъэ тефх

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и теубыдагъэм щапхъэ тефх
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ТЕУБЫДАГЪЭ ИІЭУ СЫТЫМ ПЭЩІЭТЫНУ МУРАД ИЩІА?
  • ИЕГОВЭ И ТЕУБЫДАГЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?
  • Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Июль н. 8—13

СТАТЬЯР 27

Иеговэ и теубыдагъэм щапхъэ тефх

«Теубыдагъэ фиІэмэ, фи псэр мыкІуэду къевгъэлынущ» (ЛК. 21:19).

114-НЭ УЭРЭДЫР «ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Исаия 65:16, 17 ит Иеговэ и псалъэхэр дыкъимыкІуэтыну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

2017-НЭ ГЪЭМ екІуэкІа региональнэ конгрессым и темэу щытар — «Фи Іэр евмыхьэх!» псалъэхэращ. Ди гугъуехьхэм дызэрыпэщІэтыфынур а программэм ди фІэщ ищІащ икІи къару къытхилъхьащ. Аращи, абы лъандэрэ илъэсиплІ дэкІащ, ауэ нобэр къыздэсым дэ мы дуней бзаджэм дыщыпсэун хуей мэхъу.

2 А илъэсхэм къриубыдэу сыт хуэдэ гугъуехьхэм упэщІэхуа? Узыфэ хьэлъэм уебэнын хуей хъуа, хьэмэрэ фІыуэ плъагъу гуэр лІэныгъэм пІэщІиха? Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым упэщІэхуауэ пІэрэ, хьэмэрэ залымыгъэм е укъызэрырахуэкІым щхьэкІэ гугъуехь пшэча? Уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам щхьэкІэ е COVID-19 пандемием и ягъэкІэ уи узыншагъэм кІэричауэ пІэрэ? А гугъуехьхэр блэкІа Іуэхуу щыщытыну зэманым дэ псори къытхуэмыгъэсу дожьэ! (Къеджэ Исаия 65:16, 17.)

3. Сыт дэ иджыпсту тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

3 Мы дунейр гугъуехькІэ гъэнщІащ икІи къэкІуэну зэманым гъэунэхуапІэхэр нэхъыбэ хъуну къыщІэкІынщ (Мт. 24:21). Аращ дэ теубыдагъэ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр. Хьисэ къыдгуригъэІуащ: «Теубыдагъэ фиІэмэ, фи псэр мыкІуэду къевгъэлынущ» (Лк. 21:19). Ди теубыдагъэм хэдгъэхъуэн щхьэкІэ дэ хуэдэу гугъуехьхэм пэщІэхуахэм икІи абыхэм ехъулІэныгъэ яІэу пэлъэщахэм я щапхъэхэм дегупсысынщ.

4. Теубыдагъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Иеговэ и щапхъэр нэхъыфІ дыдэу щыту сыт жыпІэ щІэхъунур?

4 ТеубыдагъэкІэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр зыгъэлъагъуэр хэт? Ди Алыхь Иеговэщ. Мы жэуапыр куэдым гъэщІэгъуэн ящохъу. Уэри апхуэдэу къыпщыхъуамэ, а Іуэхум нэхъ куууэ дегъэгупсыс. Мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэм зэрилъым къыхэкІкІэ гугъуехьхэмкІэ гъэнщІауэ щытщ. Иеговэ напІэзыпІэм Іей псом кІэ иритыфынущ, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу езым игъэува махуэм ар йожьэ (Рим 9:22). А махуэр къэсыху ди Алыхьым теубыдагъэ игъэлъэгъуэну мурад ищІащ. Иеговэ лъэныкъуибгъукІэ теубыдагъэ зэригъэлъагъуэр иджыпсту зэпкърытхынщ.

ИЕГОВЭ ТЕУБЫДАГЪЭ ИІЭУ СЫТЫМ ПЭЩІЭТЫНУ МУРАД ИЩІА?

Змея смотрит, как Ева собирается надкусить запретный плод.

5. Иеговэ и цІэр дауэ зэрагъэулъияр икІи сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы къыуитрэ?

5 И цІэр ягъэулъияуэ зэрыщытым. Иеговэ и цІэр фІыуэ елъагъу икІи ар хуейщ абы псоми пщІэ хуащІу хущытыну (Ис. 42:8). Ауэ илъэс миних лъандэрэ Алыхьым и цІэр ягъэулъий (Пс. 74:10, 18, 23). Ар къыщежьар Іэдэн жыг хадэращ. Абы щыгъуэ Иблисым («нэгъуэщІым пцІы тезылъхьэм») Иеговэ зы фІы гуэр Іэдэмрэ Хьэуарэ ящигъэпщкІуу жиІэри, пцІы трилъхьащ (ЩІэдз. 3:1—5). Нобэр къыздэсым апхуэдэ дыдэу Иеговэ ягъэкъуаншэ. Хьисэ хуабжьу игу къеуэт и Адэм и цІэм хуэфащэ пщІэр куэдым зэрыхуамыщІыр. Аращ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр мыпхуэдэу Алыхьым елъэІуну игъасэу щІыщытар: «Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ! Уи цІэр цІыхухэм ирегъэлъапІэ» (Мт. 6:9).

Ева даёт Адаму запретный плод.

6. Иеговэ псоми я тепщэу щытыну хуитыныгъэ зэриІэр наІуэ хъун щхьэкІэ зэман куэд дэкІыну хуит щІищІар сыт?

6 И тепщэныгъэм зэрыпэщІэувэм. Уафэмрэ щІылъэмрэ я тепщэу щытыну хуитыныгъэ зиІэр Иеговэ закъуэщ икІи абы и тепщэныгъэр псом нэхърэ нэхъыфІщ (Апок. 4:11). Ауэ Иблисыр хущІокъу мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ я фІэщ ищІыну Иеговэ апхуэдэ хуитыныгъэ имыІэу. А Іуэхур зэхэбгъэкІын щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуейт. Иеговэ Іущагъ хэлъу а Іуэхум бгъэдыхьэри, цІыхухэм абы и жыІэм щІэмыту насыпыфІэу зэрымыпсэуфынур къалъэгъун щхьэкІэ ирикъун зэман яритащ (Иер. 10:23). Алыхьым и шыІэныгъэм и фІыгъэкІэ апхуэдэ упщІэр афІэкІа зэи зыми къиІэтыжынукъым. Зыми шэч къытрахьэнукъым Иеговэ и тепщэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІым икІи абы и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми щІылъэр мамыр зэрыхуэмыщІынум.

Сатана в окружении демонов.

7. Иеговэ пэщІэувэр хэт икІи сыт абыхэм къапэщылъыр?

7 И бынхэр и жыІэм зэрыщІэмытым. Иеговэ и быну хъуар — мелыІычхэри цІыхухэри — дагъуэншэу къигъэщІащ. Ауэ иужькІэ зы мелыІычыр Алыхьым пэщІэуващ. Апхуэдэу ар ШейтІан («ныкъуэкъуэгъу») хъуащ. Абы ныкъусан зыхэмылъ Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ емыдэІуэну хуигъэушащ. Абы иужь нэгъуэщІ цІыхухэми мелыІычхэми ШейтІаным и лъэныкъуэр яубыдащ (Иудэ 6). Алыхьым къыхиха израил лъэпкъым нэгъуни абы и щІыб хуагъэзащ икІи тхьэ нэпцІхэр ягъэлъапІэу щІадзащ (Ис. 63:8, 10). Ар Иеговэ игу къызэреуар гурыІуэгъуэщ. Ауэ абы теубыдагъэ игъэлъагъуэу а псом пэлъэщащ икІи къыпэщІэувахэр щигъэкІуэдыну зэманыр къэсыху адэкІи теубыдагъэ игъэлъэгъуэнущ. Мы дуней бзаджэм гугъуехь куэд зышэчахэм, ауэ Иеговэ хуэпэжу къэнахэм я дежкІэ а махуэр насыпыфІэу щытынущ!

Сатана перед Иеговой обвиняет Иова. Иов весь в нарывах сидит на земле.

8, 9. Иеговэ теухуауэ мы дунейм сыт хуэдэ пцІыхэр щызекІуэрэ икІи дапхуэдэу ахэр къызэрыщІэдгъэщыфынур?

8 Иеговэ теухуауэ зэпымыууэ Иблисым пцІы зэриупсым. ШейтІаным Иеговэ хуэпэж Іэиуб пцІы трилъхьэри и фейдэ къилъыхъуэу ар Алыхьым хуэлажьэу жиІащ (Иов 1:8—11; 2:3—5). А пцІыр дэтхэнэ зыми къытлъоІэс, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нобэр къыздэсым ШейтІаным Иеговэ и лэжьакІуэхэр егъэкъуаншэ (Апок. 12:10). Ауэ ар зэрыпцІыупсыр дэ къыщІэдгъэщыфынущ. Дапхуэдэу? Гугъуехьхэмрэ гъэунэхуапІэхэмрэ дыщыпэщІэхуэм деж теубыдагъэ дгъэлъагъуэмэ икІи лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ Иеговэ хуэпэжу дыкъыхуэнэмэ. Іэиуб хуэдэу, дэри ди теубыдагъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ (Екъуб 5:11).

9 ШейтІаным дин нэпцІыр къигъэсэбэпурэ Иеговэ гущІэгъуншэу щыту икІи гугъуехьхэр абы къыбгъэдэкІыу цІыхухэм я фІэщ ещІ. Псалъэм папщІэ, сабийхэр щылІэм деж языныкъуэ дин пашэхэм жаІэ Алыхьым ахэр мелыІыч папщІэу уафэм щыІэну къищтауэ. Ар сыту пцІышхуэ! Ди насыпщи, дэ пэжыр дощІэ. Узыфэ хьэлъэ гуэр дыщиІэм е фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихым деж дэ зэи Алыхьыр дгъэкъуаншэкъым. Иеговэ куэд мыщІэу сымаджэхэр зэригъэхъужынум икІи лІахэр къызэригъэтэджыжынум дэ шэч къытетхьэкъым. Абы къыхэкІкІэ псоми едгъэщІэну дыхуейщ Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр. ЦІыхухэм хъыбарыфІыр щахуэтІуатэм деж Иеговэ зыгъэкъуаншэм жэуап иритыжыну Іэмал иІэ мэхъу (Прит. 27:11).

Женщина на больничной койке под капельницей и с трубкой для подачи кислорода.

10. Псалом 22:23, 24 ит псалъэхэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

10 ФІыуэ илъагъу и лэжьакІуэхэм хьэзаб зэрашэчым. Иеговэ ди гурыщІэхэр фІыуэ къыгуроІуэ. Абы ещІэ дэ дыкъызэрырахуэкІым, дызэрысымаджэм е ныкъусан тхэлъым къыхэкІкІэ хьэзаб зэрыттелъыр. ИкІи ди нэпсхэр щилъагъукІэ ар хуабжьу игу къоуэ. (Къеджэ Псалом 22:23, 24.) Иеговэ ди гукъеуэхэр зэрызыхищІэм нэмыщІ Іэмал имыІэу абыхэм кІэ иритынущ. (Евгъапщэ Исход 3:7, 8; Исаия 63:9.) Абы ди нэхэм нэпс псори щыщІилъэщІыкІыжыну махуэр къызэрысынумкІэ дыкъегъэгугъэ. Абы щыгъуэ «лІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апок. 21:4).

Убитые горем муж и жена смотрят на гроб в могиле.

11. Иеговэ дунейм ехыжа и лэжьакІуэ пэжхэм теухуауэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэ?

11 И ныбжьэгъухэр дунейм зэрехыжам. Иеговэ дунейм ехыжа и лэжьакІуэ пэжхэм хуабжьу хуозэш икІи ахэр псэууэ илъагъуну хуейщ (Иов 14:15). Уи нэгу къыщІэгъэхьэ Иеговэ и ныбжьэгъу пэж Ибрэхьим хуабжьу илъэгъуну зэрыхуейр (Екъуб 2:23). Е «бгъэдэту» зэпсэлъа Мусэ бегъымбарым епсэлъэну зэрыхуэзэшыр (Исх. 33:11). Е абы щІыхь уэрэд хуэзыуса Даутрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ иджыри я уэрэд дахэхэм едэІуэну зэрыхуейр (Пс. 104:33). Ахэр куэд щІауэ щымыІэж пэтми, Иеговэ и ныбжьэгъухэр зэи щыгъупщэкъым (Ис. 49:15). Абыхэм я хьэл-щэнхэм теухуауэ псори ещІэж. Уеблэмэ, Библием щыжыІащ ахэр «абы дежкІэ псори псэууэ» зэрыщытыр (Лк. 20:38). Куэд дэмыкІыу Иеговэ ахэр къигъэтэджыжынущ. Абы щыгъуэ Иеговэ хуэлэжьэн абыхэм щІадзэжынущ икІи я гум къыбгъэдэкІ тхьэлъэІухэм Алыхьыр едэІуэнущ. Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну, псом хуэмыдэу фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм тІэщІихауэ щытмэ.

1. Солдаты едут на танке, а за ними идут пехотинцы. 2. Полицейские ведут Свидетелей в наручниках.

12. Мы иужьрей махуэхэм псом хуэмыдэу сыт Иеговэ игу къеуэр?

12 Мы дунейм зыщиубгъуа залымыгъэм. Иеговэ къыгурыІуэт Іэдэн жыг хадэм къэхъуа Іуэхугъуэм Іей куэд къызэрыпэкІуэнур икІи зэман куэд зэрыдэкІынур псори тэмэм хъужын ипэ. Мы дунейм щекІуэкІ щІэпхъаджагъэр, залымыгъэр икІи хабзэншагъэр Иеговэ илъагъу хъукъым. Алыхьым и гум зекъуз цІыху къарууншэхэмрэ къащхьэщыжын зимыІэхэмрэ лей къыщытрагъэхьэм деж, псалъэм папщІэ, фызабэхэмрэ зеиншэхэмрэ (Зах. 7:9, 10). Ауэ псом хуэмыдэу Иеговэ игу къоуэ абы пэжу хуэлажьэхэр гугъу щрагъэхьым икІи тутнакъхэм щагъэтІысым деж. Иеговэ фІыуэ фыкъызэрилъагъум шэч къытевмыхьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ, абы ещхьу, теубыдагъэ вгъэлъагъуэу гугъуехьхэм фыпэщІэтщ.

Люди напиваются и развлекаются в ночном клубе.

13. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ цІыхухэр зэІыхьэпа икІи абы теухуауэ сыт Иеговэ ищІэнур?

13 Зинэ щІэным зэрызиубгъуам. Иеговэ езым и хьэл-щэнхэм хуэдэ цІыхухэм яхэлъу къигъэщІащ, ауэ ШейтІаным ифІэфІщ цІыхухэр зэІигъэхьэну икІи Алыхьым пэщІигъэувэну. Нухь и зэманым Иеговэ къилъэгъуащ «щІылъэм тет цІыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр» икІи хущІегъуэжащ «щІылъэм цІыхур къызэрыщигъэщІам, икІи и гум щІыхьэжащ ар» (ЩІэдз. 6:5, 6, 11). Абы лъандэрэ Іуэхум фІыкІэ зихъуэжауэ пІэрэ? ЗыкІи зихъуэжакъым! Иблисыр хуабжьу мэгуфІэ дуней псом зинэ щІэным зэрызиубгъуар щилъагъум деж. ЦІыхухэм нэчыхь ямытх щІыкІэ зэгъусэну хабзэ яхуэхъуащ, я щхьэгъусэхэми епцІыжыну зыуи къащыхъукъым, абы нэмыщІ цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр тэмэму къалъытэу хъуащ (Еф. 4:18, 19). ШейтІаныр псом хуэмыдэу мэгуфІэ Иеговэ и лэжьакІуэ гуэр гуэныхь хьэлъэ илэжьыну щыхуигъэушыфым деж. Ауэ Иеговэ и шыІэныгъэм гъунэ иІэщ. Ар дунейм къыщыхэІэбэну махуэм зинэ щІэныр илъагъу зэрымыхъур къигъэлъэгъуэнущ икІи зызыхъуэжыну хуэмей зинэ щІакІуэхэр игъэкІуэдынущ.

Промышленные отходы загрязняют окружающую среду. Едва живая птица перепачкана в нефти.

14. ЦІыхухэм ЩІылъэмрэ псэущхьэхэмрэ сыт иращІэр?

14 ЩІылъэр цІыхухэм зэрагъэкІуэдым. «ЦІыхум адрей цІыхум зэран хуэхъуу унафэ хуещІ», ауэ абы нэмыщІ ЩІылъэмрэ псэущхьэхэмрэ кІэлъыплъын хуейуэ Алыхьым кърита къалэныр игъэзащІэкъым, уеблэмэ, ахэр егъэкІуэд (Эккл. 8:9; ЩІэдз. 1:28). ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, цІыхухэм я ягъэкІэ илъэс зыбжанэм къриубыдэу мелуан бжыгъэ хуэдиз хъу псэущхьэ лъэпкъыгъуэхэмрэ къэкІыгъэ лІэужьыгъуэхэмрэ дунейм текІуэдыкІыжынущ. Ахэр зэрыгузавэр гъэщІэгъуэнкъым. Ди насыпщи, Иеговэ псалъэ итащ «ЩІылъэр зыгъэкІуэд цІыхухэр» игъэкІуэдыжыну икІи ар жэнэт ищІыжыну (Апок. 11:18; Ис. 35:1).

ИЕГОВЭ И ТЕУБЫДАГЪЭМ СЫТЫМ ДЫХУИГЪАСЭРЭ?

15, 16. Иеговэ хуэдэу, теубыдагъэ дгъэлъэгъуэну сыт къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

15 Уафэм щыІэ ди Адэм илъэс мин бжыгъэ хъуауэ теубыдагъэ хэлъу мы дунейм къыщекІуэкІыр зэришэчым девгъэгупсыс. («Иеговэ теубыдагъэ игъэлъагъуэу сыт ишэчыр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Иеговэ мы дуней бзаджэм куэд щІауэ кІэ иритыфынут. Ауэ ар иджыри къэс зэримыщІам щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІ хъунущ! Щапхъэ къэтхьынщ. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ зэщхьэгъуситІым сабий зэраІэным пэплъэу. Ауэ абыхэм къащІэ я сабийм узыфэ хьэлъэ иІэу дунейм къызэрытехьэнур икІи куэдрэ зэрымыпсэунур. А псом емылъытауэ ар дунейм къызэрытехьэнум ахэр щогуфІыкІ. Лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ зэщхьэгъуситІыр хьэзырщ теубыдагъэ яІэу сыт хуэдэ гугъуехьми пэщІэтыну икІи я сабийм хузэфІэкІыу хъуар хуащІэну.

16 Абы ещхьу, Іэдэмрэ Хьэуарэ къытехъукІа дэтхэнэ зыри ныкъусан хэлъу мы дунейм къытохьэ. Абы щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ елъагъу икІи и нэІэ ятригъэтщ (1 Ин. 4:19). Ауэ зи гугъу тщІа зэщхьэгъусэхэм елъытауэ, Иеговэ и бынхэм я гугъуехьхэм кІэ иритыну къару иІэщ. ЦІыхубэм ятелъ хьэзабыр щигъэкІуэдыжыну махуэмрэ сыхьэтымрэ абы куэд щІауэ игъэуващ (Мт. 24:36). Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум дыщегупсысым деж абы къару къытхелъхьэ теубыдагъэ диІэу адэкІи а махуэм дыпэплъэну.

Иеговэ теубыдагъэ игъэлъагъуэу сыт ишэчыр?

  1. Змея смотрит, как Ева собирается надкусить запретный плод.

    1. И цІэр ягъэулъияуэ зэрыщытыр

  2. Ева даёт Адаму запретный плод.

    2. И тепщэныгъэм зэрыпэщІэувэр

  3. Сатана в окружении демонов.

    3. И бынхэр и жыІэм зэрыщІэмытыр

  4. Сатана перед Иеговой обвиняет Иова. Иов весь в нарывах сидит на земле.

    4. Иеговэ теухуауэ зэпымыууэ Иблисым пцІы зэриупсыр

  5. Женщина на больничной койке под капельницей и с трубкой для подачи кислорода.

    5. ФІыуэ илъагъу и лэжьакІуэхэм хьэзаб зэрашэчыр

  6. Убитые горем муж и жена смотрят на гроб в могиле.

    6. И ныбжьэгъухэр дунейм зэрехыжар

  7. 1. Солдаты едут на танке, а за ними идут пехотинцы. 2. Полицейские ведут Свидетелей в наручниках.

    7. Залымыгъэм зэрызиубгъуар

  8. Люди напиваются и развлекаются в ночном клубе.

    8. Зинэ щІэным зэрызиубгъуар

  9. Промышленные отходы загрязняют окружающую среду. Едва живая птица перепачкана в нефти.

    9. ЦІыхухэм ЩІылъэр зэрагъэкІуэдыр

17. Еврейхэм 12:2, 3 ит псалъэхэр адэкІи теубыдагъэ дгъэлъэгъуэну дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

17 Теубыдагъэм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр зыгъэлъагъуэр Иеговэщ. Абы щапхъэ трихыу, Хьиси теубыдагъэр нэгъэсауэ игъэлъэгъуащ. Ар щІылъэм щытетам щыгъуэ псалъэ жагъуэ къыжраІахэр, зэрагъэпудар икІи пкъом зэрыраІулІар дэ ди хьэтыркІэ ишэчащ. (Къеджэ Еврейхэм 12:2, 3.) Иеговэ теубыдагъэм теухуауэ игъэлъэгъуа щапхъэр Хьисэ гугъуехьхэм пэлъэщыну, шэч хэмылъу, къыдэІэпыкъуащ. Дэри ар къыддэІэпыкъунущ.

18. 2 Петр 3:9 зэритымкІэ, Иеговэ и теубыдагъэм и фІыгъэкІэ цІыхухэм сыт хуэдэ Іэмал яІэ хъуа?

18 Къеджэ 2 Петр 3:9. Мы дунейм щыхэІэбэн хуей зэманыр Иеговэ фІы дыдэу ещІэ. А махуэр къэмыса щІыкІэ Иеговэ и шыІэныгъэм и фІыгъэкІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Іэмал яІэ хъуащ Алыхь пэжыр къацІыхуну икІи и лэжьакІуэ хъуну. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми Иеговэ фІыщІэ хуещІ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым теубыдагъэ игъэлъагъуэу дызыхуэныкъуэ зэманыр къыдитащ дунейм дыкъытехьэн, пэжыр къэтщІэн икІи псым зыщІэдгъэуэн щхьэкІэ. Мы дунейм и кІэр щІэх къэсынущ, ауэ пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейр абы къелынущ. Абы щыгъуэ наІуэ хъунущ Иеговэ теубыдагъэ игъэлъэгъуам сыт хуэдиз фІыгъуэ къыпэкІуами.

19. Сыт хуэдэ мурад дэ диІэр икІи сыт хуэдэ тыгъэ къытпэщылъ?

19 Иеговэ и щапхъэм дыхуегъасэ гуфІэгъуэ диІэу гугъуехьхэм дызэрыпэщІэтыфынум. ШейтІаныр Алыхьым зэрыпэщІэувам къыхэкІкІэ гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ дунейм зыщиубгъуащ. Ауэ, абы емылъытауэ, Иеговэ Алыхь насыпыфІэу къонэ (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Дэри гуфІэгъуэ зыфІэдмыгъэкІуэду шыІэныгъэ тхэлъу дежьэфынущ Иеговэ и цІэр щигъэкъэбзэжыну, и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъыфІ зэрыщымыІэр наІуэ щищІыну икІи ди гугъуехьхэм кІэ щритыну зэманым. Уафэм щыІэ ди Адэм игъэлъагъуэ теубыдагъэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыну дэ щхьэусыгъуэ куэд диІэщ! Дэри теубыдагъэ дгъэлъэгъуэну дыхущІэвгъэкъу! Апхуэдэу тщІэмэ, дэ тщыщ дэтхэнэ зыми теухуауэ мыпхуэдэу жыпІэфынущ: «Теубыдагъэ зиІэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фІыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкІуэдыжын гъащІэр тажым хуэдэу Тхьэм а цІыхум къритынущи» (Екъуб 1:12).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ игъэлъагъуэ теубыдагъэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэра нэхъ уигу ирихьар?

  • Иеговэ теубыдагъэм теухуауэ игъэлъагъуэ щапхъэр Хьисэ дауэ къызэрыдэІэпыкъуар?

  • Теубыдагъэ бгъэлъэгъуэну мурад щІэпщІар сыт?

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Дэтхэнэ зыми ди гъащІэр гугъуехьхэмкІэ гъэнщІащ. Абыхэм ящыщ куэдым иджыпсту хэкІыпІэ яІэкъым, абы къыхэкІкІэ дэ теубыдагъэ дгъэлъэгъуэн хуейуэ аращ. Ауэ а хьэл-щэныр дэр нэмыщІ езы Иегови игъэлъэгъуэн хуей мэхъу. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ лъэныкъуибгъукІэ теубыдагъэ зэригъэлъагъуэр. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Иеговэ и теубыдагъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ Іэмал диІэ хъуами икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын