ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Апрель н. 20—25
  • Дэ ди закъуэкъым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дэ ди закъуэкъым
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ДЕУНЭТІ
  • ДИ ІЭПКЪЛЪЭПКЪЫР ЗЫХУЭНЫКЪУЭР ИЕГОВЭ КЪЫДЕТ
  • ИЕГОВЭ ДЫКЪЕХЪУМЭ
  • ИЕГОВЭ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫДЕТ
  • ИЕГОВЭ СЫТ ЩЫГЪУИ ДИГЪУСЭНУЩ
  • Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • «Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Апрель н. 20—25

17 СТАТЬЯР

99 УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ

Дэ ди закъуэкъым

«Сэ сыбдэІэпыкъунущ» (ИС. 41:13).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Дэ зэпкърытхынущ Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ къигъэсэбэп ІэмалиплІ.

1, 2. 1) «Ди гугъуехьхэм ди закъуэу дыпэщІэтынущ», жытІэу дышынэн щІыхуэмейр сыт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

ГУГЪУЕХЬЫШХУЭХЭМ дыщыпэщІэхуэм деж хы къэукъубеям тет кхъуафэжьей цІыкІум ди закъуэу дис хуэдэу къытщыхъуфынущ. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, ди гугъуехьхэм дэ зэи ди закъуэу дыпэщІэткъым. Уафэм щыІэ ди Адэм псори елъагъу икІи дыкъегъэгугъэ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъуну. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэмкІэ захуегъазэ: «Сэ сыбдэІэпыкъунущ» (Ис. 41:13).

2 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми. Абы: 1) деунэтІ, 2) ди Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр къыдет, 3) дыкъехъумэ, 4) гупсэхугъуэ къыдет. Иеговэ быдэу дыкъегъэгугъэ: ди гъащІэм сыт къыщымыхъуами, абы зэи дыщыгъупщэнукъым икІи дыкъигъэнэнукъым. Аращи, дэ ди закъуэу дыкъыщынэн Іуэхугъуэ зэи дихуэнукъым.

ИЕГОВЭ ДЕУНЭТІ

3, 4. Дапхуэдэу Иеговэ дызэриунэтІыр? (Псалом 48:14).

3 Къеджэ Псалом 48:14. Иеговэ къытщыгугъкъым дэ езым ди гъащІэр дыунэтІын хуейуэ. Абы дызрикІуэн хуей гъуэгур дегъэлъагъу. Дапхуэдэу абы и лэжьакІуэ пэжхэр нобэ зэриунэтІыр? Иеговэ дэ Библиер къыдитащ (Пс. 119:105). Абы ит чэнджэщхэр къыддоІэпыкъу унафэa пэжхэр къэтщтэну икІи Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэну. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр хуэдгъэгъуу, сыт хуэдэ ІуэхукІи пэжагъ тхэлъу, ди гум къыбгъэдэкІыу цІыхухэр фІыуэ тлъагъуу Иеговэ дегъасэ (Пс. 37:8; Евр. 13:18; 1 Пет. 1:22). А псом и фІыгъэкІэ дэ иджыпсту насыпыфІэу допсэу, къэкІуэну зэманми гъащІэ мыухыж диІэнущ. Иеговэ жиІэм дыщедаІуэм деж дэ адэфІу, анэфІу, щхьэгъусэфІу икІи ныбжьэгъуфІу дыщытщ.

4 Абы нэмыщІ Иеговэ и Псалъэм щригъэтхащ ижь зэманым пэж дыдэу псэуа цІыхухэм теухуа хъыбархэр. Абыхэм яІа гугъуехьхэмрэ гурыщІэхэмрэ дэ диІэхэм ещхьщ (1 Кор. 10:13; Екъуб 5:17). А хъыбархэр, псом хуэмыдэу лъэныкъуитІкІэ сэбэп къытхуохъу. Япэрауэ, дэ долъагъу дызэримызакъуэр — нэгъуэщІхэри дэ диІэ гугъуехьхэм хуэдэхэм ехъулІэныгъэ яІэу пэлъэщащ (1 Пет. 5:9). ЕтІуанэрауэ, дэ къыдгуроІуэ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн, гуфІэгъуэри зыфІэдмыгъэкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми (Рим 15:4).

5. Иеговэ диунэтІын щхьэкІэ хэт къигъэсэбэпыр?

5 Иеговэ диунэтІын щхьэкІэ иджыри ди къуэш, ди шыпхъухэр къегъэсэбэпb. Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьхэр зэпымыууэ зэхуэсхэм макІуэ, къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ. Абыхэм жаІэ гъэхьэзыра псалъэхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ, ди зэкъуэтыныгъэри тхъумэну къыддоІэпыкъу (Апост. 15:40—16:5). Зэхуэсым и нэхъыжьхэри я гум къыбгъэдэкІыу дэтхэнэ зыми къыддоІэпыкъу Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр тхъумэну (1 Пет. 5:2, 3). Адэ-анэхэм я сабийхэр ягъасэ Иеговэ фІыуэ ялъагъуну, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къащтэну икІи я гъащІэм сэбэп къахуэхъун хьэл-щэныфІхэр зыхалъхьэну (Прит. 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэм, шыпхъу нэхъ щІалэхэм щапхъэ ирагъэлъагъу, чэнджэщ ират икІи гуапэу ящотхъу (Тит 2:3—5).

6. Иеговэ къыдит чэнджэщхэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

6 Дэ сэбэп къытхуэхъун унафэхэр къэтщтэн икІи насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр Иеговэ къыдет. Ахэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Притчи 3:5, 6 щыжыІащ: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ» (Гъэс.). Апхуэдэу пщІэуэ щытмэ, «уи гъуэгур занщІэ мис абы ищІынщ» — нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы гугъуехь куэдым ущихъумэнущ. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ лъагъуныгъэ зыхэлъ чэнджэщыфІхэр дэтхэнэ зыми къызэрыдитым щхьэкІэ! (Пс. 32:8).

ДИ ІЭПКЪЛЪЭПКЪЫР ЗЫХУЭНЫКЪУЭР ИЕГОВЭ КЪЫДЕТ

7. Иеговэ дызыхуэныкъуэр дапхуэдэу къызэрыдитыр? (Филиппи 4:19).

7 Къеджэ Филиппи 4:19. Иеговэ ещІэ дэ ерыскъыи, щыгъыни, дызыщІэсын уни дызэрыхуэныкъуэр. Абы къыхэкІкІэ ди щхьэри ди унагъуэри зыхуей хуэдгъэзэн щхьэкІэ ар къыддоІэпыкъу (Мт. 6:33, ДЩІ; 2 Фес. 3:12). Иныкъуэхэм деж дэ догузавэ «дызыхуэныкъуэр диІэну пІэрэ» жытІэу икІи апхуэдэ гурыщІэхэр диІэным зыри Іей хэлъкъым. Ауэ Иеговэ къыджеІэ дэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну. (Маттэ 6:25 теухуауэ «Учебная Библия» жыхуаІэм ит комментарием феплъ.) Зэман гугъухэм уафэм щыІэ ди Адэм дэ зэи дыкъигъэнэнукъым (Мт. 6:8, ДЩІ; Евр. 13:5). Иеговэ дызыхуэныкъуэр къыдитыну дыкъыщигъэгугъэкІэ, абы дзыхь хуэдмыщІыну зы щхьэусыгъуи диІэкъым.

8. Иеговэ и нэІэ дапхуэдэу Даут зэрытригъэтар?

8 Иеговэ и нэІэ Даут зэрытригъэтам дегупсысынщ. Даут Щаул къыщрихуэкІ зэманым езыри и цІыхухэри зыхуэныкъуэу хъуар Иеговэ къариту щытащ. Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам егупсысыжу, Даут мыпхуэдэ псалъэхэр итхащ: «Сэ ныбжьыщІэу сыщытащ икІи жьы сыхъуащ, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къигъэнауэ икІи абы и щІэблэр щІакхъуэ щхьэкІэ лъаІуэу слъэгъуакъым» (Пс. 37:25). Зэман гугъухэм уэри, къуэш, шыпхъухэми Иеговэ къызэрывдэІэпыкъуам теухуауэ куэд жыпІэжыфыну къыщІэкІынщ.

9. Гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж Иеговэ и лъэпкъым дапхуэдэу и нэІэ зэрытригъэтыр? (Сурэтхэми феплъ.)

9 Гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж Иеговэ и лъэпкъым и нэІэ трегъэт. Псалъэм папщІэ, япэ лІэщІыгъуэм, гъаблэ къыщыхъуам щыгъуэ, щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иудэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм зыхуэныкъуэр хурагъэхьащ (Апост. 11:27—30; Рим 15:25, 26). Ноби Алыхьым и лъэпкъым апхуэдэ хьэлэлагъ егъэлъагъуэ. Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу и лэжьакІуэхэр хуегъэуш гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм шхыни, псыи, щыгъыни, хущхъуи хурагъэхьыну. Гузэвэгъуэшхуэ зылъэІэса къуэш, шыпхъухэм я унэхэмрэ дыщызэхуэс Унэхэмрэ ухуэныгъэм хэт къуэш, шыпхъухэм ящІыж. Иеговэ и Щыхьэтхэр зи Іыхьлы хэкІуэдахэм, зи унэ зыфІэкІуэдахэм Библием тегъэщІауэ гупсэхугъуэ иратыну икІи ягъэгушхуэну хущІокъуc.

Коллаж «Гузэвэгъуэшхуэ нэужьым Малави щыІэ къуэшхэм зыхуэныкъуэр кърат»: 1) псыдзэр щІыпІэ куэдым лъэІэсащ; 2) ди къуэш Гейдж Флигл къуэш, шыпхъухэм доуэршэр; 3) къуэшхэм ерыскъы зэрылъ къэпхэр машинэм кърах.

Гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж Иеговэ дапхуэдэу гупсэхугъуэ къызэрыдитыр? (9 абзацым феплъ.)e


10, 11. Борис и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

10 Иеговэ зэкІэ къыхуэмылажьэ цІыхухэми ядоІэпыкъу. Хьэлэлу щыт ди Алыхьым щапхъэ тетхыу дэри дыхущІокъу Іэмал диІэху Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм фІы гуэр яхуэтщІэну (Гал. 6:10). Абы и фІыгъэкІэ цІыхухэм гукъыдэж яІэ мэхъу, Алыхьми абы и лэжьакІуэхэми теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Украинэм щыпсэу, школым и директору щыт Борис и щапхъэм деплъынщ. Ар езыр ди къуэшу щымытми, школым щеджэ Иеговэ и Щыхьэтхэм пщІэ яхуищІу, гуапэу сыт щыгъуи яхущытт. Зауэр щекІуэкІ щІыпІэм икІыу нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуэну мурад щищІам, ди къуэшхэр абы дэІэпыкъуащ. ИужькІэ Борис Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм кІуащ. Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ абы мыпхуэдэу жиІат: «Абыхэм сэ гуапэу сыкърагъэблагъэри, сызыхуэныкъуэмкІэ къыздэІэпыкъуащ. Сэ абыхэм фІыщІэшхуэ яхузощІ!»

11 Аращи, гущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Адэм щапхъэ тетхыу, ди къуэш, ди шыпхъухэм ямызакъуэу, гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуа псоми лъагъуныгъэ яхуэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ (Лк. 6:31, 36). Дэ дыщогугъ ди лъагъуныгъэм цІыхухэм я гур нэхъ щабэ ищІу, ахэри Хьисэ и лъэужь иувэну (1 Пет. 2:12). Ауэ апхуэдэу къэмыхъуми дэ насыпыфІэу дыщытынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35).

ИЕГОВЭ ДЫКЪЕХЪУМЭ

12. Иеговэ и лъэпкъыр дапхуэдэу къызэрихъумэр? (Псалом 91:1, 2, 14).

12 Къеджэ Псалом 91:1, 2, 14. Нобэ Иеговэ дыщехъумэ езымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран къыхуэхъуфыну псом. ШейтІаным дин пэжыр игъэкІуэдыну абы зэи хуит ищІынукъым (Ин. 17:15). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым «гузэвэгъуэшхуэ» зэманым Иеговэ и лъэпкъыр къызэригъэгугъа псалъэхэр зэригъэзэщІэжынум: ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну ар къыддэІэпыкъунущ икІи абы дыкъригъэлынущ (Апок. 7:9, 14).

13. Дапхуэдэу Иеговэ дэтхэнэ зыри дыкъызэрихъумэр?

13 Дапхуэдэу Иеговэ дэтхэнэ зыри дыкъызэрихъумэр? Библиер къигъэсэбэпу ар къыддоІэпыкъу Іеймрэ фІымрэ зэхэдгъэкІыну (Евр. 5:14). Абы ит принципхэм дытету щытмэ, ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытынущ, насыпыфІэу дыпсэунущ, ди гъащІэри нэхъ хъума хъунущ (Пс. 91:4). Абы нэмыщІ Иеговэ дэ зэхуэсыр къыдитащ (Ис. 32:1, 2). Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ фІыщэу ялъагъу икІи абы жиІэм йодаІуэ. Абыхэм я гъусэу зэІущІэхэм, хъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым икІи зэгъусэу зыщыдгъэпсэхум деж Іейм дыпэщІэтыну нэхъ тынш мэхъу (Прит. 13:20).

14. 1) Иеговэ гугъуехь псоми дыщІыщимыхъумэр сыт? 2) Псалом 9:10 итым сыт ди фІэщ ищІыр? (Сноскэми феплъ.)

14 Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гъащІэр къыщригъэл къэхъут. Ауэ абы апхуэдэу сыт щыгъуи ищІэтэкъым. Библием жеІэ дэтхэнэ зыри дыпэмыплъауэ гугъуехь гуэрхэм дызэрыпэщІэхуэфынур (Эккл. 9:11). Абы нэмыщІ Иеговэ хуит ищІт и лэжьакІуэ пэжхэр гугъу ирагъэхьыну, уеблэмэ, ахэр яукІыну. Ауэ ахэр Иеговэ хуэпэжу къызэрынэмкІэ ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІагъэщт (Иов 2:4—6; Мт. 23:34). Нобэ дэри апхуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынущ, ауэ дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым: Иеговэ ди гугъуехьхэр Іуимыхми, ар фІыуэ зылъагъу цІыхухэр зэи къигъэнэнукъым (Пс. 9:10)d.

ИЕГОВЭ ГУПСЭХУГЪУЭ КЪЫДЕТ

15. Дапхуэдэу тхьэлъэІумкІэ, БиблиемкІэ икІи зэхуэсымкІэ Иеговэ гупсэхугъуэ къызэрыдитыр? (2 Коринф 1:3, 4).

15 Къеджэ 2 Коринф 1:3, 4. Иныкъуэхэм деж дэ хуабжьу дыгузавэу, зыгуэр щхьэкІэ дышынэу е дынэщхъейуэ дыщытынкІэ хъунущ. Уэ иджыпсту апхуэдэ гугъуехьхэм упэщІэтмэ икІи закъуэныгъэ зыхэпщІэмэ, Иеговэ ар фІы дыдэу къыгуроІуэ. Алыхьым ди гум щыщІэр илъагъу къудейуэ щыткъым, атІэ «сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ». Дапхуэдэу ар абы зэрищІэр? Ди гум илъыр тхьэлъэІукІэ Иеговэ щыхуэтІуатэм деж абы къыбгъэдэкІ «гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр» ди гум кърелъхьэ (Флп. 4:6, 7). Абы нэмыщІ дэ къару къытщІохьэ БиблиемкІэ Иеговэ къыджиІэм дыщеджэм деж. Псалъэм папщІэ абы къыджеІэ фІыщэу дыкъызэрилъагъур икІи дегъасэ Іущу дыщытыну, гугъэри зыфІэдмыгъэкІуэдыну. Иджыри дэ зэІущІэхэм гупсэхугъуэ щыдогъуэт, абы дэ щызэхыдох гушхуэныгъэ къозыт Библием ит гупсысэхэр икІи ди ныбжьэгъухэр къызэрыддэІэпыкъур зыхыдощІэ.

16. Нейтанрэ Присциллэрэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

16 Иеговэ БиблиемкІэ гупсэхугъуэ къызэрыдитым икІи къызэрыддэІэпыкъум теухуа зы щапхъэм деплъынщ. Илъэс бжыгъэ ипэ США-м щыпсэу Не́йтанрэ Присци́ллэрэ мурад ящІащ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну. Нейтан жеІэ: «Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэным дэ шэч лъэпкъ къытетхьэтэкъым». Ауэ ахэр здэІэпхъуа щІыпІэм лэжьапІэ къыщыбгъуэтыну гугъут икІи ямыгугъэххауэ узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр абыхэм яІэ хъури унэм ягъэзэжын хуей хъуащ. Здагъэзэжами абыхэм ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр яІэт. Нейтан игу къегъэкІыж: «Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу сэ къысщыхъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дызыщыгугъар абы къытхуищІатэкъым. Уеблэмэ, зыгуэркІэ абы и жагъуэ сщІауэ си гугъэт». Ауэ зэман дэкІри Нейтанрэ Присциллэрэ къагурыІуащ Иеговэ ахэр къызэримыгъэнар. Нейтан къыддогуашэ: «А зэман гугъум Библиер псалъэ гуапэ къыбжезыІэ, Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къозыт ныбжьэгъуфІым хуэдэ тхуэхъуащ. Дэ ди акъылыр зытедухуар ди гугъуехьхэракъым, атІэ абыхэм дыпхыкІыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуаращ. А псом ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ къэкІуэну зэманми абы дыкъызэримыгъэнэным теухуауэ».

17. Дапхуэдэу Иеговэ ди шыпхъу Хельгэ гупсэхугъуэ зэрыритар? (Сурэтми феплъ.)

17 Иеговэ иджыри гупсэхугъуэ къызэрыдит зы Іэмалыр — ар ди къуэш, ди шыпхъухэращ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Венгрием щыщ ди шыпхъу Хе́льгэ и щапхъэм деплъынщ. Ар илъэс куэдкІэ екІуэкІа гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІэтащ. Абы къыхэкІкІэ Хельгэ и лъэр щІэхут икІи зыри иримыщІысу зыкъыщыхъужт. Ауэ блэкІа зэманым щегупсысыжам Хельгэ къыгурыІуэжащ Иеговэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу гупсэхугъуэ къызэрыритар. Абы жеІэ: «Сэ гугъуехь куэд сиІэт, лэжьыгъэм хуабжьу сыригъэзэшт икІи сабий сымаджэ спІыт... Ауэ си къарур щызухым деж Иеговэ сыт щыгъуи зыкъысщІигъакъуэт. Иеговэ гупсэхугъуэ къызитыну сыкъигъэгугъащ икІи илъэс 30 къриубыдэу абы и псалъэр имыгъэзэщІэжу зы махуи блэкІакъым. Апхуэдэу ищІэн щхьэкІэ Иеговэ щІэх-щІэхыурэ зэхуэсым щыщ дэлъху, шыпхъухэр къегъэсэбэп. Псалъэ гуапэ зэрыт сообщениерэ открыткэу сэ къысІэрыхьар пхуэбжынкъым, сыщыхуэныкъуэ дыдэми дэлъху, шыпхъухэр къысщытхъут!»

Коллаж «Ныбжь зиІэ къуэшым гупсэхугъуэ къезытыр»: 1) сабийхэм хуащІа сурэтхэм ар йоплъ; 2) къуэшым абы сообщение къыхурегъэхь; 3) зэщхьэгъуситІым ерыскъы зэрылъ пакетрэ пиццэрэ абы къыхуахьащ; 4) къуэшым абы звонить къыхуещІ; 5) хъыджэбз цІыкІум къуэшым сурэт хуещІ; абы жэнэтым щыІэ аслъэныр тетщ.

Уэ укъигъэсэбэпу дапхуэдэу Иеговэ нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ зэрыритыфынур? (17 абзацым феплъ.)


18. Дапхуэдэу дэ нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ зэреттыфынур?

18 НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ щеттым деж ди Алыхьым щапхъэ тетхыу жыпІэ хъунущ. Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур? Абыхэм жаІэм фІыуэ дедаІуэ, гущІэгъу хэлъу депсалъэ икІи ІуэхукІэ дадэІэпыкъу хъунущ (Прит. 3:27). Дэ гугъуехь зиІэ псоми гупсэхугъуэ еттыну дыхущІокъу, ахэр Иеговэ иджыри хуэмылажьэу щытми. ЦІыхухэм гуауэ щаІэм, ахэр щысымаджэм е зыгуэр щхьэкІэ хуабжьу щыгузавэм деж дэ абыхэм я деж докІуэ, жаІэм фІыуэ додаІуэ икІи Библием ит гупсэхугъуэ къозыт гупсысэхэмкІэ дадогуашэ. «Гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» Иеговэ щапхъэ тетхыу, теубыдагъэ яхэлъу гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыну ди къуэш, ди шыпхъухэм дадоІэпыкъу. Абы нэмыщІ цІыхухэм гуапэу дазэрыхущытым и фІыгъэкІэ абыхэм я гур нэхъ щабэ хъууэ, Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэну гукъыдэж яІэ хъункІэ хъунущ (Мт. 5:16, ДЩІ).

ИЕГОВЭ СЫТ ЩЫГЪУИ ДИГЪУСЭНУЩ

19. Иеговэ дэр щхьэкІэ сыт ищІэр икІи дэ абы щапхъэ дапхуэдэу зэрытетхыфынур?

19 Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм и нэІэ тригъэтщ. Дэ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж абы ди закъуэу дыкъигъанэкъым. Адэ-анэм лъагъуныгъэ яхэлъу я сабийм зэрыхущытым хуэдэу, Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэми сыт щыгъуи лъагъуныгъэ хэлъу яхущытщ. Абы дэ деунэтІ, ди Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр къыдет, дыкъехъумэ икІи гупсэхугъуэ къыдет. Уафэм щыІэ ди Адэм щапхъэ тетхыу мы зэман гугъум дэ нэгъуэщІхэм дадоІэпыкъу икІи ахэр догъэгушхуэ. ГъащІэр гугъуехьрэ гуауэкІэ гъэнщІащ, ауэ дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ сыт щыгъуи дызэригъусэм. Абы езым жиІащ: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сыуигъусэщ» (Ис. 41:10). Мы псалъэхэм ди фІэщ ящІ Иеговэ сыт щыгъуи дызэригъусэр икІи ди закъуэу дызэрыщымытыр.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дапхуэдэу Иеговэ дызэриунэтІыр?

  • Дапхуэдэу Иеговэ ди Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр къызэрыдитыр?

  • Дапхуэдэу Иеговэ дыкъызэрихъумэр икІи гупсэхугъуэ къызэрыдитыр?

100 УЭРЭДЫР ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ

a 2011 гъэм апрелым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Принимайте решения, которые прославляли бы Бога» жыхуиІэ статьям феплъ.

b 2024 гъэм, февралым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэм сыт щыгъуи дзыхь хуэфщІ» жыхуиІэ статьям 22—24 напэкІуэцІхэм ит 11—14 абзацхэм феплъ.

c Куэд мыщІэу къэхъуа щапхъэхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ jw.org сайтым «къэлъыхъуэн» жыхуиІэм «оказание помощи» жыхуиІэ псалъэхэр итхэ.

d 2017 гъэм февралым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.

e СУРЭТЫМ ИТЫР. Гузэвэгъуэшхуэ нэужьым Малави щыІэ къуэшхэм зыхуэныкъуэр кърат.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын