ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Ноябрь н. 26—30
  • ГъащІэм и мыхьэнэр къызэрыслъыхъуар

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ГъащІэм и мыхьэнэр къызэрыслъыхъуар
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • УНИВЕРСИТЕТЫМ СЫЩЕДЖЭМ ЩЫГЪУЭ
  • ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭСЛЪЫХЪУЭУРЭ ДУНЕЙР КЪЫЗЭХЭСКІУХЬАЩ
  • ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭСЛЪЫХЪУЭУРЭ ХЫМ СЫТЕХЬАЩ
  • ДИН ПЭЖЫР КЪЫЗЭРЫСЛЪЫХЪУАР
  • ЛЭЖЬАПІЭ КЪЫЗОЛЪЫХЪУЭ
  • ИКІЭМ-ИКІЭЖЫМ СЭ ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭЗГЪУЭТАЩ!
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Ноябрь н. 26—30

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

ГъащІэм и мыхьэнэр къызэрыслъыхъуар

ЖЫЗЫІЭЖАР ВИТХОЛТ МАРТИНЩ

МЫ ІУЭХУР къыщыхъуар Средиземнэ Хыращ. Хы Іуфэм сыпэжыжьэу си кхъуафэжьей цІыкІум псы къызэрилъадэр щыслъэгъуам сэ хуабжьу сыгужьеящ. Абы нэмыщІ напІэзыпІэм борэнышхуэ къыкъуэуащ. Сэ апхуэдизкІэ сышынати, илъэс куэдым къриубыдэу япэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэзгъэзащ. «А щІыпІэ жыжьэм щхьэ укъыщыщІидзын хуей хъуа?» жыфІэу фегупсысу къыщІэкІынщ. Хуит сыкъэфщІу щытмэ, ипэм щыщІэдзауэ псори вжесІэжынщ.

Илъэсибл сыщыхъум щыгъуэ. Дэ Бразилием дыщопсэу

Сэ 1948-нэ гъэм Нидерланды къэралым сыкъыщалъхуащ. Илъэс дэкІри ди унагъуэр Бразилием щыІэ Сан-Па́улу къалэм Іэпхъуащ. Си адэ-анэм Алыхьыр я фІэщ хъут, абы къыхэкІкІэ пщыхьэщхьэшхэ нэужьым щІэх-щІэхыурэ Библием деджэт. 1959-нэ гъэм дэ аргуэру дыІэпхъуащ, абы щыгъуэ США-м и Массачу́сетс штатым дыкъыщыувыІащ.

Ди унагъуэр цІыхуий хъути, дипІын щхьэкІэ ди адэр куэдрэ лэжьэн хуейт. Ар сатуущІэуи лэжьащ, гъуэгу ухуэныгъэми хэтащ, уеблэмэ, зы международнэ авиакомпанием и лІыкІуэуи щытащ. Абы и иужьрей лэжьыгъэр дэ икъукІэ дигу ирихьт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фІыгъэкІэ къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм дыкІуэну Іэмал диІэт.

Школым сыщыщІэсам щыгъуэ сэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу сегупсыст: «Балигъ сыхъумэ, сыт хуэдэ ІэщІагъэ къыхэсхынур?» Си ныбжьэгъухэм щыщ языныкъуэхэм щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну унафэ ящІащ, адрейхэм армэм кІуэну къыхахащ. Ауэ армэм пыщІа Іуэхухэм сыхэтыну сызэрыхуэмейр сэ фІы дыдэу къызгурыІуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сызэуэн дэнэ къыщына, цІыхухэм седэуэну си хьэлтэкъым. Абы къыхэкІкІэ армэм сыдамышын щхьэкІэ университетым сыщІэтІысхьащ. ЦІыхухэм сэбэп къыхуэзыхь ІэщІагъэ гуэр зэзгъэгъуэтыну сыхуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы си гъащІэм мыхьэнэ къыхилъхьэну си гугъэт.

