18 СТАТЬЯР
65 УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!
Къуэш ныбжьыщІэхэ, Маркрэ Тимофейрэ щапхъэ ятефх
«Марк къыздэши, къакІуэ, абы и дэІэпыкъуэныгъэ си ІуэхумкІэ сыхуейщи» (2 ТИМ. 4:11).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Къуэш ныбжьыщІэхэм Маркрэ Тимофейрэ сыткІэ щапхъэ трах хъунуми, нэгъуэщІхэм нэхъыфІыжу ядэІэпыкъун щхьэкІэ.
1, 2. Маркрэ Тимофейрэ Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ сытыт зэран къахуэхъуфынур?
КЪУЭШ ныбжьыщІэхэ, Иеговэ нэхъыбэ хуэфщІэну икІи фи зэхуэсым щыщхэм нэхъ жыджэру фадэІэпыкъуну фыхуейт? Апхуэдэ гукъыдэж фызэриІэм дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Сыту гуапэ дэІэпыкъуэгъу хъуну хьэзыр къуэш ныбжьыщІэ куэд дызэриІэр! (Пс. 110:3). Ауэ уэ зэран къыпхуэхъу Іуэхугъуэхэри щыІэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, сыт хуэдэ къалэн къыуатынуми зэрумыщІэм уигъэгузэвэнкІэ хъунущ е зыри пхузэфІэмыкІыну уи гугъэу, къалэн гуэрхэр къэпщтэну утемыгушхуэнкІэ хъунущ. Пэжыр жыпІэмэ, апхуэдэ гурыщІэхэр куэдым яІэщ.
2 Марки Тимофеи апхуэдэ гурыщІэхэр яІауэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытами, Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ абыхэм шынэр зытрагъэкІуакъым. Паулрэ Варнавэрэ щІыпІэ жыжьэхэм хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ япэу гъуэгуанэ щытеувам щыгъуэ, абыхэм Марк гъусэ ящІащ. Ар а зэманым зыхуей игъуэту и анэм и гъусэу псэуауэ къыщІэкІынущ (Апост. 12:12, 13, 25). Ауэ Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ Марк и щІыпІэр къигъэнэну хьэзырт. ЯпэщІыкІэ ар Антиохие Іэпхъуащ, иужькІэ Паулрэ Варнавэрэ я гъусэу нэгъуэщІ щІыпІэ пхыдзахэми щыІащ (Апост. 13:1—5). ХъыбарыфІыр и гъусэу игъэІуну Паул Тимофей къыщригъэблэгъам щыгъуэ, ари и адэ-анэм ягъусэу псэууэ къыщІэкІынт. Тимофей ныбжьыщІэт, къыпэщылъ къалэнхэми куэд хищІыкІтэкъым, къуэшхэр къызэрыщыгугъыр хуэмыгъэзэщІэнкІэ шынэуи къыщІэкІынт. (1 Коринф 16:10, 11 итыр 1 Тимофей 4:12 итым евгъапщэ.) Ауэ абы шынэр зытримыгъакІуэу Паул и гъусэу ежьащ икІи Иеговэ и нэфІ абы куэду къыщыхуащ (Апост. 16:3—5).
3. 1) Паул Маркрэ Тимофейрэ фІыуэ илъагъуу зэрыщытар дэнэ дэ щытщІэр? (2 Тимофей 4:6, 9, 11). (Сурэтхэми феплъ.) 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
3 Маркрэ Тимофейрэ щыныбжьыщІэм щыгъуэ къуэшхэм кърат пщІэ зыпылъ къалэнхэр ягъэзащІэу зрагъэсащ. Паул а цІыхухъухэр лъапІэу илъытэт. ИужькІэ, куэд мыщІэу зэрылІэныр ищІэти ар абыхэм и деж къэкІуэну елъэІуащ. (Кеджэ 2 Тимофей 4:6, 9, 11.) Паул сытыт Маркрэ Тимофейрэ фІыуэ илъагъуу щІыщытар? Къуэш ныбжьыщІэхэ, Маркрэ Тимофейрэ ещхь фыхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэм фелэжьын хуей? Лъагъуныгъэ зыхэлъ Паул и чэнджэщхэр дапхуэдэу фэ сэбэп къызэрыфхуэхъунур?
Маркрэ Тимофейрэ щыныбжьыщІэм щыгъуэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр ягъэзащІэт. Паул а къуэшхэр фІыуэ илъагъут (3 абзацым феплъ.)c
МАРК ЩАПХЪЭ ТЕФХЫУ АДРЕЙХЭМ ПСЭЕМЫБЛЭЖУ ФАХУЭЛАЖЬЭ
4, 5. Марк нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуну зэрыхуейр сытыт къызыхэщыр?
4 Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, нэгъуэщІхэм хуэлэжьэн жиІэм къикІыр — сыт щыгъуи уегугъуу нэгъуэщІхэм уадэІэпыкъуныращ. Марк абыкІэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Паул хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ етІуанэу гъуэгу щытеувам щыгъуэ Марк къыздищтэн идакъым. Ар Марк и жагъуэ хъуауэ къыщІэкІынщ (Апост. 15:37, 38). Ауэ абы емылъытауэ, къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун абы щигъэтакъым.
5 Марк и Іыхьлыуэ щыт Варнавэ и гъусэу Иеговэ и лэжьыгъэм адэкІэ пищащ. Илъэс 11 хуэдиз дэкІауэ, Паул унэм къыщІэкІыну хуитыныгъэ имыІэу Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, Марк абы и гъусащ икІи дэІэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ (Флм. 23, 24). Паул Марк фІыщІэ хуищІт икІи ар дэІэпыкъуэгъуфІ къызэрыхуэхъуар итхыжащ (Кол. 4:10, 11).
6. Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэм Марк зэрыдэлэжьам сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьа? (Сноскэм феплъ.)
6 Марк Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэм зэрыдэлэжьам сэбэпынагъышхуэ къыхуихьащ. Паул и гъусэу Рим къалэм зэман гуэр щигъэкІуа иужь Марк апостол Петр и деж Бабилэн къалэм кІуащ. Ахэр апхуэдизу зэныбжьэгъу хъуати, Петр абы щхьэкІэ «си къуэ Марк» жиІащ (1 Пет. 5:13). ДауикІ, Петр Хьисэ и гъащІэмрэ Алыхьым зэрыхуэлэжьамрэ теухуауэ гъэщІэгъуэн куэд и ныбжьэгъу щІалэщІэм хуиІуэтэжауэ къыщІэкІынщ. Абы теухуауэ дэ нобэ Марк итхыжа ХъыбарыфІым дыкъыщеджэфынущa.
7. Ди къуэш Сон У дапхуэдэу Марк щапхъэ зэрытрихар? (Сурэтми феплъ.)
7 Апхуэдэу, Марк нэгъуэщІхэм жыджэру дэІэпыкъут икІи Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэм ядэлажьэт. Къуэш ныбжьыщІэхэ, дапхуэдэу фэ абы щапхъэ зэрытефхыфынур? Уэ нэхъыбэ пщІэну ухуеймэ, псалъэм папщІэ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу е и нэхъыжьу ущытыну гукъыдэж уиІэмэ, ауэ абы иджыри ухуэмыхьэзырмэ, уи Іэр йомыхьэх. ПхузэфІэкІыр адэкІи Иеговэ хуэщІэ икІи къуэш, шыпхъухэм уазэрыдэІэпыкъун Іэмал къэлъыхъуэ. Иджыпсту зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Сон Уb аращ ищІар. Ар нэхъ щІалэу щыщытам и ныбжь итхэм зригъапщэу и хьэлт. А ныбжьыщІэхэм щыщ языныкъуэхэм къалэн гуэрхэр иратт, ауэ езым къраттэкъым. Ар Сон У и жагъуэ хъут. Абы и гурыщІэхэмкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм дэгуэшащ. Абыхэм я щыщ зым чэнджэщ къритащ, псоми абы гу лъамытэми нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуну. А чэнджэщым Сон У хуигъэушащ ныбжь зиІэхэм ядэІэпыкъуну икІи зэІущІэхэр щекІуэкІым пэжыжьэу псэухэр и машинэмкІэ къишэну. А зэманыр игу къигъэкІыжу абы жеІэ: «ФІы щІэным къикІыр сэ нэхъыфІу къызгурыІуащ. Къуэш, шыпхъухэм сазэрыдэІэпыкъуам зыми хуэмыдэ гуфІэгъуэ къысхуихьащ».
Къуэш ныбжьыщІэхэм Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэм я гъусэу зэманыр ягъэкІуэным сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъ? (7 абзацым феплъ.)
ТИМОФЕЙ ЩАПХЪЭ ТЕФХ — ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ХЭЛЪУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
8. Паул Тимофей къыдэлэжьэну сыт къыщІыхихар? (Филиппи 2:19—22).
8 Паул лІыгъэ зыхэлъ лэжьэгъухэм хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы хуабжьу къыщыпэщІэува щІыпІэм дэтхэнэ зыри хуздэшэнутэкъым. ЯпэщІыкІэ Паул куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ Силэ къыхихащ (Апост. 15:22, 40). ИужькІэ Паул Тимофей къыдэлэжьэну къригъэблэгъащ. Абы Тимофей къыщІыхихам щхьэусыгъуитІ иІэт. Япэрауэ, Тимофей и цІэр фІыкІэ Іуат (Апост. 16:1, 2). ЕтІуанэрауэ, ар гурэ псэкІэ цІыхухэм ядэІэпыкъут. (Къеджэ Филиппи 2:19—22.)
9. Тимофей и гум къыбгъэдэкІыу къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъур сытыт къызыхэщыр?
9 Тимофей Паул дэлэжьэн зэрыщІидзэу игъэлъэгъуащ и щхьэм ифІ къимылъыхъуэу нэгъуэщІхэм яфІ къызэрилъыхъуэр. Абы къыхэкІкІэ Паул и гур гъэтІылъауэ Тимофей Верие къалэм къыщигъэнащ — абы ищІэт ар а къалэм щыІэ Хьисэ и лъэужь иувагъащІэхэм дэІэпыкъуэгъуфІ зэрахуэхъунур (Апост. 17:13, 14). Абы нэмыщІ а къалэм Силэ къыщынат икІи Тимофей абы и деж куэдым зыщригъэсэфынут. ИужькІэ Паул Тимофей и закъуэу Фессалоникэ къалэм игъэкІуащ, абы дэс къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэн щхьэкІэ (1 Фес. 3:2). Иужьрей илъэс 15 къриубыдэу Тимофей къуэш, шыпхъухэм яхуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъуащ. Абы апхуэдизу ахэр фІыуэ илъагъути, я гъусэу щыгъи къэхъут (Рим 12:15; 2 Тим. 1:4). Къуэш ныбжьыщІэхэ, дапхуэдэу фэ Тимофей щапхъэ зэрытефхыфынур?
10. Ди къуэш У Дже нэгъуэщІхэм нэхъыбэу гулъытэ яхуищІу дапхуэдэу зэрызригъэсар?
10 Ди къуэш У Дже нэгъуэщІхэм нэхъыбэу гулъытэ яхуищІу зэрызригъэсам деплъынщ. Ар щынэхъ щІалэм езым нэхърэ нэхъыжьхэм епсэлъэн щІидзэну къегугъуэкІт. Абы къыхэкІкІэ зэІущІэхэм У Дже къуэш, шыпхъухэм сэлам ярих къудейуэ арат. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди зы къуэшым абы чэнджэщ къритащ къуэш, шыпхъухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэр лъапІэу зэрилъытэр яжриІэну. Иджыри а къуэшым У Дже хуигъэушащ нэгъуэщІ цІыхум ифІэгъэщІэгъуэн хъунум егупсысыну. Абы а чэнджэщхэр къигъэсэбэпащ икІи ар нобэ зэхуэсым и нэхъыжьщ. Ар къыддогуашэ: «Иджыпсту сэ къыстехьэлъэкъым цІыхухэм сыт хуэдэ ныбжь ямыІэми сепсэлъэну. Абыхэм сащыдэуэршэрым деж я гугъуехьхэмрэ я Іуэхур зыІутымрэ къызощІэ. Апхуэдэу абыхэм садэІэпыкъуну си дежкІэ нэхъ тынш мэхъу».
11. Дапхуэдэу къуэш ныбжьыщІэхэр зэхуэсым щыщхэм нэхъыбэу зэрыдэІэпыкъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
11 Къуэш ныбжьыщІэхэ, фэри нэгъуэщІхэм нэхъыбэу фадэІэпыкъуу зевгъэсэфынущ. ЗэІущІэр щІидзэн ипи иуха иужьи зэІущІэм къекІуалІэ дэтхэнэ зыми фазэрыдэуэршэрыным фыхущІэкъу. Абыхэм фащІэупщІэ икІи жаІэм федаІуэ. Апхуэдэу фэ къэфщІэнущ ахэр зыхуэныкъуэр. Псалъэм папщІэ, уэ къэпщІащ зи ныбжь хэкІуэта зэщхьэгъусэхэм JW Library® приложением пыщІауэ гугъуехь зэраІэр е хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ гъусэ зэрамыгъуэтыр. Апхуэдэ гугъуехьхэр яІэу гу лъыптамэ, абыхэм уадэмыІэпыкъуфыну пІэрэ? НэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэм гу лъыттэу абыхэм дащыдэІэпыкъум деж зэхуэс псом щапхъэфІ идогъэлъагъу.
Къуэш ныбжьыщІэхэр нэгъуэщІхэм куэдкІэ ядэІэпыкъуфынущ (11 абзацым феплъ.)
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ЗЫХЭЛЪ ПАУЛ И ЧЭНДЖЭЩХЭМ ФЕДАІУЭ
12. Паул и псалъэхэр къуэш ныбжьыщІэхэм дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуфынур?
12 Паул Тимофей и гъащІэм сэбэп къыхуэхъун чэнджэщ зыбжанэ иритащ. Ар хуейт абы гъащІэ насыпыфІэ ирихьэкІыну икІи хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ иІэну (1 Тим. 1:18; 2 Тим. 4:5). Къуэш ныбжьыщІэхэ, Паул и чэнджэщхэр фэри сэбэп къыфхуэхъуфынущ. Дапхуэдэу? Абы Тимофей хуитха письмоитІым фэ къыфхуитхам хуэдэу феджи, къафщІэхэр фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. Иджыпсту щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
13. Иеговэ ныбжьэгъуфІ дыхуэхъуну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
13 «Тхьэм и фІэлІыкІ уи гум зэрилъыным хущІэкъу» (1 Тим. 4:7, етІуанэ Іыхьэр). Алыхьым ухуэпэжыным сыт къикІыр? Алыхьым уригъусэмэ, ар уи ныбжьэгъуу щытмэ, игу ирихьыр пщІэмэ, абы ухуэпэжу жыпІэ хъунущ. Алыхьым хуэпэжу зыри къалъхукъым, абы зебгъэсэн хуейщ. Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур? «ХущІэкъу» е нэгъуэщІу жыпІэмэ «зегъасэ» жыхуиІэ алыджыбзэ псалъэр къагъэсэбэпт, спортсменыр егугъуу зэпеуэныгъэм зэрызыхуигъэхьэзырыр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Спортсменым ехъулІэныгъэ иІэн щхьэкІэ зыри зэран зыхуимыгъэхъуу и мурадым и нэІэ тригъэтын хуейт. Дэри апхуэдэ дыдэу Иеговэ гъунэгъу дыхуэзыщІ хьэл-щэнхэр зэрызыхэтлъхьэным дыхущІэкъун хуейщ.
14. Библием дыщеджэм деж сыт хуэдэ мурад диІэн хуейр икІи дапхуэдэу ар зэрыдгъэзэщІэфынур?
14 Библием махуэ къэс деджэу зедгъэсэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ абы дыщІеджэм и щхьэусыгъуэри зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. Дэ ди мурадыр Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыныращ. Псалъэм папщІэ, Хьисэрэ къулыкъу зиІэ щІалэ къулеймрэ теухуа хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ? (Мк. 10:17—22). А щІалэм шэч къытрихьэтэкъым Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым. Ауэ абы и лъэужь иувэн щхьэкІэ щІалэм фІэщхъуныгъэ хурикъуакъым. Абы емылъытауэ Хьисэ а щІалэр фІыуэ илъэгъуащ икІи гуапэу епсэлъащ. Ар хуейт а щІалэм Іущагъ зыхэлъ унафэ къищтэну. Хьисэ а цІыхухъум зэрыхущытам Иеговэ и гурыщІэхэр къыхощ (Ин. 14:9). Мы хъыбарымрэ уи Іуэхур зытетымрэ ущегупсыскІэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Сыт сэ сщІэн хуейр Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъун икІи нэгъуэщІхэм нэхъыбэу садэІэпыкъун щхьэкІэ?»
15. Къуэш ныбжьыщІэм щапхъэфІ игъэлъэгъуэн щІыхуейр сыт? (1 Тимофей 4:12, 13).
15 «ФІэщхъуныгъэ зиІэхэм щапхъэ яхуэхъу». (Къеджэ 1 Тимофей 4:12, 13.) Паул Тимофей хуигъэушащ Библием зэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэрыригъаджэмрэ нэмыщІ фІылъагъуныгъэм, фІэщхъуныгъэм, гукъабзагъэм теухуауэ иригъэфІэкІуэну. Къуэш ныбжьыщІэхэ, дауэ феплърэ, сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Дэ жытІэм нэхърэ тщІэм нэхъ къару хэлъщи аращ. Псалъэм папщІэ, уэ псалъэ гъэхьэзыра жыпІэн хуейуэ къыуатащ. А псалъэмкІэ уэ къуэш, шыпхъухэр хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ жыджэру хэтыну хуэбгъэушын хуейщ. Ар нэхъ тыншу пхузэфІэкІынущ, уэ езыр хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу ухэтмэ. Уэ бгъэлъагъуэ щапхъэм уи псалъэхэм къару щІилъхьэнущ (1 Тим. 3:13).
16. 1) Къуэш ныбжьыщІэр сыт хуэдэ лъэныкъуитхукІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ хуэхъуфыну? 2) Къуэш ныбжьыщІэр и псэлъэкІэмкІэ дапхуэдэу нэгъуэщІхэм щапхъэ зэрыхуэхъуфынур?
16 1 Тимофей 4:12 Паул къуэш ныбжьыщІэхэр нэгъуэщІхэм щапхъэфІ зэрахуэхъуфынум теухуа лъэныкъуитхум и гугъу щищІащ. Библиер куууэ щыбджкІэ а лъэныкъуитхур зэрызурэ зэпкърыпх хъунущ. Псалъэм папщІэ, уи псэлъэкІэр ебгъэфІэкІуэну мурад пщІамэ, нэгъуэщІхэр бгъэгушхуэн щхьэкІэ жыпІэным уегупсыс хъунущ. Уэ уи адэ-анэм я гъусэу иджыри упсэумэ, къыпхуащІэ псом щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ фІыщІэ яхуэпщІрэ? Абы нэмыщІ зэІущІэ нэужьым программэм хэтахэм фІыщІэ яхуэпщІу уигу ирихьар яжепІэрэ? Иджыри зэІущІэхэм уи псалъэкІэ жэуап зэрыптыным ухущІэкъу хъунущ. Уэ уи псэлъэкІэм ебгъэфІэкІуэн щхьэкІэ къару епхьэлІэм фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ икІи ар гулъытэншэу къэнэнукъым (1 Тим. 4:15).
17. Къуэш ныбжьыщІэм Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа и мурадхэр къехъулІэну сыт къыдэІэпыкъунур? (2 Тимофей 2:22).
17 «ЩІалагъэм и хъуэпсэныгъэ Іейхэм пэІэщІэ зыщІ. ...Щыпкъагъэм... иужь ит». (Къеджэ 2 Тимофей 2:22.) Паул Тимофей хуигъэушащ Иеговэ пэжыжьэ хуэзыщІыну Іуэхухэм пэІэщІэ зыхуищІыну. Языныкъуэ Іуэхухэм зыри Іей хэлъкъым, ауэ уэ гу лъыптэнкІэ хъунущ абыхэм я ягъэкІэ Иеговэ ухуэлэжьэну зэман мащІэ фІэкІа къызэрыпхуэмынэжыр. Егупсысыт зэман дапщэ тебгъэкІуадэми спортым, интернетым, видеоджэгухэм. А зэманым щыщ Іыхьэ гуэр Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ хухомыхыфыну пІэрэ? Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэм кІэлъыплъхэм уадэІэпыкъу е хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэт хъунущ. Апхуэдэ Іуэхухэм узэрыхэтым и фІыгъэкІэ уэ ныбжьэгъущІэ куэд зэбгъэгъуэтыфынущ. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр бгъэувыну икІи ахэр бгъэзэщІэну.
НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУМ ГУФІЭГЪУЭРЭ НАСЫПРЭ КЪЫТХУЕХЬ
18. Маркрэ Тимофейрэ гъащІэ гъэщІэгъуэн яІауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?
18 Маркрэ Тимофейрэ нэгъуэщІхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ куэдым зыхуагъэныкъуащ. Ауэ абы щхьэкІэ абыхэм я гъащІэр зыкІи нэхъ Іей хъуакъым, атІэ нэхъ гъэщІэгъуэн хъуауэ аращ (Апост. 20:35). Марк къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыІащ. Абы иджыри Хьисэ и гъащІэм теухуауэ гъэщІэгъуэну итхыжащ. Тимофей Паул дэІэпыкъуащ зэхуэсхэр иухуэну, къуэш, шыпхъухэми я фІэщхъуныгъэр игъэбыдэну. А къуэш ныбжьыщІэхэр псэемыблэжу къызэрыхуэлажьэм Иеговэ хуабжьу игъэгуфІэт.
19. Паул Тимофей ирита чэнджэщхэм къуэш ныбжьыщІэхэр едэІуэн щІыхуейр сыт икІи сыт абы къыпэкІуэнур?
19 Паул и письмохэм къыхощ абы и ныбжьэгъу Тимофей фІыщэу илъагъуу зэрыщытар. Ауэ а письмохэр Паул итхыну хуэзыгъэушар Иеговэщ. Аращи, къуэш ныбжьыщІэхэ, Алыхьым къыфхуиІэ гурыщІэхэр абыхэм иту жыпІэ хъунущ. Иеговэ фІыщэу фелъагъу икІи хуейщ фэ насыпыфІэу фыщытыну. Абы къыхэкІкІэ, Паул и чэнджэщхэм федаІуэ икІи нэгъуэщІхэм фадэІэпыкъуну фиІэ гукъыдэжым хэвгъахъуэ. Абы фэ гуфІэгъуэ куэд къыфхуихьынущ икІи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум быдэу фытетыну къывдэІэпыкъунущ (1 Тим. 6:18, 19).
80 УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»
a Петр зи гурыщІэхэр къэзыгъэлъагъуэ цІыхуу щытт. Абы къыхэкІкІэ Петр Іуэхугъуэ гуэрхэм теухуауэ Марк щыжриІэжым щыгъуэ Хьисэ иІа гурыщІэхэр фІыуэ къигъэлъэгъуэфынут. Арауэ къыщІэкІынщ Марк итхыжа ХъыбарыфІым Хьисэ иІа гурыщІэхэм щІэх-щІэхыурэ щІытепсэлъыхьыжыр (Мк. 3:5; 7:34; 8:12).
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c СУРЭТЫМ ИТЫР. ЩІыпІэ жыжьэм хъыбарыфІыр ягъэІуу здэщыІэм, Марк Паулрэ Варнавэрэ ерыскъы яхуегъэхьэзыр. Тимофей зэхуэсым хьэщІэу къэкІуауэ къуэшхэр егъэгушхуэ.