ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Апрель н. 15
  • Си терьерхэм щхьэкІэ пыченэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Си терьерхэм щхьэкІэ пыченэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Апрель н. 15
Мужчина выгуливает двух собачек. Они направляются к Свидетелям, которые стоят у стенда с литературой.

Си терьерхэм щхьэкІэ пыченэ

США-м, Орегон штатым щыпсэу Ник жиІэжа хъыбарымкІэ дывдэгуэшэну дыхуейщ. Мис а цІыхухъум и псалъэхэр: «2014-нэ гъэм, гъатхэм си хьэ цІыкІуитІыр си гъусэу ди къалэ уэрамхэм къыщыскІухьу щІэздзащ. Си хьэхэр терьер жыхуаІэ породэм щыщщ. Апхуэдэурэ къыщыткІухькІэ дэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ и Щыхьэтхэм дахуэзэт, сыту жыпІэмэ а щІыпІэм абыхэм я тхыгъэхэр зыдэлъ стендхэр щыт хабзэт. Иеговэ и Щыхьэтхэр сыт щыгъуи къабзэу, екІуу хуэпахэт, псоми яхуэгуфІэт икІи сэлам гуапэ ирахт.

Ахэр цІыхухэм ямызакъуэу, си хьэхэми гуапэу яхущытт. Зэгуэр Элейн зи цІэ хъыджэбзым си хьэхэм пыченэ яритащ. ДауикІ, хьэхэм ар ягу ирихьащ икІи а лъэныкъуэмкІэ дыкІуэхукІэ си терьерхэм „пыченэ зыдэлъ стендымкІэ“ салъэфт.

Апхуэдэурэ мазэ бжыгъэкІэ къекІуэкІащ. Стендым деж си хьэ цІыкІухэм ІэфІ гуэр яІухуэт, сэри Иеговэ и Щыхьэтхэм псалъэ зы-тІу къызжаІэт. Ауэ сэ абыхэм гъунэгъу захуэсщІыщэтэкъым. Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Япэрауэ, си ныбжьыр илъэс 70-м щІигъуат икІи Иеговэ и Щыхьэтхэм я фІэщ хъум хэсщІыкІ щыІэтэкъым. ЕтІуанэрауэ, протестантхэм я члисэм пэжыр къыщызгъуэтыну дапщэрэ сыхэмытами, фІы лъэпкъ абы къикІакъым. Абы щыгъуэ сэ мурад сщІащ Библиер езыр-езыру зджыжыну.

А зэманым сэ гу лъыстащ Иеговэ и Щыхьэтхэр я стендхэм бгъэдэту къалэм и адрей щІыпІэхэми зэрыщытым. Сыту цІыху гуапэт ахэри! Сыт хуэдэ упщІэ йомытми, Библиер къызэІуахти жэуапыр къыуатт. Сэ абы сыдихьэхащ икІи Иеговэ и Щыхьэтхэм нэхъыбэу дзыхь яхуэсщІу сыхъуащ.

Зэгуэр Элейн къызжиІащ: „Псэущхьэхэр — Алыхьым къыдита тыгъэщ, пэжкъэ?“ „Уей, шэч хэмылъу, пэжым!“ — естыжащ абы жэуап. Абдежым хъыджэбзыр Исайя 11:6—9 итым къысхуеджащ. Абы щыгъуэ я журналхэм щыщ къэзмыщтами, Элейн къызжиІар си гум дыхьащ.

А махуэм щыщІэдзауэ Элейнрэ абы и щхьэгъусэ Брентрэ щІэх-щІэхыурэ сепсалъэт. Ди псалъэмакъхэр кІэщІу щытами, си дежкІэ абыхэм мыхьэнэшхуэ яІэт. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхухэр сыт хуэдэу щытын хуейми къызгурыІуэн щхьэкІэ Маттэ тхылъым щыщІэдзауэ Апостолхэм нэс седжэну зэщхьэгъусэхэм чэнджэщ къызатащ. Абыхэм къызэрызжаІам хуэдэу сщІащ икІи куэд дэмыкІыу Брентрэ Элейнрэ Библием срагъаджэу щІадзащ. Ар къыщыхъуар 2016-нэ гъэм, гъэмахуэм.

Сэ, сабийм хуэдэу, тхьэмахуэ къэс сежьэт Библием сыщрагъэджэнумрэ зэІущІэм сыщыкІуэнумрэ. Библием зыхуригъаджэр къэсщІэну си дежкІэ насыпышхуэт икІи ар Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэу къэслъытэт. Илъэс хуэдиз дэкІри сэ псым зыщІэзгъэуащ. Иджы, илъэс 79 сыщыхъум, сэ быдэу си фІэщ мэхъу сызрикІуэн хуей гъуэгур къызэрызгъуэтар. Иеговэ щІыхь къысхуищІри, и унагъуэшхуэм щыщ сищІащ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын