ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp22 № 1 н. 6—7
  • 1 | ЦІыху зэхэгъэж умыщІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 1 | ЦІыху зэхэгъэж умыщІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Библием жиІэр:
  • Мы псалъэхэм къикІыр
  • Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
  • 3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
wp22 № 1 н. 6—7
ЦІыхухъу фІыцІэм цІыхухъу хужьым и сурэт иІыгъщ. ЦІыхухъу хужьым цІыхухъу фІыцІэм и сурэт иІыгъщ. ЦІыху губжьахэм я сурэтхэри адэкІэ щыдолъагъу.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

1 | ЦІыху зэхэгъэж умыщІ

Библием жиІэр:

«Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу... сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (АПОСТОЛХЭМ 10:34, 35).

Мы псалъэхэм къикІыр

Алыхь Иеговэa еплъкъым цІыхур къызыхэкІа лъэпкъым, абы и расэм, и культурэм. Абы и дежкІэ мыхьэнэ зиІэр ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «цІыхум илъагъур нэм илъагъуращ, ауэ Иеговэ гур елъагъу» (1 Самуила 16:7).

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

Дэ цІыхухэм я гум илъыр дымылъагъуми, зэхэгъэж дымыщІу, Алыхьыр абыхэм зэрахущытым хуэдэу дахущытыфынущ. ЦІыху псори зэрызэхуэмыдэр зыщумыгъэгъупщэ. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІ расэм е нэгъуэщІ лъэпкъым щыщ цІыхухэм гущыкІ хуэпщІу гу зылъыптэжамэ, апхуэдэ гурыщІэ Іейхэм утекІуэну Алыхьым елъэІу (Псалом 139:23, 24). Уи гум къыбгъэдэкІыу къару зэрепхьэлІэр Иеговэ илъагъумэ, Іэмал имыІэу ар къыбдэІэпыкъунущ (1 Петр 3:12).

a Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).

«Япэм сэ цІыху хужьым... сыбгъэдэсынкІэ Іэмал щыІэтэкъым. Сэ зыхэсщІащ дуней псом тет унагъуэшхуэм щыщ сызэрыхъуар» (ТАЙТУС).

Щапхъэ (ТАЙТУС)

Лъагъумыхъуныгъэм и къапхъэным къикІащ

Тайтус.

Тайтус зыхэт бандэм и гум техуэтэкъым фІыцІэхэмрэ хужьхэмрэ зэхыхьэну хуит зэрамыщІыр. Тайтус игу къегъэкІыж: «ФІыцІэхэр здыщІамыгъэхьэ хьэщІэщхэмрэ бархэмрэ дыкІуэт, къэугъэ къэдгъэхъейуэ дызэуэн щхьэкІэ». Тайтус езым зэрыжиІэмкІэ, лъагъумыхъуныгъэр и гум къикъуэлъыкІт. Ар къыддогуашэ: «Зыгуэрым сыщыхьамэ — ар цІыхухъу ирехъу, ар цІыхубз ирехъу — япэу сэрат еуэр».

Тайтус Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер джын щІидзэри, зихъуэжу щІидзащ. Библием итыр абы и гум нэсащ. Псом хуэмыдэу абы игу ирихьащ Апокалипсис 21:3, 4 ит псалъэхэр: «ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым».

Тайтус псынщІэу лъагъумыхъуныгъэм текІуакъым. Абы жеІэ: «Си гупсысэкІэмрэ си дуней тетыкІэмрэ схъуэжыну егъэлеяуэ гугъут». Апостолхэм 10:34, 35 ит «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу» жыхуиІэ псалъэхэр абы икъукІэ къыдэІэпыкъуащ.

Сыт абы кърикІуар? Тайтус къыддогуашэ: «Я зэхуаку лъагъуныгъэ нэгъэса дэлъу лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэмрэ расэ зэмыщхьхэмрэ къыхэкІа цІыхухэр зы лъэпкъыу Иеговэ зэрыхуэлажьэр къыщыслъэгъуам, сэ къызгурыІуащ абыхэм я диныр зэрыпэжыр. Иджыри псым зыщІэзгъэуэн ипэ, ди къуэш хужь гуэрым сэ шэджагъуашхэ сыкъригъэблэгъат. Ар си фІэщ схуэщІтэкъым! Япэм сэ цІыху хужьым сыдэшхэн дэнэ къэна, сыбгъэдэсынкІэ Іэмал щыІэтэкъым. Сэ зыхэсщІащ дуней псом тет унагъуэшхуэм щыщ сызэрыхъуар».

Тайтус и гъащІэм теухуауэ укъыщеджэфынущ 2009-нэ гъэм, шыщхьэІум и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 28—29 напэкІуэцІхэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын