ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьымрэ Хьисэрэ я фІыгъэкІэ дэ щхьэхуит дыхъужынущ!
Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм уи гъащІэр нэхъ гугъу ящІрэ? Уэ унагъуэм и нэхъыжьу ущытмэ, къалэн куэд уи пщэ дэлъу къыщІэкІынщ. Хьэмэрэ уэ уи закъуэу сабий ппІыуэ щытмэ, гугъу уехьу къыщІэкІынщ уи унагъуэр зыхуей хуэбгъэзэн щхьэкІэ. Е уэ школым ущеджэмэ, уи классэгъухэр къыпщыдыхьэшхыу, ауан уащІу щыт? Хьэмэрэ уэ уи ныбжьыр зэрыхэкІуатэм щхьэкІэ уи узыншагъэм уигъэпІейтейуэ пІэрэ? Гугъуехь гуэр зимыІэ цІыху дунейм теткъым. Иныкъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм зэуэ пэщІохуэ. Ауэ дэ дощІэ ди гугъуехьхэм куэд мыщІэу кІэ къазэрыхуэкІуэнур (2Кр 4:16—18).
Дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр Иеговэ зэрилъагъум икІи дэ дгъэлъагъуэ теубыдагъэмрэ пэжагъымрэ абы лъапІэу зэрилъытэм ди гум гупсэхугъуэ кърелъхьэ икІи дэ дощІэ дызыгъэгуфІэн тыгъэ куэд Иеговэ тхуигъэхьэзырауэ зэрыщытыр (Иер 29:11, 12). Хьиси дэри гулъытэшхуэ къытхуещІ. Иеговэ и лэжьыгъэр дгъэзэщІэфын щхьэкІэ ар къыддэІэпыкъуну дыкъигъэгугъащ. Абы езым жиІащ: «Сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ» (Мт 28:20). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну щхьэхуитыныгъэм дыщегупсысым деж дэ ди гугъапІэр нэхъ быдэ мэхъу икІи сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми пэжагъыр тхъумэну тегушхуэныгъэ диІэщ (Рм 8:19—21).
«БОРЭНЫР КЪЫЩЫБЛАГЪЭМ ДЕЖ ФИ НЭР ХЬИСЭ ТЕВГЪЭТ! ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ КЪЫТХУИХЬЫНУ ФІЫГЪУЭХЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ЦІыхухэр дауэ «Тхьэм... къарит гъащІэм пэжыжьэ» зэрыхъуар икІи сыт абы къыпэкІуар?
Иеговэ хуэпэж цІыхухэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъыр?
Апхуэдэ гъащІэ дахэ дызэриІэфынур хэт зи фІыщІэр?
ДунеищІэм щыІэну сыт хуэдэ фІыгъуэхэра уэ нэхъ узыпэплъэр?
ДунеищІэм ущыІэу къызыщыгъэхъу!