47 СТАТЬЯР
Левит тхылъым сытым дыхуигъасэрэ?
«Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм деж къикІащ. ...Щхьэпэщ а псалъэхэр» (2 ТИМ. 3:16).
94-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Сыт Левит тхылъым ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
АПОСТОЛ Паул и ныбжьэгъу Тимофей игу къигъэкІыжащ: «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм деж къикІащ. ...Щхьэпэщ а псалъэхэр» (2 Тим. 3:16). Тхыгъэ ЛъапІэм Левит тхылъри хохьэ. Дауэ фэ а тхылъым фызэрыхущытыр? Языныкъуэхэм ябж а тхылъым бгъэзэщІэн хуейуэ хабзэ итхэр ди зэманым хуэмыкІуэу, ауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм нэгъуэщІ еплъыкІэщ яІэр.
2 Левит тхылъыр зэратхрэ илъэс 3 500 хуэдиз дэкІами, Иеговэ и фІыгъэкІэ а псалъэхэр ди зэманым къэсащ, абыхэм «щыпкъагъэр дагъэщІэн щхьэкІэ» (Рим 15:4). А тхылъыр къыддоІэпыкъу Иеговэ и гупсысэкІэр къыдгурыІуэну, аращ мыхьэнэшхуэ щІиІэр ар куууэ дджыным. Левит тхылъым сэбэп къытхуэхъун дерс куэд итщ. АдэкІэ абыхэм щыщу дерсиплІ зэпкърытхынщ.
ДАУЭ ИЕГОВЭ АРЭЗЫ ЗЭРЫТЩІЫНУР?
3. Гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм къурмэну псэущхьэхэр сытыт къыщІахьыр?
3 Япэ дерсыс. Иеговэ арэзы тщІын хуейщ, ди къурмэныр къищтэн щхьэкІэ. Илъэс къэс гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм израил цІыхухэр зэхуэст икІи дин пашэшхуэм къурмэну псэущхьэхэр къихьт. Къурмэн къахьхэм цІыхухэм ягу къагъэкІыжт зэрыгуэныхьыщІэр икІи загъэкъэбзэжын зэрыхуейр. Ауэ я нэхъ Пэш лъапІэм къурмэну къахьа псэущхьэм и лъыр иІыгъыу дин пашэшхуэр щІыхьэн ипэкІэ, лъэпкъым и гуэныхьыр пшыныжыным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр абы ищІэн хуейт.
(4-нэ абзацым феплъ.)i
4. Левит 16:12, 13 зэритымкІэ, гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм щыгъуэ я нэхъ Пэш лъапІэм япэу щыщІыхьэм сытыт дин пашэшхуэм ищІэн хуейр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
4 Къеджэ Левит 16:12, 13b. Гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм ящІэу щытар ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Дин пашэшхуэр Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтырым щІохьэ. А махуэм ар я нэхъ Пэш лъапІэм щэ щІыхьэн хуейщ икІи мыр япэращ. Мэ ІэфІ зыпих фимиамыр зэрыт фалъэ зы Іэм ІэщІэлъщ, мыдрей ІэмкІэ фІамыщІ плъа зэрылъ дыщэ хьэнцэ иІыгъщ. Я нэхъ Пэш лъапІэм Іупхъуэ зыфІэлъ и щІыхьэпІэм деж ар къоувыІэ. Иеговэ пщІэшхуэ хуищІу ар я нэхъ Пэш лъапІэм щІохьэри, зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм и гупэм деж мэув. Ар Иеговэ и пащхьэм иту жыпІэ хъунущ! Дин пашэм фимиамыр фІамыщІ плъахэм хуэсакъыурэ трекІутэри, пэшым мэ дахэ щІэз мэхъуc. ИужькІэ ар аргуэру я нэхъ Пэш лъапІэм щІыхьэнущ, гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкІэ къахьа псэущхьэхэм я лъыр иІыгъыу. Гу лъыфтэт: дин пашэшхуэм псэущхьэм и лъыр къурмэну къихьын ипэ фимиамыр игъэсын хуейт.
5. Гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм щыгъуэ дин пашэшхуэм фимиамыр зэригъэсу щытам сытым дыхуигъасэрэ?
5 Гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм щыгъуэ дин пашэшхуэм я нэхъ Пэш лъапІэм фимиамыр зэрыщигъэсу щытам сытым дыхуигъасэрэ? Библием Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я тхьэлъэІухэр фимиамым ирегъэщхь (Пс. 141:2; Апок. 5:8). ИпэкІэ зэрыжытІащи, дин пашэшхуэм Иеговэ пщІэшхуэ хуищІу фимиамыр игъэст. Дэри Иеговэ пщІэшхуэ хуэтщІу лъэІукІэ зыхудогъазэ. Дэ абы фІэлІыкІ худиІэщ. Адэмрэ сабийхэмрэ зэхущытыкІэ яІэм хуэдэ езымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъыну псори къэзыгъэщІа ди Алыхьым Іэмал къыдет. Абы щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ (Екъуб 4:8). Абы ныбжьэгъуу дыкъелъытэ! (Пс. 25:14). ИкІи ар ди дежкІэ апхуэдизкІэ лъапІэщи, дыхуейкъым абы и жагъуэ тщІыну.
6. Дин пашэшхуэм псэущхьэр къурмэну къихьын ипэ фимиамыр игъэсу зэрыщытар, дауэ Хьисэ зэрепхар?
6 Абы нэмыщІ дин пашэшхуэм псэущхьэр къурмэну къихьын ипэ фимиамыр игъэсын хуейт. Абы и фІыгъэкІэ абы шэч къытрихьэтэкъым къурмэн къихьынум Иеговэ арэзы зэрытехъуэнум. Абы хуэдэу, Хьисэ и гъащІэр къурмэныпхъэу итын ипэкІэ, цІыхухэм я гъащІэр къегъэлыным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр щІылъэм щигъэзэщІэн хуейт. Абы и къурмэныпхъэр Иеговэ къищтэн щхьэкІэ, щІылъэм щыпсэухукІэ Алыхьым хуэпэжу икІи абы жиІэм едаІуэу щытын хуейт. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуэнут Иеговэ и мурадыр гъэзэщІэным нэхърэ нэхъ гъуэгу пэж зэрыщымыІэр икІи и Адэм и тепщэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр.
7. Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэм и Адэм гуфІэгъуэшхуэ къыхуихьауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?
7 Хьисэ щІылъэм тетыхукІэ Иеговэ жиІэр игъэзэщІащ. Сыт хуэдэ гугъуехь имыІами, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ имыхуами, хьэзаб телъу зэраукІыным емылъытауи, абы и гум къыбгъэдэкІыу игъэлъэгъуащ и Адэм и тепщэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр (Флп. 2:8). ГъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуа иужь ар «макъ хэІэтыкІакІэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ» Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъазэт (Евр. 5:7). Абы и лъэІу гуащІэхэм къагъэлъагъуэт Иеговэ зэрыхуэпэжыр икІи абы адэкІи хуэжыІэдаІуэу щытыну къару къыхалъхьэт. Хьисэ и лъэІухэр Иеговэ и дежкІэ мэ ІэфІ зыпих фимиамым хуэдэт. Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэм и Адэм гуфІэгъуэшхуэ къыхуихьащ икІи Иеговэ и тепщэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр наІуэ ищІащ.
8. Дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытетхынур?
8 Дапхуэдэу Хьисэ щапхъэ зэрытетхынур? Дэ къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ Иеговэ хуэжыІэдаІуэу икІи хуэпэжу дыщытын щхьэкІэ. Дэ Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуейщи гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, ар къыддэІэпыкъун щхьэкІэ лъэІу гуащІэкІэ зыхудогъазэ. Апхуэдэу дэ Иеговэ и тепщэныгъэр дыдоІыгъ. Дэ къыдгуроІуэ: Алыхьым ифІэмыфІ тщІэмэ, ар ди лъэІухэм едэІуэнукъым. Ауэ Иеговэ жиІэр дгъэзащІэмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ ди гум къыбгъэдэкІ лъэІухэр, фимиамым хуэдэу, абы игу зэрырихьынур. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу: уафэм щыІэ ди Адэр мэгуфІэ жиІэм дызэредаІуэр икІи дызэрыхуэпэжыр щилъагъум деж (Прит. 27:11, Гъэс.).
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЗЭРЫТЛЪАГЪУМ ИКІИ КЪЫТХУИЩІЭР ФІЫЩІЭ ЗЭРЫТЩІЫМ ДЫХУЕГЪЭУШ АБЫ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ
(9-нэ абзацым феплъ.)j
9. Израил цІыхухэм мамырыгъэм и къурмэныпхъэр сытыт къыщІахьыр?
9 ЕтІуанэ дерсыр. Иеговэ къытхуищІэр фІыщІэ зэрытщІым къыхэкІкІэ абы дыхуолажьэ. Ар нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ израил цІыхухэм Иеговэ щыхуэлажьэм деж ящІу щыта зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ — мамырыгъэм и къурмэныпхъэрd. Левит тхылъым къыщыдощІэ Израил цІыхухэм Иеговэ къахуищІэр «фІыщІэ зэращІым къыхэкІкІэ» мамырыгъэм и къурмэныпхъэр къахьу зэрыщытар (Лев. 7:11—13, 16—18). Ар Іэмал имыІэу къахьын хуейуэ щыттэкъым, атІэ ар я гум къыбгъэдэкІыу къахьу арат — я Алыхь Иеговэ фІыуэ зэралъагъум къыхэкІкІэ. Къурмэныпхъэу псэущхьэр къэзыхьа цІыхум абы и лыр ишхт икІи и унагъуэмрэ дин пашэхэмрэ ядэгуашэт. Ауэ псэущхьэм и Іыхьэ языныкъуэхэр Иеговэт зейр. Сыт хуэдэхэрат?
(10-нэ абзацым феплъ.)k
10. Хьисэ и Адэм жиІэр игъэзэщІэну сытым хуигъэушу щытами къыдгурыІуэну дауэ къызэрыддэІэпыкъур Левит 3:6, 12, 14—16 ит мамырыгъэм и къурмэныпхъэр?
10 Ещанэ дерсыр. Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури, абы нэхъыфІ дыдэр идот. Иеговэ щэр псэущхьэм и Іыхьэ нэхъыфІ дыдэу ибжт. Абы нэмыщІ жьэжьеймрэ тхьэмщІыгъумрэ лъапІэу и дежкІэ зэрыщытыр къыхигъэщащ. (Къеджэ Левит 3:6e, 12f, 14—16g.) Абы къыхэкІкІэ Иеговэ игу ирихьт израил цІыхухэм я гум къыбгъэдэкІыу а Іыхьэхэмрэ щэмрэ къыщахьым деж. АбыкІэ цІыхухэм къагъэлъагъуэт Алыхьым нэхъыфІ дыдэр иратыну зэрыхуейр. Абы ещхьу Хьисэ Иеговэ фІыуэ илъагъут, аращ и гум къыбгъэдэкІыу и Адэм хуэлажьэурэ, нэхъыфІ дыдэу иІэр ириту щІыщытар (Ин. 14:31). Хьисэ Алыхьым жиІэр зэригъэзащІэм гуфІэгъуэшхуэ хихт (Пс. 40:8). Абы Алыхьым и хабзэхэр фІыщэу илъагъут. Иеговэ, дауикІ, хуабжьу гуфІэт Хьисэ ифІэфІу къызэрыхуэлажьэр щилъагъум деж!
Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури, абы нэхъыфІ дыдэр идот. (11—12-нэ абзацхэм феплъ.)l
11. Иеговэ дызэрыхуэлажьэмрэ мамырыгъэм и къурмэныпхъэмрэ дауэ зэрызэпхар? Сыт абы гупсэхугъуэ къыщІыдитыр?
11 Израил цІыхухэм мамырыгъэм и къурмэныпхъэр я гум къыбгъэдэкІыу къызэрахьу щытам хуэдэу, Иеговэ дэ езым дыхуейуэ дыхуэлажьэу аращ. Дэ абы нэхъыфІ дыдэр идот, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гум къыбгъэдэкІыу ар фІыуэ долъагъу. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Иеговэ зэрыгуфІэр мелуан бжыгъэ хъу и лэжьакІуэхэм езымрэ и хабзэхэмрэ фІыуэ зэралъагъум къыхэкІкІэ къызэрыхуэлажьэр щилъагъум деж! Гупсэхугъуэщ пщІэну Иеговэ ди ІуэхущІафэхэм нэмыщІ абы дыхуэлэжьэну сытым дыхуигъэушми зэрилъагъур икІи ар лъапІэу зэрилъытэр. Псалъэм папщІэ, фи ныбжьыр хэкІуэтамэ икІи Иеговэ и лэжьыгъэм фщІэну фызыхуейм хуэдиз щыфхуэмыщІэжмэ, зыщывмыгъэгъупщэ Иеговэ фІы дыдэу фыкъызэрыгурыІуэр. Фэ къыфщыхъункІэ хъунущ а лэжьыгъэм щыфщІэр мащІэ дыдэу, ауэ Иеговэ елъагъу фи Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ фхузэфІэкІыр фщІэну лъагъуныгъэм фызэрыхуигъэушыр. Ар мэгуфІэ фи гум къыбгъэдэкІыу абы фызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ.
12. Мамырыгъэм и къурмэныпхъэр къыщахькІэ сытыт Иеговэ зыхищІэр икІи сыт абы дыщІигъэгушхуэр?
12 Мамырыгъэм и къурмэныпхъэр къызэрахьу щытам сытым дыхуигъэсэфыну? Псэущхьэм и Іыхьэ нэхъыфІ дыдэхэр мафІэм ису Іугъуэр уафэмкІэ щыдэкІуейм щыгъуэ, Иеговэ абы игъэгуфІэт. Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ нэхъыфІ дыдэр щефтым деж, ар хуабжьу мэгуфІэ (Кол. 3:23). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Иеговэ къыщывэплъкІэ зэрыгуфІэр. Иеговэ и дежкІэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр абы и лэжьыгъэм сыхьэт бжыгъэ тевгъэкІуадэракъым, атІэ къару ефхьэлІэращ икІи ар зэи щыгъупщэнукъым (Мт. 6:20; Евр. 6:10).
ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ И НЭФІ ЩОХУЭ
13. Левит 9:23, 24 зэритымкІэ, Иеговэ дауэ зэригъэлъэгъуар дин пашэ трагъэувахэм и нэфІ зэрыщыхуэр?
13 ЕплІанэ дерсыр. Иеговэ и организацэм щІылъэм щыІэ и Іыхьэм и нэфІ щохуэ. Ди эрэм ипэ 1512-нэ гъэм Синай бгым деж Алыхьым и шэтырыр щагъэувам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэр дигу къэдгъэкІыжынщ (Исх. 40:17). Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ дин пашэу трагъэуват. Израил цІыхухэр зэхуэсат дин пашэхэм япэ дыдэу къурмэн къызэрахьым еплъыну (Лев. 9:1—5). Иеговэ дауэ зэригъэлъэгъуар дин пашэ трагъэувахэм и нэфІ зэрыщыхуэр? Мусэрэ Хьэрунрэ шэтырым къыщІэкІыжа иужь, Иеговэ уафэм мафІэ къригъэхри къурмэн щІыпІэм телъахэр игъэсащ. (Къеджэ Левит 9:23, 24h.)
14. Дин пашэу трагъэува Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ Иеговэ и нэфІ зэращыхуам сыт ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
14 Уафэм къеха мафІэм сытыт къигъэлъагъуэр? Апхуэдэу Иеговэ къигъэлъэгъуащ дин пашэу трагъэува Хьэрунрэ абы и къуитІымрэ и нэфІ зэращыхуар. Иеговэ и нэфІ дин пашэхэм зэращыхуар израил цІыхухэм щалъэгъуам езыхэр сыт и лъэныкъуэкІи абыхэм зэрадэІэпыкъун хуейр къагурыІуащ. Ар дэри зыгуэркІэ дэхьэлІа? ДауикІ, дэхьэлІащ. Израилым щыІа дин пашэхэр иужькІэ къэкІуэну Дин пашэшхуэмрэ абы и гъусэнухэмрэ «я ныбжьу» арат. Дин Пашэшхуэр Хьисэщ икІи абы 144 000 пащтыхьу икІи дин пашэу уафэм щигъусэнущ (Евр. 4:14; 8:3—5; 10:1).
Иеговэ и организацэр зрегъакІуэ икІи и нэфІ щохуэ. Дэ абы и лъэныкъуэр ди гум къыбгъэдэкІыу тІыгъщ. (15—17-нэ абзацхэм феплъ.)a
15, 16. ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуэр сыт къэзыгъэлъагъуэр?
15 1919-нэ гъэм Хьисэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэшхэм щыщу зы гуп цІыкІу «зэхэщІыкІ иІэрэ, зыщыгугъ хъун унэІуту» тригъэуващ. А унэІутым хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр ирегъэкІуэкІ икІи Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «шхын и чэзум» ярет (Мт. 24:45). ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуэр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэхэр тлъагъуу пІэрэ?
16 ШейтІанымрэ абы и лъабжьэ щІэтхэмрэ къарууэ яІэр ирахьэлІэ унэІут пэжым Хьисэ къалэн къыхуищІар игъэзэщІэну зэран хуэхъун щхьэкІэ. УнэІут пэжым ар хуэгъэзэщІэнутэкъым Иеговэ дэмыІэпыкъуу щытамэ. Экономическэ кризисхэм, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэпымыууэ къызэрырахуэкІым икІи лей къызэрытрагъэхьэм емылъытауэ, абы нэмыщІ дуней псо зауэшхуэу тІу зэрыщыІам емылъытауэ, унэІут пэжым адэкІи дызыхуэныкъуэ шхыныгъуэр къыдет. Фегупсысыт Библием тегъэщІа тхыгъэ дапхуэдиз дэ нобэ диІэми. Ахэр бзэуэ 900-м нэхърэ нэхъыбэкІэ къыдокІ икІи абыхэм пщІэ щІамыту дэтхэнэ зыри еджэфынущ. А псор щыхьэт тохъуэ Иеговэ унэІутым зэрыдэІэпыкъум! ХъыбарыфІ гъэІунри зэрекІуэкІым къегъэлъагъуэ Иеговэ унэІут пэжым и нэфІ зэрыщыхуэр. Пэж дыдэу а лэжьыгъэр «щІылъэ псом» щокІуэкІ (Мт. 24:14). Шэч хэмылъу Иеговэ и организацэр зрегъакІуэ икІи и нэфІ щохуэ.
17. Дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур Иеговэ и организацэм и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр?
17 Мыпхуэдэ упщІэ зэттыж хъунущ. «Си гум фІыщІэ илъу пІэрэ Иеговэ и организацэм сызэрыщыщым щхьэкІэ?» Мусэрэ Хьэрунрэ я зэманым щыгъуэ уафэм мафІэ къызэрехам къигъэлъэгъуат Иеговэ и нэфІ къазырыщыхуар. Дэри нобэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд диІэщ. Пэж дыдэу, дэ Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІын куэд щыІэщ (1 Фес. 5:18, 19). Дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур Иеговэ и организацэм и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр? Абы щхьэкІэ Библием тегъэщІа ди тхыгъэхэм чэнджэщ къыщыдгъуэтхэм икІи зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ щызэхэтххэм дытетын хуейщ. Абы нэмыщІ организацэм и лэжьыгъэр зэрыдэтІыгъыр къыдогъэлъагъуэ жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтымкІэ икІи цІыхухэр зэредгъаджэмкІэ (1 Кор. 15:58).
18. Сыт хуэдэ мурад фэ фиІэр?
18 Аращи, Левит тхылъым къыщытщІар ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыным иужь дивгъэт. Дэ дыхуейщ къурмэн къэтхьхэр Иеговэ къищтэну. Иеговэ къытхуищІэр фІыщІэ зэрытщІым къыхэкІкІэ дэ абы дыхуолажьэ икІи дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури, абы нэхъыфІ дыдэр идот. Абы нэмыщІ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ и организацэм и лъэныкъуэр тІыгъщ. А псор зэрытщІэмкІэ дэ Иеговэ идогъэлъагъу абы и Щыхьэту дызэрыщытыр щІыхьышхуэу зэрытлъытэр!
96-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ
a Левит тхылъым Иеговэ Израилым иритауэ щыта хабзэхэр итщ. Абы хабзэ итхэр дэ дгъэзэщІэн хуэмейми, абыхэм куэдым дыхуагъэсэфынущ. Левит тхылъым къыхэтхыфыну мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсиплІ мы статьям щызэпкърытхынущ.
b Левит 16:12, 13: «Абы мафІэм щхьэкІэ къагъэсэбэп фалъэр къищтэнущ, а фалъэм Иеговэ и пащхьэм ит къурмэн щІыпІэм щыщ фІамыщІ плъахэр илъынущ, абы нэмыщІ мэ ІэфІ зыпих Іэгу из фимиам ущэба къищтэнущ икІи а псор Іупхъуэм адэкІэ щІихьэнущ. Абы фимиамыр Иеговэ и пащхьэм деж мафІэм трилъхьэнущ икІи Щыхьэт хъур зыдэлъ пхъуантэм и щхьэтепІэр фимиамым и Іугъуэм щІихъумэнущ, ар мылІэн щхьэкІэ».
c Я нэхъ Пэш лъапІэм щагъэс фимиамыр лъапІэу ялъытэт икІи пасэрей Израилым Иеговэ щыхуэлажьэм фІэкІ ар нэгъуэщІу къагъэсэбэп хъунутэкъым (Исх. 30:34—38). Ауэ зыщІыпІэ дежи иткъым япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ щыхуэлажьэм деж фимиамыр ягъэсу щытауэ.
d Мамырыгъэм и къурмэныпхъэм теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэну фыхуеймэ, «Понимание Писания» энциклопедием ит «Приношения» жыхуиІэ статьям феплъ.
e Левит 3:6: «Абы къихьыр — Иеговэ къыхуахь мамырыгъэм и къурмэныпхъэу щытмэ, псэущхьэ нэхъ цІыкІухэм щыщу хъуми бзыми дагъуэ имыІэу щытын хуейщ».
f Левит 3:12: «Абы къихьыр ажэу щытмэ, ар къишэу Иеговэ и пащхьэм ирырегъэув».
g Левит 3:14—16: «Абы къурмэныпхъэу къырырехь — Иеговэ щхьэкІэ къахь мафІэм щагъэс къурмэныпхъэу — кІуэцІым телъ щэр, кІуэцІым телъ щэ псор, жьэжьеитІымрэ абыхэм ятелъ щэмрэ, куэм телъыр. Жьэжьейхэм я гъусэу абы тхьэмщІыгъум телъ щэри къыкІэрихынущ. Дин пашэм а псор къурмэн щІыпІэм щигъэсынущ шхыным хуэдэу, мафІэм щагъэс мэ ІэфІ зыпих къурмэныпхъэу. Щэ псор Иеговэщ зейр».
h Левит 9:23, 24: «Мусэрэ Хьэрунрэ зэхуэсым и шэтырым щІыхьащ икІи къыщІэкІыжа иужь лъэпкъым я нэфІ щыхуащІ. Абы щыгъуэ лъэпкъ псом Иеговэ и щІыхьыр къахуэлъэгъуащ икІи Иеговэ мафІэ къыбгъэдэкІри къурмэн щІыпІэм телъри щэри игъэсащ. Лъэпкъым ар щилъагъум цІыхухэр кІийри щІым зытрадзащ».
i СУРЭТЫР. Гуэныхьхэр щапшыныж Махуэм израилым и дин пашэшхуэр пэш нэхъ лъапІэм щІыхьэт фимиамымрэ фІамыщІ плъамрэ иІыгъыу, пэшым мэ дахэ къыщІригъэхын щхьэкІэ. ИужькІэ ар иджыри пэш нэхъ лъапІэм щІыхьэт цІыхухэм я гуэныхьхэм щхьэкІэ къурмэну къахьа псэущхьэм и лъыр иІыгъыу.
j СУРЭТЫР. Израилым щыщ цІыхухъум мэлыр мамырыгъэм и къурмэныпхъэу къехь икІи ар дин пашэм ирет — апхуэдэу абырэ и унагъуэмрэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъагъуэ.
k СУРЭТЫР. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ Алыхьым и хабзэхэр игъэзащІэт икІи и лъэужь ирикІуэхэми ахэр ягъэзэщІэну дэІэпыкъут — апхуэдэу абы къигъэлъагъуэт Иеговэ фІыщэу зэрилъагъур.
l СУРЭТЫР. Зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъум письмокІэ хъыбарыфІыр егъэІу — апхуэдэу ар Иеговэ жыджэру хуэлэжьэну хэтщ, и узыншагъэр зэрымыщІагъуэм емылъытауэ.
a СУРЭТХЭР. 2019-нэ гъэм, мазаем УнафэщІ гупым хэт ди къуэш Геррит Лёш жиІащ ДунеищІэкІэ зэджэ Тхыгъэ ЛъапІэм хэплъэжауэ нэмыцэбзэкІэ къызэрыдагъэкІар. Германием щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм, псалъэм папщІэ мы ди шыпхъуитІым БиблиещІэр хъыбарыфІыр щагъэІукІэ гуфІэгъуэ яІэу къагъэсэбэп.