Пэжыгъэм зэгурыІуэныгъэкъым къихьыр, атІэ джатэщ
«ЩІылъэм зэгурыІуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкІэ, сыкъэкІуауэ фимыгугъэ. ЗэгурыІуэныгъэр къэсхьын щхьэкІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ джатэ къэсхьын папщІэщ» (МТ. 10:34).
1, 2. 1) Сыт хуэдэ гузэгъэгъуэ нобэ зыхэтщІэр? 2) Мамырыгъэ диІэным сыт зэран хуэхъур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
ДЭТХЭНЭ ЗЫРИ дыхуейщ мамыру, гузэвэгъуэншэу дыпсэуну! Дэ Иеговэ дыхуэарэзыщ абы «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэ» къызэрыдитым щхэкІэ. А гузэгъэгъуэм гупсысэ хьэлъэхэм дыщызыхъумэ гупсэхугъуэ къыдет (Флп. 4:6, 7). Абы нэмыщІ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьа иужь «Тхьэм декІужауэ» жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ къыделъхьэ (Рим 5:1).
2 Ауэ Иеговэ щІылъэ псом мамырыгъэ щызэтригъэувэжыну зэманыр иджыри къэсакъым. Библием зэрыжиІэмкІэ, дэ «дунейм и иужьрей махуэхэм» иджыпсту дыщопсэу. Нобэ зэгурымыІуэныгъэ куэд цІыхухэм я зэхуаку къыдохьэ, куэдри гущІэгъуншэ хъуащ (2 Тим. 3:1—4). Абы нэмыщІ дэ ШейтІанымрэ абы къыбгъэдэкІ пцІымрэ дыпэщІэтын хуейщ (2 Кор. 10:4, 5). Ауэ псом нэхъыбэу мамырыгъэ тфІэзыгъэкІуэдыр Иеговэ хуэмылажьэ ди благъэхэр е ди Іыхьлыхэр къызэрытпэщІэувэращ. Ди фІэщхъуныгъэм къызэрыщыдыхьэшхыр, унагъуэр ткъутэу дызэрагъэкъуаншэр, ди диныр къэдмыгъанэмэ я щІыб къытхуагъэзэну къызэрыджаІэр, дауикІ, ди жагъуэ мэхъу. Дауэ ди Іыхьлыхэр къызэрытпэщІэувэм дызэрыхущытынур икІи абы пыщІа гугъуехьхэм дауэ дызэрыпэлъэщыфынур?
УНАГЪУЭМ ИСХЭР КЪЫЗЭРЫТПЭЩІЭУВЭМ ДЫЗЭРЫХУЩЫТ ХЪУНЫР
3, 4. 1) Хьисэ къыбгъэдэкІ хъыбарыр цІыхум къыщищтэм сыт хуэдэ гугъуехь зыпэщІэхуэр? 2) Дапщэщ Хьисэ и лъэужь урикІуэну псом хуэмыдэу щымытыншыр?
3 Хьисэ ищІэт пэжыр псоми къызэрамыщтэныр. Иджыри абы ищІэт нэгъуэщІхэр къазэрыпэщІэувэным щхьэкІэ, и лъэужь ирикІуэхэм лІыгъэ зэрахэлъын хуейр. Абы къыхэкІкІэ унагъуэм исхэм зэгурымыІуэныгъэ куэд я зэхуаку къызэрыдыхьэныр Хьисэ жиІауэ щытащ: «ЩІылъэм зэгурыІуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкІэ, сыкъэкІуауэ фимыгугъэ. ЗэгурыІуэныгъэр къэсхьын щхьэкІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ джатэ къэсхьын папщІэщ; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сыкъыщІэкІуар къуэр и адэм, пхъур и анэм, нысэр и гуащэм пэзгъэувыжын щхьэкІэщ. И унагъуэм исхэращ цІыхум и бийр» (Мт. 10:34—36).
4 «ЩІылъэм зэгурыІуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкІэ, сыкъэкІуауэ фимыгугъэ» — Хьисэ щыжиІам, ар хуейт къедаІуэхэр абы и лъэужь ирикІуэну мурад ящІмэ, абы къахуихьыну гугъуехьхэм фІыуэ егупсысыну. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ зыхуригъаджэм цІыхухэр зэпэІэщІэ ищІыфынут. ДауикІ, Хьисэ щІылъэм къыщІэкІуар унагъуэхэр икъутэнуратэкъым, атІэ Алыхьым теухуа пэжыр игъэІуну арат (Ин. 18:37). Ауэ ар хуейт къедаІуэхэм ящІэну абы и лъэужь ирикІуэныр зэрымытыншыр, псом хуэмыдэу ди ныбжьэгъухэмрэ ди унагъуэм исхэмрэ пэжыр къыщамыщтэм деж.
5. Хьисэ и лъэужь иувэхэр сытым пэщІэхуэрэт?
5 Хьисэ и лъэужь ирикІуэну хуейхэр я унагъуэм исхэр къазэрыпэщІэувэными хуэхьэзыру щытын хуейт (Мт. 10:38). Абыхэм я благъэхэр къащыдыхьэшхыу икІи къемыпсэлъэжу хъуфынут. Ауэ абыхэм яфІэкІуэдым нэхърэ нэхъыбэ ягъуэтыжт. (Къеджэ Марк 10:29, 30.)
6. Ди Іыхьлыхэм Иеговэ дызэрыхуэлажьэр ягу иримыхьмэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
6 Ди унагъуэм исхэр Иеговэ дыхуэмылэжьэн щхьэкІэ къытпэщІэувэми, дэ ахэр фІыуэ долъагъу. Ауэ дэ зэщыдгъэгъупщэкъым Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ гуащІэу зэрыщытын хуейр, цІыху гуэрым худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ (Мт. 10:37). Дэ дощІэ, ди Іыхьлыхэр фІыуэ зэрытлъагъур ШейтІаным къигъэсэбэпу ди фІэщхъуныгъэм дригъэбэкъуэну иужь зэритыныр. Ди Іыхьлыхэр къызэрытпэщІэувэм щхьэкІэ дызыпэщІэхуэфыну Іуэхугъуэ зыбжанэ дытепсэлъыхьынщ икІи а гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщыфыныр зэпкърытхынщ.
УИ ЩХЬЭГЪУСЭР ИЕГОВЭ И ЩЫХЬЭТУ ЩЫМЫТМЭ
7. Иеговэ и лэжьакІуэр дауэ зэрыхущытын хуейр и щхьэгъусэм и диныр къызэрыдимыІыгъым?
7 Библием жеІэ унагъуэ зыухуэхэр гугъуехь куэдым зэрыпэщІэхуэныр (1 Кор. 7:28). Ауэ зэщхьэгъуситІым я зыр Иеговэ хуэмылажьэмэ, гузэвэгъуэ яІэр нэхъыбэж мэхъу. А Іуэхум Иеговэ зэреплъым хуэдэу уеплъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Уи щхьэгъусэр Иеговэ и лэжьакІуэу зэрыщымытыр щхьэусыгъуэ хуэхъукъым щхьэхуэу фыпсэуным е фызыбгъэдэкІыжыным (1 Кор. 7:12—16). Иеговэ и лэжьакІуэу щымыт цІыхухъум унагъуэр Библием итым тету имыгъасэми, цІыхубзым абы пщІэ хуищІын хуейщ. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэ и лэжьакІуэу щытыр цІыхухъурамэ, абы и щхьэгъусэр и гъащІэм нэхърэ нэхъыфІу илъагъун хуейщ икІи зыхуей хуигъэзэн хуейщ (Еф. 5:22, 23, 28, 29).
8. Уи щхьэгъусэм Иеговэ ухуэлэжьэну имыдэу къыпщыхъумэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыж хъуну?
8 Уи щхьэгъусэм Иеговэ ухуэлэжьэну имыдэу къыпщыхъумэ, сыт пщІэ хъуныр? Зэгуэрым ди зы шыпхъум и лІыр къелъэІуащ хъыбарыфІ гъэІуным тхьэмахуэм махуэ гуэрхэм фІэкІ хэмытыну. Апхуэдэ Іуэхугъуэ упэщІэхуамэ, узэупщІыж хъунущ: «Си щхьэгъусэр Иеговэ афІэкІа сыхуэмылэжьэжыну хуейуэ ара? Апхуэдэу щымытмэ, ар къызэрызэлъэІур сщІэ хъуну?» Іущагъ зыхэвгъэлъмэ, фи унагъуэр псалъэмакъ куэдым щыфхъумэнущ (Флп. 4:5).
9. Дауэ Иеговэ хуэмылажьэ уи щхьэгъусэм пщІэ хуащІу сабийхэр зэрыбгъэсэфыныр?
9 ЗэщхьэгъуситІым зым фІэкІ Иеговэ и Щыхьэту щымытмэ, сабийхэр бгъэсэну нэхъ гугъу мэхъу. Псалъэм папщІэ, сабийхэр «уи адэмрэ уи анэмрэ щІыхь яхуэщІ» жыхуиІэ унафэм хуебгъэсэн хуейщ (Еф. 6:1—3). Ауэ фи щхьэгъусэр Библием ит принципхэм темытмэ-щэ? Дауэ щымытми, абы пщІэ хуэфщІ, абыкІэ фи сабийхэм щапхъэ ивогъэлъагъу. Уи щхьэгъусэм и хьэл-щэныфІхэм гу лъытэ, узэрыщытхъуным иужь ит икІи фІыуэ зэрыплъагъур абы егъэлъагъу. Сабийхэр щыту абы ІейкІэ утемыпсэлъыхь. Уи быным къыгурыгъаІуэ дэтхэнэ цІыхуми езым унафэ зэрищІын хуейр Иеговэ хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ. Иеговэ хуэмылажьэ фи щхьэгъусэм пщІэ хуащІу сабийхэр вгъасэмэ, абы я щытыкІэфІым ар дихьэхыу пэжыр къищІэну хуигъэушынкІэ хъунущ.
Иеговэ теухуауэ фи сабийхэм щІэныгъэ ефтыну Іэмал фиІэхэр къэвгъэсэбэп. (10-нэ абзацым феплъ.)
10. Уи щхьэгъусэр Иеговэ хуэмылажьэмэ, дауэ сабийхэм Библием итыр къызэребгъэщІэфыныр?
10 Иныкъуэхэм деж Иеговэ хуэмылажьэ уи щхьэгъусэм тригъэчыныхьынкІэ хъунущ сабийхэр дин нэпцІым зыхуригъаджэхэм тетыну икІи абы пыщІа махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэну. Языныкъуэ цІыхухъухэм я щхьэгъусэхэм хуадэкъым Библием итымкІэ я сабийхэм дэгуэшэну. Апхуэдэу щытми, цІыхубзым хузэфІэкІыр ищІэн хуейщ, Библием ит пэжыр и быным бгъэдилъхьэн щхьэкІэ (Апост. 16:1; 2 Тим. 3:14, 15). Ди шыпхъум сабийхэр Библием иригъэджэну икІи ахэр зэхуэсым къыздищтэну и щхьэгъусэм имыдэмэ-щэ? Пэжщ, Иеговэ хуэлажьэ цІыхубзым и лІым ищІа унафэм пщІэ хуищІын хуейщ, ауэ абы Іэмал къигъуэтурэ и диным теухуауэ сабийхэм яжриІэ хъунущ. Апхуэдэу абы и сабийхэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуищІыфынущ икІи и хабзэхэр иригъэцІыхуфынущ (Апост. 4:19, 20). Ауэ зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым, Алыхьым хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ къыхэзыхыныр езы сабийращ (Втор. 30:19, 20)a.
ДИ ІЫХЬЛЫХЭР КЪЫЗЭРЫТПЭЩІЭУВЭР
11. Ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр сыт Іей зыщІыфынур?
11 Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер вджын щыщІэвдзам, фэ япэщІыкІэ фи Іыхьлыхэм ар яжефІауэ къыщІэкІынкъым. Ауэ фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуа иужь, къывгурыІуащ Иеговэ фызэрыхуэлэжьэныр быбзыщІын зэрыхуэмейр (Мк. 8:38). Абы къыхэкІкІэ фи Іыхьлыхэмрэ фэрэ фи зэхущытыкІэр Іей хъуамэ, сыт пщІэ хъуныр? АдэкІэ зэпкърытхынщ Алыхьыми пэжу дыкъыхуэнэн икІи ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр нэхъыфІ тщІыжын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну лъэбакъуэхэр.
12. Ди Іыхьлыхэр къыщІытпэщІэувэм и щхьэусыгъуэу щытынкІэ хъуныр сыт икІи сыт дэ къыддэІэпыкъуныр абыхэм я гурыщІэхэр къыдгурыІуэну?
12 Иеговэ и Щыхьэту щымыт фи Іыхьлыхэм я гурыщІэхэр къызэрывгурыІуэным иужь фит. ДауикІ, дэ пэжыр къызэрытщІам щхьэкІэ ди гум гуфІэгъуэшхуэ илъщ, ауэ ди Іыхьлыхэм я гугъэнкІэ хъунущ дэ дыкъагъэпцІауэ е сектэ гуэрым дыхашауэ. Мыхьэнэ зрат махуэшхуэхэр я гъусэу зэрыдмыгъэлъапІэм щхьэкІэ, абыхэм я гугъэнкІэ хъунущ ахэр фІыуэ дымылъагъужу. Ахэр иджыри гузэвэнкІэ хъунущ Алыхьым и ней къытщыхуэнкІэ. Фи Іыхьлыхэм я пІэ зивгъэувэ икІи ахэр щІэгузавэм и щхьэусыгъуэр къэфщІэн папщІэ жаІэм федаІуэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Апостол Паул цІыхухэм я пІэ зэригъэувэт, хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшэн щхьэкІэ. Дэри ар къыддэІэпыкъуфынущ (1 Кор. 9:19—23).
13. Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэм дауэ дызэрепсэлъэн хуейр?
13 Гуапэу фи Іыхьлыхэм фепсалъэ. Библием мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «Фи псалъэхэр ирегуапэ» (Кол. 4:6). Иеговэ делъэІун хуейщ и къару лъапІэр къыдитыну, ди Іыхьлыхэм дыщепсалъэкІэ Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэн дахэхэр дгъэлъэгъуэн папщІэ. Я диным зыхуригъаджэ псори зэрыпцІыр къагурыдгъэІуэн ди гугъэу, дыдэуэн хуейкъым. Я псалъэхэмкІэ е къызэрытхущытымкІэ ди жагъуэ ящІмэ, дэ апостолхэм щапхъэ тетх хъунущ. Паул жиІащ: «ЦІыхухэр къыщытхуэшхыдэкІэ, „Тхьэм и нэфІ къыфщрехуэ“ яжыдоІэж. ЦІыхухэм гугъу дыщрагъэхькІэ, зыхудогъэшэч. ЦІыхухэр ІейкІэ къыщыттепсэлъыхькІи, абыхэм дахэу дахущытщ» (1 Кор. 4:12, 13).
14. Фи щытыкІэфІым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэнкІэ хъуну?
14 ЩапхъэфІ вгъэлъагъуэ. Ди псалъэкІэм куэд иІыгъщ, ауэ ди ІуэхущІафэхэм нэхъ мыхьэнэ яІэщ. (Къеджэ 1 Петр 3:1, 2, 16.) Иеговэ и Щыхьэтхэм я унагъуэхэр быдэу зэрыщытыр, я бынхэр зыхуей зэрыхуагъазэр икІи Алыхьым и хабзэхэм тету гъащІэ насыпыфІэ зэрырахьэкІыр фи щытыкІэмкІэ вгъэлъагъуэ. Ди Іыхьлыхэм пэжыр къамыщтэми, дэ Иеговэ къызэрытхуэарэзыр зэрытщІэм гуфІэгъуэ къытхуихьынущ.
15. Псалъэмакъым ухуэзышэфыну Іуэхугъуэхэм дауэ зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъуныр?
15 УзыпэщІэхуэфыным егупсыс. Псалъэмакъым ухуэзышэфыну Іуэхугъуэхэмрэ зэрызыпщІынымрэ егупсыс (Прит. 12:16, 23, Гъэс.). Австралием щыщ ди зы шыпхъум жеІэж: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди диныр си тхьэмадэм ифІэфІтэкъым. Абы телефонкІэ депсэлъэн ипэ, Иеговэ делъэІут къыддэІэпыкъуну псалъэ жагъуэхэр щыжиІэм деж зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щхьэкІэ. Дэ дызытепсэлъыхьыным дегупсыст икІи кІыхьу дызэрымыпсэлъэным иужь дитт, диным теухуауэ дызэмыдэуэн щхьэкІэ».
16. Ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыщыдыхьэкІэ, зыдмыгъэкъуэншэну сыт къыддэІэпыкъуныр?
16 Иеговэ и Щыхьэту щымыт ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ, дауикІ, псомкІи дызэгурыІуэфыну дегупсыс хъунукъым. Дэ ди Іыхьлыхэр фІыуэ долъагъу икІи я жагъуэ тщІыну дыхуейкъыми, ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыщыдыхьэкІэ, зыдгъэкъуаншэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр фэри фиІэмэ, фи Іыхьлыхэм хувиІэ лъагъуныгъэр Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ину щытын зэрыхуэмейр зыщывмыгъэгъупщэ. Абы и фІыгъэкІэ абыхэм къагурыІуэнущ ди дежкІэ Библием ит принципхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Дапхуэдэу щымытми, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, езыхэр хуэмеяуэ Иеговэ я фІэщ зэрытхуэмыщІыныр. Ауэ фэ абыхэм евгъэлъэгъуфынущ Иеговэ фызэрыхуэлажьэм фІыгъуэ куэд къызэрыфхуихьыр. Иеговэ дэ Іэмал къыдитам хуэдэ, абыхэми ярет — езыхэм къыхахыну абы хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ (Ис. 48:17, 18).
ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ЩЫЩ ГУЭРЫМ ИЕГОВЭ КЪЫЩИГЪАНЭКІЭ
17, 18. Сыт къыбдэІэпыкъунур уи Іыхьлым Иеговэ къигъэнамэ?
17 Ди Іыхьлыхэм щыщ гуэрыр зэхуэсым хагъэкІмэ е езым къигъанэмэ, ар ди гум сэ къыхаІуа хуэдэу къытщыхъункІэ хъунущ. Сыт абы щыгъуэ пщІэ хъуныр?
18 Иеговэ нэхъыбэу фызэрыхуэлэжьэным иужь фит. Махуэ къэс Библием феджэ, зэІущІэхэм зыхуэвгъэхьэзыр икІи ахэр блэвмыгъэкІ, хъыбарыфІыр вгъэІу икІи Алыхьым къару къывитыну фелъэІу (Иудэ 20, 21). Ахэр псори зэрыфщІэм емылъытауэ, фи гум илъ гузэвэгъуэр фщхьэщымыкІмэ сыт пщІэ хъуныр? Фи Іэр евмыхьэх! Иеговэ нэхъыбэу фызэрыхуэлэжьэным иужь фит. Псалъэм папщІэ, 73-нэ Псаломыр зытхар фигу къэвгъэкІыж хъунущ. Абы иІа гупсысэхэм щхьэкІэ и лъэр щІэхуат, ауэ ар Алыхьым и унэшхуэм щІыхьа иужь еплъыкІэ тэмэм зригъэгъуэтыжащ (Пс. 73:16, 17). Абы хуэдэу фэри Алыхьым гъунэгъу зыхуэфщІ.
19. Иеговэ гуэныхь зыщІам теухуауэ унафэ ищІар дауэ зэрыдэтІыгъыфыныр?
19 Иеговэ унафэ ищІар дэфІыгъ. Иеговэ зыгуэрым тезыр щытрилъхьэм ар япэщІыкІэ ди гум еуэнкІэ хъунущ, ауэ иужькІэ ар гуэныхь зыщІами, нэгъуэщІхэми сэбэп хуэхъунущ. (Къеджэ Еврейхэм 12:11.) Иеговэ зи гуэныхьым хущІемыгъуэжым щхьэкІэ «апхуэдэ цІыхум гъусэ фыхуэмыхъу» жеІэри унафэ къытхуещІ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы демыпсэлъэну къыджеІэ (1 Кор. 5:11—13). Аращи, дауэ къыдэмыхьэлъэкІми, дэ зэхуэсым хагъэкІа ди Іыхьлым депсэлъэнукъым телефонкІи, письмокІи, интернетыр къэдгъэсэбэпуи.
20. Сыт дызыщыгугъын хуейр?
20 Гугъэр хэвмыхыж. Иеговэ къэзыгъэнам къигъэзэжыну дыщыгугъыну лагъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ (1 Кор. 13:7). Фи унагъуэм щыщым фІыкІэ зихъуэжу гу лъыфтамэ, Алыхьым фелъэІу Библием еджэурэ абы къару зригъэгъуэтыжыну, Иеговэ и деж къигъэзэжын щхьэкІэ (Ис. 44:22).
21. Пэжыгъэм фи унагъуэм зэгурыІуэныгъэ къимыхьу, джатэ къихьамэ сыт фщІэ хъуныр?
21 Хьисэ жиІащ дэтхэнэ зы цІыхум нэхърэ нэхъыфІу ар тлъагъун зэрыхуейр, абы дыхуэфащэу дыщытын щхьэкІэ. ИкІи абы шэч къытрихьэтэкъым абы и лъэужь ирикІуэхэм лІыгъэ зэрахэлъынум, я Іыхьлыхэр къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ, пэжу къэнэн щхьэкІэ. Пэжыгъэм фи унагъуэм зэгурыІуэныгъэ къимыхьу, джатэ къихьамэ, Иеговэ фыщыгугъ, ар къывдэІэпыкъунущ гугъуехь фызыпэщІэхуэхэм фыпэлъэщыну (Ис. 41:10, 13). Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыфхуэарэзыр икІи фІэщхъуныгъэ быдэ фызэриІэм щхьэкІэ фІыгъуэ куэд къызэрыфхуащІэжынур фи гум ивгъэлъ.
a Адэ-анэм я зыр Иеговэ и Щыхьэту щымытмэ, сабийхэр зэрыбгъасэ хъуным теухуауэ 2002 гъэм, шыщхьэІум и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» рубрикэм нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.