ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР
Сурэтхэм дызыхурагъасэр
Ди тхыгъэхэм сурэт куэд итщ икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр абыхэм хэтхыфынущ. Сурэтхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуахьын щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур?
Статьям уеджэн щыщІэбдзэкІэ сурэтхэм набдзэгубдзаплъэу еплъ. Абыхэм нэхъыбэ къэпщІэну укъагъэбырсеинущ. Ар хъуэпсэгъуэ шхыным ещхьщ: япэщІыкІэ ар дэ нэкІэ «дошх». Аращи, зэупщІыж: «Сыт сэ слъагъур?» (Ам. 7:7, 8).
Статьям ущеджэкІэ егупсыс абы хэт сурэтхэр къыщІыхахам и щхьэусыгъуэм. Абыхэм кІэщІэтхам еджэ. Сурэтхэр статьям и темэмрэ уи гъащІэмрэ зэрепхам егупсыс.
Статьям уеджэн быуха нэужь, сурэтхэм иджыри зэ еплъыж. Ар къыбдэІэпыкъунущ статьям и гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэппщытэжыну. ИтІанэ уи нэр зэтепІи, сурэтхэмрэ абыхэм дызыхурагъасэмрэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ.
Мы журналым ит сурэтхэм иджыри зэ еплъыж. Абыхэм дызыхурагъасэр къыпхуэщІэжыну пІэрэ?