Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Притчи 30:18, 19 щыжыІащ, «щІалэм хъыджэбзым гъуэгу зэрыхуищІыр» къыбгурыІуэну гугъуу зэрыщытыр. Сыт абы къикІыр?
Притчи 30:18, 19 ит псалъэхэр цІыху куэдым, уеблэмэ, Библием елэжь щІэныгъэлІхэми и кІэм нэс къагурыІуэкъым. «ДунеищІэкІэ» еджэу зэдзэкІа Библием а едзыгъуэхэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «СфІэгъэщІэгъуэну Іуэхугъуищ щыІэщ, уеблэмэ, къызгурымыІуэр ІуэхугъуиплІ мэхъу: уафэм ит бгъэм и хуэрэзэкІэр, блэм къырым къызэрыщипщэпщыхьыр, хым тет кхъухьым и есыкІэр икІи щІалэм хъыджэбзым гъуэгу зэрыхуищІыр».
Япэм щыгъуэ дэ ди гугъэу щытащ «щІалэм хъыджэбзым гъуэгу зэрыхуищІыр» жыхуиІэ псалъэхэр Іуэхугъуэ Іейм тепсэлъыхьу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а едзыгъуэхэм ипи иужьи ит пычыгъуэхэр Іейм топсэлъыхь. Псалъэм папщІэ, 15, 16 едзыгъуэхэм (Гъэсэпэтхыдэхэр) «ирикъунщ» жызмыІэнухэм и гугъу ящІ, 20 едзыгъуэр зи щхьэгъусэм епцІыжу «мыхъун гуэри сщІакъым» жызыІэ цІыхубзым топсэлъыхь. Дэ мыпхуэдэу дегупсыст: уафэм ит бгъэм, къырым къыщызыпщэпщыхь блэм, хым тет кхъухьым лъагъуэ къагъанэкъым. Апхуэдэ дыдэу, гу лъомытэххэу цІыхухъум хъыджэбзым и гум гъуэгу хуещІ. Абы къыхэкІкІэ, дэ дегупсыст «щІалэм хъыджэбзым гъуэгу зэрыхуищІыр» жыхуиІэ псалъэхэм, цІыхухъум бзаджагъэкІэ къэгъэпцІэгъуафІэу щыт хъыджэбзыр къыдихьэхыу къикІыу.
Ауэ Притчи 30:18, 19 ит псалъэхэр фІы гуэрым тепсэлъыхьу къыщІэтлъытэн щхьэусыгъуэхэр диІэщ. А псалъэхэр зытхам езым и фІэгъэщІэгъуэн хъу Іуэхугъуэхэм тепсэлъыхьу арат.
Масоретхэм журтыбзэкІэ ятха Іэрытххэри а гупсысэм щыхьэт тохъуэ. Библием тепсэлъыхь зы справочникым зэритымкІэ, Притчи 30:18 ит «къызгурымыІуэ» жиІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм къикІыфынущ «зыми емыщхь, зэи къэмыхъун телъыджэ гуэр» (Ernst Jenni, Claus Westermann. Theologisches Handwörterbuch zum Alten Testament).
«Гарвардский университет» жыхуаІэм и профессор Кро́уфорд Той апхуэдэ гупсысэми къыхуэкІуащ. Абы жиІащ а едзыгъуэхэм Іуэхугъуэ Іейм и гугъу зэрамыщІыр. А профессорым къыхигъэщащ: «Мыбдеж зигу ищІыр а псалъэхэр зытхам езым и фІэгъэщІэгъуэн хъу Іуэхугъуэхэрауэ къыщІэкІынущ» (Crawford H. Toy. A Critical and Exegetical Commentary on the Book of Proverbs).
Аращи, Притчи 30:18, 19 ит псалъэхэм зи гугъу ящІыр гъэщІэгъуэныщэу икІи къыбгурыІуэну гугъуу щыт Іуэхугъуэрауэ къыщІэкІынущ. Притчи 30 псалъащхьэр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ. Абы хуабжьу и фІэгъэщІэгъуэнт бгъэр уафэм зэрыщыхуарзэр, блэм къырым къызэрыщипщэпщыхьыр, кхъухьыр хым зэрытетыр икІи щІалэмрэ хъыджэбзымрэ фІыуэ зэрылъагъуу, унагъуэ насыпыфІэ зэраухуэр.