ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Январь н. 26—31
  • Пэжыр гуапэу икІи и зэманым цІыхухэм яжефІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пэжыр гуапэу икІи и зэманым цІыхухэм яжефІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПЭЖЫР ДЭНЭ КЪЫЩЫДГЪУЭТЫФЫНУР?
  • ПЭЖЫР НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩІАЖЕТІЭР СЫТ?
  • ПЭЖЫР НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАЖЕТІЭНУР?
  • БИБЛИЕМ ИТ ПЭЖЫР ДАПЩЭЩ ЩЫЖЫТІЭН ХУЕЙР?
  • Пэжымрэ пцІымрэ зэхэбгъэкІыу зегъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • «Пэжым и Алыхьым» жиІар сыт щыгъуи егъэзэщІэж
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Январь н. 26—31

2026 ГЪЭ, МАРТЫМ И 30 — АПРЕЛЫМ И 5

76 УЭРЭДЫР Сыт зыхэпщІэр?

Пэжыр гуапэу икІи и зэманым цІыхухэм яжефІэ

«Иеговэ, пэжым и Алыхь» (ПС. 31:5).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

НэгъуэщІхэм сэбэпынагъ къахуихьын щхьэкІэ, Библием ит пэжхэр дапхуэдэу яжетІэ хъунуми икІи пцІы дымыупсу, пэжыр жытІэну сыт къыддэІэпыкъунуми.

1. Иеговэ и унагъуэм дыхэтын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

ЗЭХУЭСЫМ щыщ гуэр щызэдгъэцІыхум деж, дэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу доупщІ: «Дапхуэдэу пэжыр къызэрыпщІар?» Хэти зэрыцІыкІурэ пэжыр зэрищІэр жеІэ, хэти куэд мыщІэу къызэрищІар жеІэ. Алыхьым и Псалъэм ит пэжым сыт дэ апхуэдизу мыхьэнэ щІеттыр? Дэ къыдгуроІуэ Иеговэ и унагъуэм дыхэтын щхьэкІэ, пэжыр фІыуэ тлъагъун икІи абы дытету дыпсэун зэрыхуейр. Ар ди гъащІэм сыт и лъэныкъуэкІи къыхощ. Аращ дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи цІыху пэжу дыщІыщытыр (Пс. 15:1—3).

2. 1) Хьисэ сыт хуэдэ цІыхуут къызэрацІыхур? 2) Хьисэ зыхуригъаджэ пэжхэр цІыхухэм дапхуэдэут къазэрыщыхъур?

2 Хьисэ цІыху пэжу зэрыщытыр псоми ящІэт. Абы и псалъэхэм куэдыр къигъэгубжьми, пэжыр жиІэн къигъанэтэкъым. Уеблэмэ, Хьисэ и бийхэри абы арэзы техъуэт (Мт. 22:16). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагуригъаІуэт абы зыхуригъаджэ пэжхэр цІыхухэм дапхуэдэу къащыхъунуми. Абы жиІащ: «Сэ сыкъыщІэкІуар къуэр и адэм, пхъур и анэм, нысэр и гуащэм пэзгъэувыжын щхьэкІэщ» (Мт. 10:35). ДауикІ, Хьисэ хуейтэкъым цІыхухэр хъыбарыфІым къыпэщІэувэну, ауэ абы къыгурыІуэт апхуэдэу къызэрыхъунур (Мт. 23:37). Хьисэ ищІэт хъыбарыфІым цІыхухэр гупитІу зэригуэшынур — пэжыр фІыуэ зылъагъунухэмрэ ар ІэщІыб зыщІынухэмрэ (2 Фес. 2:9—11).

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыу сыт щыгъуи пэжыр жытІэну дыхущІокъу, ар нэгъуэщІхэм ягу иримыхьыну щытми. Иджыри дэ хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадогуашэ, языныкъуэхэр абы къигъэгубжьми. Ауэ абы къикІкъым хъыбарыфІыр цІыхухэм щажетІэ зэманымрэ ар зэражетІэ щІыкІэмрэ мыхьэнэ еттын хуэмейуэ. Мы статьям дэ япэщІыкІэ мыпхуэдэ упщІэ щызэпкърытхынущ: пэжыр дэнэ къыщыдгъуэтыфынур? ИужькІэ дытепсэлъыхьынущ хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дащІыдэгуэшэн хуейм и щхьэусыгъуэм. Абы нэмыщІ ар дапщэщ икІи дапхуэдэу яжетІэ хъунуми къэтщІэнущ. А упщІэхэм я жэуапхэр къыддэІэпыкъунущ хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм гуапэу икІи и зэманым дадэгуэшэну.

ПЭЖЫР ДЭНЭ КЪЫЩЫДГЪУЭТЫФЫНУР?

4. Иеговэ пэжыр къызыбгъэдэкІ Алыхьу сыт жыпІэ щІэхъунур?

4 Иеговэ — пэжыр къызыбгъэдэкІ Алыхьщ. Сыт абы къикІыр? Иеговэ жиІэу хъуар пэжщ, фІымрэ Іеймрэ теухуауэ къыджиІэри абы хэту (Пс. 19:9; 119:142, 151). ИпэкІэ къэхъунум теухуауэ абы жиІэхэр Іэмал имыІэу къохъу (Ис. 55:10, 11). Иеговэ жиІа псалъэхэм зэи епцІыжкъым (Чис. 23:19). Абы пцІы хуэупскъым! (Евр. 6:18). ГъэщІэгъуэнкъым Библиер «Иеговэ пэжым и АлыхькІэ» щІеджэр (Пс. 31:5).

5. Алыхь пэжыр къэбгъуэтыну гугъуу щІыщымытыр сыт? КъыдгурывгъаІуэ (Апостолхэм 17:27).

5 Куэдым жаІэ Алыхьыр щымыІэу икІи ар щыІэу щытми, къэбгъуэтыну гугъуу. Ауэ ар пэжкъым. Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд дэ мы дунейм щыдолъагъу (Рим 1:20). Афинэ къалэм дэс, щІэныгъэ зыбгъэдэлъ цІыхухэм апостол Паул зэрепсэлъар дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы жиІащ «Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми зэрыпэмыжыжьэр» икІи ар къэдгъуэтыну езыр зэрыхуейр. (Къеджэ Апостолхэм 17:27.) Пэж дыдэу Иеговэ и деж зришалІэр цІыху Іэдэбхэмрэ пэжыр къэзылъыхъуэхэмрэщ (Ин. 6:44).

6. Библием ит языныкъуэ пэжхэмкІэ фыкъыддэгуашэ икІи ахэр лъапІэу щІэфлъытэр къыжыфІэ.

6 Иеговэ къызэрыбгъуэтыфыну зы Іэмалыр — ар Библиер бджыныращ. А тхылъыр Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпурэ цІыхухэм иригъэтхащ (2 Пет. 1:20, 21). Аращи, абы ит псор пэжщ икІи дзыхь хуэпщІыну хуэфащэщ. Псалъэм папщІэ, Библием щыжыІащ мы дунеишхуэмрэ гъащІэмрэ къызэрыунэхуар (ЩІэдз. 1:1, 26). Абы къыдгурегъаІуэ дэ гуэныхьлыуэ дыщІыщытыр икІи гугъуехьхэмрэ лІэныгъэмрэ щІыщыІэм и щхьэусыгъуэр (Рим 5:12; 6:23). А тхылъым ди фІэщ ещІ Иеговэ и Къуэр къигъэсэбэпу «пцІыр къызыбгъэдэкІ» ШейтІаным къытхуихьа зэраныр зэрыІуихыжынур (Ин. 8:44; Рим 16:20). Абы нэмыщІ Библием дыкъегъэгугъэ Хьисэ цІыху Іейхэр игъэкІуэдыну, лІахэр къигъэтэджыжыну, щІылъэр жэнэт ищІыжыну икІи цІыху дагъуэншэ дыхъун щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну (Ин. 11:25, 26; 1 Ин. 3:8). А псом дэ дзыхь хуэтщІ хъунущ. Пэжыр пщІэну икІи нэгъуэщІ цІыхухэм абыкІэ удэгуэшэну сыту пщІэшхуэ! (Мт. 28:19, 20).

ПЭЖЫР НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩІАЖЕТІЭР СЫТ?

7, 8. Пэжыр щІыжытІэм и щхьэусыгъуэм мыхьэнэ иІэу пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ (Марк 3:11, 12). (Сурэтхэми феплъ.)

7 ИпэкІэ зэрыжытІащи, дэ Иеговэ и унагъуэм дыхэтыну дыхуеймэ, пцІы дымыупсу, сыт щыгъуи пэжыр жытІэн хуейщ. Ауэ Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ ар мащІэщ. Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ ар щІэтщІэм и щхьэусыгъуэм. Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ къэхъуа зы Іуэхугъуэм дытепсэлъыхьынщ. (Къеджэ Марк 3:11, 12.) Хьисэ Галилей хым и гъунэгъуу хъыбарыфІыр щигъэІум, абы и деж цІыху куэдыкІей къэкІуащ. Жин бзаджэхэм яІыгъ цІыхухэри абыхэм яхэтт. Абыхэм Хьисэ щалъагъукІэ, и пащхьэм зыщрадзыхырти, «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаІэурэ кІийрт. Жин бзаджэхэм жаІэр пэжт, ауэ ар щІыжаІэм и щхьэусыгъуэр тэмэмтэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ жин бзаджэхэр хуейт пэжыр жаІэурэ, цІыхухэм дзыхь зыхурагъэщІу, ахэр Иеговэ къыбгъэдашыну. Хьисэ ар ищІэти, езым теухуа пэжыр жаІэну жин бзаджэхэм яхуидэтэкъым.

8 Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ пэжыр щІыжытІэмрэ хъыбарыфІыр щІэдгъэІумрэ я щхьэусыгъуэм. А псом дэ япэрауэ дыхуэзыгъэушын хуейр Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэращ. Аращи, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум щхьэкІэ зыгуэр къытщытхъумэ, дэ гулъытэ зыхуедгъэщІын хуейр ди щхьэракъым, атІэ Иеговэщ (Мт. 5:16; евгъапщэ Апостолхэм 14:12—15).

Шыпхъум хъыджэбзыр Библием зэрыригъаджэ ІэмалитІ. 1. Шыпхъур и щхьэм топсэлъыхь. Библие зэІухар зэгъэзэнкІауэ стІолым телъщ. 2. Шыпхъум Библиер и Іэм ІэщІэлъщ икІи абы итыр хъыджэбзым ирегъэлъагъу.

ЦІыхур пэжым щыхуебгъаджэкІэ, абы гу зылъебгъатэр уи щхьэра хьэмэрэ Иеговэ? (7, 8 абзацхэм феплъ.)


9. Сыт дэ тщІэн хуэмейр икІи сыт щхьэкІэ?

9 Уи щхьэм гу лъебгъэтэну къыщемызэгъ зы Іуэхугъуэ иджыри дыхэплъэнщ. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ пщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшыр Іуэху щэху гуэрымкІэ къыддэгуэшауэ, дэри ар нэгъуэщІхэм яжетІауэ. ИужькІэ жытІар пэжу къыщІэкІмэ, зыгуэр егупсысынкІэ хъунущ дэ щІэныгъэ нэхъыбэ диІэу. ДауикІ, цІыхухэм ар ягъэщІэгъуэнущ, ауэ дэ тщІам Иеговэ игъэгуфІэнукъым (Прит. 11:13). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ пэжыр жытІами, ар щІыжытІам и щхьэусыгъуэр тэмэмтэкъым. Абы нэмыщІ а Іуэху щэхумкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну хуитыныгъэ диІакъым.

ПЭЖЫР НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАЖЕТІЭНУР?

10. ПсэлъэкІэ гуапэр зищІысыр сыт? (Колоссэ 4:6).

10 Къеджэ Колоссэ 4:6. Апостол Паул Колоссэ дэс къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжат я псалъэхэр сыт щыгъуи гуапэу щытын зэрыхуейр. АлыджыбзэкІэ тха мы псалъэхэм къокІ ди псэлъэкІэр щабэу икІи нэгъуэщІхэм сэбэп къахуихьу щытын зэрыхуейр.

11, 12. Библием ит пэжыр зэрыжытІэ щІыкІэм мыхьэнэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтхэми феплъ.)

11 Дэ Паул и чэнджэщыр къэдгъэсэбэпын хуейщ, псом хуэмыдэу хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ. Абы Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэр гумрэ псэмрэ зэхэзыгъэкІ джатэ жаным ирегъэщхь. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Библием къыщІигъэщыфынущ цІыхум пэж дыдэу и гум илъымрэ и гурыщІэхэмрэ (Евр. 4:12). Ауэ ар ІэкІуэлъакІуэу къэдмыгъэсэбэпмэ, дымыщІэххэу дызэпсалъэ цІыхум и жагъуэ тщІыфынущ е псалъэмакъ къэдгъэхъеифынущ.

12 Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ хъыбарыфІыр дгъэІуу, фІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхум дыхуэзауэ. Абы жеІэ тхьэ напэхэр къызэригъэсэбэпыр икІи и унагъуэм и гъусэу илъэсыщІэр игъэлъэпІэн зэрифІэфІыр. ДауикІ, дэ Библиер къэдгъэсэбэпу абы едгъэлъэгъуфынут, тхьэ напэхэм хуэлэжьэнымрэ илъэсыщІэр бгъэлъэпІэнымрэ Алыхьым игу зэрыримыхьыр (Ис. 44:14—20; 2 Кор. 6:14—17). Ауэ ар цІыхум япэ дыдэу дыхуэзауэ жетІамэ-щэ? Дэ жытІар пэжым техуэми, Алыхьым и Псалъэр ІэкІуэлъакІуэу къэдгъэсэбэпауэ пхужыІэнукъым.

ЦІыхухъум и унагъуэм ёлкэр ягъэщІэрэщІэху, зэщхьэгъусэхэр абы хъыбарыфІымкІэ зэрыдэгуашэ ІэмалитІ. 1. ЗэлІзэфызым цІыхухъум jw.org сайтым ит «Что говорится в Библии о Рождестве?» жыхуиІэ статьяр ирагъэлъагъу. ЦІыхухъум ар игу иримыхьауэ, и Іэхэр зэтедзауэ щытщ. 2. ЗэлІзэфызым цІыхухъум jw.org сайтым ит «Как быть хорошим папой» жыхуиІэ статьяр ирагъэлъагъу. ЦІыхухъур абыхэм фІыуэ йодаІуэ икІи ар мэгуфІэ.

Библием ит пэжымкІэ ІэкІуэлъакІуэу нэгъуэщІхэм фадэгуэшэну сыт къывдэІэпыкъунур? (11, 12 абзацхэм феплъ.)a


13. Ди псалъэхэр мышыууэ щымытын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

13 Паул иджыри итхат ди псалъэхэр мышыууэ щытын зэрыхуэмейр. Абы къригъэкІакъым дэ пэжыр зыблэтшын е щІэтхъумэн хуейуэ, зыгуэрым и жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ. Паул зи гугъу ищІар къыдэдаІуэхэм пэжыр «яфІэІэфІын» хуэдэу яжетІэн зэрыхуейращ (Иов 12:11). Ауэ ар тыншу щымытынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дэ дигугъэфынущ тфІэфІ ерыскъыр Іэмал имыІэу нэгъуэщІхэми яфІэІэфІыну. Апхуэдэ дыдэу дэ дегупсысынкІэ хъунущ дызэрыпсалъэ щІыкІэр нэгъуэщІхэм ягу ирихьыну. Ауэ ар апхуэдэу сыт щыгъуи щыткъым. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ хабзэхэмкІэ тэмэмщ цІыхур уэ нэхърэ нэхъыжьми, уи еплъыкІэр хуиту жепІэну. Ауэ нэгъуэщІ хабзэхэмкІэ апхуэдэ псэлъэкІэр къезэгъкъым. Уеблэмэ, цІыхум и пщІэр ебудыхыу игугъэфынущ. Абы къыхэкІкІэ, дэ дызэрыпсалъэ щІыкІэр зытетщІыхьын хуейр ди хабзэракъым, атІэ къыдэдаІуэ цІыхум игу зэрырихьыныращ.

БИБЛИЕМ ИТ ПЭЖЫР ДАПЩЭЩ ЩЫЖЫТІЭН ХУЕЙР?

14. Хьисэ ищІэу хъуар и гъэсэнхэм яжриІэу щыта? КъыдгурывгъаІуэ.

14 Хьисэ и гъэсэнхэм гуапэу, щабэу епсалъэт икІи ахэр куэдым хуигъасэт (Мк. 6:34). Ауэ абы ищІэу хъуар абыхэм яжриІэтэкъым. Хьисэ илъагъут абыхэм я зэфІэкІым гъунэ зэриІэр икІи языныкъуэ пэжхэр къагурыІуэн щхьэкІэ и зэманыр къызэрымысар (Ин. 16:12). Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур?

15. ЦІыхур Библием едгъэджэн щыщІэддзам деж, псори занщІэу жетІэн хуей? КъыдгурывгъаІуэ (Притчи 25:11). (Сурэтми феплъ.)

15 Хьисэ и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, нэгъуэщІхэр Библием щедгъаджэм деж, дэ тщІэуэ хъуар занщІэу яжетІэн хуейкъым. Хьисэ цІыхум и Іуэхур зыІутым еплът, дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ. Щапхъэу къэтхьа, илъэсыщІэр зыгъэлъапІэ цІыхур дигу къэдгъэкІыжынщ. Дэ дощІэ а махуэшхуэм и къежьапІэр Иеговэ игу зэрыримыхьыр. Ауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт илъэсыщІэр къихьэным тхьэмахуитІ иІэу, а цІыхур Библием ебгъэджэн щІэбдзауэ. Тэмэму пІэрэ-тІэ а махуэшхуэм теухуауэ Библием итыр а цІыхум жепІэу, ар абы игъэлъэпІэн занщІэу щигъэтыным ущыгугъыну? ДауикІ, языныкъуэхэм Библием къыщащІэр занщІэу я гъащІэм къыщагъэсэбэп. Ауэ нэгъуэщІхэр зэман нэхъыбэ хуейщ, я гупсысэкІэмрэ я дуней тетыкІэмрэ яхъуэжын щхьэкІэ. Дэ Библием едгъаджэхэм дащыдэІэпыкъуфынур абы ит пэжхэр къащыгурыІуэфыну зэманым яжетІэмэщ. (Къеджэ Притчи 25:11.)

Япэ сурэтым тета зэщхьэгъуситІым «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъымкІэ цІыхухъур ирагъаджэ. Ахэр абы и унэм щыІэщ, пэшым ёлкэ гъэщІэрэщІа щІэтщ.

Пэжым теухуауэ сыт, дапщэщ икІи дапхуэдиз жыпІэнуми ущегупсысым деж, Хьисэ щапхъэ тех (15 абзацым феплъ.)


16. Библие едгъаджэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур, ахэр гъуэгу пэжым тетын щхьэкІэ?

16 Дэ хуабжьу дигу ирохь Иеговэ теухуа пэжыр цІыхухэм яжетІэну. Апхуэдэ гуфІэгъуэ къытхуэзыхьыр мащІэщ. Библие едгъаджэхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур, ахэр гъуэгу пэжым тетын щхьэкІэ? КъыкІэлъыкІуэ чэнджэщхэр фигу ивгъэлъ. ЩапхъэфІ вгъэлъагъуэ (3 Ин. 3, 4). Фи гъащІэмкІэ къэвгъэлъагъуэ Библием итыр фи фІэщ зэрыхъур. Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ хъыбарыфІыр вгъэІу. ЦІыхур Библием щевгъаджэкІэ гуапэу, щабэу фыпсалъэ икІи псори занщІэу жевмыІэ. Зыгуэр къыщыфщытхъум деж, гулъытэ лей зыхуевмыгъэщІу, Иеговэ гу лъевгъатэ. Апхуэдэу фэ къэвгъэлъэгъуэнущ пэжым и Алыхь Иеговэ фызэрыхуэлажьэр.

БИБЛИЕМ ИТ МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ СЫТЫМ ФЫХУАГЪАСЭРЭ?

  • Апостолхэм 17:27

  • Колоссэ 4:6

  • Притчи 25:11

160 УЭРЭДЫР ХъыбарыфІ!

a СУРЭТХЭМ ИТЫР. Япэ сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ, унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр зыгъэІу къуэшыр цІыхухъум зэрепсалъэр. Къуэшым унэм ёлкэ гъэщІэрэщІа щІэту къилъэгъуа иужь, махуэшхуэхэм я къежьапІэр зэрыт статьяр цІыхухъум ирегъэлъагъу. ЕтІуанэ сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ къуэшым а цІыхухъум адэфІу щытын щхьэкІэ, дэІэпыкъуну чэнджэщхэр зэрыт статьяр зэрыригъэлъагъур. А Іэмалхэм щыщу сыт хуэдэра нэхъ ехъулІэныгъэ зиІэнур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын