ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Сентябрь н. 32
  • Хьисэ «жыІэдаІуэныгъэм зригъэсащ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хьисэ «жыІэдаІуэныгъэм зригъэсащ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Сентябрь н. 32

БИБЛИЕМ УЩРИХЬЭЛІЭ ПСАЛЪЭХЭР

Хьисэ «жыІэдаІуэныгъэм зригъэсащ»

Хьисэ сыт щыгъуи Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щытащ (Ин. 8:29). Сыт-тІэ Библием щІыжиІэр абы «гугъуехьхэр ишэчурэ, жыІэдаІуэныгъэм зригъэсауэ»? (Евр. 5:8, ДЩІ).

Хьисэ уафэм зыпэщІэмыхуа Іуэхугъуэхэм щІылъэм щыпэщІэхуащ. Абы и адэ-анэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуми, ахэр гуэныхьлыуэ щытт (Лк. 2:51). Напэ зимыІэ дин пашэхэмрэ захуагъэм темыт тепщэхэмрэ абы лей къытрагъэхьащ (Мт. 26:59; Мар. 15:15). Абы нэмыщІ Хьисэ «езым зигъэлъахъшэри, щылІэнум нэсыху, Тхьэм хуэІурыщІащ» икІи и псэм хьэзаб телъу лІащ (Флп. 2:8).

Ар щІылъэм щыщыІам жыІэдаІуэныгъэм щІэрыщІэу зригъэсэн хуейуэ жыпІэ хъунут. Абы и фІыгъэкІэ Хьисэ ди гурыщІэхэр фІыуэ къызыгурыІуэ Пащтыхь икІи Дин пашэшхуэ хъуащ (Евр. 4:15; 5:9). Ар сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ имыхуами, Иеговэ хуэжыІэдаІуэу къэнащ икІи абы дежкІэ нэхъ лъапІэ хъуащ. Дэри гугъуехь дыщиІэм деж жыІэдаІуэу дыщытмэ, Иеговэ дежкІэ нэхъ лъапІэ дохъу икІи абы къалэныщІэхэр къыдитыфынущ (Екъуб 1:4).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын