ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Июнь н. 31
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Июнь н. 31

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Сыт апостол Паул зи гугъу ищІар, мыпхуэдэу щыжиІам щыгъуэ: «Торэт хабзэм дежкІэ цІыху лІа сыхъуащ — ар къызыпкърыкІар Торэт хабзэр арщ»? (Гал. 2:19).

Апостол Павел.

Апостол Паул итхащ: «Торэт хабзэм дежкІэ цІыху лІа сыхъуащ — ар къызыпкърыкІар Торэт хабзэр арщ — Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкІэ» (Гал. 2:19).

Мы псалъэхэм къикІыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ Римым и провинцие Галатием щыІэ зэхуэсхэм апостол Паул яхуитха письмом и гупсысэ нэхъыщхьэм гу лъыттэн хуейщ. Абы щыпсэуа языныкъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «къуэш нэпцІ гуэрхэм» я еплъыкІэр зэран къахуэхъуат. А къуэш нэпцІхэм жаІэт къелын щхьэкІэ цІыхум Мусэ и Хабзэр игъэзэщІэн хуейуэ, псалъэм папщІэ, сунэт щІыныр. Ауэ Паул ищІэт а унафэм тетын хуейуэ Алыхьым афІэкІа къазэрыхуимыгъэувыр. А къуэшхэм зыхурагъаджэр пцІыуэ зэрыщытыр къыщІэзыгъэщ гупсысэхэр Паул и письмом къыщихьащ. Абы нэмыщІ ар и письмомкІэ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуащ Хьисэ Мэссихь и къурмэныпхъэм укъызэрыригъэлым теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну (Гал. 2:4; 5:2).

Библием гурыІуэгъуэу итщ цІыху лІам зыри зэримыщІэр, абы зыри и тепщэу зэрыщымытыжыр (Эккл. 9:5). Абы къыхэкІкІэ «Торэт хабзэм дежкІэ цІыху лІа сыхъуащ» Паул щыжиІам щыгъуэ, абы зи гугъу ищІар Мусэ и Хабзэм и тепщэныгъэм къызэрыщІэкІаращ. Паул Хьисэ и къурмэныпхъэр и фІэщ зэрыхъум и фІыгъэкІэ «Тхьэм [хуэпсэуну]» Іэмал иІэ зэрыхъуам шэч къытрихьэтэкъым.

Сыт-тІэ Паул мыпхуэдэу щІыжиІар: «Ар къызыпкърыкІар Торэт хабзэр арщ»? Едзыгъуэ зыбжанэ ипэкІэ абы къыдгуригъэІуащ: «ЦІыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащІэм щхьэкІэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иІэу илъытэнукъым, атІэ Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ зэриІэм щхьэкІэщ щыпкъагъэ иІэу щІилъытэр» (Гал. 2:16). Шэч хэмылъу, Мусэ и Хабзэм къалэнышхуэ игъэзэщІащ. Апостол Паул къыдгуригъэІуащ Алыхьым а Хабзэр къащІритам и щхьэусыгъуэр: «Хабзэм текІыныр зыхуэдэр цІыхухэм ягуригъэІуэн щхьэкІэ, Тхьэм Торэт хабзэр къаритащ. Ибрэхьим къытехъукІыну быну Тхьэм къызэригъэгугъар къэкІуэху, Торэт хабзэм тепщэныгъэ иІэн хуеящ» (Гал. 3:19). Пэжщ, Хабзэм наІуэ ищІт гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр нэгъэсауэ Алыхьым и хабзэхэм зэрытемытыфынур икІи абыхэм я гуэныхьыр къахуэгъун щхьэкІэ дагъуэ зимыІэ къурмэныпхъэм зэрыхуэныкъуэр. Аращи, Мусэ и Хабзэм «Ибрэхьим къытехъукІыну быным» и деж дишэт, нэгъуэщІу жыпІэмэ Мэссихь и деж. Абы щыщІэдзауэ Алыхьым цІыхур пэжу щилъытэнур абы Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ иІэу щытмэт (Гал. 3:24). Паул апхуэдэ цІыхуу щытауэ жыпІэ хъунут. Мусэ и Хабзэм зэрыхищІыкІыр Паул къыдэІэпыкъуащ Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр къыгурыІуэну икІи абыкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ зригъэгъуэтыну. Абы къыхэкІкІэ Паул жиІэ хъунут Хабзэм щхьэкІэ лІауэ, ауэ Алыхьым хуэпсэун щхьэкІэ къэтэджыжауэ. Мусэ и Хабзэр афІэкІа абы и тепщэу щыттэкъым, атІэ иджы абы и Зиусхьэныр Алыхьырат.

Апхуэдэ гупсысэ апостол Паул Рим къалэм дэсхэм яхуитха письмоми къыщыхигъэщащ: «Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылІам къыхэкІкІэ, Торэт хабзэм и Іуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкІэ фэри цІыху лІахэм фахуэдэщ... Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыІыгъам и Іуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкІэ цІыху лІахэм яхуэдэ дыхъуащ» (Рим 7:4, 6). Мы едзыгъуэхэми Галатие 2:19 итми тепщІыхьмэ, Мусэ и Хабзэр зэримыгъэзащІэм щхьэкІэ лІэныгъэ къылъысу Паул жиІэкъым. АтІэ абы зэрыжиІэмкІэ, езыри Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэри а Хабзэм и лъабжьэ къыщІэкІыу аращ. ИкІи цІыхум апхуэдэ Іэмал иІэ щІэхъур Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр и фІэщ зэрыхъум и фІыгъэщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын