46 СТАТЬЯР
Фи фІэщхъуныгъэм и мэІухум фыкІэлъыплъу пІэрэ?
«ФІэщхъуныгъэр мэІуху хуэдэ къафщтэ» (ЕФ. 6:16).
119-НЭ УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Ефес 6:16 зэритымкІэ, сыт «мэІуху хуэдэ» фІэщхъуныгъэ диІэн щІыхуейр? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?
«МЭІУХУ ХУЭДЭ» фІэщхъуныгъэ фиІэу пІэрэ? (Къеджэ Ефес 6:16.) Шэч хэмылъу, фиІэщ. МэІуху иным зауэлІым и Іэпкълъэпкъ псори зэрыщІихъумэу щытам хуэдэу, фи фІэщхъуныгъэм мы дунейм къыфхуихьыфыну зэраным фыщехъумэ — зинэ щІэным, залымыгъэм икІи Алыхьым и хабзэм пэщІэувэ псоми.
2 Дэ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» дыщопсэу, абы къыхэкІкІэ ди фІэщхъуныгъэр адэкІи гъэунэхуапІэ ихуэнущ (2 Тим. 3:1). Сыт къыддэІэпыкъунур зэхэдгъэкІыну ди фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу щытрэ щымытрэ? ИкІи ар быдэу тІыгъыну сыт къыддэІэпыкъунур? Мы упщІэхэр адэкІэ зэпкърытхынщ.
ФИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ И МЭІУХУР БЫДЭУ ЩЫТРЭ ЩЫМЫТРЭ ЗЭХЭВГЪЭКІ
Зауэ нэужьым зауэлІхэр я мэІухухэм зыгуэр илажьэрэ имылажьэрэ еплът. (3-нэ абзацым феплъ.)
3. ЗауэлІхэр дапхуэдэу я мэІухухэм зэрыкІэлъыплъу щытар икІи сыт щхьэкІэ?
3 Пасэрей зэманым и нэхъыбэ мэІухухэм фэ тебзат. ЗауэлІхэм абы дагъэ щахуэт фэр мыгъун щхьэкІэ икІи гъущІыр мыулъийн щхьэкІэ. ЗауэлІым и мэІухум зыгуэр къыщыщІауэ гу лъитамэ, ар зэрищІыжыным иужь итын хуейт, зауэ къэхъеймэ, абы сыт щыгъуи хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ. Мы щапхъэр дапхуэдэу фІэщхъуныгъэм зэрыпыщІар?
4. ФІэщхъуныгъэм и мэІухум сыт дыкІэлъыплъын щІыхуейр?
4 ЗауэлІхэр я мэІухум и щытыкІэм кІэлъыплъын хуейуэ зэрыщытам хуэдэу, дэри ди фІэщхъуныгъэм и мэІухум дыкІэлъыплъын хуейщ, зауэм сыт щыгъуи хуэхьэзыру дыщытын щхьэкІэ. Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр, зауэм дыхэту жыпІэ хъунущ икІи ди бийхэр — жин бзаджэхэращ (Еф. 6:10—12). Дэ нэмыщІ ди фІэщхъуныгъэм и мэІухум зыри кІэлъыплъыфынукъым. Гугъуехьхэм дыпэлъэщыфын щхьэкІэ ди фІэщхъуныгъэр быдэрэ мыбыдэрэ дауэ зэрызэхэдгъэкІынур? Япэрауэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІун хуейщ. ЕтІуанэрауэ, Библием ит чэнджэщхэм зыхуэдгъэзэн хуейщ. Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и нэкІэ дызэплъыжыну (Евр. 4:12). Библием итщ: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ» (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы чэнджэщыр фигу илъу, иджы дыдэ къэфщта унафэм фегупсыс. Ар ахъшэр фызэрыримыкъум пыщІауэ щыта? Щытамэ, абы щыгъуэ фигу къэкІыжауэ пІэрэ Еврейхэм 13:5 ит Иеговэ и псалъэхэр: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым»? Мы псалъэхэм Иеговэ Іэмал имыІэу къызэрывдэІэпыкъунур фи фІэщ ящІамэ, фи фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу жыпІэ хъунущ.
5. Фи фІэщхъуныгъэр быдэрэ мыбыдэрэ щызэхэвгъэкІым деж, сыт гу зылъыфтэнкІэ хъунур?
5 Фи фІэщхъуныгъэр быдэрэ мыбыдэрэ щызэхэвгъэкІым деж, фэ флъэгъункІэ хъунущ зы лъэныкъуэ гуэрхэмкІэ ар махэу зэрыщытыр. Псалъэм папщІэ, гу лъыфтэнкІэ хъунущ пцІыр, егъэлеяуэ фызэрыгузавэр икІи фи лъэр зэрыщІэхуар фи фІэщхъуныгъэм зэран зэрыхуэхъуар. Апхуэдэу хъуамэ, фи фІэщхъуныгъэр адэкІи нэхъ махэ зэрымыхъуным дауэ фызэрыхущІэкъунур?
ЕГЪЭЛЕЯУЭ ГУЗЭВЭНЫМРЭ ПЦІЫМРЭ ЗЫЩЫФХЪУМЭ ИКІИ ФИ ЛЪЭР ЩІЭМЫХУН ЩХЬЭКІЭ ФЫСАКЪ
6. Зыгуэр щхьэкІэ угузэвэныр сытым дежи Іейуэ щыту сыт жыпІэ щІэмыхъунур?
6 Зыгуэр щхьэкІэ угузэвэныр сытым дежи Іейуэ щыткъым. Псалъэм папщІэ, дэ Иеговэрэ Хьисэрэ я жагъуэ тщІынкІэ догузавэ (1 Кор. 7:32). Гуэныхь хьэлъэ тщІамэ, Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэрызэтедгъэувэжыным догупсыс икІи абы дегъэгузавэ (Пс. 38:18). Абы нэмыщІ дэ ди щхьэгъусэр арэзы тщІыну дыхуейщ икІи ди Іыхьлыхэмрэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ датогузэвыхь (1 Кор. 7:33; 2 Кор. 11:28).
7. 1) Егъэлеяуэ дыгузавэмэ, ар ди фІэщхъуныгъэм дауэ зэран зэрыхуэхъуфынур? 2) Притчи 29:25 зэритымкІэ, сыт цІыхухэм дащышынэн щІыхуэмейр?
7 Ауэ егъэлеяуэ дыгузавэмэ, ар ди фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, тшхынымрэ щыттІэгъэнымрэ дэ зэпымыууэ дригузэвэнкІэ хъунущ (Мт. 6:31, 32). Абы къыхэкІкІэ дэ сытым дежи мылъкум дегупсысу икІи ахъшэр фІыуэ тлъагъуу дыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэу къэхъумэ, Иеговэ фІэщхъуныгъэ худиІэр махэ хъунущ икІи абырэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэр зэтекъутэнущ (Мк. 4:19; 1 Тим. 6:10). Абы нэмыщІ дэ егъэлеяуэ дыгузавэу дыхъункІэ хъунущ цІыхухэм къытхужаІэным теухуауэ. Абы къыхэкІкІэ дэ дышынэу щІэддзэнкІэ хъунущ цІыхухэр къытщыдыхьэшхынкІэ е дыкърахуэкІыу хъункІэ икІи а шынэр Иеговэ фІэлІыкІ худиІэм нэхърэ нэхъ ин хъуфынущ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ Иеговэ делъэІун хуейщ фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ къыдитыну. А хьэл-щэнхэр къыддэІэпыкъунущ абы пэжу дыкъыхуэнэну. (Къеджэ Притчи 29:25, Гъэс.; Лк. 17:5.)
(8-нэ абзацым феплъ.)b
8. ПцІым дыщрихьэлІэм деж сыт дэ тщІэн хуейр?
8 ШейтІаныр «пцІыупсщ, пцІыр къызыбгъэдэкІыр аращ». Абы и лъабжьэ щІэтхэр къегъэсэбэп Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ теухуауэ пцІы игъэІун щхьэкІэ (Ин. 8:44). Псалъэм папщІэ, Алыхьым епцІыжахэм интернетыр, телевизорыр икІи нэгъуэщІ СМИ-хэр къагъэсэбэпу пцІы жаІэ е Иеговэ и организацэм теухуа пэжыр зэхъуэкІауэ ягъэІу. Ар «ШейтІаным и шабзэ плъахэм» щыщ зыщ (Еф. 6:16). Апхуэдэ пцІым дыщрихьэлІэм деж сыт дэ тщІэр? Дэ апхуэдэм дедаІуэкъым! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ Иеговэ фІэщхъуныгъэ худиІэщ икІи ди къуэш, ди шыпхъухэми дзыхь худощІ. Алыхьым епцІыжахэм дэ зэи депсэлъэнукъым, жаІэм дедэІуэнукъым икІи абыхэм дедэуэнукъым, ахэр зытепсэлъыхьыр тфІэгъэщІэгъуэнми.
9. Ди лъэр щІэхуамэ, ар дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур?
9 Ди лъэр щІэхуамэ, абыи ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ ищІыфынущ. ДауикІ, гугъуехь лъэпкъ димыІэу фэ зытедгъэуэн хуейкъым — абы Іущагъ хэлъкъым. Иныкъуэхэм деж ди лъэр щІэхуауэ щытынкІэ хъунущ. Ауэ гугъуехьхэм ди акъылыр зэщІедгъэубыдэ хъунукъым. Армыхъумэ, Иеговэ дэ гугъэ дахэ къыдитыр тщыгъупщэнкІэ хъунущ (Апок. 21:3, 4). Ди лъэр щІэхуауэ щытмэ, абы къарууншэ дищІу, ди Іэр етхьэхынкІэ хъунущ (Прит. 24:10, Гъэс.). Ауэ абы дыпэлъэщыфынущ.
10. Ди зы шыпхъум и письмом сытым фыхуигъасэрэ?
10 Америкэм щыщ ди зы шыпхъум и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар и щхьэгъусэ сымаджэ хьэлъэм кІэлъоплъ. Дапхуэдэу абы и фІэщхъуныгъэр зэригъэбыдэр? Дунейпсо Іуэху зехьэпІэм абы мыпхуэдэ письмо итхащ: «Иныкъуэхэм деж ди Іуэхур Іейуэ гугъу мэхъу икІи ди лъэр щыщІэху къохъу, ауэ дэ гугъэ быдэ диІэщ. Ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ Иеговэ сыту куэд къыдитрэ! Абы щхьэкІэ фІыщІэшхуэ хузощІ. Абы и чэнджэщхэм икІи къыдит гушхуэныгъэм дэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ. Ахэр къыддоІэпыкъу ШейтІаным гугъуехь дызыпэщІигъахуэхэм дыпэлъэщыну». Ди шыпхъум и псалъэхэм къыхощ ди лъэр щІэхуамэ сыт къыддэІэпыкъуфынуми. ГъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэхэм ШейтІаным дызэрыпэщІэтын Іэмалу дыхущытынщ икІи Иеговэ къыдит шхыныгъуэхэр лъапІэу тлъытэнщ, абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым дэ абы гупсэхугъуэ къызэрыдитыфынур.
Фи фІэщхъуныгъэм и мэІухум фыкІэлъыплърэ? (11-нэ абзацым феплъ.)c
11. Фи фІэщхъуныгъэм фелэжьын хуейрэ хуэмейуэ зэхэвгъэкІын щхьэкІэ сыт хуэдэ упщІэхэр зэфтыж хъуну?
11 Фегупсыс: фи фІэщхъуныгъэм и мэІухум зыгуэр къыщыщІауэ, абы фелэжьын хуэмейуэ пІэрэ? Иужьрей мазэ зыбжанэм егъэлеяуэ фымыгузэвэну фхузэфІэкІауэ пІэрэ? Алыхьым епцІыжахэм жаІэм фемыдэІуэну икІи абыхэм фемыдэуэну фхузэфІэкІа? ИкІи фи лъэр щІэхуамэ, зыкъыфхуэІэтыжа? Мы упщІэхэм «нтІэ» жыфІэу жэуап ефтамэ, фи фІэщхъуныгъэр быдэу жыпІэ хъунущ. Ауэ дэ дысакъын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным зэран къызэрытхуэхъуфын нэгъуэщІ Іэщи иІэщ.
МЫЛЪКУ ЗЭГЪЭПЭЩЫНЫМ ЗЫЩЫФХЪУМЭ
12. Мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэкъуу щІэддзэмэ, сыт къэхъуфынур?
12 Мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэкъуу щІэддзэмэ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ хъууэ, Иеговэ нэхъ мащІэу дыхуэлажьэу хъунущ. Апостол Паул жиІащ: «Дзэм емыпха Іуэхугъуэхэм зауэлІым зыдригъэхьэхыркъым — дзэ пашэм и гум зригъэхьыну хуейщ» (2 Тим. 2:4). Рим зауэлІхэм хуадэтэкъым нэгъуэщІ лэжьыгъэ гуэр ягъэзэщІэну. Сытыт къэхъунур ахэр а унафэм ебэкъуамэ?
13. ЗауэлІым нэгъуэщІ лэжьыгъэ игъэзащІэ сытыт щІэмыхъунур?
13 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт мыпхуэдэ Іуэхугъуэ. ЗауэлІхэм джатэкІэ зауэ́кІэ зрагъасэ, ауэ зы зауэлІыр абыхэм яхэткъым. Абы бэзэрым зыгуэр щещэ. Пщыхьэщхьэм псоми я Іэщэ-фащэхэр зыпаплъыхь икІи я джатэхэр ялъ. Ауэ а зауэлІым пщэдджыжьым ищэнур егъэхьэзыр. Пщэдджыжьым бийхэр къатоуэ. ЗауэлІхэм щыщу хэт зауэм хуэхьэзыру щытынур икІи дзэ пашэм игу ирихьынур? ИкІи а зауэлІхэм щыщу хэтыт фи гъусэну фыхуейр: зауэм зыхуэзыгъэхьэзырара, хьэмэрэ нэгъуэщІ Іуэхум хэтара?
14. Дэ, Хьисэ и зауэлІхэм, дежкІэ сыт псом нэхърэ нэхъ лъапІэр?
14 Зауэм хуэхьэзыр зауэлІхэм дэ щапхъэ тетхын хуейщ. Дэ ди мурад нэхъыщхьэр — Дзэ пашэ Иеговэрэ Хьисэрэ ягу дрихьыныращ икІи нэгъуэщІ Іуэхум зыдедгъэхьэхын хуейкъым. ШейтІаным и дунейм къыдитыфыну псом нэхърэ ди дежкІэ ар нэхъ лъапІэщ. Дэ зэман къыдыдогъэкІ икІи къару идохьэлІэ Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ икІи ди фІэщхъуныгъэм и мэІухумрэ Алыхьым къыбгъэдэкІ адрей Іэщэ-фащэхэмрэ дыкІэлъыплъын щхьэкІэ.
15. Сытыт апостол Паул жиІар икІи сыт щхьэкІэ?
15 Дэ сыт щыгъуи зауэм дыхуэхьэзырын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Апостол Паул жиІат «бей хъуну хуейхэр» «фІэщхъуныгъэм и гъуэгум» зэрытекІынур (1 Тим. 6:9, 10). «ТекІынущ» псалъэм къегъэлъагъуэ хьэпшып дызыхуэмейхэр зэдгъэпэщу щІэддзэмэ, Алыхьым и гъуэгум дызэрытекІыфынур. Абы къыхэкІкІэ «пщІэ зимыІэ», зэран къэзыхь «хъуэпсэныгъэ» ди гум къихьэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ къызэрымыхъунум иужь дитын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а хъуэпсэныгъэхэр — ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ ищІын щхьэкІэ ШейтІаным къигъэсэбэп Іэщэхэм ящыщ зыщ.
16. Марк 10:17—22 ит Іуэхугъуэм сытым уригъэгупсысрэ?
16 Псалъэм папщІэ, дэ хьэпшып куэд къызэрытщэхун ахъшэ диІэщ, аращи дэ дигу ирихь хьэпшыпхэр къыдощэху, абыхэм дыхуэмыныкъуэу щытми. Іейуэ пІэрэ ар? Хьэуэ, Іэмал имыІэу Іейуэ щыткъым. Ауэ мыпхуэдэ упщІэхэм фегупсысыт: дэ зы хьэпшып гуэр къытхуэщэхунуми, зэманрэ къарурэ диІэну пІэрэ ар къэдгъэсэбэпыну, дыкІэлъыплъыну икІи тщІыжыну? Егъэлеяуэ абы епхауэ дыщымытыну пІэрэ? Хьисэ къыбгъэдыхьа щІалэм хуэдэу дымыхъуну пІэрэ? Хьисэ ар хуигъэушат Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэну, ауэ а щІалэм и мылъкур къыхуэгъэнакъым. (Къеджэ Марк 10:17—22.) Псом нэхърэ нэхъыфІщ мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэмыкъуу, ди зэманымрэ къарумрэ Иеговэ и мурадыр дгъэзэщІэным тедгъэкІуадэмэ.
ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ И МЭІУХУР БЫДЭУ ТІЫГЪЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
17. Сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
17 Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэнкъым зауэм дызэрыхэтыр икІи сыт щыгъуи зауэм дыхуэхьэзыру дыщытын зэрыхуейр (Апок. 12:17). Ди къуэш, ди шыпхъухэм ди пІэкІэ фІэщхъуныгъэм и мэІухур тхуахьынукъым. Дэтхэнэ зыми дэ езым ар быдэу тІыгъын хуейщ.
18. Пасэрей зэманым зауэлІхэр зауэм щыхэтым деж я мэІухур быдэу яІыгъыну сытыт щІыхэтыр?
18 Пасэрей зэманым лІыгъэ зыгъэлъэгъуа зауэлІхэм пщІэ хуащІт. Ауэ зауэлІым мэІухур имыІыгъыу зауэм къикІыжамэ, ар емыкІуу ябжт. Римым щыпсэуа тхыдэм елэжь Тацит итхат: «МэІухур хыфІэбдзэныр — емыкІушхуэщ». Ар — зауэлІхэр зауэм щыхэтым деж я мэІухур быдэу яІыгъыну щІыхэтам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ.
Шыпхъум и фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу иІыгъщ: ар Библием йоджэ, зэІущІэхэм димыгъэхуу макІуэ икІи жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ. (19-нэ абзацым феплъ.)
19. Сыт къыддэІэпыкъунур ди фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу тІыгъыну?
19 Сыт къыддэІэпыкъунур ди фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу тІыгъыну? Дэ зэІущІэхэм зэпымыууэ дыкІуэн хуейщ икІи нэгъуэщІхэм Иеговэ и цІэмрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ яжетІэн хуейщ (Евр. 10:23—25). Абы нэмыщІ махуэ къэс Библием деджэу, Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ, а тхылъым ит чэнджэщхэр сыт щыгъуи къэдгъэсэбэпыну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ (2 Тим. 3:16, 17). Апхуэдэу тщІэмэ, къытпэщІэувэн щхьэкІэ ШейтІаным къигъэсэбэп зы Іэщэми Иеговэ зримыгъэзэхуэжыфын зэран къихьынукъым (Ис. 54:17). «МэІуху хуэдэ» фІэщхъуныгъэм дыкъихъумэнущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу дэ ШейтІаным дыпэщІэтынущ икІи текІуэныгъэ къэтхьынущ. Абы нэмыщІ щІыхьышхуэ диІэнущ — Хьисэ и лъэныкъуэр тІыгъыну, ШейтІанымрэ и лъабжьэ щІэтхэмрэ щызэтрикъутэм деж (Апок. 17:14; 20:10).
126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!
a МэІухур зауэлІым къыдэІэпыкъут зауэм щыгъуэ зихъумэну. Ди фІэщхъуныгъэр мэІухум ебгъэщхь хъунущ. МэІухум хуэдэу, фІэщхъуныгъэми кІэлъыплъын хуейщ. Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэм и мэІухур быдэу щытрэ щымытрэ зэхэдгъэкІыну.
b СУРЭТЫР. Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ Алыхьым епцІыжахэм пцІы жаІэу телевизорымкІэ къату щыщІадзэм, унагъуэм и нэхъыжьым ар занщІэу егъэункІыфІ.
c СУРЭТЫР. Абы иужькІэ унагъуэм Библиер зэгъусэу щаджкІэ абы унагъуэм щыщхэм я фІэщхъуныгъэр егъэбыдэ.