ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp22 № 1 н. 8—9
  • 2 | Уилъ умыщІэж

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 2 | Уилъ умыщІэж
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Библием жиІэр:
  • Мы псалъэхэм къикІыр
  • Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
  • Лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • 7 разделым ухэзыгъэгъуазэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Исуф и къуэшхэм къращІар яхуегъэгъу
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
wp22 № 1 н. 8—9
Къэгубжьа цІыхухъуитІыр зы жыгым и къудамэ зырызым тесу, щхьэж зытес къудамэр пех.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

2 | Уилъ умыщІэж

Библием жиІэр:

«Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкІэ фыпэмыувыж. [...] Іэмал иІэмэ, фи Іэм къикІым хуэдизкІэ цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу... Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным жиІар и псалъэ тхахэм яхэтщ: „ЦІыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ“» (РИМ 12:17—19).

Мы псалъэхэм къикІыр

Зыгуэрым лей къыттригъэхьамэ, дауикІ, абы дыкъегъэгубжь. Ауэ Алыхьыр хуейкъым Іей къозыщІам Іей епщІэжыну. Абы и пІэкІэ Алыхьым дыхуегъэуш Іуэхур и ІэмыщІэм итлъхьэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэд мыщІэу абы захуагъэр зэтригъэувэжынущ (Псалом 37:7, 10).

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

ЦІыхум къращІар ирищІэжыну зэрыхэтым лъагъумыхъуныгъэм кІэ ириткъым, атІэ Іуэхур нэхъ Іеиж ищІу аращ. Зыгуэрым уи жагъуэ ищІамэ е и зэран къокІамэ, зышыІэныгъэ зыхэгъэлъ икІи къыуащІар епщІэжыну умыпІащІэ. Бзаджагъэм гъуэгу йомытмэ нэхъыфІщ (Притчи 19:11). Ауэ иныкъуэм деж Іуэхум кІуапІэ етын хуейщ. Псалъэм папщІэ, щІэпхъаджагъэ гуэр къыуащІамэ, полицием зыхуэбгъэзэну мурад пщІынкІэ хъунущ.

Зилъ зыщІэжыр и щхьэм зэран хуэхъужу аращ

ДахэкІэ Іуэхур зэхэмыкІмэ-щэ? Е уи лъэныкъуэкІэ пхузэфІэкІыр пщІауэ, ауэ Іуэхум фІыкІэ зимыхъуэжмэ-щэ? Зыщумыгъэгъупщэ — уилъ пщІэжыныр хэкІыпІэкъым. Абы Іуэхур нэхъ Іеиж ищІыну аращ. Абы и пІэкІэ лъагъумыхъуныгъэм уи деж щыпебгъэупщІмэ нэхъыфІщ. Алыхьым дзыхь хуэпщІу зегъасэ. Библием итщ: «Абы дзыхь хуэщІ, абы щыгъуэ ар щІэгъэкъуэн къыпхуэхъунущ» (Псалом 37:3—5).

Щапхъэ (АДРИАН)

Бзаджагъэм бзаджагъэкІэ пэмыувыжу зригъэсащ

Адриан.

Иджыри щІалэщІэ цІыкІуу, Адриан гуп мыхъумыщІэм пэшэгъу хуэхъури, и жагъуэ къэзыщІым зэи хуимыгъэгъуу хъуащ. Абы игу къегъэкІыж: «ІэщэкІэ зэхэуэхэм сэ мызэ-мытІэу сахэтащ. Уэрамым лъым сыхэлъу Іуэхур щиухи къэхъут».

Адриан илъэс 16 хъут, Библиер джын щыщІидзам. Ар къыддогуашэ: «Библиер нэхъыбэу зджыху, сэ нэхъыфІу къызгурыІуэт си хьэлыр схъуэжын зэрыхуейр». Адриан залымыгъэ зехьэнымрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ текІуэн хуейт. Псом хуэмыдэу абы игу ирихьащ Хьисэ и гъэсэнхэм ялъ ямыщІэжыну Рим 12:17—19 къызэрыхуриджэр. Адриан жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ Иеговэ езым унафэ зэрищІыр, захуагъэр дапщэщ икІи дауэ зэтригъэувэжынуми. Хуэм-хуэмурэ гущІэгъуншагъэ схэлъым сытекІуащ».

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Адриан игъэбийуэ щыта щІалэ гупыр и ужь къиуващ. Абыхэм я пашэр къеІунщІри: «Узэуэну?» — жиІэри къыжьэхэкІиящ. Адриан жеІэ: «Сэ кІэщІу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзащ. Іейуэ сыхуейт абы сезэуэуну, ауэ лІыгъэкІэ зысшыІэри сыІукІыжыфащ».

Адриан пещэ: «ЕтІуанэ махуэм сэ а щІалэм и закъуэу сыхуэзащ. Абдежым сыкъэкъуалъэу щІидзэри ар и пІэм изгъэувэжыну сыхуейуэ сыхъуат. Ауэ Иеговэ зышыІэныгъэ къызитыну сэ аргуэру селъэІуащ. Сэ хуабжьу згъэщІэгъуащ а щІалэр къызбгъэдыхьэу: „Дыгъуасэрейм щхьэкІэ къысхуэгъэгъу. Сэри сыхуейт уэр хуэдэ сыхъуну. Сыхуейт сэри Библиер зджыну“, — жиІэу къыщызжиІам. ЗышыІэныгъэ зэрызгъэлъэгъуам зыкІэ сыщыгуфІыкІыжати! Абы и фІыгъэкІэ а щІалэм Библиер джын щІидзащ».

Адриан и гъащІэм теухуауэ укъыщеджэфынущ 2016-нэ гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым (№ 5), 14—15 напэкІуэцІхэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын