41 СТАТЬЯР
108 УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ лъагъуныгъэ пэжыр
Иеговэ и лъагъуныгъэм кІэух иІэнукъым
«Иеговэ фІыщІэ хуэфщІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІыуэ щыІэр зыхэлъыр аращ. Пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэм зэи кІэух иІэнукъым» (ПС. 136:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ зэрыхъур зэман гугъухэм дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми.
1, 2. Гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж къуэш, шыпхъу куэдым сыт зыхащІэр?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт хы къэукъубеям хэт кхъуафэжьейр. Толъкъунхэм ар драдзей, кърадзых. Кхъуафэжьейр щхьэпримыдзын икІи и пІэм итын щхьэкІэ хъурзэ иІэн хуейщ.
2 Гугъуехьышхуэ гуэр дыщыпэщІэхуэм деж дэ а кхъуафэжьейм дрещхьу жыпІэ хъунущ. Ди гурыщІэхэри псынщІэу зызыхъуэж толъкъунхэм хуэдэу щытыфынущ. Нобэ дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи къызэрыддэІэпыкъум, ауэ пщэдей абы шэч къытетхьэу щІыдодзэ (Пс. 10:1; 13:1). Зыгуэрым псалъэ гуапэ къызэрыджиІам къыхэкІкІэ, дэ зэман гуэркІэ гупсэхугъуэ догъуэтыж (Прит. 17:17; 25:11). Ауэ иужькІэ аргуэру Алыхьым дыкъигъэнауэ къытщохъу. Апхуэдэхэм деж Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи къызэрыддэІэпыкъум теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ дыхуэныкъуэщ. А фІэщхъуныгъэм хъурзэм хуэдэу диІыгъынущ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ дапхуэдэу зэрызэдгъэгъуэтынур икІи зэрытхъумэнур?
3. 1) Псалом 31:7 икІи 136:1 зи гугъу ящІ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зищІысыр сыт? 2) Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр зыгъэлъагъуэр Иеговэу жыпІэ щІэхъунур сыт? (Сурэтми феплъ.)
3 Борэным ещхь гугъуехьышхуэхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ пэжагъ зыхэлъ Иеговэ и лъагъуныгъэр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. (Къеджэ Псалом 31:7; 136:1.) Пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зищІысыр сыт? Ар гурэ псэкІэ зыгуэрым укІэрыпщІэн жиІэу аращ икІи апхуэдэ лъагъуныгъэр зэи ужьыхыжкъым. Апхуэдэ лъагъуныгъэм теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэр зыгъэлъагъуэр Иеговэщ. Библием щыжыІащ: «Иеговэ... фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ» (Исх. 34:6, 7). Абы иджыри щыжыІащ: «Зыкъыпхуэзыгъазэ псоми пэжагъ зыхэлъ уи фІылъагъуныгъэшхуэр ибогъэлъагъу» (Пс. 86:5). Фегупсысыт абы къикІым: Иеговэ къыхуэпэж и лэжьакІуэхэр зэи къигъанэкъым! Мы гупсысэр зэман гугъухэм хъурзэм хуэдэу фи дежкІэ щрет (Пс. 23:4).
Хъурзэр кхъуафэжьейм доІэпыкъу хы толъкъуным пэлъэщыну. Дэри борэным ещхь гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж «хъурзэм» дыхуэныкъуэщ. А хъурзэр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи къызэрыддэІэпыкъур ди фІэщ тщІыныращ (3 абзацым феплъ.)
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУР БИБЛИЕМ ЗЫХУРИГЪАДЖЭ ЩІЭНЫГЪЭ НЭХЪЫЩХЬЭХЭМ ЯЩЫЩ ЗЫЩ
4. Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм я щапхъэ къэфхь икІи ахэр фи фІэщ щІэхъуар къыжыфІэ.
4 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Ахэр къыжыпІэну зыгуэр къолъэІуауэ щытамэ, сытыт уэ зи гугъу пщІынур? Уэ уигу къэбгъэкІыжыну къыщІэкІынт Библиер бджын щыщІэбдзам япэу къэпщІа пэжхэр. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр, Хьисэ абы япэу къигъэщІа и Къуэу зэрыщытыр, лІахэм зыри зэрамыщІэр икІи ахэр жей Іувым хэтым зэрыхуэдэр, щІылъэр жэнэт хъужу, гъащІэ мыухыж яІэу цІыхухэр зэрыпсэунур (Пс. 83:18; Эккл. 9:5; Ин. 3:16; Апок. 21:3, 4). Ахэр зэрыпэжыр уэ быдэу уи фІэщ хъуащ икІи а фІэщхъуныгъэм утригъэкІыну зыми хуэбдэнукъым. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуа пэжми апхуэдэ дыдэу дыхущытын хуейщ. Абы щыгъуэ Иеговэ дыкъыфІэмыІуэхуу зэи дегупсысынукъым.
5. ЩІэныгъэ нэпцІхэр ІэщІыб ищІыну цІыхум сыт къыдэІэпыкъур?
5 ЩІэныгъэ нэпцІхэр ІэщІыб пщІыну сытыт уэ къыбдэІэпыкъуауэ щытар? Уэ уи фІэщ хъур Библием зыхуригъаджэм ебгъэпщауэ къыщІэкІынущ. Псалъэм папщІэ, уэ уи фІэщ хъууэ къыщІэкІынт цІыхур лІа иужь и псэр мылІэу, зыщІыпІэ кІуэуэ. Ауэ Библие джыныр уэ къыбдэІэпыкъуащ ар пэжрэ пцІырэ зэхэбгъэкІыну. А темэм теухуауэ Библием итыр куууэ зэпкърыпха иужь уэ къыбгурыІуащ ар зэрыпцІыр. Иджы уэ Библием ит мы пэжыр уи фІэщ мэхъу: «лІахэм зыри ящІэкъым» икІи «щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къигъэтэджыжынущ» (Эккл. 9:5; Апост. 24:15). ЩІэныгъэ нэпцІхэр уи дежкІэ быдапІэм хуэдэт икІи ахэр зэтепкъутэну гугъут (2 Кор. 10:4, 5). А быдапІэр зэтепкъута иужь зэтебгъэувэжыну ухэтакъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ, щІэныгъэ нэпцІхэр игъащІэкІэ ІэщІыб пщІащ (Флп. 3:13).
6. «Абы къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм кІэух иІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэр Псалом 136 куэдрэ къытригъэзэжурэ щІыжиІэр сыт?
6 Гугъуехьхэм къыхэкІкІэ, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щІэбдзэмэ, щІэныгъэ нэпцІхэм упэлъэщын щхьэкІэ пщІа дыдэр щІэ. ЗэупщІыж: «Ар пэжу пІэрэ?» ИужькІэ мы статьяр зытегъэщІа Псалом 136:1 ит псалъэхэр уи гупсысэхэм егъапщэ. Егупсыс: Иеговэ и лъагъуныгъэм пэжагъ хэлъу щІыжиІэр сыт? «Абы къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм кІэух иІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэр мы псаломым 26-рэ къытригъэзэжурэ щІыжиІэр сыт? Иеговэ хуейщ абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу дигу идубыдэну. А пэжыр Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу дегупсысу щІэддзэмэ, щІэныгъэ нэпцІхэм дазэрыхущытым хуэдэу, а гупсысэми дыхущытын хуейщ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я гъащІэм а пцІыр хэтын хуейкъым!
7. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур иджыри сыт хуэдэ едзыгъуэхэм къыхэщрэ?
7 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуауэ Библием иджыри едзыгъуэ куэд къыщыбгъуэтыфынущ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «Фэ бзу цІыкІу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапІэщ» (Мт. 10:31). Езы Иегови и лъэпкъым мыпхуэдэу жриІауэ щытащ: «Сэ уэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ, пэжагъым и Іэ ижьымкІэ быдэу усІыгъынущ» (Ис. 41:10). Гу лъыфтэт, мы едзыгъуэхэм мыпхуэдэу щыжыІакъым: «Фынэхъ лъапІэу къыщІэкІынщ» е «СыбдэІэпыкъункІэ хъунщ». Абыхэм гурыІуэгъуэу щыжыІащ: «Фынэхъ лъапІэщ» икІи «СыбдэІэпыкъунущ». Мы едзыгъуэхэр ди гурыщІэхэм зэрылъэІэсым нэмыщІ, щІэныгъэ пэжи къыдат. Абыхэм Іуэхур зытетыр къагъэлъагъуэ икІи ахэр ди фІэщ тщІы хъунущ. Апхуэдэ едзыгъуэхэмa ущегупсыскІэ 1 Иуан 4:16 ит псалъэхэр жыпІэфынущ: «Тхьэм къытхуиІэ фІылъагъуныгъэр дощІэ икІи а фІылъагъуныгъэм дыщогугъ».
8. Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум зэман-зэманкІэрэ шэч къытепхьэмэ, сыт пщІэ хъунур?
8 А псом емылъытауэ, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум зэман-зэманкІэрэ иджыри шэч къытепхьэмэ, сыт пщІэ хъунур? Абы щыгъуэ уи гурыщІэхэмрэ уиІэ щІэныгъэмрэ зэгъапщэ. ГурыщІэхэм дзыхь хуэпщІ хъунукъым, ауэ Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум теухуа щІэныгъэ пэжым дзыхь хуэпщІ хъунущ. Абы шэч къытетхьэмэ, Иеговэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэу щыт лъагъуныгъэр хэмылъу дэ дегупсысу жыпІэ хъунущ (1 Ин. 4:8).
«АДЭ ЛЪАПІЭМ ФІЫУЭ ФЫКЪЕЛЪАГЪУ» ЖЫХУИІЭ ПСАЛЪЭХЭМ КУУУЭ ФЕГУПСЫС
9, 10. «Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу» щыжиІам Хьисэ сытыт зытепсэлъыхьыр? (Иуан 16:26, 27). (Сурэтми феплъ.)
9 Зэгуэр Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу». (Къеджэ Иуан 16:26, 27.) Мы псалъэхэм я контекстыр гъэщІэгъуэнщ. Хьисэ ар щІыжиІар и гъэсэнхэр игъэгушхуэн е гупсэхугъуэ яритын щхьэкІэтэкъым. Ар зытепсэлъыхьар тхьэлъэІурат.
10 А псалъэхэр жиІэн ипэ Хьисэ и гъэсэнхэм езым и цІэкІэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэн зэрыхуейр яжриІат (Ин. 16:23, 24). Ар абыхэм ящІэным мыхьэнэшхуэ иІэт. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь абы и гъэсэнхэм тхьэлъэІукІэ зыкъыхуагъэзэну гукъыдэж яІэнкІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абыхэм я ныбжьэгъут. Хьисэ и гъэсэнхэр мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Абы фІыуэ дыкъыщилъагъукІэ, ар ди лъэІухэм едэІуэнущ икІи и Адэм жриІэжынущ». Ауэ зэрытлъагъущи, Хьисэ хуейтэкъым ахэр апхуэдэу егупсысыну. Абы жиІащ: «Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу». Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагурыІуэн хуейт: Иеговэ цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ елъагъури абыхэм я тхьэлъэІухэм езыр едэІуэну хуейщ. Ар Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Дапхуэдэу ар къыплъэІэсми егупсыс. Библиер бджыурэ уэ Хьисэ къэпцІыхуащ икІи ар фІыуэ плъэгъуащ (Ин. 14:21). Ауэ уэ тхьэлъэІукІэ зызыхуэбгъазэр Иеговэщ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэху уэ къыбогъэлъагъуэ «Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу» жыхуиІэ псалъэхэр уи фІэщ зэрыхъур (1 Ин. 5:14).
Иеговэ сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу» (9, 10 абзацхэм феплъ.)b
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУМ ШЭЧ КЪЫЩІЫТЕТХЬЭР СЫТ?
11. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэмэ, ШейтІаныр щІэгуфІэр сыт?
11 Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу дыщІегупсысынкІэ хъунур сыт? Уэ жыпІэну къыщІэкІынщ апхуэдэ гупсысэхэр ШейтІаным къыбгъэдэкІыу икІи ар зы лъэныкъуэкІэ пэжщ. Сыту жыпІэмэ, абы «зыІуригъэлъэдэн» къелъыхъуэ икІи мэгуфІэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къыщытетхьэм деж (1 Пет. 5:8). Иеговэ апхуэдизкІэ фІыщэу дыкъелъагъури, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр дэр щхьэкІэ итащ (Евр. 2:9). Ауэ иныкъуэхэм деж а къурмэныпхъэр тхуэмыфащэу дыщегупсыс къохъу. Егупсысыт: хэт зи федэр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэмэ икІи гугъуехь дыпэщІэхуа иужь Алыхьым дыхуэлэжьэн щыдгъэтмэ? ДауикІ, ШейтІаныращ. Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу абы ди фІэщ ищІыну хэтщ, ауэ Іуэхур апхуэдэукъым зэрыщытыр. Иеговэ фІыуэ имылъагъур ШейтІаныращ, атІэ дэракъым. «ШейтІаным и гъэпцІагъэ мурадхэр» къыщыдгурыІуэм деж, абыхэм дыпэщІэтыну нэхъ тынш мэхъу (Еф. 6:11; Екъуб 4:7).
12, 13. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэну гуэныхьым дапхуэдэу дызэрыхуигъэушыр?
12 Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу дыщІегупсысым иджыри и зы щхьэусыгъуэр — ар ди Іэпкълъэпкъым хэлъ гуэныхьыращ (Пс. 51:5; Рим 5:12). Гуэныхьым Иеговэрэ цІыхухэмрэ я зэхущытыкІэр зэтрикъутащ. Абы нэмыщІ гуэныхьыр цІыхум и узыншагъэми, и гупсысэкІэми, и гурыщІэхэми зэран хуохъу.
13 Гуэныхьым и ягъэкІэ дэ зыдогъэкъуэншэж, догузавэ икІи доукІытэ. А гурыщІэхэр диІэн щхьэкІэ дэ Іэмал имыІэу щыуагъэ гуэр тщІэн хуейкъым. Апхуэдэ гурыщІэхэр дыщІиІэр гуэныхьлыуэ дызэрыщытыращ. Алыхьым и мурадымкІэ дэ дагъуэншэу дыщытын хуеящ (Рим 8:20, 21). Машинэм и шэрхъыр зэрыпщэхам и ягъэкІэ псынщІэу зэрымыкІуэфым хуэдэу, дэри гуэныхьым и ягъэкІэ Иеговэ къытхилъхьа зэфІэкІхэр икІэм нэс къытхуэгъэсэбэпкъым. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум зэман-зэманкІэрэ шэч къызэрытетхьэр. Апхуэдэм деж дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр икІи и унафэм щІэтхэр езыми фІыуэ зэрилъагъур икІи яхуэпэжу зэрыщытыр (Неем. 1:5).
14. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дызэрегупсысыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытедмыхьэну? (Рим 5:8). («ФыкъэзыгъэпцІэфыну гуэныхьым зыщыфхъумэ» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
14 Иныкъуэхэм деж дэ къытщыхъуфынущ Иеговэ фІыуэ дыкъилъагъуну тхуэмыфащэу. Пэжыр жыпІэмэ, Іуэхур зэрыщытри аращ, ауэ абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и лъагъуныгъэм и кууагъыр. А лъагъуныгъэр дэ зыкІи къытхуэлэжьынукъым, ауэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ Иеговэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр итащ. А псор абы щІищІар фІыщэу дыкъелъагъури аращ (1 Ин. 4:10). Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым Хьисэ и псэр щІитар гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм щхьэкІэщ, атІэ цІыху дагъуэншэхэм щхьэкІэкъым. (Къеджэ Рим 5:8.) Дэ ныкъусан хэмылъу зыри тхуэщІэкъым икІи ди насыпщи, Иеговэ абыкІэ къытщыгугъкъым. КъызэрытщІащи, дэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къыщІытетхьэфынур гуэныхь зэрытхэлъыращ. Ар тщІэжу щытмэ, апхуэдэ гурыщІэхэм дыпэщІэтыфынущ (Рим 7:24, 25).
ИЕГОВЭ ХУЭПЭЖУ ФЫКЪАНЭ
15, 16. Иеговэ дыхуэпэжмэ, сытым шэч къытедмыхьэми хъуну икІи сыт щхьэкІэ? (2 Самуила 22:26).
15 Иеговэ хуейщ дэ унафэ пэж къэтщтэну — абы хуэпэжу дыкъэнэну (Втор. 30:19, 20). Абы щыгъуэ езыри къытхуэпэжынущ. (Къеджэ 2 Самуила 22:26.) Иеговэ дыхуэпэжмэ, ар сыт хуэдэ Іуэхугъуэми къыддэІэпыкъунущ.
16 Мы статьям дызэрытепсэлъыхьащи, борэным ебгъэщхь хъуну сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыфынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилагъур икІи къызэрыддэІэпыкъур ди фІэщ мэхъу. А фІэщхъуныгъэм хъурзэм хуэдэу диІыгъщ. Ар Библием зыхуригъаджэ щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къыщытетхьэм деж дэ дызэгупсысын хуейр ди гурыщІэхэракъым, атІэ диІэ щІэныгъэхэращ. Аращи, Иеговэ къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэм кІэух зэримыІэнум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр дывгъэхъумэ.
159 УЭРЭДЫР Иеговэ щІыхь къыхуэфхь
a Псалъэм папщІэ, Второзаконие 31:8, Псалом 94:14 икІи Исайя 49:15 итым феплъ.
b СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр Иеговэ къыдэІэпыкъуну йолъэІу и щхьэгъусэ сымаджэр зыхуей хуигъэзэфын, унагъуэм илъ ахъшэр зригъэзэхуэфын икІи япхъу цІыкІур Библием ит пэжхэм хуригъэджэфын щхьэкІэ.