Захарие бегъымбарым Алыхьым иригъэлъэгъуа Іуэхугъуэхэм дэркІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэ?
«Си деж къэвгъэзэжи... сэри фи деж нэзгъэзэжынущ» (ЗАХ. 1:3).
1—3. 1) Захарие щыпсэуа зэманым Алыхьым и лъэпкъым сытыт къыпэщылъыр икІи ар сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуат? 2) Сытыт Иеговэ израил лъэпкъым къигъэзэжыну щІелъэІуар?
УАФЭМ щылъатэ свитокыр, матэм ис цІыхубзыр, аистым и дамэхэм хуэдэ зытет уафэм щыхуарзэ цІыхубзитІыр — а гъэщІэгъуэн псор бегъымбар Захарие Алыхьым иригъэлъэгъуауэ щытащ (Зах. 5:1, 7—9). Сыт Иеговэ ахэр бегъымбарым щІригъэлъэгъуар? Захарие щыпсэуа зэманым Алыхьым и лъэпкъым сытыт къыпэщылъыр икІи ар сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуат? Захарие илъэгъуам ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэ?
2 Ди эрэм ипэ 537 гъэм Алыхьым и лъэпкъым гуфІэгъуэшхуэ иІащ. Бабилэным гъэру илъэс 70-кІэ щыІа иужь израил цІыхухэр хуит хъужат. Абы къыхэкІкІэ абыхэм гушхуэныгъэ яІэт Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэр яухуэжыну, Иеговэ хуэлэжьэн папщІэ. Ди эрэм ипэ 536 гъэм Алыхьым и унэшхуэр яухуэн щІадзащ. Абы щыгъуэ Израил лъэпкъым я гуфІэгъуэм кІэ иІэтэкъым. Библием итщ: «Лъэпкъыр апхуэдизу ину гуфІэти, абыхэм я макъыр жыжьэу зэхэпхт» (Езд. 3:10—13). Ауэ куэд мыщІэу абыхэм нэгъуэщІхэр къапэщІэуващ, я лэжьыгъэр къагъэувыІэн щхьэкІэ. Израил цІыхухэр абы хуабжьу зэтрихуати, Алыхьым и унэшхуэр яухуэн щагъэтри я унэхэмрэ я губгъуэхэмрэ зратащ. Илъэс 16 дэкІа иужьи Алыхьым и унэшхуэр зэтрагъэувэжатэкъым. Алыхьым и лъэпкъым и щхьэ Іуэхур ипэ иригъэщри, псом нэхъапэу щытын хуейр щыгъупщэжат. Ауэ Иеговэ хуейт израил цІыхухэм и деж къагъэзэжу, зыми щымышынэу, я гум къыбгъэдэкІыу хуэлэжьэн щІадзэжыну.
3 Ди эрэм ипэ 520 гъэм Иеговэ израил цІыхухэм Бабилэным къыщІришыжам и щхьэусыгъуэр къаригъэщІэжын папщІэ, бегъымбар Захарие яхуигъэкІуащ. Захарие цІэм «Иеговэ къищІэжащ» къикІыу аращ. Израил цІыхухэм Иеговэ къызэрыригъэлу щытар ящыгъупщэжами, езы Иеговэ и лъэпкъыр щыгъупщэжатэкъым. (Къеджэ Захария 1:3, 4a.) Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу абыхэм къагуригъэІуащ къабзэу хуэлэжьэн щІадзэжыну зэрыдэІэпыкъуныр, абы нэмыщІ я гум къыбгъэдэкІыу хуэмылажьэмэ, ар зэримыдэнри яжриІащ. АдэкІэ Захария тхылъым и 5-нэ псалъащхьэр зэпкърытхынщ. Иеговэ и лъэпкъыр зэхъуэкІыныгъэхэр ящІыну зэрыхуигъэушар икІи Захарие илъэгъуам дэ дызыхуригъасэм дытепсэлъыхьынщ.
АЛЫХЬЫМ ДЫГЪУЭНЫР ИДЭКЪЫМ
4. Захарие сыт хуэдэ свиток илъэгъуар? Сыт а свитокыр лъэныкъуитІкІи тхауэ щІыщытыр? (Статьям ипэм ит япэ сурэтым феплъ.)
4 Захария тхылъым и 5-нэ псалъащхьэр гъэщІэгъуэну щІедзэ. (Къеджэ Захария 5:1, 2b.) Бегъымбарым Алыхьым и тезырыр зэрыт свиток уафэм щылъатэу елъагъу. Абы и кІыхьагъыр метрибгъу, и бгъуагъыр метриплІрэ ныкъуэрэ мэхъу. Свитокыр зэІухащи, ар лъэныкъуитІымкІи зэрытхар болъагъу (Зах. 5:3). Свитокым и зы лъэныкъуэрат ятх хабзэр, ауэ Захарие илъэгъуа свитокым и лъэныкъуитІри зэрытхам къегъэлъагъуэ абы мыхьэнэшхуэ зиІэ хъыбар зэритыр.
Иеговэ и лэжьакІуэхэр дыгъуэ хъунукъым. (5—7-нэ абзацхэм феплъ.)
5, 6. Иеговэ дыгъуэным дауэ зэрыхущытыр?
5 Къеджэ Захария 5:3, 4c. Дэтхэнэ цІыхуми Иеговэ и пащхьэм жэуап щитыжынущ, псом хуэмыдэу абы и лэжьакІуэхэм. Дэ Алыхьыр фІыуэ тлъагъумэ дыдыгъуэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къыдгуроІуэ дыдыгъуэмэ, абы и цІэр зэрыдгъэпудынур (Прит. 30:8, 9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Языныкъуэ цІыхухэм ябж щІэдыгъуэн щхьэусыгъуэ яІэу, ауэ абы ахэр хуит ищІкъым дыгъуэну. Ауэ, дапхуэдэу щымытми, нэпсеягъэм дыгъур хуегъэуш Алыхьым нэхърэ мылъкур нэхъыфІу илъагъуну. Апхуэдэ цІыхур Алыхьым и хабзэхэм йобакъуэ икІи Иеговэ и цІэми пщІэ хуищІкъым.
6 Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Захарие илъэгъуа свитокым ит нэлатыр «дыгъум и унэм... щІыхьэнущ, абы и унэм къыщІэнэнущ икІи и унэр... зэтрикъутэнущ». Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и тезырым зэрызыщомыхъумэфынур. Зыми хущІэхъумэнукъым Алыхьым и лъэпкъым щищІэ гуэныхьыр. Полицэми, узыгъэлажьэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэми уи адэ-анэми узэрыдыгъуам теухуауэ къамыщІэнкІэ хъунущ, ауэ Алыхьым псори елъагъури, абы дыгъум ищІа Іуэхур къыщІигъэщынущ (Евр. 4:13). Сыту гуфІэгъуэшхуэ пэжу псэу цІыхухэм уахэтыну! (Евр. 13:18).
7. Захарие илъэгъуа свитокым ит нэлатыр къыттемыхуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
7 Дыгъуэныр, ар мащІэми куэдми, Алыхьым идэкъым. Алыхьым и цІэр дымыгъэпуду и хабзэхэм дытету дыпсэуныр ди дежкІэ щІыхьщ. Апхуэдэу дыпсэумэ, Иеговэ и хабзэхэм къагурыІуэу ебакъуэ цІыхухэм яхуигъэхьэзыра тезырыр дэ къыттехуэнукъым.
ПСАЛЪЭ ТТАМ ДЫТЕТУ «МАХУЭ КЪЭС» ДОПСЭУ
8—10. 1) Тхьэ Іуэным сыт къикІыр? 2) Пащтыхь Седекие сыт хуэдэ псалъэ зэпцІыжар?
8 Свитокым адэкІи ит псалъэхэр Алыхьым и цІэкІэ «пцІыуэ тхьэ зыІуэм» хуэгъэзащ (Зах. 5:4). Тхьэ Іуэным къокІ — жыпІэр зэрыпэжыр зыжепІэм и фІэщ пщІыныр е зыгуэр зэрыпщІэнымкІэ е зэромыщІэнымкІэ псалъэ быдэ тыныр.
9 Иеговэ и цІэкІэ тхьэ зыІуахэм абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр къагурыІуэн хуейт. Ар къыхощ Ерусалимым и иужьрей пащтыхь Седекие къыщыщІам. Абы Иеговэ и пащхьэм тхьэ щиІуащ Бабилэным и пащтыхьым хуэпэжу щытыну, ауэ Седекие и псалъэхэм тетыжакъым. Абы щхьэкІэ Иеговэ абы жриІащ ар Бабилэным зэрыщылІэжынур (Иез. 17:16).
10 Седекие Алыхьым и цІэкІэ тхьэ зэриІуам щхьэкІэ, Иеговэ абы щыгугъащ и псалъэр иІыгъыжыну (2 Лет. 36:13). Ауэ Седекие Мысырым зыхуигъэзащ Бабилэным къыІэщІэкІын и гугъэу, арщхьэкІэ ар абы къыдэІэпыкъуакъым (Иез. 17:11—15, 17, 18).
11, 12. 1) Псалъэ ттахэм щыщу сыт хуэдэра псом нэхърэ нэхъ мэхьэнэшхуэ зиІэр? 2) Иеговэ псалъэ еттар зэрыдгъэзащІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэныр?
11 Дэ псалъэ ттыхэр Иеговэ зэхех икІи абыхэм мыхьэнэшхуэ ирет. Ди псалъэхэм дыщытетыжхэм деж дэ Алыхьыр догъэгуфІэ (Пс. 76:11). Псалъэ ттахэм щыщу нэхъ мыхьэнэ зиІэр ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьаращ. Абы щыгъуэ дэ Иеговэ къэдгъэгугъащ сыт къэмыхъуми пэжу дыхуэлэжьэну.
12 Иеговэ къызэрыдгъэгугъар дауэ зэрыдгъэзэщІэжынур? Іуэху мащІэкІи, Іуэху куэдкІи Иеговэ дыхуэпэжмэ, дэ къыдогъэлъагъуэ абы и цІэр «махуэ къэс» дгъэлъэпІэну псалъэ еттам ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Пс. 61:8). Дауэ зэрызытщІынур лэжьапІэм е школым зыгуэрым зыкъытпригъэхмэ? Апхуэдэ гулъытэ къемызэгъхэм зыпыІуддзу, абыкІэ Иеговэ жиІэм дедэІуэну дызэрыхуейр къэдгъэлъэгъуэну? (Прит. 23:26, Гъэс.). Ди унагъуэр псори Иеговэ хуэмылажьэу щытми, хьэл-щэныфІхэр дгъэлъэгъуэну Иеговэ делъэІурэ? Уафэм щыІэ ди Адэм фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи и гъуэгу пэжым дытетыну къызэрыддэІэпыкъум щхьэкІэ махуэ къэс фІыщІэ хуэтщІрэ? Библием деджэн щхьэкІэ махуэ къэс абы зэман хухэтхрэ? Къапщтэу щытмэ, а псори тщІэну Иеговэ къэдгъэгугъат. Ди псалъэм дызэрытетыжымкІэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьым жиІэм дедэІуэну дызэрыхуейр. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дызэрыхэтымкІэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи дызэрыхуэпэжыр. Иеговэ хуэлэжьэныр ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытщ. Иеговэ дыхуэпэжмэ, гъащІэ дахэ диІэну дыкъегъэгугъэ (Втор. 10:12, 13).
13. Захарие илъэгъуа уафэм щылъатэ свитокым сыт къыдгуригъаІуэр?
13 Захарие илъэгъуа уафэм щылъатэ свитокым ІупщІу къыдгурегъаІуэ Алыхьыр фІыуэ тлъагъумэ, дызэрымыдыгъуэнур икІи псалъэ ттахэм дызэремыпцІыжынур. Абы нэмыщІ абы къыдегъащІэ израил цІыхухэм щыуагъэ ящІэу щытами Иеговэ ахэр къызэримыгъэнар. Израил лъэпкъым и жагъуэгъухэм ахэр зрагъэува Іуэхугъуэр Иеговэ къыгурыІуэти, ядэІэпыкъуащ. АбыкІэ псалъэ ттахэр зэрыгъэзэщІэжын хуейр Иеговэ дигъэлъэгъуащ, икІи ар дэри къыддэІэпыкъунущ ди псалъэхэр тІыгъыжыну. Псалъэм папщІэ Иеговэ дыкъегъэгугъэ куэд дэмыкІыу щІылъэм Іейр тригъэкІуэдыкІыну. АдэкІэ Захарие илъэгъуам ар ди фІэщ ещІ.
ИЕГОВЭ МЫХЪУМЫЩІАГЪЭР ИДЭКЪЫМ
14, 15. 1) АдэкІэ Захарие илъэгъуам фытепсэлъыхьыж. (Статьям ипэм ит 2-нэ сурэтым феплъ.) 2) Матэм ис цІыхубзым сыт къигъэлъагъуэр икІи сыт ар матэм къыщІрамыгъэкІыр?
14 Захарие уафэм щылъатэ свитокыр илъэгъуа иужь мелыІычыр абы елъэІуащ уафэм дэплъеину. Сыт бегъымбарым илъэгъуар? Абы «е́фэкІэ» зэджэ матэ гъунэгъу къыхуэхъуу илъэгъуащ. А ефэм «бдзапцІэм къыхэщІыкІа щхьэтепІэ хъурей» тепІат. (Къеджэ Захария 5:5—8d.) ЩхьэтепІэр къаІата иужь, Захарие а матэм «цІыхубз ису» илъэгъуащ. А цІыхубзыр хэтми мелыІычым абы къыгуригъэІуащ: «Ар МыхъумыщІагъэращ» — жиІащ абы. А цІыхубзыр матэм къикІыну зэрыхуежьар Захарие щилъагъуам зэрыгузэвар уи нэгу къыщІэгъэхьэт! МелыІычым ар занщІэу иригуэжри щхьэтепІэ хьэлъэр матэм трипІэжащ. Сыт а псом къикІыр?
15 МелыІычым занщІэу цІыхубзыр зэрыригуэжам къыдгурегъаІуэ Иеговэ и лъэпкъым зыми мыхъумыщІагъэ щызэрахьэу зэрыхуимыдэныр. Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу зыгуэрым мыхъумыщІагъэ илэжьу илъагъумэ, занщІэу а Іейр зэригъэкІуэдыным иужь итщ (1 Кор. 5:13).
Иеговэ и лэжьакІуэхэм доІэпыкъу, ахэр къабзэу хуэлэжьэн щхьэкІэ. (16—18-нэ абзацхэм феплъ.)
16. 1) Матэм сыт адэкІэ къыщыщІыр? (Статьям ипэм ит 3-нэ сурэтым феплъ.) 2) Дамэ зытет цІыхубзхэм матэр дэнэ здахьыр?
16 Абы иужь аистым я дамэхэм хуэдэ ятету цІыхубзитІ къолъатэ. (Къеджэ Захария 5:9—11e.) Сыту зэмыщхьрэ а цІыхубзитІымрэ матэ ис цІыхубзымрэ! Я дамэ лъэщхэмкІэ а цІыхубзхэр «МыхъумыщІагъэр» зэрыс матэм бгъэдолъатэри, ар зыщІыпІэ яхь. Дэнэ? «Шинар щІыналъэм», е нэгъуэщІу жыпІэмэ Бабилэным. Сыт ар абы щІахьыр?
17, 18. 1) Сытыт «МыхъумыщІагъэр» Шинар щІылъэм яхьыну щІыхуэфащэр? 2) МыхъумыщІагъэм дауэ дэ дызэрыхущытын хуейр?
17 Захарие и зэманым псэуа израил цІыхухэм къагурыІуэт «МыхъумыщІагъэр» Шинар щІыналъэм щІахьар. Абыхэм ящІэт Бабилэным къыщекІуэкІ мыхъумыщІагъэр. А къалэм щыкуэдт гуэныхь щІэнымрэ тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэнымрэ. Абы щыпсэу журтхэм а мыхъумыщІагъэ Іуэхухэм хуэдэ езыхэми ямыщІэн щхьэкІэ, махуэ къэс къару ирахьэлІэн хуейт. Захарие илъэгъуам, дауикІ, израил цІыхухэм къагуригъэІуауэ къыщІэкІынщ, Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъуныр къабзэу хуэлэжьэн щхьэкІэ.
18 Захарие илъэгъуам журтхэм иджыри ягу къигъэкІыжащ, абыхэм езыхэми къару зэрырахьэлІэн хуейр къабзэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ. МыхъумыщІагъэр Алыхьым и лъэпкъым «хэдгъэхьэу», абы «псэупІэ» щедгъэщІ хъунукъым. Дэ Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ дыкъызэрихъумэмрэ и организацэ щызыхыдощІэ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым дэри организацэм къабзагъэ илъыным дызэрыхущІэкъун хуейр. Алыхьым и лъэпкъым мыхъумыщІагъэ къыщекІуэкІын хуейкъым!
ЛЪЭПКЪ КЪАБЗЭМ ИЕГОВЭ ЕГЪЭЛЪАПІЭ
19. Захарие илъэгъуахэм сыт къыдгурагъаІуэр?
19 Захарие илъэгъуахэм Иеговэ гуэныхьыр илъагъу мыхъуу зэрыщытыр мыхъумыщІагъэ зыщІэхэм ягу къегъэкІыж. Иеговэ фІыуэ зылъагъухэми мыхъумыщІагъэм гущыкІ хуащІын хуейщ. Абы нэмыщІ Захарие илъэгъуам къыдгурегъаІуэ Алыхьым зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ къару етхьэлІэмэ, абы дыкъызэрихъумэныр икІи и нэфІ къызэрытщыхуэныр. Мы дуней Іейм къабзэу дыкъэнэну дапхуэдэу гугъуу щымытми, къарууэ диІэр етхьэлІэмэ, Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу дыкъигъэнэнукъым. Ауэ сыт дэ ди фІэщ зыщІыр мы дуней фІейм дызэрыщыпсэум емылъытауэ, Алыхьым дыхуэпэжу дыкъызэрынэфыныр? КІуэтэхукІэ гузэвэгъуэшхуэр гъунэгъу мэхъу, ауэ сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр Иеговэ и организацэр зэрихъумэным? Мы упщІэхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынщ.
a Захария 1:3, 4: «Уэ абыхэм яжеІэ: „Дзэхэм я Алыхь Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: ,Си деж къэвгъэзэжи,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ,— сэри фи деж нэзгъэзэжынущ‘,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ“. „Фи адэхэм хуэдэу фыщымыт, япэм псэуа бегъымбархэм ахэр къыхураджэт: ,Дзэхэм я Алыхь Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: ,СыныволъэІу, мыхъумыщІэ гъуэгухэмрэ Іуэху Іейхэмрэ къэвгъани си деж къэвгъэзэж‘“. „Ауэ ахэр даІуэтэкъым икІи зыуи сыкърадзэтэкъым“,— жеІэ Иеговэ».
b Захария 5:1, 2: «Абы иужь аргуэру си нэр къэсІэтри, сыплъэри свиток лъатэу къэслъэгъуащ. Абы щыгъуэ ар къызэупщІащ: „Сыт плъагъур?“ Сэ жысІащ: „Солъагъу свиток лъатэу. Абы и кІыхьагъыр ІэфракІэ тІощІ, и бгъуагъыр ІэфракІэу пщІы мэхъу“».
c Захария 5:3, 4: «Абы щыгъуэ абы къызжиІащ: „Ар щІылъэ псом къылъысыну нэлатыращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэтхэнэ дыгъури, свитокым и зы лъэныкъуэм зэритым хуэдэу, тезырыншэу къонэ икІи тхьэ зыІуэ дэтхэнэри, свитокым и адрей лъэныкъуэм зэритым хуэдэу, тезырыншэу къонэ. ,Ар сэ нэзгъэкІуащ,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ,— ар дыгъум и унэми си цІэкІэ пцІыуэ тхьэ зыІуэм и унэми щІыхьэнущ, абы и унэм къыщІэнэнущ икІи и унэри и бжэгъухэри, и мывэхэри зэтрикъутэнущ‘“».
d Захария 5:5—8: «Абы иужь мелыІыч къызэпсэлъар къызбгъэдыхьэри къызжиІащ: „СынолъэІу, уи нэр къэІэти гъунэгъу къэхъум еплъ“. Сэ сеупщІащ: „Сыт ар зищІысыр?” Абы жиІащ: „Гъунэгъу къэхъур е́фэщ“. ИкІи пищащ: „Абы щІылъэм тет мыхъумыщІагъэ псор къигъэлъагъуэу аращ“. БдзапцІэм къыхэщІыкІа щхьэтепІэ хъурейр къыщаІэтам, е́фэм цІыхубз ису къыщІэкІащ. Абы щыгъуэ абы къызжиІащ: „Ар МыхъумыщІагъэращ“. Абы иужькІэ абы ар е́фэм иригуэжри бдзапцІэ щхьэтепІэр е́фэм трипІэжащ».
e Захария 5:9—11: «Абы иужь си нэр къэсІэтри, сыплъэри къэслъэгъуащ цІыхубзитІ гъунэгъу къэхъуу икІи абыхэм я дамэхэм жьы щІэтт. Абыхэм я дамэхэр аистым и дамэхэм ещхьт. Абыхэм е́фэр къаІэтри ар уафэмрэ щІылъэмрэ я зэхуаку хъуащ. Сэ сеупщІащ мелыІыч къызэпсэлъам: „Дэнэ абыхэм е́фэр здахьыр?“ Абы сэ къызжиІащ: „Шинар щІыналъэм, цІыхубзым абы унэ щыхуащІын папщІэ. Ар ящІынурэ цІыхубзыр здэщыІэн хуей щІыпІэм ирагъэтІысхьэнущ“».