УНИВЕРСИТЕТЫМ СЫЩЕДЖЭМ ЩЫГЪУЭ

Илъэс куэдкІэ гъащІэм и мыхьэнэр къэслъыхъуащ

Университетым сыщыщІэсам щыгъуэ гъащІэр къызэрыунэхуам сызэрегупсысым къыхэкІкІэ антропологиер нэхъ сфІэгъэщІэгъуэн хъуащ. Дэ эволюцием дыхурагъаджэт икІи абы фІэкІа нэгъуэщІ пэж щымыІэ хуэдэу ар къыдбгъэдалъхьэт. Ауэ, си еплъыкІэмкІэ, упщІэ куэдым я жэуапхэр эволюцием ириттэкъым икІи абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ уимыІэу ар уи фІэщ хъун хуейт. ДауикІ, апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр наукэм техуэу пхужыІэнутэкъым.

ЕджапІэм дыщыщІэсым щыгъуэ къабзагъэ зыхэлъ хьэл-щэнхэр къытхалъхьэну егъэджакІуэхэр иужь иттэкъым. Абыхэм къыджаІэт ди мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр. Абы нэмыщІ си гъащІэм нэгу зегъэужьынымрэ наркотикымрэ куэду хэтт. Абыхэм гуфІэгъуэ къысхуахьт, ауэ ар псынщІэу сфІэкІуэдт. Сэ сегупсыст: «Мыпхуэдэ гъащІэм мыхьэнэ иІэу пІэрэ?»

Абы иужь Бо́стон къалэм сыІэпхъуэри, абы щыІэ университетхэм щыщ зым сыщІэтІысхьащ. ЕджапщІэр стын щхьэкІэ гъэмахуэм лэжьапІэ сыуващ икІи абы щыгъуэ япэ дыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм сахуэзащ. Къыздэлажьэ щІалэм Данил бегъымбарым и тхылъым и 4-нэ псалъащхьэм ит «зэманиблым» теухуауэ къызжиІэри, иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур къызгуригъэІуащ (Дан. 4:13—17). Сэ занщІэу къызгурыІуащ, абы епсэлъэн щызмыгъэтмэ, си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хэслъхьэн хуей зэрыхъунур. Абы къыхэкІкІэ а щІалэм сызэрыхуэмызэным сыхущІэкъут.

Сыщеджэ университетым Ипщэ Америкэм щыпсэу цІыхухэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъуну хуейхэр щагъэхьэзыр курсым зыхезгъэтхащ. Абы си гъащІэм мыхьэнэ къритыну къысщыхъут. Ауэ, сызэригугъам хуэдэу, ар къыщІэкІакъым. КІуэ пэтми, си гур нэхъ зыщыути, сэ университетыр къэзгъэнащ.

ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭСЛЪЫХЪУЭУРЭ ДУНЕЙР КЪЫЗЭХЭСКІУХЬАЩ

1970-нэ гъэм и накъыгъэм сэ Амстерда́м къалэм сыІэпхъуащ икІи си адэр щылажьэ авиакомпанием сыуващ. Абы и фІыгъэкІэ сэ щІыпІэ куэдым сыщыІащ, псалъэм папщІэ, Азием, Африкэм, Ипщэ икІи Ищхъэрэ Америкэм, абы нэмыщІ Европэм. Ауэ куэд дэмыкІыу къызгурыІуащ: дэтхэнэ зы къэралми щыпсэу цІыхухэр зрихьэлІэ гугъуехьхэр зыщ икІи абыхэм хэкІыпІэ яІэкъым. Сэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ гуэр сщІэну сыхуейти, Бостон къэзгъэзэжри, университетым аргуэру сыщІэтІысхьэжащ.

Ауэ сэ ар къыздэІэпыкъуакъым. ГъащІэм и мыхьэнэм теухуа си упщІэхэм я жэуапхэр, дауэ мыхъуми, къысхуэгъуэттэкъым. СщІэныр сымыщІэу антропологиемкІэ дезыгъаджэм сыбгъэдыхьэри сечэнджэщащ, ауэ абы къызита жэуапым Іэнкун сищІащ: «Сыт-тІэ адэкІэ ущІеджэныр? ЕджапІэр къэгъанэ». Сэ куэдрэ семыгупсысу апхуэдэу сщІащ.

Сыт сымыщІэми, си гъащІэм мыхьэнэ зэримыІэр зыхэсщІэт. Абы къыхэкІкІэ «хиппи» жыхуаІэ цІыху гупым сахыхьащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм жаІэт мамырыгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ хущІэкъуу. Си ныбжьэгъухэм я гъусэу дэ Америкэ псор къызэхэткІухьащ, уеблэмэ, Мексикэм щыІэ Акапу́лько къалэм дынэсащ. Дэ хиппи цІыхухэм я гъусэу дыпсэут. Япэ еплъыкІэкІэ абыхэм я гъащІэр гугъуехьыншэу къыпщыхъут, ауэ сэ къызгурыІуащ ахэри нэгъэсауэ насыпыфІэу зэрыщымытыр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм щыщ куэдым пцІы яупст икІи пэжагъ яхэлътэкъым.

ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭСЛЪЫХЪУЭУРЭ ХЫМ СЫТЕХЬАЩ

Си ныбжьэгъум и гъусэу жэнэтым хуэдэ хытІыгу къэслъыхъуэну сежьащ

СызэрыцІыкІу лъандэрэ сызыщІэхъуэпсу щытар а зэманым згъэзэщІэну мурад сщІащ. Сэ кхъухьтету сыщытыну икІи хым сытехьэу дунейр къызэхэскІухьыну сыхуейт. Ауэ абы щхьэкІэ сэ кхъуафэжьей зэзмыгъэпэщу хъунутэкъым. Си ныбжьэгъу Томрэ сэрэ ди мурадхэр зэтехуэти, зэгъусэу хым дытехьэу дунейр къызэхэткІухьыну унафэ тщІащ. Сэ сыхуейт жэнэтым ещхь хытІыгу цІыкІу къэзгъуэту, зыми унафэ къысхуимыщІу абы сыщыпсэуну.

Барсело́нэ пэмыжыжьэу щыІэ Ареньс-де-Мар къалэ цІыкІум Томрэ сэрэ дыкІуэри, «Лигра» зи цІэ кхъуафэжьей цІыкІу къэтщэхуащ. Абы и кІыхьагъыр метрибгъум щІигъут. Ауэ а кхъуафэжьеймкІэ хым дытехьэн ипэ абы делэжьын хуейт. Дэ зыщІыпІи дыпІащІэтэкъыми кхъуафэжьейм и моторыр къитхри, абы и пІэкІэ дызэфэн псы куэду идгъэуващ. Кхъухь увыпІэ цІыкІухэм дыщызекІуэфын щхьэкІэ дэ метритху хъу кхъухь бэлагъитІ зэдгъэпэщащ. ИкІэм-икІэжым хым дытехьэри, Индийскэ океаным щыІэ Сейше́лы хытІыгухэм дыкІуэну дыунэтІащ. Абы дынэсын щхьэкІэ Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ дыкъекІуэкІыурэ мыс Доброй Надежды жыхуаІэм дыблэкІыну мурад тщІащ. Хым дыщытетым дымыгъуэщэн щхьэкІэ дэ вагъуэхэр, картэхэр, абы нэмыщІ секстанткІэ зэджэ Іэмэпсымэр къэдгъэсэбэпт. Сэ хуабжьу згъэщІагъуэт гъунэ зимыІэ хым дыздэщыІэ щІыпІэр дыщымыууэ къызэрыдгъуэту щытар!

Дэ псынщІэу къыдгурыІуащ ди кхъуафэжьей тІорысэм апхуэдэ гъуэгуанэ кІыхь зэрызэпимычыфынур. Абы сыхьэт къэс псы литрэ 22 хуэдиз къилъадэт. ИпэкІэ зэрыжысІащи, борэнышхуэр къыщыкъуэуам щыгъуэ сэ хуабжьу сыгужьеяти, илъэс куэдым къриубыдэу япэу Алыхьым зыхуэзгъэзащ. Сэ псалъэ стащ, дыкъелу щытмэ, абы теухуауэ щІэныгъэ зэзгъэгъуэтын щхьэкІэ къарууэ хъуар зэресхьэлІэнур. Борэнышхуэр сабырыжащ, сэри псалъэ стар сІыгъыжащ.

Иджыри хым дытету сэ Библием седжэну щІэздзащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт сэ слъэгъуам и дахагъэр: махуэм бдзэжьей зэмылІэужьыгъуэхэмрэ гъунэ зимыІэ уафэмрэ хымрэ, абы нэмыщІ жэщым Шыхулъагъуэ (Млечный путь) жыхуаІэ галактикэр. А псом КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр икІи абы и нэІэ цІыхухэм зэратригъэтыр си фІэщ ищІт.

Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІа иужь Алика́нте зи цІэ кхъухь увыпІэм дыдыхьащ. Абы щыгъуэ мурад тщІащ ди кхъуафэжьейр тщэуэ нэхъыфІ гуэр къэтщэхуну. Ауэ, гъэщІэгъуэнкъым, жьы хъуа, мотор зимыт икІи псы къызэрылъадэ кхъуафэжьейр тыншу зэрыпхуэмыщэнур. Ауэ, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ, сэ Библием седжэн щхьэкІэ зэман куэду сиІэ хъуащ.

Библием нэхъыбэрэ седжэху, а тхылъыр насыпыфІэ узэрыхъуным зэрытеухуар къызгурыІуэт. Сэ хуабжьу згъэщІэгъуащ къабзагъэ зыхэлъ гъащІэ епхьэкІыныр зищІысыр Библием тыншу къызэрыбгуригъаІуэр. ЦІыху куэдым, сэри абыхэм сахэту, Хьисэ и лъэужь дрикІуэу зыдбжыжт, ауэ Библием итым мыхьэнэ щІедмытыр сэ къызгурыІуэтэкъым.

Сэ мурад быдэ сщІащ си гъащІэр Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу зэтезухуэну, абы къыхэкІкІэ наркотик зэхьэлІэныр къэзгъэнащ. Иджыри Библием ит хабзэхэм тету псэу цІыхухэр зэрыщыІэн хуейм сэ сегупсысащ. Абы щыгъуэ етІуанэу Алыхьым зыхуэзгъазэри, апхуэдэ цІыхухэр къэзгъуэтыну къыздэІэпыкъуну селъэІуащ.

ДИН ПЭЖЫР КЪЫЗЭРЫСЛЪЫХЪУАР

Дин пэжыр къэзгъуэтын щхьэкІэ сэ мыпхуэдэ Іэмал къэзгъэсэбэпыну мурад сщІащ: япэ щІыкІэ члисэхэр псори стхыуэ Библием итым темыхуэхэр истхъыкІыну. Аликанте къалэм члисэ куэд дэтт икІи абыхэм и нэхъыбэм тхьэ напэхэр зэрытетым къыхэкІкІэ тІэу семыгупсысу ахэр си кІэлъымпІэм истхъыкІт.

Зэгуэр тхьэмахуэ махуэм Іуащхьэм сытесу, кхъухь тедзапІэ лъэныкъуэмкІэ сыхуэплъэурэ сэ Библием седжэт. Къулейхэм пщІэ лей хуэпщІын зэрыхуэмейм теухуауэ Екъуб 2:1—5 ит псалъэхэм гу лъыстащ. Ди кхъуафэжьей цІыкІум щызгъэзэжым сэ унэ гуэр слъэгъуащ икІи абы цІыхухэр Алыхьым щыхуэлажьэу хуэзгъэфэщащ. Абы и щІыхьэпІэм мыпхуэдэ псалъэхэр тетт: «Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэ».

Сэ мыпхэдэу сегупсысащ: «Мы цІыхухэр гъэунэхун хуейщ. Мыбыхэм сызэрырагъэблагъэм сеплъынщ». Арати, сылъапцІэу, си жьакІэр зэщІэкІэжауэ икІи джинс зэфІэтхъа сщыгъыу Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм сыщІыхьащ. Ауэ цІыхухэр къезыгъэблагъэ цІыхухъур си теплъэм Іэнкун ищІакъым. Абы ныбжь зиІэ цІыхубзым и гъунэгъуу сэ сигъэтІысащ. Псалъэр жызыІэм зи гугъу ищІ едзыгъуэхэр си Библием къыщызгъуэтыну а цІыхубзыр къыздэІэпыкъут. ЗэІущІэр иуха иужь цІыху куэд къызбгъэдыхьащ сызрагъэцІыхун щхьэкІэ. Сэ хуабжьу згъэщІэгъуащ ахэр хуабагъэ хэлъу къызэрысхущытар. Библием теухуауэ дызэпсэлъэн щхьэкІэ зы цІыхухъум и унэм сригъэблэгъащ. Ауэ а зэманым ирихьэлІэу Библием еджэн сыухатэкъыми, сэ абы мыпхуэдэу жесІащ: «Хьэзыр сыхъуу щытмэ, хъыбар уэзгъэщІэнщ». Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, сэ адэкІи зэІущІэхэм сыкІуэт.

Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІауэ сэ а цІыхухъум и деж хьэщІапІэ сыкІуащ икІи Библием теухуауэ си упщІэхэм абы жэуап къритащ. Иджыри зы тхьэмахуэ дэкІа иужь абы сумкэ из щыгъыныфІ дыдэ тыгъэу къызитащ. КъызэрыщІэкІамкІэ, а щыгъынхэр зейр тутнакъым ист. Ауэ ар щІагъэтІысар щІэпхъаджагъэ гуэр ищІауэ аратэкъым, атІэ, Библием зэритым хуэдэу, и къуэшхэр фІыуэ зэрилъагъум икІи зауэ́кІэ зригъэсэну зэрыхуэмейм щхьэкІэт (Ис. 2:4; Ин. 13:34, 35). Абы щыгъуэ сэ къызгурыІуащ Библием итым тету псэу цІыхухэр къызэрызгъуэтар. АфІэкІа жэнэтым хуэдэ хытІыгу къэзмылъыхъуэу Библиер куууэ сджыну мурад сщІыри, Нидерланды згъэзэжащ.

ЛЭЖЬАПІЭ КЪЫЗОЛЪЫХЪУЭ

МахуиплІым и кІуэцІым машинэтедзэкІэ сэ Гро́нинген къалэм сынэсащ. Си щхьэр спІыжын щхьэкІэ лэжьапІэ къэзгъуэтын хуейт. Арати, щІыпІэ гуэрым пхъащІэу сыувыну иужь сихьащ. Абы анкетэ стхын хуейуэ къызатат. А анкетэм дин зесхьэм теухуауэ упщІэ итт. Абы сыщынэсам «Иеговэ и Щыхьэт» жысІэри, стхащ. ЛэжьапІэ сыкъэзыщтэн хуеяр анкетэм къеджэурэ а упщІэм и жэуапыр щилъэгъуам и нэкІум зихъуэжри, мыпхуэдэу жиІащ: «Сэ звонить ныпхуэсщІыжынщ». Ауэ абы къищІыжакъым.

Сэ нэгъуэщІ пхъащІэм зыхуэзгъазэри, ар дэІэпыкъуэгъу хуейрэ хуэмейрэ сеупщІащ. Диплом сиІэм теухуауэ ар къызэупщІащ. Сэ абы къыгурызгъэІуащ пхъэм къыхэщІыкІа си кхъуафэжьейр си ІэмкІэ зэрысщІыжам фІэкІа нэгъуэщІ ІэщІагъэ сызэримыІэр. ГъэщІэгъуэныращи, абы мыпхуэдэу къызжиІащ: «Хъунщ, нобэ щыщІэдзауэ лэжьэн щІэдзэ. Ауэ сэ зы Іуэхугъуэ пхуэзгъэувыну сыхуейщ: си деж ущылэжьэхукІэ мыхъумыщІагъэ лъэпкъ къомыгъэхъуну сыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ Иеговэ Срищыхьэтщ икІи Библием ит принципхэм сытету сопсэу». Зэхэсхыр си фІэщ мыхъуу, мыпхуэдэу жысІащ: «Сэри Иеговэ Срищыхьэтщ!» Щхьэц кІыхьрэ жьакІэрэ зэрыстетым къыхэкІкІэ абы мыпхуэдэу къызжиІащ: «НтІэ, апхуэдэу щыхъуакІэ, сэ уэ уи гъусэу Библиер сджынщ». Сэ сыгуфІэу абы арэзы сытехъуащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ сэ къызгурыІуащ япэу сызыхуэза пхъащІэм звонить къыщІысхуимыщІыжам и щхьэусыгъуэр. Иеговэ сызыщІэхъуэпсыр къысхуищІащ (Пс. 37:4). Сэ илъэскІэ а къуэшым и деж сыщылэжьащ икІи абы си гъусэу Библиер иджащ. Абы иужь 1974-нэ гъэм, щІышылэ мазэм сэ псым зыщІэзгъэуащ.

ИКІЭМ-ИКІЭЖЫМ СЭ ГЪАЩІЭМ И МЫХЬЭНЭР КЪЭЗГЪУЭТАЩ!

Зы мазэ дэкІри сэ пионеру лэжьэн щІэздзащ икІи абы гуфІэгъуэшхуэ къысхуихьт. Иджыри зы мазэ дэкІа иужь Амстердам сыІэпхъуащ испаныбзэкІэ псалъэ гупыщІэм садэІэпыкъун щхьэкІэ. Сэ хуабжьу сигу ирихьт испаныбзэкІэ икІи португалыбзэкІэ псалъэ цІыхухэр Библием езгъэджэну. 1975-нэ гъэм и накъыгъэм специальнэ пионеру сылэжьэну къысхуагъэфэщащ.

Зэгуэр ди гупыр щызэІущІэ махуэм специальнэ пионеру лажьэ И́неке зи цІэ шыпхъу къэкІуащ. Абы Библиер зи гъусэу идж Боливием щыщ хъыджэбз ди зэІущІэм къишат. Сэ Инеке нэхъыфІу къэсцІыхуну мурад сщІыри, дызэхуэтхэу щІэддзащ. Зэман дэкІа иужь дэ къыдгурыІуащ ди гъащІэм мурад дгъэувхэр зэрызэтехуэр. 1976-нэ гъэм дэ дызэрышащ икІи 1982-нэ гъэм нэсыху специальнэ пионеру дылэжьащ. Абы иужь Галаад школым и 73-нэ классым дыщеджэну драгъэблэгъащ. А школыр къэдуха иужь КъуэкІыпІэ Африкэм хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дызэрагъакІуэр къыщыджаІам дэ хуабжьу дыгуфІащ. Кением щыІэ Момба́сэ къалэм илъэситхукІэ дыщыпсэуа иужь, 1987-нэ гъэм Танзанием хъыбарыфІ гъэІуныр хуит щащІыжам щыгъуэ абы дыІэпхъуэну къуэшхэр къыдэлъэІуащ. Танзанием хъыбарыфІыр илъэс 26-кІэ щыдгъэІуа иужь Кением къэдгъэзэжащ.

Си щхьэгъусэмрэ сэрэ хуабжьу дигу ирихьт КъуэкІыпІэ Африкэм щыпсэу цІыхухэр Библием едгъэджэну

ЦІыху Іэдэбхэм Библием ит пэжхэр къедгъэщІэну Іэмал дызэриІэм ди гъащІэм мыхьэнэ къыхелъхьэ. Псалъэм папщІэ, Момбасэ къалэм сыщыщыІам щыгъуэ япэу Библием езгъэджа цІыхухъум теухуауэ вжесІэжыну сыхуейщ. Зэгуэр хъыбарыфІыр дгъэІуу цІыхухъу гуэрым журналитІ естат. Ар сэ къызэупщІащ: «Мыбы седжэмэ, адэкІэ сыт сщІэн хуейр?» Тхьэмахуэ дэкІа иужь «Ты можешь жить вечно в раю на земле» жыхуиІэ тхылъымкІэ дэ Библиер дджын щІэддзащ. Ар суахи́ли бзэмкІэ къызэрыдэкІрэ куэд щІатэкъым. Илъэс дэкІа иужь а цІыхухъум псым зыщІигъэуащ икІи пионер лэжьыгъэр къищтащ. А къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ я фІыгъэкІэ цІыхуу 100-м нэблагъэр Иеговэ и Щыхьэт хъуащ.

Си щхьэгъусэмрэ сэрэ ди щхьэкІэ зыхэтщІащ мыхьэнэ зиІэ гъащІэр зищІысыр сытми — ар Иеговэ ухуэлажьэу упсэуныращ

ГъащІэм и мыхьэнэр къыщызгурыІуам щыгъуэ сэ налкъутналмэс лъапІэ къэзыгъуэта икІи ар зыщэжыну хуэмей сатуущІэм хуэдэу зыкъысщыхъужащ (Мт. 13:45, 46). Сэ сыт щыгъуи сыхуейт цІыхухэм садэІэпыкъуну икІи дыщІэпсэум и мыхьэнэр къагурызгъэІуэну. Си щхьэгъусэ лъапІэмрэ сэрэ ди щхьэкІэ зыхэтщІащ мыхьэнэ зиІэ гъащІэр зищІысыр сытми — ар Иеговэ ухуэлажьэу упсэуныращ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын