24 СТАТЬЯР
«Си гур зэкъуэт щІы, уи цІэм сыщышынэн щхьэкІэ»
«Си гур зэкъуэт щІы, уи цІэм сыщышынэн щхьэкІэ. Сигу псомкІэ сэ узогъэлъапІэ, уэ Иеговэ, си Алыхь» (ПС. 86:11, 12).
7-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Алыхьым щышынэным сыт къикІыр икІи ар фІыуэ зылъагъухэм Алыхь фІэлІыкІ щІаІэн хуейр сыт?
ХЬИСЭ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъу икІи абы щошынэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Алыхьым ущышынэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ауэ Алыхьым щышынэным сыт къикІыр? Алыхьым щышынэ цІыхум и гум къыбгъэдэкІыу абы пщІэ хуещІ. Ар хуейкъым уафэм щыІэ и Адэм и жагъуэ ищІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьымрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм зэран хуэхъуну хуейкъым (Пс. 111:10; Прит. 8:13, Гъэсэпэтхыдэхэр).
2. Псалом 86:11 ит псалъэхэм пыщІа сыт хуэдэ упщІитІ мы статьям щызэпкърытхынур?
2 Къеджэ Псалом 86:11b. Даут и псалъэхэм къыхощ Алыхь фІэлІыкІ уиІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къызэрыгурыІуэу щытар. Абы и лъэІум хэта псалъэхэм сытым дыхуагъэсэфынуми девгъэгупсыс. Япэрауэ, дэ къэтщІэнущ Алыхьым и цІэм ущышынэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэр. ЕтІуанэрауэ, дэ дытепсэлъыхьынущ Алыхьым и цІэм пщІэшхуэ зэрыхуэтщІыр махуэ къэс дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнуми.
АЛЫХЬЫМ И ЦІЭМ ДЫЩЫШЫНЭН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?
3. Мусэ Алыхьым и цІэм фІэлІыкІ хуиІэну сыт хуэдэ Іуэхугъуэ къыдэІэпыкъуу щытауэ къыщІэкІыну?
3 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт сыт хуэдэ гурыщІэ Мусэ иІами, ар Хорив бгым дэкІуеяуэ, Иеговэ и лъэкІыныгъэр Іуэхугъуэ телъыджэкІэ щригъэлъэгъуам щыгъуэ. «Понимание Писания» жыхуиІэ энциклопедием зэрыжиІэмкІэ, «Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ зыми имылъэгъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн Мусэ илъэгъуащ». Мусэ мыпхуэдэ псалъэхэр зэхихащ, ар мелыІычым жиІауэ къыщІэкІынщ: «Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ, и лъагъуныгъэр мин бжыгъэхэм ярегъэлъагъу, хабзэншагъэр, щІэпхъаджагъэр, гуэныхьыр егъэгъу» (Исх. 33:17—23; 34:5—7). Мусэ Иеговэ и цІэр щыжиІэм деж а Іуэхугъуэр игу къигъэкІыжу къыщІэкІынт. ГъэщІэгъуэнкъым абы Алыхьым и лъэпкъ Израилыр хуигъэушу зэрыщытар «Алыхь Иеговэ и цІэ лъапІэм икІи узыгъэшынэм фІэлІыкІ» хуаІэну (Втор. 28:58).
4. Иеговэ нэхъыбэжу пщІэ хуэтщІыну сытым дыхуигъэушыну?
4 Алыхьым и цІэм дыщегупсысым деж, а цІэр зезыхьэм и хьэл-щэнхэми дегупсысын хуейщ: и къарум, Іущагъым икІи захуагъэрэ лъагъуныгъэрэ зэрыхэлъым. Мы хьэл-щэнхэм нэмыщІ нэгъуэщІ и хьэл-щэнхэми дызэрегупсысым дыхуегъэуш Иеговэ нэхъыбэжу пщІэ хуэтщІыну (Пс. 77:11—15).
5, 6. 1) Иеговэ цІэм сыт къикІыр? 2) Исход 3:13, 14, абы нэмыщІ Исаия 64:8 зэритымкІэ, Иеговэ и мурадыр дапхуэдэу зэригъэзащІэр?
5 Алыхьым и цІэм къикІым теухуауэ сыт дэ тщІэр? ЩІэныгъэлІ куэдым зэрабжымкІэ, Иеговэ цІэм «Абы къегъэхъу» жиІэу аращ къикІыр. Абы дигу къегъэкІыж Иеговэ и мурадыр сыт щыгъуи зэригъэзащІэр. Дапхуэдэу ар абы зэрищІэр?
6 Япэрауэ, Алыхьыр зэрыхъун хуейм хуэдэ хъуфынущ, езым и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ. (Къеджэ Исход 3:13, 14c.) Иеговэ апхуэдэ зэфІэкІ гъэщІэгъуэн иІэм дегупсысыну дэ щІэх-щІэхыурэ дыхуагъэуш. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ гуэныхь зыхэлъ и лэжьакІуэхэр зэрыхуейм хуэдэ ищІыфынущ и мурадыр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. (Къеджэ Исаия 64:8d.) Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэну зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынур гурыІуэгъуэщ (Ис. 46:10, 11).
7. Уафэм щыІэ ди Адэм фІыщІэ нэхъыбэу хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
7 Уафэм щыІэ ди Адэм хуэтщІ фІыщІэр хэхъуэнущ, и ІуэхущІафэхэмрэ ар къыддэІэпыкъуурэ тщІа Іуэхухэмрэ дегупсысмэ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыщегупсысым деж, абы иригъэкІуэкІа лэжьыгъэшхуэм хуабжьу дегъэгушхуэ (Пс. 8:3, 4). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ и мурадыр зэрыдгъэзэщІэфам дыщегупсысым деж, абы нэхъыбэжу пщІэ хуэтщІу дохъу. Пэж дыдэу, Иеговэ и цІэм ди гум къыбгъэдэкІыу пщІэ хуэтщІыну хуэфащэщ! А цІэм къегъэлъагъуэ ди Адэм хэлъ хьэл-щэнхэр, абы нэмыщІ илэжьа Іуэхухэр икІи къэкІуэну зэманым ищІэнухэр (Пс. 89:7, 8).
«СЭ ИЕГОВЭ И ЦІЭР ЗГЪЭІУНУЩ»
Мусэ и псалъэхэм едаІуэхэм гушхуэныгъэ ягъуэтт. Ар Алыхьым и цІэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ тепсэлъыхьт. (8-нэ абзацым феплъ.)f
8. Второзаконие 32:2, 3 зэритымкІэ, Алыхьым и цІэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
8 Алыхьым и лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьэн ипэ, Иеговэ Мусэ зы уэрэд иригъэщІащ (Втор. 31:19). Муси а уэрэдыр лъэпкъ псом иригъэщІащ. А уэрэдым и псалъэхэр Второзаконием и 32-нэ псалъащхьэм итщ. (Къеджэ Второзаконие 32:2, 3e.) Иеговэ и цІэм езыр зэрыхущытыр 2-нэ, 3-нэ едзыгъуэхэм ІупщІу къыхощ: ар хуейкъым и цІэр щІахъумэну икІи и цІэр зэрылъапІэм къыхэкІкІэ къипІуэ мыхъуну ялъытэну. Ар хуейщ абы и цІэр псоми ящІэну! Израил лъэпкъыр гуфІат Мусэ а уэрэдымкІэ Иеговэрэ абы и цІэ лъапІэмрэ теухуауэ пэжыр къызэрызэІуихам щхьэкІэ. Мусэ и псалъэхэр къэкІыгъэхэм тешхэ уэшх щабэм хуэдэт: а псалъэхэм ахэр игъэгушхуэт икІи къару къаритт. Ауэ дапхуэдэу дэ зэрызэхэдгъэкІынур хъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэхэм икІи Библие едгъаджэхэм ди псалъэхэм къару къахилъхьэрэ къахимылъхьэрэ?
9. Алыхьым и цІэр дапхуэдэу зэрыдгъэлъэпІэфынур?
9 Унэ-унэкІэ икІи цІыхухэр нэхъыбэу здэщыІэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, Библиер къызэІутхыу, Иеговэ цІэр едгъэлъэгъуфынущ. Дэ ди тхыгъэхэм щыщ еджэну еттыфынущ, абы нэмыщІ ди сайтымкІэ едгъэлъэгъуфынущ видеоролик гъэщІэгъуэн е материал гуэр. А псом Иеговэ егъэлъапІэ. ЛэжьапІэм, школым е зыдгъэпсэхуну зыщІыпІэ дыщыІэу ди Алыхь лъапІэм икІи абы и хьэл-щэнхэм теухуауэ зыгуэрым жетІэну Іэмал диІэнкІэ хъунущ. Иеговэ щІылъэмрэ цІыхухэмрэ хуиІэ мурадым теухуауэ зыгуэрым дыдэгуэшэфынущ, икІи цІыхум Алыхьыр имыцІыхуу щытами, абы фІыщэу дызэрилъагъур къыгурыІуэнкІэ хъунущ. ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм теухуауэ пэжыр цІыхухэм щажетІэм деж, абы и цІэр догъэлъапІэ. Алыхьым теухуауэ ахэр зыхурагъаджэхэр пцІым тегъэщІауэ зэрыщытыр къагурыІуэну дадоІэпыкъу икІи Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ щІэныгъэ нэхъыфІ дыдэмкІэ дадогуашэ (Ис. 65:13, 14).
10. Библием едгъаджэ цІыхум Алыхьым и хабзэ пэжхэр жетІэныр мащІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
10 ЦІыхур Библием щедгъаджэм деж, дэ дыхуейщ абы Алыхьым и цІэр къищІэну икІи ар къигъэсэбэпу щІидзэну. Ауэ дэ иджыри дыхуейщ Иеговэ цІэр зезыхьэр хэтми къедгъэщІэну,— Иеговэ нэхъ гъунэгъуу къицІыхуну. Алыхьым дежкІэ сытыр фІыми сытыр Іейми жетІэ закъуэкІэ абы Иеговэ къицІыхуну? Едгъаджэм Иеговэ и хабзэхэр ищІэнкІэ хъунущ, уеблэмэ, ахэр игу ирихьу щытынкІэ хъунущ. Ауэ а хабзэхэм тетыну Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэрауэ пІэрэ ар хуэзыгъэушыр? Хьэуа и щапхъэр фигу къэвгъэкІыж: абы Алыхьым и хабзэр ищІэт, ауэ а хабзэр къезытар нэгъэсауэ фІыуэ илъагъутэкъым. Ар дыдэр Іэдэми хужыпІэ хъунущ (ЩІэдз. 3:1—6). Аращи, Библием едгъаджэ цІыхум Алыхьым и хабзэ пэжхэр жетІэныр мащІэщ.
11. Едгъаджэ цІыхум Алыхьым и хабзэхэм нэмыщІ, езыри фІыуэ илъагъун щхьэкІэ дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъунур?
11 Иеговэ и хабзэхэм псоми ди сэбэпынагъ хэлъщ (Пс. 119:97, 111, 112). Ауэ Библием едгъаджэхэм ар занщІэу къащыгурымыІуэ къохъу. Абыхэм къагурыІуэн хуейщ а хабзэхэр Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу къызэрыдитар. Абы къыхэкІкІэ цІыхур щедгъаджэм деж мыпхуэдэ упщІэхэр етт хъунущ: «Дауэ уеплърэ, сыт Алыхьым мыр пщІэн хуейуэ, ауэ мыр пщІэ мыхъуну щІыжиІэр? Алыхьым тщІэн хуейуэ къытхуигъэувхэм езым теухуауэ сыт къыдагъащІэр?» Дэ Библием едгъаджэр Иеговэ егупсысу едгъасэмэ икІи абы и цІэ лъапІэр нэгъэсауэ фІыуэ илъагъуну дыдэІэпыкъумэ, абы и гум дынэсыну къыщІэкІынщ. Едгъаджэ цІыхум Алыхьым и хабзэхэм нэмыщІ, езыри фІыуэ илъагъунущ (Пс. 119:68). Абы и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи абы и фІыгъэкІэ ар гъэунэхуапІэ хьэлъэхэми пэщІэтыфынущ (1 Кор. 3:12—15).
«ДЭ ДИ АЛЫХЬ ИЕГОВЭ И ЦІЭР ИГЪАЩІЭКІЭ ДГЪЭЛЪЭПІЭНУЩ»
Даут и гур тІууэ гуэша хъуауэ щытащ. (12-нэ абзацым феплъ.)
12. Дапхуэдэу Даут и гур тІууэ гуэша зэрыхъуар икІи сыт абы кърикІуар?
12 Псалом 86:11 ит псалъэ нэхъыщхьэхэр — «си гур зэкъуэт щІы» жыхуиІэ псалъэхэращ. Мы псалъэхэр зытхар Даутщ. Абы зыми хуэмыдэу ищІэт гур тыншу тІууэ гуэша зэрыхъуфынур. Зы махуэ гуэрым Даут и унэм и щхьэм тету илъэгъуащ щхьэгъусэ зиІэ цІыхубз, Вирсавие, зигъэпскІыу. Абы щыгъуэ Даут и гур дапхуэдэут зэрыщытыр: зэкъуэтт, хьэмэрэ тІууэ гуэшат? Абы Иеговэ и хабзэр фІыуэ ищІэт: «Уи гъунэгъум и щхьэгъусэм уемыхъуапсэ» (Исх. 20:17). Ауэ ар адэкІи абы еплъу щытауэ къыщІэкІынщ. Даут Вирсавие зыІэригъэхьэну хуейуэ икІи Иеговэ арэзы ищІыну хуейуэ и гур тІууэ гуэша хъуащ. Даут илъэс куэд хъуауэ Иеговэ фІыуэ илъагъуми икІи и цІэм щышынэми, ар Алыхьым и хабзэм текІащ. Абы Алыхьым и цІэр игъэулъиящ икІи зыри зимылажьэ цІыхухэм зэран куэд къахуихьащ, и унагъуэри абыхэм яхэту (2 Сам. 11:1—5, 14—17; 12:7—12).
13. Дэнэ дэ щытщІэр Даут и гур зэкъуэт зэрыхъужар?
13 Иеговэ Даут дэІэпыкъуащ гуэныхьышхуэ зэрищІар къыгурыІуэжыну. Абы и фІыгъэкІэ Даут Алыхьым хуиІа ныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжащ (2 Сам. 12:13; Пс. 51:2—4, 17). Абы и гур тІууэ гуэша зэрыхъуам къихьа гугъуехьхэр ищІэжт. Псалом 86:11 итыр мыпхуэдэуи жыпІэ хъунущ: «ТІууэ мыгуэша гу къызэт». Иеговэ Даут дэІэпыкъуауэ пІэрэ тІууэ мыгуэша гу зригъэгъуэтыну? ДэІэпыкъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иужькІэ Библием щыжыІащ Даут игу «псомкІи и Алыхь Иеговэ и гъусэу» щытауэ (1 Цар. 11:4; 15:3).
14. Сыт хуэдэ упщІэ зэттыжын хуей икІи сыт щхьэкІэ?
14 Даут и щапхъэм дигъэгушхуэ закъуэу щымыту, дысакъынуи дыхуегъэуш. Абы гуэныхьышхуэ ищІам Алыхьым и лэжьакІуэхэм дерс хахыфынущ. Дэ абы и щыуагъэм хуэдэ тщІэну дыхуейкъым. Иеговэ иджы дыдэ хуэлэжьэн щІэддзами, илъэс куэд щІауэ дыхуэлажьэу щытми дэ дызэупщІыжын хуейщ: «ШейтІаным си гур тІууэ игуэшыну Іэмал къигъэсэбэпхэм сыпэщІэту пІэрэ?»
Фи гур тІууэ гуэша хъун щхьэкІэ ШейтІаным хузэфІэкІыр ищІэнущ. Ар абы хуэвмыдэ! (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)g
15. Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэм дапхуэдэу дыкъызэрихъумэр мыхъумыщІагъэ зыхэт гуэр щытлъагъум деж?
15 Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр фиІэну фыхуэзыгъэуш гуэр интернетымкІэ е телевизорымкІэ щыфлъагъум деж сыт фщІэр? Абы къагъэлъагъуэхэр порнографиеу жыпІэ мыхъуну дегупсысу, ар ди фІэщ тщІыну дыхэтынкІэ хъунущ. Ауэ фи гур тІууэ гуэша хъун щхьэкІэ ШейтІаным а Іуэхугъуэр къигъэсэбэпмэ-щэ? (2 Кор. 2:11). Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр фиІэну фыхуэзыгъэуш сурэтхэр е видеохэр ебгъэщхь хъунущ пхъэшхуэ зэрызэгуач джыдэм. ЯпэщІыкІэ джыдэр и папцІапІэмкІэ пхъэм хаукІэ. ИтІанэ еуэурэ куууэ хагъэхьэ, пхъэшхуэр тІууэ зэгуэчыху. Апхуэдэу мыхъумыщІагъэ зыхэт деплъмэ, ар джыдэм и папцІапІэм ещхь мыхъуну пІэрэ? Зэран къыпхуимыхьыну япэщІыкІэ къыпщыхъу гуэрым ди гур тІууэ игуэшу, гуэныхьым дыхуишэфынущ, абы къыхэкІкІэ Иеговэ депцІыжыфынущ. Аращи, мыхъумыщІагъэхэм фи гур щыфхъумэ! Фи гур зэкъуэту щывгъэт, Алыхьым и цІэм фыщышынэн щхьэкІэ!
16. ГъэунэхуапІэ ущыпэщІэхуам деж сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыжын хуей?
16 МыхъумыщІагъэ зыхэт сурэтхэм е видеохэм нэмыщІ нэгъуэщІ къапхъэнхэри ШейтІаным къытхуегъэув, щыуагъэ дигъэщІэн щхьэкІэ. Сыт дэ апхуэдэм деж тщІэр? ДауикІ, апхуэдэуи зэран абы къимыхьыну уегупсысыну тыншщ. Псалъэм папщІэ, уегупсысынкІэ хъунущ: «Абы щхьэкІэ сэ зэхуэсым сыхагъэкІынукъым, аращи ар апхуэдэуи Іейкъым». Ауэ а гупсысэкІэр тэмэмкъым. Мыпхуэдэ упщІэхэр зэптыжмэ нэхъыфІщ: «АбыкІэ ШейтІаным си гур тІууэ игуэшыну иужь имыту пІэрэ? Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм зыдезгъэхьэхмэ, Алыхьым и цІэр сымыгъэулъиину пІэрэ? Абы Алыхьым нэхъ гъунэгъу сыхуищІыну, хьэмэрэ пэжыжьэ сыхуищІыну?» Мы упщІэхэм фегупсыс. Фи щхьэр къэвмыгъэпцІэжу, жэуап пэж ефтын щхьэкІэ Алыхьым Іущагъ къывитыну фелъэІу (Екъуб 1:5). Абы фыкъихъумэнущ икІи къывдэІэпыкъунущ теубыдагъэ фхэлъу гъэунэхуапІэхэм фыпэщІэтыну — Хьисэ зэрищІам хуэдэу. Абы теубыдагъэ хэлъу мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Си ужь икІ, шейтІан!» (Мт. 4:10).
17. Гур тІууэ гуэшауэ щытмэ, ар зэран хъууэ сыт жыпІэ щІэхъунур? Щапхъэ къэфхь.
17 Гур тІууэ гуэшауэ щытмэ, ар зэран мэхъу. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ зэгурымыІуэ топджэгу командэ: абы хэт языныкъуэхэр хуейщ псори зи фІыщІэр езыхэрауэ щытыну, нэгъуэщІхэр хабзэм тету джэгуну хуейкъым, адрейхэм тренерым пщІэ лъэпкъ хуащІкъым. Апхуэдэ командэр хэнэну къыщІэкІынщ. Ауэ зэкъуэт командэм ехъулІэныгъэ нэхъ иІэфынущ. «ТекІуэныгъэ къэзыхь командэм» хуэдэу фи гур щытыну фыхуеймэ, фи гупсысэхэри, фызыщІэхъуэпсхэри, фи гурыщІэхэри Иеговэ хуэлэжьэным хуэунэтІауэ щытын хуейщ. Зыщывмыгъэгъупщэ: ШейтІаныр щІохъуэпс фи гур тІууэ игуэшыну. Ар хуейщ фи гупсысэхэри, фызыщІэхъуэпсхэри, фи гурыщІэхэри Иеговэ и хабзэхэм пэщІэувэу щытыну. Ауэ фэ фигу псомкІэ Иеговэ фыхуэлэжьэн хуейщ (Мт. 22:36—38). ШейтІаным фи гур тІууэ гуэша ищІыну зэи хуэвмыдэ!
18. Михей 4:5 ит псалъэхэм сытым фыхуагъэушрэ?
18 Даут хуэдэу Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ: «Си гур зэкъуэт щІы, уи цІэм фІэлІыкІ хузиІэн щхьэкІэ». Мы лъэІум фытету фызэрыпсэуным фыхущІэкъу. Махуэ къэс унафэ къафщтэхэм, ар инми цІыкІуми, Алыхьым и цІэм пщІэшхуэ зэрыхуэфщІыр къыхэщу щырырет. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, абы и цІэр дгъэлъэпІэнущ (Прит. 27:11, Гъэс.). Бегъымбар Михей хуэдэу дэри жытІэнущ: «Дэ ди Алыхь Иеговэ и цІэр игъащІэкІэ дгъэлъэпІэнущ» (Мих. 4:5).
41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх
a Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Даут и лъэІур зэрыт Псалом 86:11, 12 ит псалъэхэр. Алыхьым и цІэм щышынэным сыт къикІыр? Алыхьым и цІэ лъапІэм дыщышынэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэм гъэунэхуапІэ дыщыпэщІэхуэм деж дапхуэдэу дыкъызэрихъумэр?
b Псалом 86:11: «Уэ Иеговэ, уи гъуэгум сытегъэувэ. Уи пэжыгъэм сытету сыпсэунущ. Си гур зэкъуэт щІы, уи цІэм сыщышынэн щхьэкІэ».
c Исход 3:13, 14: «Мусэ Алыхь пэжым жриІащ: „Псалъэм папщІэ, сэ Израилым и къуэхэм я деж сокІуэри, абыхэм яжызоІэ: ,Сэ фи адэжьхэм я Алыхьым сыкъигъэкІуащ‘, ахэр сэ къызоупщІ: ,Хэт абы и цІэр?‘ Сыт абыхэм яжесІэнур?“ Алыхьым Мусэ жриІащ: „СЭ СЫЗЭРЫХУЕЙ СЫХЪУНУЩ“. ИкІи щІигъуащ: „Мыращ Израилым и къуэхэм яжепІэнур: ,СЭ СЫХЪУНУЩ фи деж сыкъигъэкІуащ‘“».
d Исаия 64:8: «Ауэ Иеговэ, уэ — уди-Адэщ. Дэ — дыятІагъуэщ, уэ — уди-КхъуэщыныщІщ, икІи дэ псори уэ уи ІэдакъэщІэкІыу дыщытщ».
e Второзаконие 32:2, 3: «Си ущиер уэшхым хуэдэу къешхынущ, уэсэпсым хуэдэу къехынущ си псалъэхэр, удзым щабэу уэшхыр зэрытешхэм хуэдэу икІи уэшхышхуэр къэкІыгъэм зэрытешхэм хуэдэу. Сэ Иеговэ и цІэр згъэІунущ. Ди Алыхьым и инагъым щІыхь хуэфщІ!».
f СУРЭТЫР. Мусэ Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэд израил лъэпкъым иригъэщІащ.
g СУРЭТЫР. Хьэуа и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм пэщІэтакъым. Дэ абы ищІам хуэдэ тщІэну дыхуейкъым. Аращи, Алыхьым и цІэр зыгъэулъий икІи хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр дигу къэзыгъэкІ гуэрхэм деплъкъым икІи деджэкъым.