ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Ноябрь н. 20—25
  • Фи фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Фи фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ ФЫЗЫХУЕЙ ФЫЗЭРЫХУИГЪЭЗЭНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?
  • «БОРЭНЫШХУЭМ» ФЫЗЭРЫПЭЩІЭТЫФЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?
  • АЛЫХЬЫМ ЗАХУАГЪЭР ЗЭРЫЗЭТРИГЪЭУВЭЖЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?
  • СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬМИ ФЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫФЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?
  • «ФІЭЩХЪУНЫГЪЭУ ДИІЭМ КЪЫТХУХЭГЪАХЪУЭ»
  • ФІэщхъуныгъэм къару къыдет
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Ноябрь н. 20—25

47 СТАТЬЯР

Фи фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну пІэрэ?

«Фымыгузавэ. ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ, сэркІи фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ» (ИН. 14:1).

119-НЭ УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Сыт дэ дыщІэгузэвэнкІэ хъунур?

КЪЭКІУЭНУ зэманым къэхъуну Іуэхугъуэхэм ущегупсысым деж абы уигъэгузавэу пІэрэ, псалъэм папщІэ, дин нэпцІыр зэрагъэкІуэдынум, Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къызэрыттеуэным икІи Армагеддон зауэшхуэм зэрыщІидзэнум? «А зэманым Иеговэ пэжу сыкъыхуэнэфыну пІэрэ?» жыпІэу, узэупщІыжрэ уэ? Апхуэдэ гупсысэхэр уиІауэ щытмэ, мы статьяр уэ къыбдэІэпыкъунущ. Дэ куууэ зэпкърытхынущ Хьисэ жиІа къыкІэлъыкІуэ псалъэхэр: «Фымыгузавэ. ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ, сэркІи фІэщхъуныгъэ зивгъэІэ» (Ин. 14:1). КъэкІуэну зэманым теухуауэ дымыгузэвэну фІэщхъуныгъэ быдэр къыддэІэпыкъунущ.

2. Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дапхуэдэу зэрытщІынур икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

2 Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын икІи къэкІуэну гугъуехьхэм дыпэщІэтыфын щхьэкІэ нобэ дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэм дазэрыхущытым дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ дызэлэжьын хуей лъэныкъуэхэр къэтлъэгъуну. ГъэунэхуапІэ дыпэщІэхуэху икІи абы дыпэлъэщыху, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Абы къыхэкІкІэ къэкІуэну гугъуехьхэм дэ нэхъ хуэхьэзыр дыхъунущ. Хьисэ и гъэсэнхэми фІэщхъуныгъэ зэрахуримыкъур къэзыгъэлъэгъуа Іуэхугъуэхэр я гъащІэм къыщыхъуащ. Мы статьям апхуэдэ ІуэхугъуиплІ щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ нобэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм къэкІуэну зэманым щыІэну гугъуехьхэм дапхуэдэу дыхуагъэхьэзырынуми.

АЛЫХЬЫМ ФЫЗЫХУЕЙ ФЫЗЭРЫХУИГЪЭЗЭНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?

Ахъшэм теухуауэ ди Іуэхур дэхуэхауэ щытми, фІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр адэкІи ди гъащІэм япэ идгъэщыфынущ (3—6-нэ абзацхэм феплъ.)

3. Маттэ 6:30, 33 зэритымкІэ, фІэщхъуныгъэр нэрылъагъу зыщІыр сыт?

3 Унагъуэм и нэхъыжь дэтхэнэ зыри хуейщ шхынкІи, щыгъынкІи, унэкІи и унагъуэр зыхуей хуигъэзэну. Ауэ мы зэман гугъум ар бгъэзэщІэну щымытынш къохъу. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я лэжьапІэр яфІэкІуэдащ икІи, дапхуэдиз къару ирамыхьэлІами, лэжьапІэщІэ къахуэгъуэткъым. НэгъуэщІхэм я лэжьыгъэр Иеговэ и хабзэхэм зэрыпэщІэувэм щхьэкІэ къагъэнэн хуей хъуащ. Апхуэдэхэм деж Иеговэ ди унагъуэр зыхуей зэрыхуигъэзэнум теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн хуейщ. Хьисэ Іуащхьэм тету жиІа псалъэм а гупсысэр ІупщІу къыхощ. (Къеджэ Маттэ 6:30, 33.) Иеговэ дыкъызэримыгъэнэным шэч лъэпкъ къытедмыхьэу щытмэ, абы и лэжьыгъэр адэкІи япэ идгъэщыфынущ. Иеговэ дызыхуей дызэрыхуигъазэр щытлъагъум деж абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу, ди фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ мэхъу.

4, 5. Зы унагъуэ гуэрым сыт къыдэІэпыкъуар зыпэщІэхуа гугъуехьхэм зэригъэгузавэм пэлъэщыну?

4 Венесуэлэ щыщ зы унагъуэр ахъшэкІэ щыдэхуэхам щыгъуэ я гугъуехьым пэлъэщыну Иеговэ ядэІэпыкъуащ. Миге́ль Ка́строb и унагъуэр я фермэм къарит тІэкІумкІэ псэут. Ауэ иужькІэ абыхэм ІэщэкІэ зэщІэузэда щІэпхъаджащІэхэр къатеуэри, я лъапсэр трахащ. Мигель жеІэ: «Иджыпсту ди унагъуэр зэрыпсэур арендэу къэтщта щІы тІэкІум къытетхыращ. Сэ пщэдджыжь къэс Иеговэ солъэІу а махуэм ди унагъуэр зыхуэныкъуэр къыдитыну». Абыхэм я гъащІэр тыншкъым, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, ахэр уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм щогугъ икІи зыхуэныкъуэр къазэрыритынум шэч къытрахьэкъым. Абы и фІыгъэкІэ Мигель и унагъуэр димыгъэхуу зэІущІэхэм макІуэ икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ. Абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр я гъащІэм япэ ирагъэщ, Иегови ахэр зыхуэныкъуэр ярет.

5 Я гугъуехьым емылъытауэ, Мигельрэ абы и щхьэгъусэ Юрайрэ Иеговэ и нэІэ къазэрытригъэтым гу лъатэну хущІокъу. Иеговэ абыхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къегъэсэбэп. Иныкъуэхэм деж ахэр Мигель и унагъуэр зыхуэныкъуэмкІэ догуашэ е лэжьыгъэ къигъуэтыну абы доІэпыкъу. Иджыри филиалым къикІ гуманитарная помощь жыхуаІэр къигъэсэбэпурэ Иеговэ а унагъуэм щІэгъэкъуэн хуохъу. А унагъуэм Иеговэ сыт щыгъуи зэригъусэм и фІыгъэкІэ абыхэм зыхащІэ я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыхъур. Зэгуэр Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам теухуауэ Мигель и пхъу нэхъыжь Йосели́н щытепсэлъыхьыжым щыгъуэ мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр плъагъуну гухэхъуэщ икІи ар сыт щыгъуи сызыщыгугъ хъун си ныбжьэгъуу зэрыщытыр сэ зыхызощІэ. Ди унагъуэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэм къэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэну гугъуехь нэхъ хьэлъэхэм дыхуагъэхьэзыращ».

6. Ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр фыщиІэм деж дапхуэдэу фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыфщІыфынур?

6 Фи унагъуэм ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр иІэу щытмэ, абы фи лъэр щІигъэхуфынущ. Ауэ фи Іуэхур дапхуэдизу гугъуу щымытами, фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ фщІыфынущ. Маттэ 6:25—34 ит Хьисэ и псалъэхэм фегупсысыну къывдэІэпыкъуну Иеговэ фелъэІу. Абы нэмыщІ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пыщІа лэжьыгъэм жыджэру хэт ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ зэрадэІэпыкъум фегупсыс (1 Кор. 15:58). Фи гугъуехьхэм ещхь гъэунэхуапІэхэм къуэш, шыпхъу куэдыр пэщІохуэ икІи абыхэм пэлъэщыну уафэм щыІэ ди Адэ ЛъапІэр щадэІэпыкъуакІэ, фэри Іэмал имыІэу къывдэІэпыкъунущ. Фэ фызыхуэныкъуэмрэ ар къызэрывитыну щІыкІэмрэ абы ещІэ. Иеговэ къызэрывдэІэпыкъур зыхэфщІэу щытмэ, фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ икІи къэкІуэну зэманым фызыпэщІэхуэну гугъуехьхэм хуэхьэзыру фыщытынущ (Авв. 3:17, 18).

«БОРЭНЫШХУЭМ» ФЫЗЭРЫПЭЩІЭТЫФЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?

ФІэщхъуныгъэ быдэр къыддэІэпыкъунущ борэнышхуэм хуэдэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну (7—11-нэ абзацхэм феплъ.)

7. Хьисэ и гъэсэнхэм фІэщхъуныгъэ зэрахуримыкъур борэнышхуэм дауэ къигъэлъэгъуа? (Маттэ 8:23—26).

7 Зэгуэр Хьисэ и гъэсэнхэр и гъусэу борэнышхуэм хэхуащ. Хьисэ а Іуэхугъуэр къигъэсэбэпри, и гъэсэнхэм я фІэщхъуныгъэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ нэхъ быдэ ящІын хуейми къагуригъэІуащ. (Къеджэ Маттэ 8:23—26.) Борэнышхуэ къэхъуауэ псыр кхъуафэжьейм къыщилъадэм щыгъуэ Хьисэ мамыру жейт. Абы и гъэсэнхэр гужьеяуэ ар къагъэушри, ахэр къригъэлыну елъэІуащ. Абы щыгъуэ Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Сыт апхуэдизу фыщІэшынэр, фІэщхъуныгъэ зи мащІэхэ?» Хьисэ и гъэсэнхэр шынауэ щытми, абыхэм фІы дыдэу къагурыІуэн хуейт Иеговэ Хьиси абы и гъусэхэри къригъэлыну лъэкІыныгъэ зэриІэр. Сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, фІэщхъуныгъэ быдэр зэпІэзэрыту дыкъэнэну къыддэІэпыкъунущ.

8, 9. Анель сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа икІи абыхэм пэщІэтыну сыт къыдэІэпыкъуар?

8 Пуэрто-Рико щыщ щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу Ане́ль зыпэщІэхуа гугъуехьым и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ. Абы и гъащІэм пэж дыдэу борэнышхуэ къыщыхъуащ. 2017-нэ гъэм «Мария» зи цІэ борэнышхуэм Анель и унэр щызэтрикъутащ. Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІакъым: иужькІэ абы и лэжьапІэри фІэкІуэдащ. Анель жеІэж: «А зэман гугъухэм щыгъуэ сэ егъэлеяуэ сыгузавэт. Ауэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Иеговэ дзыхь хуэсщІу зезгъэсащ: абы тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэти, сызыгъэгузавэу хъуар псори жесІэт икІи си гугъуехьхэм къарур сщІамыхыну къыздэІэпыкъуну селъэІут».

9 Абы нэмыщІ Анель жеІэж зыпэщІэхуа гугъуехьхэм пэлъэщыну жыІэдаІуэныгъэр къызэрыдэІэпыкъуар. Ар къыддогуашэ: «Организацэм и чэнджэщхэм сызэрытетам и фІыгъэкІэ си гум гупсэхугъуэ илът. Ди къуэш, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпу Иеговэ къызэрыздэІэпыкъур слъагъут. Абыхэм сагъэгушхуэт икІи сызыхуэныкъуэмкІэ къыздэгуашэт. Иеговэ сызэрелъэІуам нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ къысхуищІащ икІи си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуащ».

10. Борэнышхуэм хуэдэ гугъуехьым упэщІэхуамэ, сыт пщІэ хъунур?

10 Борэнышхуэм хуэдэ гугъуехьым упэщІэхуауэ пІэрэ? Псалъэм папщІэ, гузэвэгъуэшхуэ гуэрым и ягъэкІэ уи гъащІэм зихъуэжащ. Е уи узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ Іэнкун ухъуащ икІи уи лъэр щІэхуащ. Зэман-зэманкІэрэ абы егъэлеяуэ уигъэгузэвэнкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ адэкІи дзыхь хуэпщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы лъэІу гуащІэкІэ зыхуэгъазэ. Япэм ар къызэрыбдэІэпыкъуар уигу къэгъэкІыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынущ (Пс. 77:11, 12). Иеговэ иджыпстуи къэкІуэну зэманми зэи укъызэримыгъэнэным шэч къытомыхьэ!

11. ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэм дедэІуэн щІыхуейр сыт?

11 Гугъуехьхэм дыпэщІэтыну сыт иджыри къыддэІэпыкъунур? Анель къызэрыхигъэщам хуэдэу, ар жыІэдаІуэныгъэращ. Иеговэрэ Хьисэрэ дзыхь зыхуащІ цІыхухэм фэри дзыхь хуэфщІу зевгъасэ. ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм къащтэ унафэхэм языныкъуэхэм деж акъыл хэмылъу къыфщыхъункІэ хъунущ, ауэ жыІэдаІуэу щыт цІыхухэм Иеговэ доІэпыкъу. Библиемрэ ди зэманым псэу къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэмрэ къагъэлъагъуэ жыІэдаІуэныгъэм гъащІэр къызэрыригъэлыр (Исх. 14:1—4; 2 Лет. 20:17). А щапхъэхэм куууэ фегупсыс. Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм дытетыну диІэ гукъыдэжыр нэхъ ин хъунущ (Евр. 13:17). Абы щыгъуэ къэкІуэну зэманым мы дунейр зыпэщІэхуэну гузэвэгъуэшхуэм фыщІыщышынэн щхьэусыгъуэ фиІэнукъым (Прит. 3:25, Гъэсэпэтхыдэхэр).

АЛЫХЬЫМ ЗАХУАГЪЭР ЗЭРЫЗЭТРИГЪЭУВЭЖЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?

Зэпымыууэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ (12-нэ абзацым феплъ.)

12. ЦІыхухэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытым деж фІэщхъуныгъэм сытым дыхуигъэушыну? (Лука 18:1—8).

12 Хьисэ ищІэт абы и гъэсэнхэм цІыхухэр захуагъэ хэмылъу зэрахущытынур икІи абы я фІэщхъуныгъэр зэригъэунэхунур. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ фызабэмрэ Алыхьым щымышынэ хеящІэмрэ теухуа ущие хъыбарыр и гъэсэнхэм яхуиІуэтащ. А фызабэм шэч къытрихьэтэкъым, зэпымыууэ хеящІэм елъэІуу щытмэ, абы захуагъэ зыхэлъ унафэ къызэрищтэнур. ИкІэм-икІэжым апхуэдэущ къызэрыхъуар. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Иеговэ захуагъэ зыхэлъ хеящІэщ, абы къыхэкІкІэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэІу цІыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ?» (Къеджэ Лука 18:1—8.) ИужькІэ абы пищащ: «Ауэ ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр мы дунейм къыщыкІуэжкІэ, фІэщхъуныгъэ зиІэ щигъуэтыну?» Аращи, цІыхухэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытым деж, а фызабэм хуэдэу, фІэщхъуныгъэ быдэм дыхуигъэушынущ шыІэныгъэрэ теубыдагъэрэ дгъэлъэгъуэну. Дэ шэч къытетхьэнукъым гува-щІэхами Иеговэ къызэрытщхьэщыжынум. Абы нэмыщІ тхьэлъэІум къаруушхуэ зэрыщІэлъыр ди фІэщ зэрыхъум мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иныкъуэхэм деж дэ дызэримыгугъам хуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап ирет.

13. Зы унагъуэ гуэрыр тхьэлъэІум дапхуэдэу къызэрыригъэлар?

13 Демократическэ Республикэ Конго щыщ ди шыпхъу Веро́никэ и гъащІэм къыщыхъуам гу лъыттэнщ. А къэралым цІыхухэм зыкъыщаІэтам щыгъуэ Вероникэ Иеговэ и Щыхьэту щымыт и щхьэгъусэмрэ илъэс 15 хъу и пхъумрэ и гъусэу къуажэм къыдэкІыу щІэпхъуэжын хуей хъуащ. Ахэр зы блокпост гуэрым деж Іэщэ зыІыгъ цІыхухэм къагъэувыІэри, яукІыну жаІащ. Вероникэ зэрыгъыр щилъагъум абы и пхъум макъкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэу щІидзащ икІи зыбжанэрэ Иеговэ и цІэр къриІуащ. Абы и тхьэлъэІур жиІэн щиухам щыгъуэ Іэщэ зыІыгъ гупым я Іэтащхьэр абы къеупщІащ: «Алыхьым апхуэдэу зыхуэбгъэзэну уэ цІыкІур уезыгъэсар хэт?» Абы жэуап иритащ: «Си анэм» — икІи апхуэдэ щІыкІэкІэ Хьисэ Алыхьым зэрызыхуигъазэу щытар Маттэ 6:9—13 зэритыр абы жриІащ. Ар щызэхихым а цІыхухъум жиІащ: «Уэ цІыкІумрэ уи адэ-анэмрэ адэкІэ фыкІуэ хъунущ икІи уи Алыхь Иеговэ укърехъумэ!»

14. Ди фІэщхъуныгъэр сыт зыгъэунэхуфынур икІи апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?

14 Апхуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэ тхьэлъэІум къаруушхуэ зэриІэр. Ауэ фи тхьэлъэІухэм Иеговэ занщІэу икІи наІуэу жэуап къримытмэ-щэ? Хьисэ зи гугъу ищІа фызабэм хуэдэу, зэпымыууэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи ар фызэригъусэм шэч къытевмыхьэ. Дапщэщ икІи дапхуэдэ щІыкІэкІэ жэуап къывитынуми абы фІыуэ ещІэ. Иеговэ и къару лъапІэр къывитыну адэкІи фелъэІу (Флп. 4:13). Зыщывмыгъэгъупщэ: куэд мыщІэу Иеговэ фІыгъуэ куэд къывитынущ икІи япэм фиІа гугъуехьхэр афІэкІа фигу къэкІыжыххэнукъым. Гугъуехь гуэр фыщиІэм деж Иеговэ фыщыгугъуу зевгъасэу щытмэ, къэкІуэну зэманым щыІэну гъэунэхуапІэхэм хуэхьэзыру фыщытынущ (1 Пет. 1:6, 7).

СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬМИ ФЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫФЫНУР ФИ ФІЭЩ ХЪУРЭ?

15. Маттэ 17:19, 20 зэритымкІэ, Хьисэ и гъэсэнхэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа?

15 Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ сыт хуэдэ гугъуехьхэми пэлъэщыну абыхэм фІэщхъуныгъэр къазэрыдэІэпыкъунур. (Къеджэ Маттэ 17:19, 20.) Зэгуэр абыхэм жин бзаджэр цІыхум къыхахуфакъым, япэм апхуэдэу мызэ-мытІэу ящІами. Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Хьисэ абыхэм фІэщхъуныгъэ зэрахуримыкъуар къагуригъэІуащ. Абы зэрыжиІамкІэ, и гъэсэнхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІауэ щытамэ, бгым ебгъэщхь хъуну гугъуехьхэм ахэр пэлъэщыфынут. Нобэ дэри бгым хуэдэ гугъуехьышхуэхэм дыпэщІэхуэфынущ икІи абыхэм дыпэмылъэщыну къытщыхъункІэ хъунущ.

Ди гъащІэм гуауэ къыщыхъуфынущ, ауэ, абы емылъытауэ, фІэщхъуныгъэ быдэр къыддэІэпыкъунущ адэкІи Иеговэ и лэжьыгъэм дыхэтыну (16-нэ абзацым феплъ.)

16. Ди шыпхъу Хейди и гуауэм пэлъэщыну фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?

16 Гватемалэ щыщ ди шыпхъу Хе́йди къыщыщІам гу лъыттэнщ. Абы и щхьэгъусэ Эдди яукІащ зэІущІэ нэужьым ахэр унэм щыкІуэжым щыгъуэ. Хейди и гуауэм пэлъэщыну фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ си гугъуехьхэр Иеговэ ІэщІызолъхьэ, абы иужь мамырыгъэ зыхызощІэ. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ си благъэхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ къызэрыздэІэпыкъум Иеговэ и нэІэ къызэрыстригъэтыр хызолъагъуэ. Сэ Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэрэ сыхэтыну сыхущІокъу, абы и фІыгъэкІэ си гуауэр апхуэдэу зыхэсщІэкъым икІи къэкІуэну зэманым къэхъуным щхьэкІэ егъэлеяуэ сыгузавэкъым. Сэ сызэпхырыкІа псом си фІэщ ищІащ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ сыпэщІэмыхуами, Иеговэ, абы и организацэм икІи Хьисэ сымэ я фІыгъэкІэ сэ абыхэм сызэрыпэлъэщыфынур».

17. Бгым ебгъэщхь хъуну икІи узыпэмылъэщыну къыпщыхъу гугъуехьхэм ущыпэщІэхуэм деж сыт пщІэ хъунур?

17 ФІыуэ флъагъу гуэр лІэныгъэм фІэщІихауэ пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ лІахэм къахигъэтэджыкІыжахэм теухуауэ Библием итым къытевгъэзэжурэ феджэ. Ар фэ къывдэІэпыкъунущ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ фиІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ фщІыну. Е фи унагъуэм щыщ гуэр зэхуэсым зэрыхагъэкІар къыфтехьэлъэу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ и тезырым сыт щыгъуи сэбэпынагъ къызэрыпэкІуэм шэч къытевмыхьэн щхьэкІэ Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ куууэ зэпкърыфх. Сыт хуэдэ гугъуехьым фыпэщІэмыхуами, ар фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыфщІын Іэмалу къэфлъытэ. Фи гум щыщІэр Иеговэ хуэфІуатэ. Къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуэвмыщІ, атІэ абыхэм фаригъусэн щхьэкІэ къару ефхьэлІэ (Прит. 18:1, Гъэс.). Фи гуауэр къыфтехьэлъэу щытми, фи лъэр щІэмыхун щхьэкІэ Алыхьым и лэжьыгъэм фыхэт (Пс. 126:5, 6). Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэр блэвмыгъэкІ, хъыбарыфІ гъэІуным фыхэт икІи Библиер вджы. Абы нэмыщІ Иеговэ фхуигъэхьэзыра фІыгъуэхэм сыт щыгъуи фегупсыс. Алыхьыр къызэрывдэІэпыкъур флъагъумэ, фи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ.

«ФІЭЩХЪУНЫГЪЭУ ДИІЭМ КЪЫТХУХЭГЪАХЪУЭ»

18. ФІэщхъуныгъэ зэрыпхуримыкъур гъэунэхуапІэ гуэрым наІуэ ищІауэ щытмэ, сыт пщІэ хъунур?

18 ФызыпэщІэхуа гугъуехьхэм фІэщхъуныгъэ зэрыфхуримыкъур ягъэунэхуамэ, фи Іэр евмыхьэх, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджы фызэлэжьын хуейр фощІэ. Хьисэ и апостолхэм хуэдэу, Иеговэ фелъэІу: «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ» (Лука 17:5). Абы нэмыщІ мы статьям зи гугъу ищІ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэм фегупсыс. Мигельрэ Юрайрэ хуэдэу, Иеговэ дапхуэдэ щІыкІэкІэ къывдэІэпыкъуами зыщывмыгъэгъупщэ. Вероникэ и пхъумрэ ди шыпхъу Анельрэ хуэдэу, лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуэвгъазэ, псом хуэмыдэу фи Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыщыфщыхъум деж. Ди шыпхъу Хейди хуэдэу, фи Іыхьлыхэмрэ фи ныбжьэгъухэмрэ къигъэсэбэпу Иеговэ къызэрывдэІэпыкъуфынур зыщывмыгъэгъупщэ. Иджыпсту Иеговэ фыщыгугъыу зевгъасэу щытмэ, къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ фыпэщІэмыхуэми, ар къызэрывдэІэпыкъунум шэч къытефхьэнукъым.

19. Хьисэ сыт и фІэщ хъууэ щытар икІи дэри сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?

19 Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ фІэщхъуныгъэ яхуримыкъуми яригъэлъэгъуащ. Ауэ абы и фІэщ хъут Иеговэ и фІыгъэкІэ ахэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми зэрыпэлъэщыфынур (Ин. 14:1; 16:33). Хьисэ шэч къытрихьэтэкъым гузэвэгъуэшхуэ зэманым пхрыкІыну цІыху куэдыкІейм фІэщхъуныгъэ быдэр къазэрыдэІэпыкъунур (Апок. 7:9, 14). А цІыху гупым дэри дыхэтыну пІэрэ? Къэдмылэжьауэ Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэм и фІыгъэкІэ дэ ар тхузэфІэкІынущ, ди фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэн щхьэкІэ дэтхэнэ зы Іэмалри къэдгъэсэбэпу щытмэ! (Евр. 10:39).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • КъэкІуэну зэманым ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэхуну гугъуехьхэм дауэ зыхуэдгъэхьэзыр хъуну?

  • Сыт хуэдэ гугъуехьиплІым дрихьэлІэнкІэ хъуну икІи ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну дапхуэдэу ахэр къызэрыддэІэпыкъунур?

  • Алыхьым пэжу фыкъызэрыхуэнэфынур фи фІэщ зыщІыр сыт?

118-НЭ УЭРЭДЫР «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»

a Мы дуней бзаджэм кІэ къыщыхуэкІуэну зэманым дэ псори дыпоплъэ. Ауэ иныкъуэхэм деж дыщыгузавэ къохъу «а зэманым дыпхырыкІыну фІэщхъуныгъэ тхурикъуну пІэрэ?» жытІэу. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ гъащІэм къыщыхъуфыну Іуэхугъуэ зыбжанэм икІи ахэр ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми къэтщІэнущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын