ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Октябрь н. 2—5
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1925 гъэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1925 гъэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЗЫЩЫГУГЪАР КЪЭХЪУАКЪЫМ
  • РАДИОСТАНЦИЕЩІЭХЭР
  • МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ПЭЖЫР КЪЫДГУРЫІУАЩ
  • «ФЭ СЭ ФЫЗИЩЫХЬЭТЩ»
  • БИБЛИЕМ И КЪЭХУТАКІУЭХЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЫФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭН ХЪУАХЭМ ДЕЖ ТРАГЪЭЗЭЖУ ЩІАДЗАЩ
  • КЪЭКІУЭНЫМ ТЕУХУАУЭ ДИІЭ МУРАДХЭР
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1924 гъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1922 гъэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Октябрь н. 2—5
1925 гъэм Индианаполис (штат Индиана) щекІуэкІа конгрессым щыІа къуэш, шыпхъу псоми я сурэтыр.

1925 гъэм Индианаполис (штат Индиана) щекІуэкІа конгрессыр

ИлъэсищэкІэ узэІэбэкІыжмэ: 1925 гъэ

1925 ГЪЭМ, январым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» (англ.) мыпхуэдэу щыжыІат: «Къуэш, шыпхъухэр а илъэсым къахуэмыгъэсу пэплъэт» Ауэ абы иджыри щыжыІат: «КъэкІуэнум теухуауэ егъэлеяуэ дыгузэвэн хуейкъым, армыхъумэ, Зиусхьэным къытхуигъэфэща лэжьыгъэм ди акъылыр тедухуэну гугъу хъунущ». НтІэ, Библием и КъэхутакІуэхэм 1925 гъэм сыт къэхъун хуейуэ я гугъар? Абыхэм я гугъар къыщымыхъуам хъыбарыфІ гъэІуныр къамыгъэувыІэну сыт къадэІэпыкъуар?

ЗЫЩЫГУГЪАР КЪЭХЪУАКЪЫМ

Библием и КъэхутакІуэхэм щыщ куэдым я гугъэт 1925 гъэм щІылъэр Алыхьым жэнэт ищІыжыну. ИужькІэ абы теухуауэ УнафэщІ гупым хэта ди къуэш А́льберт Шрёдер мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «ЩІылъэм къытена помазанникхэр а гъэ дыдэм уафэм дыдэкІуеижыну дегупсыст. Абы нэмыщІ пасэрей зэманым Алыхьым хуэпэжу псэуа цІыхухъухэр, псалъэм папщІэ, Даутрэ Ибрэхьимрэ хуэдэхэр, лІахэм къахэтэджыкІыжу, щІылъэм пщыуэ тетын щІадзэну ди гугъэт». Ауэ а Іуэхугъуэхэр къыщымыхъуам къуэш, шыпхъу куэдым я гур абы хигъэщІащ (Прит. 13:12).

Библием и КъэхутакІуэхэм я гугъар къызэрымыхъуам емылъытауэ, абыхэм щыщ и нэхъыбэм хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэтакъым. Абы нэмыщІ Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жраІэн зэрыхуейр абыхэм нэхъыфІыжу къагурыІуэу хъуащ. Иджыпсту къэтщІэнщ къуэшхэм радиор къагъэсэбэпурэ щІыпІэ пхыдза нэгъуни хъыбарыфІыр зэрылъагъэІэсар.

РАДИОСТАНЦИЕЩІЭХЭР

1924 гъэм, WBBR зи цІэ радиостанциер лэжьэн щІидзащ икІи абы цІыху куэд зэредэІуам къыхэкІкІэ, къуэшхэм унафэ ящІащ иджыри зы радиостанцие лъэщ Чикаго (штат Иллино́йс) пэмыжыжьэу щаухуэну. Абы «WORD» цІэуэ фІащащ. А ухуэныгъэм хэта радиоинженер Ралф Леффле́р игу къигъэкІыжу жеІэ: «Радиостанцие «WORD» жыхуаІэр дэнкІи къыщеуэт. ЦІыхухэм ди нэтынхэм едэІуэну ягу ирихьт, псом хуэмыдэу, щІымахуэ пщыхьэщхьэхэм деж». Радиостанцием лэжьэн зэрыщІидзэрэ куэд дэмыкІыу, Чикаго километр 5 000 нэхърэ нэхъыбэкІэ пэжыжьэ Па́йлот-Сте́йшен къалэм (штат Аляска) къикІыу, къуэшхэм письмо къаІэрыхьащ. А письмом итт зы унагъуэ гуэрым гушхуэныгъэ къозыт духовнэ программэр фІыщІэ зэращІыр. Ар абыхэм къадэІэпыкъуат Алыхьми Библиеми теухуауэ нэхъыбэ къащІэну.

СэмэгурабгъумкІэ: батавие къалэм (штат Иллинойс) щыІэ станцие «WORD» жыхуаІэм и радиовышкэхэр

ИжьырабгъумкІэ: Ралф Леффлер радиостанцием щылажьэу

1925 гъэм, декабрым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» (англ.) щыжыІат радиостанцие «WORD» жыхуаІэр апхуэдизу жыжьэу къыщІэІуфыр сытым и фІыгъэми: «Абы къигъэсэбэп передатчикыр ватт 5 000 и лъэщагът икІи ар США-м щыІэ радиостанцие нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыт. А станцием и сигналыр США-м дэнкІи къыщиубыдт, уеблэмэ, Кубэми, Аляскэм нэхъ ищхъэрэ щІыпІэхэми. Ди нэтынхэм я фІыгъэкІэ цІыху куэдым пэжыр япэу зэхахащ икІи нэхъыбэ къащІэну гукъыдэж яІэ хъуащ».

Джордж Нейш

Библием и КъэхутакІуэхэр хуейт хъыбарыфІыр Канадэми радиокІэ щагъэІуну. 1924 гъэм абыхэм Саскату́н къалэм (провинцие Саска́чеван) радиостанцие «CHUC» зи цІэр щаухуащ. Диным пыщІауэ япэ дыдэу Канадэм щаухуа радиостанциехэм ар ящыщ зыт. 1925 гъэм а къалэм щыІэ къуэшхэм къагурыІуащ унэ кІуэцІ нэхъ ин зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ, а радиостанциер «Общество Сторожевой башни» жыхуаІэм и цІэкІэ ягъэуващ. Абыхэм театр щекІуэкІыу щыта унэжь Саскатун къыщащэхужри, ар зрахьэжа иужь, радиостанцие «CHUC» жыхуаІэр а унэм ягъэІэпхъуащ.

А радиостанцием и фІыгъэкІэ цІыху мащІэ фІэкІа щымыпсэу Саскачеван и щІыпІэхэми хъыбарыфІыр щыІуащ. ХъыбарыфІыр зэхэзыхахэм ящыщ зыщ миссис Грэм. Ар ди нэтынхэм ящыщ зым едэІуа иужь, къуэшхэм яхуитхри, Библием тегъэщІа тхыгъэхэр къыхурагъэхьыну елъэІуащ. Ди къуэш Джордж Нейш игу къегъэкІыж: «А письмомкІэ ар хуабжьу къыдэлъэІут „КхъыІэ девгъаджэ!“ жиІэу. Арати, „Исследования Писания“ жыхуаІэ тхылъхэр псори абы хуедгъэхьащ». Куэд дэмыкІыу, миссис Грэм щыпсэу щІыпІэм езым хъыбарыфІыр щигъэІуу щІидзащ.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ПЭЖЫР КЪЫДГУРЫІУАЩ

1925 гъэм, мартым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», «Рождение народа» жыхуиІэ статьяр къытрадзащ (урысыбзэкІэ ар 1925 гъэм, май мазэм къыдэкІащ). Ар мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжым тепсэлъыхьт. Библием и КъэхутакІуэхэм къагурыІуащ ШейтІаным езым и организацэ зэриІэр. Абы хохьэ жин бзаджэхэмрэ диным, коммерцием, политикэм пыщІа организацэхэмрэ. А статьямкІэ унэІут пэжым къыдгуригъэІуащ Иегови езым и организацэ зэриІэр (Мт. 24:45). Ар ШейтІаным и организацэм зыкІи гухьэкъым икІи ахэр зэпэщІэтщ. Абы нэмыщІ унэІут пэжым къыдгуригъэІуащ 1914 гъэм уафэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къызэрыщыунэхуар. А гъэ дыдэм «уафэм зауэ» къыщыхъейри, ШейтІанымрэ абы и мелыІычхэмрэ щІылъэм кърадзыхащ (Апок. 12:7—9).

Языныкъуэхэм а пэжыр къащтэну къегугъуэкІащ. Абыхэм щхьэкІэ а статьям мыпхуэдэ чэнджэщ итт: «„ХъумакІуэ чэщанэм“ еджэхэр мы упщІэм арэзы темыхъуэмэ, шыІэныгъэ яхэлъу, я гур къабзэу икІи набдзэгубдзаплъэу Зиусхьэным пэплъэну худогъэуш».

Ауэ Библием и КъэхутакІуэхэм щыщ я нэхъыбэм а статьяр ягу ирихьащ. Псалъэм папщІэ, Британием пионеру щылажьэ Том Эйр (а зэманым пионерхэм тхылъхэр къезыхьэкІкІэ еджэт) мыпхуэдэ гурыщІэхэр иІащ: «Апокалипсис 12 псалъащхьэм итыр къызэрыдгурагъэІуам хуабжьу ди гур хигъэхъуащ! Уафэм Пащтыхьыгъуэ къызэрыщыунэхуар къыщытщІам, абы теухуауэ псоми дадэгуэшэну дыхуейт. Дэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ жыджэру дыхэтын щІэддзащ икІи шэч лъэпкъ къытетхьэтэкъым къэкІуэну зэманым Иеговэ нэхъыбэжу Іуэху телъыджэхэр зэрищІэнум».

«ФЭ СЭ ФЫЗИЩЫХЬЭТЩ»

Нобэ дэ Исайя 43:10 ит псалъэхэр фІыуэ дощІэ: «Фэ сэ фызищыхьэтщ, — жеІэ Иеговэ, — фэ си лэжьакІуэу фыкъыхэсхащ». Ауэ 1925 гъэр къэсыху а едзыгъуэр ди тхыгъэхэм куэдрэ къыщагъэсэбэпакъым. Абы къыхэкІкІэ, а Іуэхум зыгуэр ещІэн хуейт. 1925 гъэм къриубыдэу Исайя 43:10, 12 ит псалъэхэр «ХъумакІуэ Чэщанэ» журналу пщыкІузым щызэпкърахауэ щытащ (англ.).

1925 гъэм, августым икІэм Библием и КъэхутакІуэхэр Индиана́полис (штат Индиа́на) щекІуэкІа конгрессым щызэхуэсащ. А конгрессым и программкэм Джо́зеф Рутерфо́рд и псалъэхэр итт: «Дэ мы конгрессым дыкъыщІэкІуар... Зиусхьэным къыбгъэдэкІ къарур зэдгъэгъуэту, гукъыдэж нэхъыбэ диІэу, хъыбарыфІ гъэІуным иужь дихьэжын икІи абы и щыхьэту дыщытын щхьэкІэщ». А махуийм къриубыдэу, абы щыІэхэр хуагъэушт, Іэмал яІэхукІэ, Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жраІэну.

Августым и 29, щэбэтым ди къуэш Рутерфорд «Призыв к действию» зи цІэ псалъэ гъэхьэзыра жиІащ. Абы къыхигъэщащ хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр икІи жиІащ: «Иеговэ и лъэпкъым жреІэ: „ Фэ сэ фызищыхьэтщ... сэ сы-Алыхьщ“. ИужькІэ абы гурыІуэгъуэу унафэр жиІащ: „Лъэпкъхэм щхьэкІэ дамыгъэр фІэт“. Лъэпкъхэм щхьэкІэ дамыгъэр зыІэтыфынур — ар Алыхьым и къару лъапІэр зрит закъуэхэращ икІи и щыхьэткІэ зэджэхэращ» (Ис. 43:12; 62:10).

Резолюциер зэрыт «Весть надежды» зи цІэ буклетыр.

«Весть надежды» зи цІэ буклетыр

Рутерфорд псалъэ гъэхьэзыра жиІа иужь, а конгрессым щыІа псоми «Весть надежды» зи цІэ резолюциер къащтащ. Абы щыжыІат «мамырыгъэр, ехъулІэныгъэр, узыншагъэр, гъащІэр, хуитыныгъэр икІи насып мыухыжыр» къыдэзытыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэрауэ зэрыщытыр. ИужькІэ а резолюциер бзэ зыбжанэкІэ зэрадзэкІри, ар буклету мелуан 40 хуэдизкІэ къыдагъэкІащ.

Библием и КъэхутакІуэхэм «Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр зрахьэу щыщІадзар илъэс зыбжанэ дэкІа иужьщ. Ауэ 1925 гъэм абыхэм къагурыІуэу щІадзащ Иеговэ теухуауэ цІыхухэм жепІэным икІи абы и Щыхьэту ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

БИБЛИЕМ И КЪЭХУТАКІУЭХЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЫФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭН ХЪУАХЭМ ДЕЖ ТРАГЪЭЗЭЖУ ЩІАДЗАЩ

Библием и КъэхутакІуэхэм я бжыгъэр дуней псом щыхэхъуэт. Абы къыхэкІкІэ, ди организацэм ахэр хуигъэушт ди тхыгъэхэр ягуэш къудейуэ щымыту, атІэ хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм деж трагъэзэжыну. «Весть надежды» зи цІэ буклетыр щагуэша компаниер екІуэкІа иужь, «Бюллетеным»a щыжыІат, буклет къызыхуагъэнахэм деж трагъэзэжын хуейуэ.

1925 гъэм, январь мазэм къыдэкІа «Бюллетеным» къыщыхьат Пла́но къалэм (штат Техас) щыщ Библием и КъэхутакІуэ гуэрым и псалъэхэр: «ГъэщІэгъуэныращи, хъыбарыфІыр щыдгъэІуа щІыпІэхэм цІыхухэр нэхъыфІу къыдодаІуэ, зэи дыздэщымыІа щІыпІэхэм нэхърэ. Зы къалэ цІыкІу гуэрым, илъэсипщІым къриубыдэу, хъыбарыфІыр тхуэ щыдгъэІуат. ...Ауэ ди шыпхъу Хе́ндриксрэ си анэмрэ а къалэм аргуэру кІуэри, зэи хуэмыдэу, тхылъ куэд щагуэшащ».

Панамэ щыщ, ди тхыгъэхэр къезыхьэкІыу щыта ди зы къуэшми мыпхуэдэу итхат: «ЦІыху куэдыр япэ щІыкІэ къызэпсэлъэну хуейтэкъым, ауэ етІуанэу икІи ещанэу щытезгъэзэжым деж абыхэм я еплъыкІэр яхъуэжт. Иджы мы илъэсым сэ и ныхъыбэм сыздэкІуэр хъыбарыфІым теухуауэ сызэпсэлъахэм я дежщ икІи апхуэдэу зэрысщІэм фІыгъуэ куэд къыпокІуэ».

КЪЭКІУЭНЫМ ТЕУХУАУЭ ДИІЭ МУРАДХЭР

1925 гъэм ди къуэш Рутерфорд ди тхыгъэхэр къезыхьэкІхэм письмо яхуитхат. Ди къуэшым къыхигъэщат а илъэсым хъыбарыфІ гъэІунымкІэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр яІами икІи адэкІи сыт хуэдэ мурадхэр ягъэув хъунуми. А письмом мыпхуэдэу итт: «Мы илъэсым цІыху куэдыр гупсэхугъуэ хуэныкъуэт икІи абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфар дэ ди гуапэщ. [...] КъыкІэлъыкІуэ илъэсым дэ Іэмал куэд диІэнущ лъэпкъхэм щхьэкІэ дамыгъэр тІэтыну икІи Алыхьымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ цІыхухэм яжетІэну. [...] Аращи, адэкІи ди Алыхьымрэ ди Пащтыхьымрэ хэІэтыкІауэ дывгъэгъэлъапІэ».

1925 гъэм икІэм къуэшхэм унафэ ящІат Бруклин щыІэ Вефилыр нэхъ ин ящІыну. Апхуэдэ ухуэныгъэшхуэ ди организацэм зэи ищІатэкъым. А ухуэныгъэр 1926 гъэм щІадзэн хуейт.

Къуэшхэм ухуэныгъэр кърагъэжьа къудейуэ.

1926 гъэм, Бруклин (Нью-Йорк) Адамс-стрит уэрамым ухуэныгъэр щрагъэкІуэкІ

a Иджыпсту ар «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъыращ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын