ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp22 № 1 н. 10—11
  • 3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • 3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Библием жиІэр:
  • Мы псалъэхэм къикІыр
  • Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
  • «Стефан, которого Бог наделил своей силой и особенно поддерживал»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • Стефан мывэкІэ яукІ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
  • Лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2022
wp22 № 1 н. 10—11
ЩІалэм и нэгу къыщІегъэхьэ нэгъуэщІ расэ щыщ щІалэм и Іэр иубыду. Абыхэм ныбжь ядзым щыдолъагъу плакатхэр яІыгъыу а тІур зэрызэщІэкІиер.

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж

Библием жиІэр:

«Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (РИМ 12:2).

Мы псалъэхэм къикІыр

Дызэгупсысыр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу щыткъым (Иеремия 17:10). Лъагъумыхъуныгъэр къыщежьэр цІыхум и гупсысэхэмрэ и гурыщІэхэмрэ дежщ. Аращ уи псалъэхэмрэ уи ІуэхущІафэхэмрэ укІэлъыплъ къудейкІэ щІызэфІэмыкІыр. ЗэхъуэкІыныгъэхэр нэхъ куууэ щытын хуейщ — лъагъумыхъуныгъэр уи акъылми уигуми къиптхъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А зы Іэмал закъуэращ щыІэр нэгъэсауэ зыпхъуэжу, лъагъумыхъуныгъэм уи деж кІэ щептыну.

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

Уи щхьэр гъэунэхужи, пэжыр къащІэ: дауэ цІыхухэм уазэрыхущытыр, псом хуэмыдэу нэгъуэщІ расэм е нэгъуэщІ лъэпкъым щыщхэм? ЗэупщІыж: «Абыхэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ сиІэр? Си еплъыкІэр зытегъэщІар ахэр фІыуэ зэрысцІыхура хьэмэрэ нэмыплъ зэрестыра?» Лъагъумыхъуныгъэмрэ залымыгъэмрэ ухуэзыгъэуш фильмхэм е нэгъуэщІ материалхэм уемыплъ.

Алыхьым и Псалъэм цІыхум и гум илъ лъагъумыхъуныгъэр иригъэкъэбзыкІыжыфынущ

Уи гупсысэхэмрэ уи гурыщІэхэмрэ икІэм нэс къыщыбгурымыІуэ къохъу. Ауэ Алыхьым и Псалъэр абыкІэ къыбдэІэпыкъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «цІыхум и гущІэлъапсэм нэсыху пхрокІ» (Еврейхэм 4:12). Аращи, Библиер адэкІи джы. Уи еплъыкІэр абы итым техуэрэ темыхуэрэ зэхэгъэкІ. Уи гупсысэкІэр Алыхьым ейм техуэу щытын щхьэкІэ, пхузэфІэкІ къомыгъанэ. Лъагъумыхъуныгъэм цІыхум и гум лъабжьэ быдэ щищІами, Алыхьым и Псалъэм ар иригъэкъэбзыкІыжыфынущ (2 Коринф 10:4, 5).

Щапхъэ (СТИВЕН)

И гупсысэкІэр ихъуэжащ

Стивен.

Стивен зэрыцІыкІурэ зыхищІэт хужьхэр езыми и унагъуэм щыщхэми нэ ІейкІэ къызэреплъыр. Абы къыхэкІкІэ фІыцІэхэм я хуитыныгъэм щІэбэн парт гуэрым ар хыхьащ. А партым залымыгъэ зэрихьэт. Стивен жеІэ: «Африкэм къикІа пщылІхэр США-м гугъу зэрыщрагъэхьым теухуа фильм деплъу си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ кинотеатрым дыщІэст. Абы апхуэдизкІэ дыкъигъэгубжьати, занщІэу абдеж щІэс щІалэ хужьхэр дыубэрэжьу щІэддзащ. ИужькІэ хужьхэр щыпсэу районым дыкІуащ, абыи зыгуэр къыщыдубыду дыукІын щхьэкІэ».

Стивен Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер джын щыщІидзам щыгъуэ, абы и гупсысэкІэри и еплъыкІэри ихъуэжащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ лъэпкъ зэхэгъэж сщІыт, ауэ хуабжьу си гум нэсащ Иеговэ и Щыхьэтхэр зэрызэхущытыр. Псалъэм папщІэ, къуэш хужьыр хамэ къэралым кІуэн хуеймэ, абы и сабийхэр унагъуэ фІыцІэм къыхуигъанэт. Е щІалэ фІыцІэм щыпсэун имыІэмэ, унагъуэ хужьым ар и деж къригъэблагъэт». Иеговэ и Щыхьэтхэм Иуан 13:35 ит Хьисэ и унафэр ягъэзащІэу, я зэхуаку лъагъуныгъэ нэгъэса зэрыдэлъыр Стивен къилъэгъуащ.

Сыт Стивен къыдэІэпыкъуар губжьым текІуэну? Ар Рим 12:2 ит псалъэхэращ. Стивен жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ си гупсысэкІэр схъуэжын зэрыхуейр. Къаугъэ къызэрызмылъыхъуэжым имызакъуэу, си гум и щытыкІэри, абы илъри схъуэжын хуейт, пэж дыдэу цІыху мамыр сыхъун щхьэкІэ». Илъэс 40-м щІигъуауэ Стивен лъагъумыхъуныгъэ зыхэмылъ гъащІэ ирехьэкІ.

Стивен и гъащІэм теухуауэ укъыщеджэфынущ 2015-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 10—11 напэкІуэцІхэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын