ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Июнь н. 26—30
  • Иеговэ ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытащ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытащ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • ЛИВАН ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДОГЪЭІУ
  • НЭГЪУЭЩІ КЪЭРАЛ ДОІЭПХЪУЭ
  • УНАГЪУЭМ ГУАУЭ КЪЫТЛЪОІЭС
  • МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УНАФЭХЭР КЪЫЗОЩТЭ
  • МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ИДЖЫРИ ЗЫ ЛЪЭБАКЪУЭ
  • ТЫГЪЭ ДАХЭ
  • АРГУЭРУ ДОІЭПХЪУЭ
  • СЭ ЗЫМИ СЫХУЩІЕГЪУЭЖКЪЫМ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Июнь н. 26—30

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Иеговэ ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытащ

ЖЫЗЫІЭЖАР ДЙА Я́ЗБЕКЩ

Дйа Язбек в молодости.

1984-НЭ ГЪЭР екІуэкІт. Дыгъэ бзийхэр къызэпхидзу сэ лэжьапІэ сыкІуэт. Абы щыгъуэ Венесуэ́лэ къэралым Кара́кас зи цІэ къалэм къулейхэр щыпсэу районым дыщыпсэут. Куэд мыщІэу дджа «ХъумакІуэ чэщанэм» ита статьям сегупсысурэ сыкІуэт. А статьям дыхуигъэушт ди гъунэгъухэм дэ ттеухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэми дегупсысыну. СызыблэкІ унэхэм сеплъри, сегупсысащ: «Си гъунэгъухэм хэту сэ сызэрацІыхур: ехъулІэныгъэ зиІэ, банкым щылажьэ цІыхуу, хьэмэрэ и унагъуэр игъэшхэн щхьэкІэ банкым щылажьэ Иеговэ и Щыхьэту?» Абы сэ жэуап естыжар сигу ирихьатэкъыми мурад сщІащ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэну.

Сэ 1940-нэ гъэм, накъыгъэм и 19-м Лива́н къэралым щыІэ Амью́н къалэ цІыкІум сыкъыщалъхуащ. Илъэс зыбжанэ дэкІри зэрыунагъуэу Три́поли дыІэпхъуащ. Сэ лъагъуныгъэ зыхэсщІэу сыкъэхъуащ. Ди унагъуэр зэкъуэту, насыпыфІэу щытт икІи дэ псоми Иеговэ фІыщэу тлъагъут. Сэ шыпхъуищрэ зы къуэшрэ сиІэт икІи унагъуэм нэхъыщІэ дыдэр сэрат. Си адэ-анэм лэжьыгъэр зэи я гъащІэм псом япэ ирагъэщу щытакъым. Библиер дджыну, зэІущІэхэм дыкІуэну икІи Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну диІэ Іэмалыр дэ псом нэхърэ нэхъ лъапІэу тлъытэт.

Ди зэхуэсым уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэ зыбжанэ хэтт. Абыхэм ящыщт Мише́ль А́буд. Япэм книгоизучениекІэ зэджэу щыта зэІущІэр абы иригъэкІуэкІт. Мишель Нью-Йорк пэжыр къыщищІат икІи абы и фІыгъэкІэ 1920-нэ гъэм хъыбарыфІыр Ливан щызэхахащ. Сэ сигу къинэжащ а къуэшыр Галаад Школыр къэзыуха шыпхъуитІым, Би́вер Эннрэ Гуэ́нрэ, пщІэшхуэ хэлъу зэрадэІэпыкъуу щытар. Ахэр ди унагъуэм ныбжьэгъушхуэ хуэхъуащ. Илъэс куэд дэкІауэ, Энн Америкэм сыщыхуэзам, ар хуабжьу си гуапэ хъуат. ИужьыІуэкІэ сэ Гуэни сыхуэзащ. Ар Уи́лфред Гу́ч щхьэгъусэ хуэхъуащ икІи ахэр зэгъусэу Лондон щыІэ Вефилым щылэжьащ.

ЛИВАН ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДОГЪЭІУ

Сыщысабийм щыгъуэ Ливан Иеговэ и Щыхьэту щыІэр мащІэт. Абы емылъытауэ, дэ гушхуэныгъэ тхэлъу Библием ит щІэныгъэхэмкІэ цІыхухэм дадэгуашэт икІи, языныкъуэ дин пашэхэр къызэрытпэщІэувэм щхьэкІэ къэмынэу, а лэжьыгъэм адэкІи дыхэтт. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум дызыпэщІэхуа языныкъуэ Іуэхугъуэхэр иджыри къыздэсым сэ фІыуэ сощІэж.

Зэгуэр си шыпхъу Са́нэрэ сэрэ унэ зэтет гуэрым хъыбарыфІыр щыдгъэІут. Арати цІыхухэм депсалъэу дызытет этажым зы дин пашэ къэкІуащ. Дэ дыкъызэрыкІуар зыгуэрым абы къыжриІауэ къыщІэкІынут. Си шыпхъум псалъэ Іейхэр къыжриІэурэ ар апхуэдизкІэ къэгубжьати, Санэ къеІунщІри дэкІуеипІэм къригъэхуэхащ. Санэ удын игъуэтащ. Полицэм зыгуэр къеджати, ахэр си шыпхъум къыдэІэпыкъуащ. Дин пашэр участокым яша иужь абы кІэрахъуэ зэриІыгъыр къыщІэщащ. Полицэм и нэхъыщхьэр абы еупщІащ: «Ухэт уэ? У-дин пашэ хьэмэрэ хъунщІакІуэхэм урапашэ?»

Иджыри сигу къинэжа зы Іуэхугъуэ вжесІэжыну сыхуейт. Ди зэхуэсым автобус пІалъэкІэ къигъэсэбэпыну къищтат, къалэ пхыдза цІыкІу гуэрым хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дыкІуэн щхьэкІэ. ХъыбарыфІыр хъарзынэу дгъэІут, ауэ а щІыпІэм щыІэ дин пашэм дыкъызэрыкІуар къищІэри, дэ къытпэувын щхьэкІэ цІыхухэр зэхуишэсащ. ЦІыхухэр мывэкІэ къыдэуэу щІадзэри, папэ и щхьэм къытехуащ. Сэ иджыри къыздэсым си нэгу щІэтщ папэ и щхьэр лъы защІэ зэрыхъуауэ щытар. Мамэ ар автобусым ишащ, адрей къуэш, шыпхъухэри иужьым иту кІуащ. Зэи сщыгъупщэнкъым мамэ жиІар папэ и уІэгъэр щипхэм щыгъуэ: «Иеговэ, кхъыІэ абыхэм я гуэныхьыр къахуэгъэгъу! Абыхэм ящІэр къагурыІуэкъым».

Абы нэмыщІ сигу къинэжащ ди Іыхьлыхэм я деж дыкІуауэ къэхъуа зы Іуэхугъуэ. Си адэшхуэм и унэм дыщыкІуам щыгъуэ, абы епи́скоп хьэщІэу щІэсу къыщІэкІащ. Абы ищІэт си адэ-анэр Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытыр. Илъэсих фІэкІ сымыхъуми, абы сигъэукІытэну и мураду упщІэ къызитат: «Сыт-тІэ уэ иджыри къыздэсым псым зыщІыщІомыгъэуар?» Сэ абы жесІащ иджыри сызэрыцІыкІур икІи псым зыщІэзгъэуэн щхьэкІэ Библием итыр нэхъыфІу къасщІэу, си фІэщхъуныгъэр хэзгъэхъуэн зэрыхуейр. Си жэуапыр игу ирихьатэкъыми, абы си адэшхуэм жриІащ пщІэ хэмылъу сепсэлъауэ.

Зи гугъу сщІа Іуэхугъуэхэм хуэдэ куэдрэ къэхъуакъым. И нэхъыбэм деж Ливаным щыпсэу цІыхухэр гуапэу, хьэщІагъэ яхэлъу къытхущытти, дэ абыхэм пэжым теухуауэ фІыуэ депсэлъэфт икІи Библием куэд едгъаджэт.

НЭГЪУЭЩІ КЪЭРАЛ ДОІЭПХЪУЭ

Сэ иджыри школым сыщеджэу, Венесуэлэ щыщ зы къуэш щІалэщІэ Ливан къэкІуащ. Ар ди зэІущІэм къакІуэт икІи си шыпхъу Ва́фэ абы щызригъэцІыхуащ. Зэман гуэр дэкІа иужь ахэр зэрышэри, Венесуэлэ Іэпхъуащ. Вафэ хуабжьу къытхуэзэшт, абы къыхэкІкІэ папэ письмо къыхуитхыурэ къелъэІут зэрыунагъуэу Венесуэлэ дыІэпхъуэну. ИкІэм-икІэжым абы папэ тригъэгушхуэри дэ дыІэпхъуэну мурад тщІащ.

1953-нэ гъэм Венесуэлэ дыІэпхъуэри президентым и унэшхуэм пэмыжыжьэу Кара́кас дыдэтІысхьащ. Сэ абы щыгъуэ сыныбжьыщІэти, президентым и машинэ дахэр блэжыху, си жьэр ущІауэ сеплът. Ауэ си адэ-анэм къэралыщІэм есэну къехьэлъэкІахэщ. Абы псори нэгъуэщІт — бзэр, шхыныр, хабзэхэр, климатыр. Ахэр щІыпІэ дыкъыздэкІуам есэн щІадза къудейуэ ди унагъуэм гуауэ къыщыхъуащ.

СэмэгурабгъумкІэ щыщІэдзауэ ижьырабгъумкІэ кІуэуэ: Папэ. Мамэ. Сэ, 1953-нэ гъэм Венесуэлэ дыІэпхъуа иужь

УНАГЪУЭМ ГУАУЭ КЪЫТЛЪОІЭС

Си адэр зэуэ сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Абы дэ Іэнкун дищІат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си адэм узыншагъэ быдэ иІэт икІи ар зэи сымэджатэкъым. Ауэ дохутырхэм абы лышх къеузу къагъуэтащ. Папэ операцэ ящІами, ар сэбэп къыхуэмыхъуу тхьэмахуэ дэкІри лІащ.

ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым ди унагъуэм дежкІэ ар гуауэшхуэ зэрыхъуар. Абы щыгъуэ сэ илъэс 13 сыхъуу арат. Дэ ди Іыхьэ гуэр къытпачам хуэдэт. Папэ зэрыщымыІэжыр мамэ зэман гуэркІэ и гум хьэлъэу телъащ. Ауэ дэ къыдгурыІуащ адэкІи дыпсэун щхьэкІэ къару зэрызэдгъэгъуэтыжын хуейр икІи дэ а гуауэ къытлъэІэсам Иеговэ и фІыгъэкІэ дыпэлъэщыфащ. Илъэс 16 сыщыхъум сэ школыр къэзухащ икІи си унагъуэм сыдэІэпыкъуну сыхуейт.

Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну къыздэІэпыкъуа си шыпхъу Санэрэ абы и щхьэгъусэ Рубенрэ

Си шыпхъу Санэ Рубе́н Арау́хо зи цІэ къуэшым дэкІуащ. Абы Галаад Школыр къиухри, Венесуэлэ къигъэзэжауэ арат. ИужькІэ ахэр Нью-Йорк Іэпхъуащ. Университетым сыщеджэн хуейуэ си унагъуэм унафэ ищІа иужь, сэри а къалэм сыкІуащ. Ар си дежкІэ тыншт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ Санэрэ Рубенрэ я деж сыщыпсэуфынут. Алыхьым нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну ахэр хуабжьу къыздэІэпыкъуащ. Абы нэмыщІ сыздэкІуэ зэхуэсым («Бруклин, Испанское») фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ къуэш куэд хэтт. Сэ Іэмал сиІащ Бруклин дэт Вефилым щылажьэ Ми́лтон Хе́ншелрэ Фре́дерик Френцрэ зэзгъэцІыхуну.

Псым зыщІызогъауэ. 1957-нэ гъэ

Зы илъэс хуэдизкІэ университетым сыщеджауэ, сэ унафэ пэж сщІарэ сымыщІарэ сегупсысу щІэздзащ. «ХъумакІуэ чэщанэм» куэдрэ къратхэт мурадыфІхэр зыгъэува Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэхэр. Сэ а статьяхэм куууэ сегупсыст. Абы нэмыщІ ди зэхуэсым щыщ пионерхэр икІи Вефилым щылажьэхэр зэрынасыпыфІэр слъагъути, абыхэм хуэдэу сэри сыщытыну сыхуейт. Ауэ абы щыгъуэ сэ иджыри псым зыщІэзгъэуатэкъым. А зэманым сэ къызгурыІуащ си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ислъхьэу, псым зыщІэзгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Арати, 1957-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм и 30-м сэ псым зыщІэзгъэуащ.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УНАФЭХЭР КЪЫЗОЩТЭ

Псым зыщІэзгъэуа иужь сызыщІэхъуэпсу щыта нэгъуэщІ мурадым сегупсысу щІэздзащ — полновременнэ лэжьыгъэм. Абы сегупсысыху пионер сыхъуну нэхъ гукъыдэж сиІэ хъут, ауэ еджапІэмрэ пионер лэжьыгъэмрэ схуздэхьынутэкъым. Абы къыхэкІкІэ университетыр къэзгъанэу, Венесуэлэ згъэзэжу, пионер сыхъуну мурад сщІащ. Абы теухуауэ си унагъуэм жесІащ. А мурадым дытепсэлъыхьыурэ дэ апхуэдизкІэ куэд зыхуэтхти, письмохэм дыщІагъэнат.

1957-нэ гъэм, мэкъуауэгъуэм сэ Каракас згъэзэжащ. Си Іыхьлыхэр хуэмыщІауэ псэут икІи сэ слъагъут ахэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр. Абы ирихьэлІэу банкым сыщылэжьэну лэжьыгъэ къыкъуэкІащ. Ауэ сэ хуабжьу сыхуейт пионеру сылэжьэну! Къапщтэмэ, арат Венесуэлэ къыщІэзгъэзэжар. Арати, сэ мурад сщІащ, махуэ псокІэ банкым сызэрыщылажьэм емылъытауэ, пионер лэжьыгъэри къэсщтэну. А лэжьыгъитІыр илъэс зыбжанэкІэ зэдэсхьащ. Абы щыгъуэ хуэдэу сэ зэман сыщимыІа къэхъуакъым, ауэ сэ сынасыпыфІэ дыдэт!

Иеговэ фІыуэ зылъагъу, шыпхъу дахащэ Си́львия къэсцІыхуа иужь си гуфІэгъуэр нэхъыбэж хъуащ. Ар и адэ-анэм я гъусэу Германием къикІри Венесуэлэ къэІэпхъуащ. Сильвиярэ сэрэ дызэрышэри, сабиитІ дгъуэтащ: ди къуэм Мише́ль и цІэщ (иджыри абы МиккІэ доджэ), ди пхъум Сами́рэ фІэтщащ. Абы нэмыщІ мамэ сыдэІэпыкъун щхьэкІэ си деж къэсшащ. Си унагъуэр зыхуей хуэзгъэзэн щхьэкІэ пионер лэжьыгъэр къэзгъэнэн хуей хъуами, сигукІэ пионеру сыщытт. Сильвиярэ сэрэ Іэмал диІэ зэрыхъуу подсобнэ пионеру дылажьэт, псалъэм папщІэ, отпуск къыщытщтэм щыгъуэ.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ИДЖЫРИ ЗЫ ЛЪЭБАКЪУЭ

ВжесІэж хъыбарыр къызэрезгъэжьа Іуэхугъуэр къыщыхъуар ди сабийхэр школым щеджэ зэманырат. Дэ дызыхуейр дгъуэту дыпсэут. Банкым щылажьэ цІыхухэм сэ пщІэ къысхуащІт, ауэ псом япэ сэ сызыхуейр абыхэм Иеговэ и Щыхьэту сацІыхунырат. Абы сэ сытым щыгъуи сегупсысти, си щхьэгъусэмрэ сэрэ дытІысри, ахъшэ диІэр зэрызэдгъэзэхуэным дытепсэлъыхьащ. Дэ щІыхуэ ттелътэкъым икІи банкым сыІукІыжмэ, ахъшэ хъарзынэ къызатынут. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьамэ, а ахъшэр зэман куэдкІэ дрикъунут.

А лъэбакъуэр тчыну тынштэкъым, ауэ фІыуэ слъагъу си щхьэгъусэмрэ си анэмрэ си мурадыр къыздаІыгъащ. Аращи, пионер лэжьыгъэр къызощтэж! Сэ зыкІэ сыгуфІэти! Псори фІы дыдэу зэхуэкІуэт, ауэ димыгугъа Іуэхугъуэ дымыщІэххэу къыкъуэкІащ.

ТЫГЪЭ ДАХЭ

Дйа и Сильвия с новорождённым Габриелем.

Ди сабий ещанэ Габриель и гъусэу

Дэ къэтщІащ Сильвия уэндэгъу зэрыхъуар. Абы демыжьами, а хъыбарым хуабжьу дигъэгуфІащ. Ауэ упщІэ къэуващ: пионер лэжьыгъэр схуэгъэзэщІэну? Ди унагъуэр зэрыхэхъуэным зыхуэдгъэхьэзыру щІэддзащ, абы нэмыщІ сэ сегупсыст сызыщІэхъуэпса мурадыр къызэхъулІэнрэ къызэмыхъулІэнрэ.

Ди мурадхэм зэрыунагъуэу дегупсысри, унафэ тщІащ пионер лэжьыгъэр къэсщтэжыну. 1985-нэ гъэм, мэлыжьыхьым Габрие́ль къалъхуащ. Абы емылъытауэ, сэ банкым сыІукІыжри, а гъэ дыдэм, мэкъуауэгъуэм пионер лэжьыгъэм щІэздзэжащ. Зэман гуэр дэкІри, филиалым и комитетым сыщылэжьэну къызжаІащ. Ауэ Вефилыр Каракас дэттэкъым, ар абы километр 80-кІэ пэжыжьэт икІи сэ абы тхьэмахуэм тІэу е щэ сыкІуэн хуейт.

АРГУЭРУ ДОІЭПХЪУЭ

Филиалыр Ла-Викто́рия къалэ цІыкІум дэтти, мурад тщІащ зэрыунагъуэу абы дыІэпхъуэну, Вефилым нэхъ и гъунэгъуу дыпсэун щхьэкІэ. Абы щыгъуэ дэтхэнэ зыми зыгуэр къэдгъэнэн хуей хъуащ. Си унагъуэм щыщхэм, си шыпхъум икІи си анэм апхуэдэ лъэбакъуэ зэрачар сэ икъукІэ си гуапэ хъуащ икІи абыхэм фІыщІэшхуэ яхузощІ. Си шыпхъу Ба́хэ мамэ дэІэпыкъуну хьэзырт. Мик щхьэгъусэ иІэт, ауэ Самирэрэ Габриельрэ ди гъусэу псэут, абы къыхэкІкІэ Ла-Виктория Іэпхъуэн щхьэкІэ абыхэм я ныбжьэгъухэр къагъэнэн хуей хъуащ. Абы нэмыщІ фІыуэ слъагъу си щхьэгъусэ Сильвия къалэ цІыкІум къыщекІуэкІ гъащІэм есэну къегугъуэкІащ, къапщтэмэ, ди унэри япэрейм хуэдэу интэкъым. Аращи, апхуэдэу дыІэпхъуэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыми ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хэтлъхьэн хуей хъуащ.

Ауэ аргуэру псоми зихъуэжащ. Габриель къишащ, Самирэ щхьэхуэу псэууэ щІидзащ. Сильвиярэ сэрэ 2007-нэ гъэм Вефилым дыкърагъэблэгъащ икІи иджыри къыздэсым абы дыщолажьэ. Ди къуэ нэхъыжь Мик зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ икІи и щхьэгъусэ Мо́никэ и гъусэу абыхэм пионер лэжьыгъэр ягъэзащІэ. Габриели зэхуэсым и нэхъыжьщ, ар и щхьэгъусэ А́мбрэ и гъусэу Италием щопсэу. Самирэ пионеру мэлажьэ икІи Вефилым доІэпыкъу.

СэмэгурабгъумкІэ щыщІэдзауэ ижьырабгъумкІэ кІуэуэ: Венесуэлэ дэт филиалым Сильвия и гъусэу. Ди къуэ нэхъыжь Мик и щхьэгъусэ Моникэ и гъусэу. Ди пхъу Самирэ. Ди къуэ Габриель и щхьэгъусэ Амбрэ и гъусэу

СЭ ЗЫМИ СЫХУЩІЕГЪУЭЖКЪЫМ

Пэжщ, си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хэтащ, ауэ унафэ къэсщтахэм сыхущІегъуэжакъым. СызрихьэлІа Іуэхугъуэхэм иджыри зэ сыпхрыкІын хуей хъуамэ, унафэ къэсщтахэр зыри схъуэжынутэкъым. Иеговэ и организацэм къалэн згъэзэщІахэр сэ псори лъапІэу солъытэ. БлэкІа илъэсхэм сэ къызгурыІуащ Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Сыт хуэдэ унафэ къэдмыщтэми — абы мыхьэнэшхуэ иІэми имыІэми — Иеговэ мамырыгъэрэ гупсэхугъуэрэ къыдитыфынущ (Флп. 4:6, 7). Сильвиярэ сэрэ Вефилым дыщылэжьэну дигу ирохь. Ди гъащІэм дыхэплъэжмэ, дэ къыдгуроІуэ унафэ къэтщтахэр Иеговэ къыддиІыгъыу зэрыщытар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын