ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Июль н. 20—25
  • Арэзыуэ дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Арэзыуэ дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ФІЫЩІЭ УИ ГУМ ИГЪЭЛЪ
  • ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭГЪЭЛЪ
  • ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪЭ ПСАЛЪЭХЭМ ЕГУПСЫС
  • «АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ ЗИІЭХЭМ ЗЫХУЭНЫКЪУЭ ПСОРИ ЯІЭНУЩ»
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Пэжымрэ пцІымрэ зэхэбгъэкІыу зегъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Июль н. 20—25

31 СТАТЬЯР

111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

Арэзыуэ дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

«Сэ сыт къысщыщІми... сыарэзыуэ зезгъэсащ» (ФЛП. 4:11).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ФІыщІэ зэрытщІыр, Іэдэбагъ зэрыдгъэлъагъуэр икІи Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм дызэрегупсысыр арэзыуэ дыщытыну дауэ къыддэІэпыкъуми.

1. Арэзыуэ ущытыным сыт къикІыр икІи сыт абы къимыкІыр?

УЭ УЦІЫХУ насыпыфІэу икІи гъащІэмкІэ уарэзыуэ зыкъэплъытэжрэ? ГъащІэмкІэ арэзы цІыхум Иеговэ къыхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хуещІ икІи абы и гум гуфІэгъуэрэ мамырыгъэрэ илъщ. Зыхуейр зэримыІэм ар къигъэгубжькъым икІи абы щхьэкІэ и жагъуэ ищІкъым. Арэзыуэ ущытыным къикІкъым зыми уемыхъуапсэу икІи зыми ухущІэмыкъуу упсэун хуейуэ. Псалъэм папщІэ, Библием дыхуегъэуш Иеговэ нэхъыбэ зэрыхуэтщІэн Іэмал къэтлъыхъуэну (Рим 12:1; 1 Тим. 3:1). Ауэ, арэзыуэ щыт цІыхум зэхъуапсэ къалэнхэр зэрыхуейм хуэдэу псынщІэу кърамытми, гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдкъым.

2. Арэзыуэ щымыт цІыхур сыт хуэдэ шынагъэхэм пэщІэхуэфыну?

2 Арэзыуэ щымыт цІыхур сыт хуэдэ шынагъэхэм пэщІэхуэфыну? ЗиІэр зыфІэмащІэр жэщи махуи лэжьэфынущ, Іейуэ зыхуэмыныкъуэ хьэпшыпхэр къищэхун щхьэкІэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэр щыдыгъуаи къэхъуащ. Ахэр мыпхуэдэу егупсыс хъунт: «Сэ ар схуэфащэщ», «Сэ иджыпсту абы Іейуэ сыхуэныкъуэщ» е «Къэсщта ахъшэр иужькІэ естыжынущ». Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ абы имыІами, дыгъуэным Алыхьым и цІэр егъэулъий икІи апхуэдэ гуэныхьыр абы и гум йоуэ (Прит. 30:9). Хэти организацэм зыщІэхъуэпс къалэныр къыщрамытам щыгъуэ, апхуэдизкІэ ар и жагъуэ хъуати, Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтащ (Гал. 6:9). Алыхьым и лэжьакІуэм дауэ и Іуэхур абы нигъэса? ИІэмкІэ арэзыуэ щымытыжу зэрыхъуарауэ къыщІэкІынущ абы и щхьэусыгъуэр.

3. Филиппи 4:11, 12 ит псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?

3 Апостол Паул жиІащ: «Сэ сыт къысщыщІми... сыарэзыуэ зезгъэсащ». (Къеджэ Филиппи 4:11, 12.) Абы мы псалъэхэр щитхар унэм къыщІэкІыну хуимыту щаубыда зэманыращ. Зэрытлъагъущи, и Іуэхур щымытыншми, Паул гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым. Ар и гъащІэмкІэ арэзыт, дэри ди гъащІэр дапхуэдэу гугъуу щымытами, арэзыуэ дыщытыфынущ. Ауэ ар езыр-езыру къыдэхъулІэнукъым, дэ абы зыхуедгъэсэн хуейщ. АбыкІэ къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэм дытепсэлъыхьынщ.

ФІЫЩІЭ УИ ГУМ ИГЪЭЛЪ

4. ЦІыхум и гум фІыщІэ зэрилъыр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъур насыпыфІэу икІи арэзыуэ щытыну? (1 Фессалоникэ 5:18).

4 ФІыщІэ зи гум илъ цІыхур насыпыфІэщ икІи арэзыуэ щытщ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:18.) Псалъэм папщІэ, дызыхуэныкъуэр дызэриІэмкІэ дыарэзымэ, димыІэм щхьэкІэ егъэлеяуэ дыгузэвэнукъым, абы дэ Іейуэ дехъуапсэу щытми. Ди организацэм щыдгъэзащІэ къалэнхэр лъапІэу тлъытэмэ, псом япэу дызэгупсысынур иджыри нэгъуэщІ къалэнхэр къызэрыдатыныракъым, атІэ диІэ къалэнхэр нэхъыфІыжу зэрыдгъэзэщІэныращ. ГъэщІэгъуэнкъым Библием дызэрыхуигъэушыр Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэу фІыщІэ хуэтщІыну. Абы щыгъуэ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр» диІэнущ (Флп. 4:6, 7).

5. Израил цІыхухэм Иеговэ фІыщІэ хуащІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр яІэт? (Сурэтми феплъ.)

5 Израил лъэпкъым къыщыщІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Ахэр куэдрэ Иеговэ хуэтхьэусыхэт Мысырым щашхыу щыта шхыным зэрыхуэзэшыр жаІэурэ (Чис. 11:4—6). ДауикІ, губгъуэ нэщІым ущыпсэуну тынштэкъым, ауэ арэзыуэ щытыну сытыт абыхэм къадэІэпыкъунур? Я гум фІыщІэ илъу ахэр егупсысын хуейт Иеговэ къахуищІа псом. Мысырым ахэр пщылІу щыІэт икІи мысыр цІыхухэр абыхэм гущІэгъуншэу къахущытт. Ауэ Иеговэ мысыр цІыхухэм тезырипщІ ятрилъхьэри, и лъэпкъыр хуит ищІыжат. Израил цІыхухэр Мысырым къыщикІыжым щыгъуэ абы щыпсэухэм я дыщэ, дыжьын икІи щыгъын куэду къыздащтащ (Исх. 12:35, 36). Хы Плъыжьым и Іуфэм щынэсам къапхъэным ихуа хуэдэу абыхэм къащыхъуат, ауэ Иеговэ телъыджэу хыр зэгуигъэкІащ. Губгъуэ нэщІым иту къыщакІухьым Алыхьым абыхэм махуэ къэс мэнн шхыныгъуэр яритт. Сытыт-тІэ израил цІыхухэр щІэтхьэусыхэр? Зрикъун шхын абыхэм ямыІэу аратэкъым, атІэ я гум фІыщІэ имылъу арат.

Языныкъуэ израил цІыхухэм мэнн шхыныгъуэр яужэгъуауэ Мусэ хуотхьэусыхэ, адрейхэр къэхъум кІэлъоплъ икІи а шхыныгъуэр адэкІи зэхуахьэс.

Израил цІыхухэр щІэмыарэзыр сытыт? (5 абзацым феплъ.)


6. Ди гум фІыщІэ илъыну сыт къыддэІэпыкъунур?

6 Уи гум фІыщІэ илъыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Япэрауэ, уи гъащІэм фІы хэлъым махуэ къэс егупсыс. Псалъэм папщІэ, махуэм къриубыдэу уиІа фІыгъуэ зыбжанэм теухуауэ зыщІыпІэ иптхэ хъунущ (Плач 3:22, 23). ЕтІуанэрауэ, уи гум илъ фІыщІэр псалъэкІи ІуэхукІи къэгъэлъагъуэ. Иегови цІыхухэми къыпхуащІэр фІыщІэ пщІыну зыщумыгъэгъупщэ (Пс. 75:1). Ещанэрауэ, фІыщІэ зи гум илъ цІыхухэр гъэныбжьэгъу, уэри абыхэм уадэплъеин щхьэкІэ. Тхьэусыхэрейхэр пэшэгъу пщІымэ, уэри абыхэм ещхь ухъуфынущ (Втор. 1:26—28; 2 Тим. 3:1, 2, 5). ЦІыхум и гум фІыщІэ илъмэ, ар тхьэусыхэрейуэ щытынукъым.

7. Сыт ди шыпхъу Ачи къыдэІэпыкъуар гуфІэгъуэ зэригъэгъуэтыжыну?

7 Индонезием щыпсэу ди шыпхъу А́чи къыддогуашэ: «COVID-19 пандемием щыщІидзам, сэ адрейхэм зезгъапщэу щІэздзат. Абыхэм я Іуэхур сысейм нэхърэ нэхъыфІу къысщыхъути, абы си гурыфІыгъуэр сфІигъэкІуэдащ» (Гал. 6:4). Ачи и гупсысэкІэр ихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ: «Сэ Иеговэ махуэ къэс къысхуищІэ тыгъэхэм нэхъыбэу гу лъыстэу щІэздзащ. Абы нэмыщІ Алыхьым и организацэм сызэрыхэтым къысхуихь фІыгъуэхэм сегупсыст икІи абы щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэсщІт. А псор сэ къыздэІэпыкъуащ нэгъэсауэ насыпыфІэ сыхъуну икІи арэзыуэ сыщытыну». Гупсысэ Іейхэр уэри къыптегуплІэмэ, ди шыпхъу Ачи щапхъэ тепх хъунущ.

ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭГЪЭЛЪ

8. Барух гуфІэгъуэр щІыфІэкІуэдар сытыт?

8 Бегъымбар Иеремие и дэІэпыкъуэгъу Барух зы зэманкІэ гуфІэгъуэр фІэкІуэдат. Пэжщ, абы и пщэм дэлъ къалэныр тынштэкъым: Иеремие и гъусэу фІыщІэ зи гум имылъ лъэпкъым хъыбар шынагъуэ жриІэн хуейт. Ауэ Барух и акъылыр зытриухуар Иеговэ зыхуейратэкъым, атІэ езыр зыхуейрат. Иеремие къигъэсэбэпу, Иеговэ Барух жриІащ: «Уи щхьэм щхьэкІэ уэ куэд къыболъыхъуэ. Къомылъыхъуэ» (Иер. 45:3—5). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым жиІэну зыхуейр мырат: «Нобэ уи Іуэхур зыІутымкІэ арэзыуэ щыт». Барух а чэнджэщым зэредэІуам и фІыгъэкІэ, Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр ихъумащ.

9. 1 Коринф 4:6, 7 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? (Сурэтхэми феплъ.)

9 Алыхьым и лэжьакІуэм иныкъуэм деж игугъэфынущ къалэн гуэрыр езым зэрыхуэгъэзэщІэнум хуэдэу нэгъуэщІым зыми хуэмыгъэзэщІэну. Ар лэжьакІуэшхуэу, зэфІэкІ иІэу, икІи а лэжьыгъэм фІыуэ хищІыкІыу щытыфынущ. Ауэ зыщыгугъа къалэныр нэгъуэщІым иратмэ-щэ? Сыт абы къыдэІэпыкъунур гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэдыну? 1 Коринф 4:6, 7 (къеджэ) ит Паул и псалъэхэм ар егупсыс хъунущ. Ди зэфІэкІхэри къытхуагъэфащэ къалэнхэри Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ. Алыхьым ахэр къыщІыдитар адрейхэм нэхърэ дынэхъыфІу аракъым, атІэ къэдмылэжьауэ фІыуэ дыкъелъагъури аращ (Рим 12:3, 6; Еф. 2:8, 9).

Коллаж «Къуэш, шыпхъухэм къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр ягъэзащІэ»: 1) къуэшыр ди организацэм иухуа унэм кІэлъоплъ; 2) шыпхъум районнэ конгрессым интервью бзагуэбзэкІэ щет; 3) къуэшым гъэхьэзыра псалъэ зэхуэсым щыжеІэ.

Ди зэфІэкІхэри къытхуагъэфащэ къалэнхэри Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ (9 абзацым феплъ.)b


10. Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур?

10 Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур? Хьисэ Мэссихь и щапхъэм дызэрегупсысыращ. Ар яукІыным ипэ къихуэу къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ ищІэт ар Алыхьым и Къуэу зэрыщытыр икІи тепщэныгъэшхуэ зэриІэр. Абы емылъытауэ, Хьисэ апостолхэм я лъакъуэхэр итхьэщІащ. Иуан итхыжащ: «И ІэмыщІэм Адэ лъапІэм псори къызэрырилъхьари... Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищІэрти, Хьисэ Іэнэм пэрыкІщ... Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикІуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІри, и бгым иришэкІа напэІэлъэщІымкІэ яхуилъэщІыжу щІидзащ» (Ин. 13:3—5). Хьисэ «сэ фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщІын хуейуэ аракъым, атІэ фэ си лъакъуэр схуэфтхьэщІын хуейуэ аращ» жиІэу егупсысыфынут. Ауэ ар щІылъэм щытетам зэи тхьэусыхэу щытакъым. Абы игугъэтэкъым ар Алыхьым и Къуэу зэрыщытым щхьэкІэ унэшхуэ иІэн, ахъшэшхуэ бгъэдэлъын икІи тыншу, зыхуейр игъуэту псэун хуейуэ (Лк. 9:58). Хьисэ Іэдэбагъ хэлъти, иІэмкІэ арэзыт. Ар дэ щапхъэфІ тхуохъу (Ин. 13:15).

11. Дапхуэдэу Деннис Іэдэбагъыр къызэрыдэІэпыкъур насыпыфІэу икІи иІэмкІэ арэзыуэ щытыну?

11 Нидерланды щыщ ди къуэш Де́ннис Хьисэ хуэдэу Іэдэбу щытыну хущІокъу, ар тыншу щымытми. Абы жеІэ: «Сызэхъуапсэ къалэныр нэгъуэщІым щратым деж, сэ гу лъызотэ сызэрымыарэзым икІи пагагъэ зэрысхэлъым. Апхуэдэм деж, сэ занщІэу Іэдэбагъым теухуауэ седжэу щІызодзэ. JW Library® приложением «Іэдэбагъ» зыфІэсща тегым едзыгъуэ зыбжанэ истхауэ сиІэщи, псынщІэу къызэІусхыу абыхэм седжэжыну Іэмал сиІэщ. Абы нэмыщІ Іэдэбагъым теухуауэ псалъэ гъэхьэзыра зыбжанэ си телефоным илъщи, абыхэми щІэх-щІэхыурэ содаІуэa. Сэ къызгуроІуэ, сыт хуэдэ къалэн сымыгъэзащІэми, абыкІэ Иеговэ згъэлъэпІэн зэрыхуейр икІи гулъытэ лей къэслъыхъуэн зэрыхуэмейр. Алыхьым и Іуэхум сэ хэсщІыхьыр зэрымащІэр зыщызгъэгъупщэн хуейкъым». Зэхуэсым щыбгъэзащІэ къалэнхэмкІэ умыарэзымэ, къалэн нэхъыбэ къыуатын хуейуэ аракъым, атІэ Іэдэбагъым нэхъыбэу уелэжьын хуейуэ аращ. Іэдэбагъыр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ пщІыну, насыпыфІэу икІи уиІэмкІэ арэзыуэ ущытыну (Екъуб 4:6, 8).

ИЕГОВЭ ДЫКЪЫЗЭРИГЪЭГУГЪЭ ПСАЛЪЭХЭМ ЕГУПСЫС

12. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ сыт хуэдэ псалъэхэра къыддэІэпыкъур насыпыфІэу икІи арэзыуэ дыщытыну? (Исайя 65:21—25).

12 Сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъур насыпыфІэу икІи арэзыуэ дыщытыну? ГъащІэ дахэ къытпэщылъым дызэрегупсысыращ. А гъащІэр Иеговэщ къыдэзытынур. Бегъымбар Ешайа итхыжа тхылъым къызэрыхэщымкІэ, Алыхьым къыгуроІуэ иджыпсту ди гъащІэр хьэлъэу зэрыщытыр. Абы дыкъегъэгугъэ гугъуехь псори Іуихыжыну. (Къеджэ Исайя 65:21—25.) Дэтхэнэ зыми зыхуей хуэза унэ, лэжьыгъэ гъэщІэгъуэн, шхыныгъуэ ІэфІ берычэту диІэнущ. Ди бынхэми дэри Іей гуэр къытщыщІыфыну апхуэдэ шынагъэ зэи щыІэжынукъым (Ис. 32:17, 18; Иез. 34:25). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр псори зэригъэзэщІэжынум.

13. ГъащІэ дахэ къытпэщылъым дызэрегупсысыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну?

13 Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм щІэх-щІэхыурэ дегупсысыным нобэ псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт щхьэкІэ? Дэ «иужьрей махуэхэм» дыщопсэу икІи гъащІэр егъэлеяуэ гугъущ (2 Тим. 3:1). Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ махуэ къэс Іущагърэ къарурэ къыдет (Пс. 145:14). Ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну дэ иджыри къыддоІэпыкъу дунеищІэм теухуауэ диІэ гугъапІэр. Уэ куэду улажьэмэ, ауэ къэблэжь ахъшэр уи унагъуэм ерагъмыгъуейуэ ирикъуу арамэ, абы къикІрэ уи кІэтІийр уи вакъэпсу сыт щыгъуи епхьэкІын хуейуэ? Хьэуэ, къикІкъым! Иеговэ укъегъэгугъэ узыхуэныкъуэ псор, уеблэмэ, абы нэхърэ нэхъыбэж жэнэтым къыщыуитыну (Пс. 9:18; 72:12—14). Махуэ къэс узыфэ хьэлъэм, псалъэм папщІэ депрессием, уебэнын хуей хъумэ, абы къикІрэ уи гугъуехьым зэи кІэ имыІэну икІи узыншэу ущытыныр зищІысыр зэи къомыщІэну? ДауикІ, къикІкъым! Алыхьым иухуэжыну жэнэтыщІым узи лІэныгъи афІэкІа щыІэжынукъым (Апок. 21:3, 4). А гугъапІэр къыддоІэпыкъу, ди гугъуехьхэм емылъытауэ, зэпІэзэрыту дыкъэнэну икІи насыпыфІэу дыщытыну. Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къытхущытми, фІыуэ тлъагъу цІыхур лІэныгъэм тІэщІихами е нэгъуэщІ гугъуехь дыпэщІэхуами, дэ гуфІэгъуэмрэ мамырыгъэмрэ зыфІэдгъэкІуэдкъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Дэ дощІэ Иеговэ дунеищІэм «иджы гузэвэгъуэ... кІэщІу дызыхэтыр» зэрыІуихыжынур (2 Кор. 4:17, 18).

14. Уи гугъапІэр дауэ нэхъ быдэ зэрыпщІ хъунур?

14 Къызэрытлъэгъуащи, ди гугъапІэр къыддоІэпыкъу арэзыуэ икІи насыпыфІэу дыщытыну. Аращи, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Зы щапхъэ къэтхьынщ. Иныкъуэм деж, жыжьэу щыІэр къилъэгъун щхьэкІэ цІыхум нэгъуджэ зыІуелъхьэ. Абы ещхьу, жэнэтыщІ къытпэщылъыр «къэтлъэгъун» щхьэкІэ, дэ абы дыщыІэу ди нэгу къыщІэдгъэхьэн хуейщ. Нобэ уи унагъуэр зэрыбгъэшхэным уригузавэмэ, уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ ахъши, щІыхуи, къулейсызагъи здэщымыІэну дунеищІэм ущыІэу. УзыхущІэкъу къалэныр къызэрыуамытым уигъэнэщхъеймэ-щэ? Илъэс мин бжыгъэ дэкІмэ уиІэну гъащІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Уэ цІыху дагъуэншэу ущытынущ икІи гъащІэм гуфІэгъуэ куэд къыпхуихьынущ (1 Тим. 6:19). Иджыпсту узэхъуапсэ къалэныр узэримыІэм абы щыгъуэ уигъэгузэвэжыну? Зыгуэрым жиІэфынущ: «АпхуэдизкІэ гугъуехьхэм сыщІагъэнащи, нэгъуэщІ зыгуэрым сегупсысыну къару лъэпкъ сиІэкъым». Пэжщ, къытпэщылъ фІыгъуэхэр уи нэгу къыщІэбгъэхьэну гугъуу щытынкІэ хъунущ. Ауэ хуэм-хуэмурэ абы зыпхуегъэсэнущ.

15. Ди шыпхъу Кристэ и щапхъэм сытым ухуигъасэрэ?

15 ИпэкІэ зи гугъу тщІа Деннис и щхьэгъусэ Кри́стэ зэдгъэцІыхунщ. Ар къыддогуашэ: «Си узыфэ хьэлъэм и ягъэкІэ сэ къару лъэпкъ сиІэкъым икІи инвалиднэ креслэм сисын хуей мэхъу. Инэхъыбэм пІэм сыхэлъщ, узми увыІэгъуэ иІэкъым. Куэд мыщІэу дохутырым къызжиІащ си узыр нэхъ Іей хъу фІэкІа нэхъыфІ зэрымыхъужынур. Абы щыгъуэ сэ занщІэу сегупсысащ: „Ущоуэ уэ! Узыншэ дыдэ сыхъужынущ! Ди къэкІуэным теухуауэ сэ сщІэр уэ пщІэкъыми аращ“. Си гури си акъылри гугъапІэ дахэм зэрытезухуэм сэ гупсэхугъуэ къызет. Нобэрей дунеижьым гугъуехь куэд щызиІэми, сэ быдэу си фІэщ мэхъу дунеищІэм си гъащІэр гуфІэгъуэкІэ гъэнщІауэ зэрыщытынур!»

«АЛЫХЬ ФІЭЛІЫКІ ЗИІЭХЭМ ЗЫХУЭНЫКЪУЭ ПСОРИ ЯІЭНУЩ»

16. «Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэм зыхуэныкъуэ псори яІэнущ» жыхуиІэ псалъэхэмкІэ сыт Даут жиІэну зыхуеяр?

16 Дэ ди гъащІэмкІэ арэзыуэ дыщытми, абы къикІкъым гугъуехь зыри димыІэну. Дигу къэдгъэкІыжынщ пащтыхь Даут. Абы нэхъ мащІэ дыдэу и къуищым я лІэныгъэр илъэгъуащ. Даут пцІы къытралъхьащ, дзыхь зыхуищІхэр къепцІыжащ икІи иукІыну къэзылъыхъуэ пащтыхь Щаул илъэс куэдкІэ зыщигъэпщкІун хуей хъуащ. А гугъуехь псом емылъытауэ, абы Иеговэ щхьэкІэ жиІащ: «Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэм зыхуэныкъуэ псори яІэнущ» (Пс. 34:9, 10). Дэри нобэ гугъуехь зыри димыІэну дыщыгугъкъым, ауэ Иеговэ дызыхуэныкъуэр къызэрыдитынум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (Пс. 145:16). Алыхьыр къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэлъэщыну икІи мамырыгъэмрэ гуфІэгъуэмрэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну.

17. Арэзыуэ дыщыту зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

17 Иеговэ хуейщ дэ фІым дыхуэзэну (Пс. 131:1, 2). Арэзыуэ дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунуми абы къыдгуригъэІуащ. Аращи, мы статьям ит чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп: фІыщІэ уи гум игъэлъ, Іэдэбагъ зыхэгъэлъ икІи гъащІэ дахэ къытпэщылъым егупсыс. Абы щыгъуэ уэ жыпІэфынущ: «Сэ сыт къысщыщІми... сыарэзыуэ зезгъэсащ» (Флп. 4:11).

АРЭЗЫУЭ УЩЫТЫНУ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ЧЭНДЖЭЩХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР?

  • ФІыщІэ уи гум игъэлъ

  • Іэдэбагъ зыхэгъэлъ

  • ГъащІэ дахэ къытпэщылъым егупсыс

118 УЭРЭДЫР «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

a Псалъэм папщІэ, «Иегова заботится о смиренных», «„Гибели предшествует гордость“» жыхуиІэ видеохэм уеплъ хъунущ. Ахэр jw.org сайтым къыщыбгъуэтынущ.

b СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр ди организацэм иухуа унэм кІэлъоплъ; шыпхъум районнэ конгрессым интервью бзагуэбзэкІэ щет; къуэшым гъэхьэзыра псалъэ зэхуэсым щыжеІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын