ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Апрель н. 4—9
  • Фи псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ фахуэхъурэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ фахуэхъурэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ПСЭЛЪЭКІЭР ИЕГОВЭ КЪЫФІЭМЫІУЭХУУ ЩЫТКЪЫМ
  • ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДГЪЭІУМ ДЕЖ
  • ЗЭІУЩІЭХЭМ ДЫЩЫХЭТЫМ ДЕЖ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЩЕПСАЛЪЭМ ДЕЖ
  • Фи псалъэхэмкІэ адрейхэр вгъэгушхуэ
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Фи псэлъэкІэмкІэ Иеговэ вгъэгуфІэ
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Иеговэ зэхуэсым щытхъу къыщыхуэфхь
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Апрель н. 4—9

15 СТАТЬЯР

Фи псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ фахуэхъурэ?

«ПсалъэхэмкІэ... фІэщхъуныгъэ зиІэхэм щапхъэ яхуэхъу» (1 ТИМ. 4:12).

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Дызэрыпсэлъэфыр зи фІыщІэр хэт?

ДЫЗЭРЫПСЭЛЪЭФЫР — ар фІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьым и тыгъэщ. Иеговэ Іэдэм къыщигъэщІам щыгъуэ абы занщІэу зэфІэкІ иІэт уафэм щыІэ и Адэм зыхуигъазэу епсэлъэну. Абы нэмыщІ Іэдэм псалъэщІэхэр къигупсысыфт. А зэфІэкІыр абы къигъэсэбэпащ псэущхьэхэм цІэ щаритым щыгъуэ (ЩІэдз. 2:19). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Іэдэм и щхьэгъусэ хъуа хъыджэбз дахэ Хьэуа япэ дыдэу щепсэлъам щыгъуэ зыхищІа гуфІэгъуэмрэ насыпымрэ! (ЩІэдз. 2:22, 23).

2. Пасэрей зэманми ноби къемызэгъыу бзэр къызэрагъэсэбэпым и щапхъэ къэфхь.

2 Ауэ куэд мыщІэу а тыгъэ лъапІэр къемызэгъыу къагъэсэбэпу щІадзащ. ШейтІаным Хьэуа къигъэпцІащ икІи а пцІым цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ хуишащ (ЩІэдз. 3:1—4). Іэдэм езым ищІа щыуагъэм щхьэкІэ Хьэуаи езы Иегови игъэкъуэншащ (ЩІэдз. 3:12). Къаин и къуэш Хьэбэл иукІа иужь Иеговэ пцІы хуиупсащ (ЩІэдз. 4:9). ИужькІэ а зэманым залымыгъэм зэрызиубгъуар къызыхэщ усэ Къаин и щІэблэм щыщ Лэмэх зэхилъхьащ (ЩІэдз. 4:23, 24). Ди зэманым теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Политикхэр мыукІытэу цІыху куэдым зэхахыу псалъэ фІейхэр жаІэ. Абы нэмыщІ апхуэдэ псалъэхэр зыхэмыт фильм къэбгъуэтыну гугъущ. ШколакІуэхэм еджапІэм, балигъхэм лэжьапІэм хъуанэбзэмрэ цІапІагъэмрэ куэду щызэхах. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым къемызэгъ псэлъэкІэм зэрызиубгъуам къегъэлъагъуэ цІыхубэр егъэлеяуэ утІыпща зэрыхъуар.

3. Сытым теухуауэ дысакъын хуей икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Дэ дымысакъыу щытмэ, зэхэтх псалъэ фІейхэр жытІэу щІэддзэнкІэ хъунущ. ДауикІ, апхуэдэу къытщыщІыну дыхуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ дгъэгуфІэну дыхущІокъу. НтІэ, псалъэ фІейхэр жыдмыІэкІэ псори зэфІэкІрэ? Хьэуэ. Алыхьыр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ ар зэрыхуейм хуэдэу ди бзэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Ар зэрытщІ хъуну Іэмалищ мы статьям щызэпкърытхынущ: 1) хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, 2) зэІущІэхэм дыщыхэтым деж, 3) нэгъуэщІхэм дащепсалъэм деж. Ауэ япэ щІыкІэ Иеговэ ди псэлъэкІэр къыфІэмыІуэхуу щІыщымытым дытепсэлъыхьынщ.

ДИ ПСЭЛЪЭКІЭР ИЕГОВЭ КЪЫФІЭМЫІУЭХУУ ЩЫТКЪЫМ

Коллаж: 1) брат в служении срывается на недовольного мужчину; 2) во время исполнения песни брат стоит вразвалочку и еле открывает рот; 3) сестра говорит по телефону; судя по двум эмодзи (рожица с пламенем изо рта и дождь с молнией), она перемывает кому-то косточки.

Ди псэлъэкІэм сыт къигъэлъагъуэр? (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)d

4. Малахия 3:16 зэритымкІэ, Иеговэ ди псэлъэкІэр къыфІэмыІуэхуу щІыщымытыр сыт?

4 Къеджэ Малахия 3:16. Мы едзыгъуэм зэрыщыжыІам хуэдэу, цІыхухэр зэрызэпсалъэм Иеговэ йодаІуэ икІи абы щышынэхэмрэ и цІэм егупсысхэмрэ «и пащхьэ илъ тхылъым» иратхэ. Абы апхуэдэу щІищІэм зэгуэр фегупсысауэ пІэрэ? Дапхуэдэ цІыхуу дыщытми, ди псалъэхэм къагъэлъагъуэ. Абы теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Жьэм къыжьэдэкІыр гум илъыр[а]щ» (Мт. 12:34). Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр дэ ди псэлъэкІэм къыхощ. А лъагъуныгъэм елъытащ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэунрэ дымыпсэунрэ.

5. 1) Алыхьым дызэрыхуэлажьэмрэ ди псэлъэкІэмрэ сыткІэ зэпха? 2) Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, дыщыпсалъэкІэ сытым дыхуэсакъын хуей?

5 Абы нэмыщІ дэ дызэрыпсалъэ щІыкІэм елъытащ Иеговэ дызэрыхуэлажьэр къищтэнрэ къимыщтэнрэ (Екъуб 1:26). Алыхьыр фІыуэ зымылъагъухэр губжьауэ, пхъашэу икІи пагагъэ хэлъу мэпсалъэ (2 Тим. 3:1—5). ДауикІ, дэ апхуэдэу дыщытыну дыхуейкъым. Аращ ди псэлъэкІэмкІэ Иеговэ дгъэгуфІэну дыщыхущІэкъур. Ауэ зэІущІэхэм дыщыщыІэкІэ икІи хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гуапэу, дахэу дыпсалъэу, иужькІэ зыми дыкъыщимылъагъум деж ди унагъуэм щыщхэм пхъашэу, губжьауэ депсалъэу щытмэ-щэ? Абы щыгъуэ Иеговэ арэзы къытхуэхъуну пІэрэ? (1 Пет. 3:7).

6. Кимберли и псэлъэкІэр тэмэму зэрыщытам сыт къыпэкІуар?

6 Ди бзэр тэмэму къыщыдгъэсэбэпым деж дэ нэгъуэщІ цІыхухэм дакъыхощ икІи абыхэм гу лъатэ «пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ зэрызэщхьэщыкІым» (Мал. 3:18). Ки́мберлиb и щапхъэм деплъынщ. Ар школым щыщІэсым щыгъуэ къыдеджэ хъыджэбз цІыкІум и гъусэу задание гуэр игъэхьэзырыну иратат. Абы щелэжьым щыгъуэ къыдеджэ хъыджэбз цІыкІум гу лъитащ Кимберли и щытыкІэр нэгъуэщІхэм зэремыщхьым. Псалъэм папщІэ, абы бзэгу зэрихьэтэкъым, гуапэу щытт икІи псалъэ Іейхэр къигъэсэбэптэкъым. Хъыджэбз цІыкІум ар апхуэдизкІэ игу ирихьати, Библиер иджыну гукъыдэж иІэ хъуащ. Дэ дызэрыпсалъэ щІыкІэмкІэ нэгъуэщІхэр Иеговэ хуэлэжьэну щыхуэдгъэушым деж ар абы игу ирохь.

7. Упсэлъэфу Алыхьым укъызэригъэщІар дапхуэдэу къэбгъэсэбэпыну узэрыхуейр?

7 Дэ псори дыхуейщ ди псэлъэкІэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыну икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм гъунэгъу захуэтщІыну. Абы къыхэкІкІэ дызэрыпсалъэ щІыкІэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ дазэрыхуэхъуфынум теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДГЪЭІУМ ДЕЖ

Коллаж «Как нужно и не нужно. В служении»: 1) обесцвеченное фото, на котором брат в служении срывается на недовольного мужчину; 2) этот же брат вежливо отвечает раздражённому мужчине.

ХъыбарыфІыр дгъэІуу цІыхум гуапэу дыщепсалъэм деж Иеговэ ар игу ирохь (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)

8. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ди бзэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?

8 Уи пІэм укъыщрашым дежи гуапэу икІи пщІэ хэлъу псалъэ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ абы мызэ-мытІэу пцІы тралъхьащ. Псалъэм папщІэ, абы ефэн-ешхэн ифІэфІу, ШейтІаным пыщІауэ, щэбэт махуэр имыгъэлъапІэу икІи Алыхьым епцІыжауэ жаІэт (Мт. 11:19; 26:65; Лк. 11:15; Ин. 9:16). Ауэ Хьисэ апхуэдэу жызыІэ цІыхухэм зэи пхъашэу епсэлъэжакъым. Дэри ди пщІэр ираудыхыу цІыхухэр къыщыдэпсалъэм деж Хьисэ щапхъэ тетхыу, апхуэдэу дызэрымыпсэлъэжыным дыхущІэкъун хуейщ (1 Пет. 2:21—23). ДауикІ, апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж зыпшыІэну тыншкъым (Екъуб 3:2). Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур?

9. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ жытІэм дыкІэлъыплъыну сыт къыддэІэпыкъунур?

9 ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ цІыхур пхъашэу къывэпсалъэу щытмэ, фыкъэмыгубжь. Ди къуэш Сэм къыддогуашэ: «Сэ мыпхуэдэ гупсысэм си акъылыр зэрытезухуэным сыхущІокъу: цІыхум пэжыр зэхихын хуейщ икІи абы зихъуэжынкІэ хъунущ». Иныкъуэхэм деж дызэпсалъэ цІыхур къэгубжьыфынущ имызэману дыкъызэрыкІуам щхьэкІэ. Ди шыпхъу Люси́я и щапхъэми гу лъыттэнщ. Ар цІыху губжьа щыхуэзэм деж кІэщІу Иеговэ лъэІукІэ зыхуегъазэ, къэмыгубжьу, зэпІэзэрыту къэнэн щхьэкІэ.

10. 1 Тимофей 4:13 зэритым хуэдэу, сыт хуэдэ мурад зыхуэдгъэувыж хъуну?

10 ЦІыхухэр зэребгъаджэр егъэфІакІуэ. Тимофей хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ иІэ пэтми, цІыхухэр зэрыригъаджэр адэкІи иригъэфІэкІуэн хуейт. (Къеджэ 1 Тимофей 4:13.) Дэ-щэ? ЕгъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Япэрауэ, хъыбарыфІ гъэІуным фІыуэ зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Абы нэмыщІ дэ къыддэІэпыкъунущ «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэмрэ дызэрылажьэ тхылъым ит «ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур идогъэфІакІуэ» жыхуиІэ Іыхьэмрэ. А Іэмэпсымэхэр нэгъэсауэ къэвгъэсэбэпу пІэрэ? Дэ фІыуэ зыщыдгъэхьэзырым деж нэхъ мащІэу догузавэ икІи тегушхуэныгъэ диІэу допсалъэ.

11. Нэхъ егъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ сыт иджыри къыддэІэпыкъунур?

11 Абы нэмыщІ дэ нэхъ егъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ хъыбарыфІыр Іэзэу зыгъэІу къуэш, шыпхъухэм я деж зыщыдгъасэ хъунущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Сэм къуэш, шыпхъухэр егъэджакІуэфІу щытыну сыт къадэІэпыкъуми гу лъетэ икІи абыхэм къагъэсэбэп Іэмалхэр къигъэсэбэпыну хущІокъу. Татьянэ зи цІэ ди шыпхъур къуэшхэм псалъэ гъэхьэзырахэр щыжаІэм деж фІыуэ йодаІуэ. Апхуэдэу абы хъыбарыфІыр щигъэІукІэ цІыхухэм къаІэт упщІэхэм жэуап яриту зрегъасэ.

ЗЭІУЩІЭХЭМ ДЫЩЫХЭТЫМ ДЕЖ

Коллаж «Как нужно и не нужно. На встрече»: 1) обесцвеченное фото, на котором во время исполнения песни брат стоит вразвалочку и еле открывает рот; 2) тот же брат поёт от всей души.

Ди гум къыбгъэдэкІыу зэІущІэхэм уэрэд зэрыжытІэмкІэ Иеговэ щІыхь къыхудохь (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

12. Языныкъуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэрэ?

12 Дэ ди псэлъэкІэмкІэ ди зэІущІэхэми щапхъэфІ щыдгъэлъэгъуэфынущ. Псалъэм папщІэ, фІыуэ дгъэхьэзыра жэуапхэр щыттым икІи уэрэдхэр щыжытІэм деж (Пс. 22:22). Ауэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр мэукІытэ псоми зэхахыу псэлъэну е уэрэд жаІэну. Уэри апхуэдэ гугъуехь уиІэ? УиІэу щытмэ, абы пэлъэщыну нэгъуэщІхэм къадэІэпыкъуар сытми пфІэгъэщІэгъуэн хъуну къыщІэкІынщ.

13. Ди гум къыбгъэдэкІыу зэІущІэхэм уэрэд щыжытІэну сыт къыддэІэпыкъунур?

13 Уи гум къыбгъэдэкІыу уэрэд жыІэ. ЗэІущІэхэм уэрэд щыжытІэм деж ди акъылыр зытеухуауэ щытын хуейр Иеговэ щІыхь къызэрыхуэтхьыныращ. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Сарэ макъ дахэ иІэу зыкъилъытэжкъым, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ и цІэр уэрэдкІэ игъэлъэпІэну хуейщ. Абы къыхэкІкІэ Сарэ зэІущІэхэм зыщыхуигъэхьэзырым деж уэрэдхэри зэрыжиІэным зыхуегъэхьэзыр икІи ахэр программэм и Іыхьэхэм зэрепхар къыгурыІуэну хущІокъу. Сарэ жеІэ: «Сэ апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къыздоІэпыкъу уэрэдыр зэрыжысІэ щІыкІэм семыгупсысу, абы хэт псалъэхэм къикІым си акъылыр нэхъыбэу тезухуэну».

14. УукІытэхыу щытми, зэхуэсым жэуап щыптыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

14 ЗэІущІэ къэс жэуап птыну хущІэкъу. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм зэІущІэхэм жэуап щатыну егъэлеяуэ къогугъуэкІ. Татьянэ къыддогуашэ: «НэгъуэщІ цІыхухэм я пащхьэм сыкъыщыпсэлъэн хуейм деж сэ хуабжьу согузавэ. Абы къыхэкІкІэ зэІущІэхэм жэуап щыстыну си дежкІэ егъэлеяуэ гугъущ». Ауэ ди шыпхъум а гугъуехьыр зэран зыхуигъэхъукъым. Абы зэІущІэхэм зыщыхуигъэхьэзырым деж упщІэм и япэ жэуапыр кІэщІу икІи купщІэ хэлъу зэрыщытын хуейр игу иригъэлъщ. Ар мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «КъызэрыщІэкІымкІэ, си жэуапыр кІэщІу, гурыІуэгъуэу щытмэ, абы емыкІу хэлъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іыхьэр езыгъэкІуэкІ дэлъхур зэжьэр апхуэдэ жэуапщ».

15. Ди жэуапхэм теухуауэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

15 Уеблэмэ, укІытэхыу щымыт къуэш, шыпхъухэри жэуап ятыну щытемыгушхуэ къохъу. Сыт щхьэкІэ? Ди шыпхъу Джу́лиет мыпхуэдэу жеІэ: «Иныкъуэхэм деж си Іэр къэсІэтыну сытегушхуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си жэуапыр къызэрыгуэкІыу икІи гъэщІэгъуэн хэмылъу къызолъытэ». Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ къызэрытщыгугъыр дэ тхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр еттыныращc. Аращи, дызэрыгузавэм емылъытауэ, Иеговэ и цІэр зэІущІэхэм щыдгъэлъэпІэну дызэрыхущІэкъур абы игу ирохь.

НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЩЕПСАЛЪЭМ ДЕЖ

16. Сыт хуэдэ псэлъэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?

16 «ЦІыхухэм ІейкІэ» уатемыпсэлъыхь (Еф. 4:31). Мы статьям и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэхэм хъуанэбзэр къагъэсэбэпыну къезэгъкъым. Ауэ иныкъуэхэм деж цІыхум и жагъуэ зэрыпщІам гу лъомытэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІ къэралым е нэгъуэщІ лъэпкъым щыщ цІыхухэм пщІэ хэмылъу датепсэлъыхьу щІэдмыдзэн щхьэкІэ дысакъын хуейщ. Абы нэмыщІ дэ дыхуейкъым псалъэкІэ нэгъуэщІхэм я гум деуэну. Ди зы къуэшыр къыддогуашэ: «Япэм щыгъуэ сэ ауан хэлъу цІыхухэм сащытепсэлъыхь къэхъут икІи ар гушыІэу къысщыхъут. Ауэ, къызэрыщІэкІымкІэ, сэ цІыхухэм я гум сеуэт. Си щхьэгъусэм фІыщІэшхуэ хузощІ а хьэл мыхъумыщІэр зыхэзнэну илъэс куэдым къриубыдэу къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ. Дыщизакъуэм деж абы езыми нэгъуэщІхэми псалъэкІэ я жагъуэ зэрысщІам гу лъызигъэтэжт».

17. Ефес 4:29 зэритымкІэ, дапхуэдэу дэ нэгъуэщІхэр зэрыдгъэгушхуэфынур?

17 Уи псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэр гъэгушхуэ. ЦІыху гуэрым щхьэкІэ утхьэусыхэным е ар быубыным нэхърэ абы ущытхъуу зэхахым нэхъыфІщ. (Къеджэ Ефес 4:29.) Израил лъэпкъым фІыщІэ щІащІын щхьэусыгъуэ куэд яІэт, ауэ ахэр щІэх-щІэхыурэ тхьэусыхэу щытащ. Тхьэусыхэныр уз зэрыцІалэм хуэдэщ. Псалъэм папщІэ, тІасхъэщІэхыу ягъэкІуахэм щыщу цІыхуипщІыр зэрытхьэусыхам къыхэкІкІэ «израил цІыхухэр псори Мусэ... хуэшхыдэу» щІадзащ (Чис. 13:31—14:4). Ауэ цІыхум ущыщытхъум деж сыт къэхъур? Апхуэдэ псалъэхэм цІыхум дамэ къытекІам хуэдэу ящІ! Иеффэ и пхъур дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы и ныбжьэгъу хъыджэбзхэр къызэрыщытхъум и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэду и лэжьыгъэр адэкІи ирихьэкІыну къару иІэ хъут (Суд. 11:40). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Сарэ жеІэ: «ЦІыхум дызэрыщытхъумкІэ идогъэлъагъу Иегови зэхуэсым щыщхэми я дежкІэ ар лъапІэу зэрыщытыр». Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм фащытхъун щхьэкІэ Іэмал къэфлъыхъуэ.

18. Сыт пэжыр жытІэн щІыхуейр икІи абы хыхьэр сыт? (Псалом 15:1, 2).

18 ПцІы умыупс. ПцІы зыупс цІыхухэр Иеговэ и дежкІэ гущыкІыгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы пцІыр илъагъу хъукъым (Прит. 6:16, 17). Ди зэманым цІыху куэдым я гугъэщ пцІы ямыупсмэ, я Іуэхур дэмыкІыну. Ауэ а Іуэхум теухуауэ ди дежкІэ мыхьэнэ зиІэр цІыхухэм я еплъыкІэракъым, атІэ Иеговэ и еплъыкІэращ. (Къеджэ Псалом 15:1, 2.) ДауикІ, дэ пцІы дымыупсыну дыхущІокъу. Ауэ абы и нэгъуэщІ лъэныкъуи щыІэщ — ар нэгъуэщІхэр уэ узыхуей гупсысэм къыхуэкІуэн щхьэкІэ пэжыр икІэм нэс жомыІэныращ. Апхуэдэ щытыкІэри Алыхьым и лэжьакІуэхэм я дежкІэ къезэгъкъым.

Коллаж «Как нужно и не нужно. В разговорах»: 1) обесцвеченное фото, на котором сестра говорит по телефону и, судя по эмодзи, перемывает кому-то косточки; 2) та же сестра радостно говорит по телефону; судя по двум эмодзи (улыбающаяся рожица и солнечное небо), она говорит о чём-то положительном.

Псалъэмакъ мыхъумыщІэхэр цІыхухэм ядэдмыІыгъыу нэхъыфІ гуэрым дытепсэлъыхьыну дыщыхущІэкъум деж Иеговэ мэгуфІэ (19-нэ абзацым феплъ.)

19. Сыт иджыри дызыхуэсакъын хуейр?

19 Бзэгу зомыхьэ (Прит. 25:23; 2 Фес. 3:11). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Джулиет жеІэ: «ЦІыху гуэр нэгъуэщІхэм яхуэпсалъэу щызэхэсхым деж сэ ар хуабжьу сигу къоуэ! А цІыхум иужькІэ дауэ дзыхь зэрыхуэпщІынур? Сэри ар апхуэдэу къыстемыпсэлъыхьыну дэнэ сэ щысщІэр?» Псалъэмакъыр бзэгу зехьэным хуэкІуэу къэфлъагъумэ, фІым фызэрытепсэлъыхьыным фыхущІэкъу (Кол. 4:6).

20. Узэрыпсэлъэфыр дапхуэдэу къэбгъэсэбэпыну узэрыхуейр?

20 Дэ дыщыпсэу дунейм къемызэгъ псэлъэкІэм хуабжьу зыщиубгъуащ. Абы къыхэкІкІэ ди псэлъэкІэмкІэ Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ къару куэд етхьэлІэн хуейщ. Зыщывмыгъэгъупщэ: дызэрыпсэлъэфыр — Иеговэ и тыгъэщ икІи ар къызэрыдгъэсэбэп щІыкІэм абы и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди псалъэхэмкІэ нэгъуэщІхэм щапхъэ дахуэхъуну дыхущІэкъуу щытмэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІи, зэІущІэхэм дыщыхэткІи, нэгъуэщІхэм дащепсалъэкІи Иеговэ дгъэлъэпІэну ар къыддэІэпыкъунущ. Иеговэ мы дунеижьым кІэ ирита иужь ди псалъэхэмкІэ ар дгъэлъэпІэну куэдкІэ нэхъ тынш хъунущ (Иудэ 15). А зэманыр къэсыху мы псалъэхэм дытету дызэрыпсэуным дыхущІэкъунщ: «Си жьэм къыжьэдэкІ псалъэхэр... пфІэфІу щрет, уэ Иеговэ» (Пс. 19:14).

ДИ ПСАЛЪЭХЭМКІЭ НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЩАПХЪЭ ДАХУЭХЪУФЫНУ...

  • хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж?

  • зэІущІэхэм дыщыхэтым деж?

  • нэгъуэщІхэм дащепсалъэм деж?

121-НЭ УЭРЭДЫР ЗышыІэныгъэ тхэлъын хуейщ

a Иеговэ дыпсэлъэфу дыкъызэригъэщІар тыгъэ лъапІэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цІыхухэм я нэхъыбэм а тыгъэр Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу къагъэсэбэпкъым. Ди бзэр къабзэу щытыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум, зэІущІэхэм дыщыхэтым икІи нэгъуэщІхэм дащепсалъэм деж ди псэлъэкІэмкІэ Иеговэ дапхуэдэу зэрыдгъэгуфІэфынур? Мы статьям а упщІэхэм я жэуапхэр щызэпкърытхынущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c ЗэІущІэхэм щытт жэуапхэр зэрыщытын хуейм теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ 2019-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ зэхуэсым щытхъу къыщыхуэфхь» жыхуиІэ статьям.

d СУРЭТЫР. Унэм къыщІэкІа цІыхухъур къызэрыгубжьам къыхэкІкІэ къуэшым шыІэныгъэр зыфІигъэкІуэдащ; зэІущІэм щыІэу къуэшым уэрэд щыжиІэкІэ и жьэр ауэ зэтрих къудейуэ аращ; шыпхъур телефонкІэ зыгуэрым хуопсалъэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын