5 СТАТЬЯР
Іущагъ хэлъу зэманыр къэвгъэсэбэп
«Фи псэукІэмкІэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфІагъэ зимыІэхэм фахуэмыдэу, акъылыфІагъэ зиІэхэм фахуэдэу фыпсэу. Игъуэр блэвмыгъэкІ» (ЕФ. 5:15, 16).
8-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дауэ Иеговэ и гъусэу зэманыр зэрыдгъэкІуэфынур?
ДЭ ФІЫУЭ тлъагъу цІыхухэм я гъусэу зэманыр дгъэкІуэну тфІэфІщ. Псалъэм папщІэ, зэщхьэгъусэхэм лэжьапІэм къикІыжа иужь пщыхьэщхьэм зэдэуэршэрыну ягу ирохь. НыбжьыщІэхэм я фІэфІщ я ныбжьэгъухэм я гъусэну. Абы нэмыщІ дэ псоми ди гуапэщ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ дызэІущІэну. Ауэ псом хуэмыдэу дэ дигу ирохь ди Алыхьым и гъусэу зэманыр дгъэкІуэну. «Ар дауэ?» жыпІэу уэ ущІэупщІэнкІэ хъунущ. Библием дыщеджэм, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм икІи абы и хьэл-щэнхэмрэ и мурадымрэ теухуауэ дыщегупсысым деж дэ абы дригъусэ хуэдэщ. А зэманыр псом хуэмыдэу лъапІэщ! (Пс. 139:17).
2. Сыт хуэдэ гугъуехьым дэ дыпэщІэхуэрэ?
2 Иеговэ и гъусэу зэманыр дгъэкІуэну дигу ирихьми, дэ зы гугъуехьым дыпэщІохуэ. АпхуэдизкІэ къалэн куэд диІэщи, Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм зэман къахудэдгъэкІыну щымытынш къохъу. ЛэжьапІэм, унагъуэм икІи ди гъащІэм и нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи къалэн куэд дызэриІэм къыхэкІкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну, Библием деджэну икІи дызэджам куууэ дегупсысыну дэ зэман тхуримыкъуу къытщыхъункІэ хъунущ.
3. Ди зэманыр сыт иджыри тфІэзышхынкІэ хъунур?
3 Иджыри зы гугъуехьым дыпэщІэхуэфынущ. Іейуэ щымыт Іуэхугъуэхэм зэман куэд ятедгъэкІуадэмэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхугъуэхэм тедгъэкІуэдэн хуей зэманыр абыхэм тфІашхынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, нэгу зегъэужьынымрэ зыгъэпсэхунымрэ дытепсэлъыхьынщ. ДауикІ, дэ псоми зэман-зэманкІэрэ зыдгъэпсэхун хуейщ, ауэ абыкІэ едгъэлейуэ щытмэ, Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм щхьэкІэ зэман къытхуэмынэжынкІэ хъунущ. Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым сыт хуэдэ Іуэхугъуэри и зэманым зэрыщІэн хуейр, нэгу зегъэужьынри абы хэту (Прит. 25:27, Гъэсэпэтхыдэхэр; 1 Тим. 4:8).
4. Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?
4 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм зэман тедгъэкІуэдэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэхэр. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Іущагъ хэлъу зэманыр дапхуэдэу къэдгъэсэбэпыфынуми икІи, апхуэдэу тщІэмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къытхуихьынуми.
ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ ЗЭМАНЫР КЪЭВГЪЭСЭБЭП ИКІИ МЫХЬЭНЭ ЗИІЭР СЫТМИ ЗЭХЭВГЪЭКІ
5. Ефес 5:15—17 ит чэнджэщыр ныбжьыщІэхэм дауэ къадэІэпыкъуну гъуэгу нэхъыфІ дыдэр къыхахыну?
5 Гъуэгу нэхъыфІ дыдэр къыхэфх. НыбжьыщІэ куэдым я гъащІэр дэнкІэ яунэтІынуми ящІэкъым. Зы лъэныкъуэкІэ егъэджакІуэхэмрэ Иеговэ и Щыхьэту щымыт я Іыхьлыхэмрэ ахэр хуагъэуш щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэту ахъшэфІ къалэжьыну. А гъуэгум зэман куэд текІуэдэнкІэ хъунущ. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ адэ-анэхэмрэ зэхуэсым щыщ я ныбжьэгъухэмрэ ахэр хуагъэушынкІэ хъунущ Иеговэ хуэлэжьэным я гъащІэр траухуэну. Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьыщІэхэм Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэну сыт къадэІэпыкъунур? Ар Ефес 5:15—17 ит чэнджэщыращ (къеджэ). А пычыгъуэм къеджа иужь ныбжьыщІэхэр мыпхуэдэу зэупщІыж хъунущ: «Иеговэ и Іэмырыр сыт? Ар згъэгуфІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ унафэ къэсщтэн хуейр? Іущагъ хэлъу си зэманыр къэзгъэсэбэпын щхьэкІэ сыт хуэдэ гъуэгу къыхэсхмэ нэхъыфІ?» Зыщывмыгъэгъупщэ: «мы махуэхэр махуаещ» икІи ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм куэд мыщІэу кІэ къыхуэкІуэнущ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ пэгъунэгъу дыхуэзыщІыну гъуэгур къыхэтхыным Іущагъ хэлъщ.
6. Мэрием къыхихар сыт икІи а унафэм Іущагъ хэлъу сыт жыпІэ щІэхъунур?
6 Мыхьэнэ зиІэр сытми зэхэвгъэкІ. Иныкъуэм деж Іущагъ хэлъу зэманыр къэбгъэсэбэпыным къикІыр ІуэхугъуитІым нэхъ мыхьэнэ зиІэр къыхэпхыныращ. А гупсысэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ Хьисэ Мэриемрэ Марфэрэ я деж хьэщІапІэ зэрыщыІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Марфэ хьэщІэ лъапІэ къызэрыкІуам апхуэдизкІэ щыгуфІыкІати, шхыныгъуэ куэд ипщэфІыну иужь ихьащ. А зэманым Мэрием Хьисэ зыхуригъаджэм едэІуэну иІэ Іэмалыр зыІэщІимыгъэкІын щхьэкІэ тІысри, абы едаІуэу щІидзащ. ДауикІ, Марфэ Хьисэ игъэхьэщІэну зэрыхуеям Іей лъэпкъ хэлътэкъым, ауэ Мэрием «Іыхьэ нэхъыфІыр къыхихащ» (Лк. 10:38—42). ИужькІэ Мэрием а махуэм абыхэм яшхар щыгъупщэжауэ къыщІэкІынущ, ауэ дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ абы щыгъуэ Хьисэ жиІа псалъэхэр абы игъащІэ псокІэ игу зэрыриубыдар. Мэрием Хьисэ и гъусэу игъэкІуа зэманыр лъапІэу илъытэт, абы ещхьу дэри Иеговэ и гъусэу дгъакІуэ зэманыр лъапІэу долъытэ. А зэманыр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпыну сыт къыддэІэпыкъунур?
ИЕГОВЭ И ГЪУСЭУ ВГЪАКІУЭ ЗЭМАНЫР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ КЪЭВГЪЭСЭБЭП
7. ТхьэлъэІум, Библие джыным, дызэджам дегупсысыным зэман къыхудэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
7 Зыщывмыгъэгъупщэ: тхьэлъэІур, Библие джыныр, узэджам уегупсысыныр — ар Иеговэ дызэрыхуэлажьэм хохьэ. ТхьэлъэІур щыжытІэм деж уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ лъапІэм депсалъэу жыпІэ хъунущ (Пс. 5:7). Библиер щыдджым деж Іущагъ псори къызыбгъэдэкІ «Алыхьым теухуа щІэныгъэр зыдогъэгъуэт» (Прит. 2:1—5). Дызэджам дыщегупсысым деж дэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр нэхъыфІу къыдоцІыху, абы нэмыщІ дэрэ дуней псомрэ абы хуиІэ мурад гъуэзэджэр къыдощІэ. Абы нэхърэ нэхъыфІу ди зэманыр къызэрыдгъэсэбэп хъуну Іэмал щыІэкъым. НтІэ, а Іуэхухэм тедгъэкІуадэ зэманым сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
Библиер бджын щхьэкІэ зыри зэран къыщыпхуэмыхъун щІыпІэ къэбгъуэтыфыну пІэрэ? (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Хьисэ пшахъуэщІым зэманыр зэрыщигъэкІуам сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?
8 Іэмал щыІэмэ, зыри зэран къыщыфхуэмыхъун щІыпІэ къэвгъуэт. Хьисэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар Алыхьым хуэлэжьэну щІидзэн ипэ пшахъуэщІым махуэ плІыщІкІэ щыІащ (Лк. 4:1, 2). Абы Хьисэ Іэмал щиІащ зыри зэран къыхуэмыхъуу и Адэм тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну икІи и Іэмырыр зэригъэзэщІэным егупсысыну. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Хьисэ зыпэщІэхуэну гъэунэхуапІэхэм фІыуэ зыхуигъэхьэзыращ. Абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Унагъуэшхуэ фиІэу щытмэ, зыри зэран къыщыфхуэмыхъун щІыпІэ фи унэм къыщывгъуэтыну гугъуу къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гугъуехьым Францием щыщ ди шыпхъу Жюли́ пэщІэхуащ. И щхьэгъусэмрэ абырэ я унэр зы пэш фІэкІа хъукъым. Жюли зыри зэран къыхуэмыхъуу Иеговэ епсэлъэн щхьэкІэ сыт ищІэр? Ар къыддогуашэ: «Махуэ къэс сэ паркым сокІуэ. Абы зыри зэран къыщысхуэмыхъуу Иеговэ сепсэлъэну Іэмал сиІэщ».
9. Хьисэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр лъапІэу илъытэу зэрыщытар сытыт къызыхэщыр?
9 Хьисэ къалэн куэд иІэт. Ар дэнэ мыкІуэми, сыт щыгъуи цІыху гупышхуэ абы и ужь итт икІи дэтхэнэ зыри Хьисэ зыгуэркІэ щыгугът. Зэгуэр ар зыщІэс унэм и бжэІупэм «къалэм дэс псори... къыщызэхуэсащ» икІи Хьисэ абыхэм псоми гулъытэ яхуищІащ. Ауэ, зэрыхущІэмыхьэм емылъытауэ, Иеговэ епсэлъэн щхьэкІэ абы зэман къыдигъэкІащ. Хьисэ «пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджщ, къалэм дэкІщ, щІыпІэ пхыдза гуэрым кІуэри» Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзащ (Мк. 1:32—35).
10, 11. Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритар ахэр Гефсимание жыг хадэм щыщыІам щыгъуэ икІи абы иужькІэ сыт къэхъуар? (Маттэ 26:40, 41).
10 Хьисэ лІэн ипэ иужьрей жэщым зыри зэран къыхуэмыхъун щхьэкІэ Гефсимание жыг хадэм кІуащ (Мт. 26:36). Ар хуейт абы къыпэщылъым фІыуэ егупсысыну икІи Алыхьым епсэлъэну. Абы щыгъуэ Хьисэ и гъэсэнхэм тхьэлъэІум теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ чэнджэщ яритащ.
11 А жэщым къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ и гъэсэнхэр и гъусэу Гефсимание жыг хадэм щыкІуам щыгъуэ зэманыр жэщ ныкъуэм фІихуауэ къыщІэкІынут. Хьисэ апостолхэм елъэІуащ ахэр мыжеину, иужькІэ езыр ІукІащ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэн щхьэкІэ (Мт. 26:37—39). «Хьисэ и гъуэгу ирикІуэ цІыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Іурихауэ ярихьэлІэжащ». Ар щилъагъум Хьисэ иджыри зэ жиІащ: «Фымыжейуэ фысакъ». ИтІанэ пищащ: «Гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу». (Къеджэ Маттэ 26:40, 41.) Абы къыгурыІуэт а пщыхьэщхьэм и гъэсэнхэр икъукІэ зэрыгузэвар икІи хуабжьу зэрешар. Хьисэ и гур абыхэм ящІэгъури, мы псалъэхэр жиІащ: «Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфІэкІыркъым». Хьисэ иджыри тІэунейрэ и гъэсэнхэм елъэІуащ ахэр мыжейуэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъэзэну, ауэ абы къигъэзэжыху ахэр жейт (Мт. 26:42—45).
Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэн щхьэкІэ къару нэхъ ущиІэ зэман къыхэпхыфыну пІэрэ? (12-нэ абзацым феплъ.)
12. Дэ дыщешам дежи тхьэлъэІум зэман къыхудэдгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
12 Алыхьым зыхуэвгъэзэн щхьэкІэ Іущагъ хэлъу зэманыр къыхэфх. Иныкъуэхэм деж дэ апхуэдизкІэ дошри, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну къару къыщытхуэмынэж къохъу. Зыщывмыгъэгъупщэ: цІыху куэдыр апхуэдэ гугъуехьым пэщІохуэ. Сыт апхуэдэм деж тщІэ хъунур? Псалъэм папщІэ, фыгъуэлъыжын ипэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэу фи хьэлу щытмэ, тІэкІу нэхъ жьыуэ, иджыри къару фиІэхукІэ, Алыхьым фепсалъэмэ, мынэхъыфІу пІэрэ? Абы нэмыщІ Алыхьым зыщыхуэвгъазэм деж ар зэрыфщІ щІыкІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Къуэш, шыпхъу куэдым зэрыжаІэмкІэ, я акъылыр тхьэлъэІум траухуэну нэхъ тыншщ ахэр щысу е лъэгуажьэмыщхьэу щыту Алыхьым зыщыхуагъазэм деж. Ауэ фи лъэр зэрыщІэхуам къыхэкІкІэ Алыхьым жефІэныр фымыщІэмэ-щэ? Абы щыгъуэ зыри фымыбзыщІу а Іуэхум теухуауэ Иеговэ жефІэ. Шэч къытевмыхьэ: гущІэгъу зыхэлъ ди Адэм фыкъыгуроІуэ (Пс. 139:4).
ЗэІущІэр щекІуэкІым деж электроннэ Іэмэпсымэхэр зэран зыхуомыгъэхъуну пхузэфІэкІыну пІэрэ? (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)
13. Иеговэ и гъусэу зэманыр щыдгъакІуэм деж электроннэ Іэмэпсымэхэр дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?
13 Библиер щывджкІэ зыри зэран зыхуэвмыгъэхъу. Дэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм нэмыщІ и Псалъэр щыдджым икІи зэІущІэхэм дыщыкІуэм дежи абы и гъусэу зэманыр догъакІуэ. А зэманыр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпыну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «ЗэІущІэр щекІуэкІым е си закъуэу Библиер куууэ щысджым деж сыт зэран къысхуэхъур?» Ар телефонкІэ къызэрытхуащІыр, электроннэ письмо е сообщение къызэрытхурагъэхьырауэ щытыфынущ. Нобэ миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм я нэгу къахущІэгъэхьэкъым телефонхэмрэ планшетхэмрэ ямыІэу. Языныкъуэ щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, ди акъылыр зыгуэрым тедухуэну дыщыхуейм деж дытемыплъэкъукІын щхьэкІэ электроннэ Іэмэпсымэхэр гъунэгъуу щыдмыгъэлъмэ нэхъыфІщ. Психологием и профессор гуэрым зэрыжиІэмкІэ, апхуэдэм деж ди акъылыр нэгъуэщІыпІэ щыІэщ. ЗэІущІэм е конгрессым щІидзэн ипэ дэ дигу къагъэкІыж ди электроннэ Іэмэпсымэхэр нэгъуэщІхэм зэран яхуэмыхъун хуэдэу тедухуэну. Иеговэ и гъусэу зэманыр дгъэкІуэну зыщыдгъэхьэзырым дежи электроннэ Іэмэпсымэхэр дэ езым зэран къытхуэмыхъун хуэдэу тхуэщІыну пІэрэ?
14. Филиппи 4:6, 7 зэритымкІэ, Алыхьым пыщІа Іуэхухэм ди акъылыр тедухуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
14 Иеговэ фелъэІу фытемыплъэкъукІын щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну. Библиер щывджым е зэІущІэм фыщыщыІэм деж фи гупсысэхэр нэгъуэщІыпІэ щыІэу гу зылъыфтэжамэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Зыгуэрым ущигъэгузавэм деж Алыхьым пыщІа Іуэхухэм уи акъылыр тебухуэну щымытынш къохъу, ауэ ар пщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ мамырыгъэ къывитыну фелъэІу. Апхуэдэу фщІэмэ, фи гум нэмыщІ абы «фи гупсысэхэри... къихъумэнущ». (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.)
ИЕГОВЭ И ГЪУСЭУ ДГЪАКІУЭ ЗЭМАНЫР ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ЛЪАПІЭЩ
15. Иеговэ и гъусэу дгъакІуэ зэманым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьрэ?
15 Иеговэ депсэлъэн, дедэІуэн икІи дегупсысын щхьэкІэ зэман хухэтхыу щытмэ, дэ абы сэбэпынагъышхуэ къытхуихьынущ. Япэрауэ, дэ зэпэшэча унафэхэр къэтщтэнущ. Абы теухуауэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ» (Прит. 13:20). Апхуэдэ щІыкІэкІэ Іущагъ псор къызыбгъэдэкІ Иеговэ и гъусэу зэманыр щыдгъакІуэм деж дэри нэхъ Іущ дохъу. Абы нэмыщІ дэ къыдощІэ ар зэрыдгъэгуфІэным икІи абы и жагъуэ хъуну унафэхэм пэІэщІэ зэрызыхуэтщІыным теухуауэ.
16. Иеговэ и гъусэу зэманыр зэрыдгъакІуэм и фІыгъэкІэ дапхуэдэу дэ нэхъ егъэджакІуэфІ дызэрыхъур?
16 ЕтІуанэрауэ, нэхъ егъэджакІуэфІ дохъу. Дэ зыгуэр Библием щедгъаджэм деж ди мурад нэхъыщхьэр — цІыхур Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуну дыдэІэпыкъуныращ. Уафэм щыІэ ди Адэм и гъусэу зэман нэхъыбэ дгъэкІуэху, абы худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. А лъагъуныгъэр ди псалъэхэм къыхэщу щытмэ, Библием едгъаджэми Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ. АбыкІэ щапхъэфІ дыдэ Хьисэ къытхуигъэнащ. Абы и Адэм и гугъу щищІым деж и псалъэхэм апхуэдиз щабагърэ гуапагъэрэ хэлъти, и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ фІыуэ ямылъагъуну Іэмал щыІэтэкъым (Ин. 17:25, 26).
17. ТхьэлъэІумрэ Библиер куууэ зэрыдджымрэ ди фІэщхъуныгъэр быдэ ящІу жыпІэ щІэхъунур сыт?
17 Ещанэрауэ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Фэ арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ: унафэ тэмэм къэтщтэну, ди гум гупсэхугъуэ кърилъхьэну е къыддэІэпыкъуну Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм икІи абы и жэуапхэр щытлъагъум деж ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу (1 Ин. 5:15). Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур? Библиер куууэ зэрыдджыр. Аращ абы мыпхуэдэ псалъэхэр щІитыр: «ХъыбарыфІыр щызэхахкІэ цІыхухэм фІэщхъуныгъэ яІэ мэхъу» (Рим 10:17). Ауэ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэт къудейкІэ зэфІэкІкъым. Дэ иджыри зыгуэр тщІэн хуейщ.
18. Куууэ дыгупсысэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм и щапхъэ къэфхь.
18 Дэ къатщІэм куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. 77-нэ Псаломыр зытхам къыщыщІам дегупсысынщ. Зы зэман гуэркІэ ар егупсысу щІидзащ Иеговэ и щІыбыр абыи израил цІыхухэми къахуигъэза хуэдэу. А гупсысэ Іейхэм ар апхуэдизкІэ зэхэзехуэн ящІати, абы и жейр фІэкІуэдат (2—8 едзыгъуэхэр). Сыт абы ищІар? Абы Иеговэ жриІащ: «Іуэхуу блэжь псоми сегупсысынщ. ПщІэ псоми куууэ сегупсысынщ» (12 едзыгъуэр). ДауикІ, мы Псаломыр зытхам фІы дыдэу ищІэт блэкІа зэманым Иеговэ и лъэпкъым дапхуэдэу хущытами. Ауэ ар зэрыгузавэм къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІэ зритыжт: «Алыхьым и нэфІыр къытщыхуэну щыгъупщауэ ара? Къэгубжьауэ гущІэгъу къытхуищІыну имыдэу ара?» (9 едзыгъуэр). Мы псаломыр зытхам игу къигъэкІыжащ япэм щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъым и нэфІ ящыхуэу икІи гущІэгъу яхуищІу зэрыщытар (11 едзыгъуэр). Сыт хуэдэ гупсысэ ар къызыхуэкІуар? Япэм щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъыр зэи къигъэнакъым — къэкІуэну зэманми къигъэнэнукъым (15 едзыгъуэр). Абы ещхьу дэри ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу блэкІа зэманым Иеговэ и лъэпкъым щхьэкІэ ищІамрэ дэ езым къытхуищІамрэ дыщегупсысым деж.
19. Иеговэ и гъусэу зэманыр щІэдгъакІуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?
19 ЕплІанэрауэ, Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. Ар псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ щхьэусыгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ адрей хьэл-щэнхэм нэхърэ нэхъыбэу лъагъуныгъэм дэ дыхуегъэуш Иеговэ дедэІуэну, ар арэзы тщІын щхьэкІэ зыгуэрхэм зыхуэдгъэныкъуэну икІи пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэми дыпэщІэтыну (Мт. 22:37—39; 1 Кор. 13:4, 7; 1 Ин. 5:3). Иеговэ и ныбжьэгъуу ущытыным нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри щыІэкъым! (Пс. 63:1—8).
20. Иеговэ нэхъыбэрэ уригъусэн щхьэкІэ сыт уэ пщІэну уи мурадыр?
20 Аращи, зыщыдгъэгъупщэнкъым: тхьэлъэІур, Библиер зэрыдджыр икІи дызэджам куууэ дызэрегупсысыр Иеговэ дызэрыхуэлажьэм хохьэ. Хьисэ хуэдэу, Иеговэ фригъусэн щхьэкІэ зыри зэран къыщыфхуэмыхъун щІыпІэ къэфлъыхъуэ, фытезыгъэплъэкъукІыну Іэмэпсымэхэр зэран зыхуэвмыгъэхъу. Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэм фыщыхэтым деж фи акъылыр абы теухуауэ щытын щхьэкІэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Иджыпсту щыщІэдзауэ ди зэманыр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпу щытмэ, дунеищІэм Иеговэ гъащІэ мыухыжкІэ къытхуэупсэнущ (Мк. 4:24).
28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу
a Иеговэ псом нэхърэ нэхъ ныбжьэгъуфІщ. Абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дэ лъапІэу долъытэ икІи ар нэхъыфІу къэтцІыхуну дыхуейщ. Зыгуэр нэхъыфІу къэтцІыхуну дыщыхуейм деж дэ абы зэман тыдогъэкІуадэ. Абы ещхьу Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ абы зэман тедгъэкІуэдэн хуейщ. Ауэ ди гъащІэр гугъуехькІэ гъэнщІауэ зэрыщытым къыхэкІкІэ Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыну тыншкъым. Дэнэ-тІэ зэман къыздитхынур уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм гъунэгъу зыхуэтщІын щхьэкІэ икІи, апхуэдэу тщІэмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къытхуихьынур?