ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Август н. 14—19
  • КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэмкІэ фиІэ фІэщхъуныгъэр быдэ фщІы

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэмкІэ фиІэ фІэщхъуныгъэр быдэ фщІы
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫР КЪЭГЪЭЩІАКІУЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР КУЭДЫМ Я ФІЭЩ ЩІЭМЫХЪУР СЫТ?
  • КЪЭГЪЭЩІАКІУЭР ЗЭРЫЩЫІЭР ДИ ФІЭЩ ХЪУНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР МАХЭ МЫХЪУН ЩХЬЭКІЭ ХУЭСАКЪ!
  • ФІэщхъуныгъэм къару къыдет
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Август н. 14—19

СТАТЬЯР 32

КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэмкІэ фиІэ фІэщхъуныгъэр быдэ фщІы

«ФІэщхъуныгъэр — ар... нэрымылъагъу Іуэхугъуэхэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэр арщ» (ЕВР. 11:1, ДЩІ, 2021).

11-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьыр егъэлъапІэ и ІэдакъэщІэкІым

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Ди КъэгъэщІакІуэм теухуауэ сыт къэпщІар?

ИЕГОВЭ и Щыхьэту щыт унагъуэм уэ укъыщыхъуауэ щытмэ, шэч хэмылъу, узэрыцІыкІу лъандэрэ Алыхьым теухуауэ къапщІэу щІэбдзащ. Иеговэ дыкъэзыухъуреихь дунейр къызэригъэщІар, абы хьэл-щэн дахэ хэлъхэм теухуауэ икІи Алыхьым цІыхухэм сыт хуэдэ мурадыфІ яхуиІэми уи адэ-анэм къыбжаІэу щытащ (ЩІэдз. 1:1; Апост. 17:24—27).

2. Алыхьым псори къызэригъэщІар зи фІэщ хъу цІыхухэм щхьэкІэ сыт жаІэр?

2 Ауэ куэдым Алыхьыр КъэгъэщІакІуэу щыту зэрамылъытэм нэмыщІ ар зэрыщыІэр я фІэщ хъукъым. Абыхэм я еплъыкІэмкІэ, гъащІэр езыр-езыру къэунэхуащ икІи хуэм-хуэмурэ эволюцием и фІыгъэкІэ клеткэ нэхъ тыншхэр нэхъ гугъуу зэхэлъ хъуурэ кІуащ. Апхуэдэу егупсысхэм щІэныгъэшхуэ зэзыгъэгъуэта цІыхухэри яхэтщ. Абыхэм жаІэфынущ Библиер наукэм пэщІэувэу икІи Алыхьым псори къызэригъэщІар зи фІэщ хъухэр щІэныгъэ зыбгъэдэмылъ е куууэ мыгупсысэ цІыхуу щыту.

3. КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр дэ езым зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 ЩІэныгъэ зыбгъэдэлъ цІыхухэм яІэ еплъыкІэхэр Алыхьым псори къызэригъэщІамкІэ диІэ фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъуфыну пІэрэ? И нэхъыбэм ар зэлъытар Иеговэ КъэгъэщІакІуэу зэрыщытыр ди фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэращ. Ар ди фІэщ щІэхъур зыгуэрым абы теухуауэ къызэрыджиІам щхьэкІэ? Хьэмэрэ абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэхэдгъэкІын щхьэкІэ дэ езым зэман зэрыхухэтхам и фІыгъэкІэ? (1 Кор. 3:12—15). Иеговэ дызэрыхуэлажьэрэ илъэс дапщэ мыхъуами, дэ псоми ди фІэщхъуныгъэм хэдгъэхъуэн хуейщ. Абы щыгъуэ Библием итыр пцІыуэ жызыІэ цІыхухэм я «философие нэпцІым» Іэнкун дищІынукъым (Кол. 2:8; Евр. 11:6). Абы къыхэкІкІэ мы статьям дэ къыкІэлъыкІуэ упщІищым я жэуапхэр щызэпкърытхынущ: 1) Алыхьыр КъэгъэщІакІуэу зэрыщытыр куэдым я фІэщ щІэмыхъур сыт? 2) Иеговэ КъэгъэщІакІуэу зэрыщытыр дэтхэнэ зыми ди фІэщ хъуну сыт къыддэІэпыкъунур? 3) АбыкІэ диІэ фІэщхъуныгъэм дапхуэдэу зэрыхэдгъэхъуэфынур?

АЛЫХЬЫР КЪЭГЪЭЩІАКІУЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР КУЭДЫМ Я ФІЭЩ ЩІЭМЫХЪУР СЫТ?

4. Еврейхэм 11:1 зэритымкІэ, фІэщхъуныгъэ пэжым лъабжьэ хуэхъур сыт?

4 Языныкъуэхэм я гугъэщ фІэщхъуныгъэ уиІэныр — ар зыгуэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр уимыІэу уи фІэщ пщІынырауэ. Ауэ, Библием зэритымкІэ, апхуэдэ фІэщхъуныгъэм лъабжьэ иІэкъым. (Къеджэ Еврейхэм 11:1.) Алыхьым и Псалъэм къыдгурегъаІуэ фІэщхъуныгъэм щыхьэт техъуэ нэрылъагъу Іуэхугъуэхэр зэриІэн хуейр. Дэ Иегови, Хьиси, уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэри ди нэкІэ дымылъагъуфми, ахэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ (Евр. 11:3). Биохимику лажьэ ди зы къуэшым абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Дэ ди фІэщхъуныгъэр нэфкъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ, наукэм жиІэм гу лъыдмытэу дыщыткъым».

5. ГъащІэр езыр-езыру къэунэхуауэ цІыху куэдым я фІэщ щІэхъур сыт?

5 Аращи, зы упщІэ къохъей: Алыхьым псори къызэригъэщІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэрыщыІэм щхьэкІэ къэмынэу ар цІыху куэдым я фІэщ щІэмыхъур сыт? Языныкъуэ цІыхухэм а Іуэхугъуэхэм хэмыплъэххауэ аращ. Роберт зи цІэ Иеговэ и Щыхьэтым мыпхуэдэу жеІэ: «Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуауэ дэ школым зыри къыджаІакъым, абы къыхэкІкІэ ар таурыхъыу къысщыхъут. Сэ илъэс 22 сыхъуу Иеговэ и Щыхьэтхэм сыщыхуэзам щыгъуэщ КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэу Библием къихь Іуэхугъуэхэр къыщысщІар»b. («Адэ-анэхэм хуэгъэза псалъэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

Адэ-анэхэм хуэгъэза псалъэ

Отец обсуждает с сыном мысли из брошюры «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа».

Адэ-анэхэ, фи сабийхэр школым сытым хурагъаджэми Іэмал имыІэу фыщІэупщІэ. Алыхьым и Псалъэм темыхуэ гуэрым ахэр ирагъаджэу щытмэ, сыт фщІэ хъунур? Ди публикациехэр къэвгъэсэбэпурэ Библием итым щыхьэт техъуэ фактхэр фи сабийхэм зэхагъэкІыну фадэІэпыкъу. Абы нэмыщІ фи быныр университетым щІэвгъэтІысхьэнрэ щІэвмыгъэтІысхьэнрэ фІыуэ фегупсыс. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зрихьэлІэну цІыхухэм и нэхъыбэм Алыхьыр я фІэщ хъукъым икІи ар зи фІэщ хъухэр ауан ящІ.

6. Алыхьым псори къызэригъэщІар языныкъуэхэм сыт я фІэщ щІэмыхъур?

6 Алыхьыр зэи зыми зэрамылъэгъуам къыхэкІкІэ языныкъуэхэм ар зэрыщыІэр я фІэщ хъукъым. Ауэ, абы емылъытауэ, нэгъуэщІ нэрымылъагъу Іуэхухэр абыхэм я фІэщ мэхъу, псалъэм папщІэ, жьыр — ар зэрыщыІэм зыми шэч лъэпкъ къытрихьэкъым. Библием зи гугъу ищІ фІэщхъуныгъэр «нэрымылъагъу Іуэхугъуэхэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ» фактхэм тегъэщІауэ щытщ (Евр. 11:1). Ахэр зэхэбгъэкІын щхьэкІэ къарурэ зэманрэ тебгъэкІуэдэн хуейщ, ауэ цІыху куэдым Алыхьым теухуа щІэныгъэр зрагъэгъуэтын хуейуэ къалъытэкъым. А Іуэхур нэгъэсауэ цІыхум зэхимыгъэкІыу щытмэ, Алыхьыр щымыІэу ар егупсысыфынущ.

7. Пэж дыдэу щІэныгъэлІхэм псоми Алыхьыр я фІэщ мыхъуу жаІэу пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ.

7 Языныкъуэ щІэныгъэлІхэм фактхэр зэпкъраха иужь Дунеишхуэр Алыхьым къызэригъэщІам арэзы техъуащc. НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа Роберт хуэдэу, абыхэми япэщІыкІэ КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр я фІэщ щІэмыхъуам щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къыщІэкІынущ я егъэджакІуэхэм Алыхьым и гугъу зэи зэрамыщІар. Абы щхьэкІэ къэмынэу щІэныгъэлІ куэдым Иеговэ къацІыхуащ икІи фІыуэ ялъэгъуащ. Дэри, абыхэм хуэдэу, сыт хуэдэ щІэныгъэ зэдмыгъэгъуэтами, Алыхьыр зэрыщыІэм теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэм хэдгъэхъуэн хуейщ. Дэ ди пІэкІэ ар зыми ищІэфынукъым.

КЪЭГЪЭЩІАКІУЭР ЗЭРЫЩЫІЭР ДИ ФІЭЩ ХЪУНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

8, 9. 1) Сыт дэ иджыпсту зэпкърытхынур? 2) Дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэным сыт хуэдэ сэбэпынагъ пылъ?

8 КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр уи фІэщ хъуну сыт къыбдэІэпыкъунур? Абы теухуауэ чэнджэщиплІ зэпкърытхынщ.

9 Укъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэм шэч къытомыхьэн щхьэкІэ къэкІыгъэхэм, псэущхьэхэм икІи вагъуэхэм набдзэгубдзаплъэу укІэлъыплъ хъунущ (Пс. 19:1; Ис. 40:26). Апхуэдэ къэхутэныгъэм зэман нэхъыбэ тебгъэкІуэдэху Иеговэ Дунеишхуэр къызэригъэщІар нэхъ уи фІэщ хъуурэ кІуэнущ. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр гъэщІэгъуэну зэрызэхилъхьам теухуауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм статья куэд къыдагъэкІащ. Апхуэдэ статьяхэр къыбгурыІуэну къогугъуэкІми, Іэмал зэриІэкІэ ахэр бджын щхьэкІэ къару ехьэлІэ. Абы нэмыщІ иужьрей илъэсхэм региональнэ конгрессхэм Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ видео гъэщІэгъуэн куэд къыщагъэлъэгъуащ. Иджыпсту а видеохэр jw.org сайтым илъщ. Абыхэм уемыплъу къомыгъанэ!

10. Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ щапхъэ гуэр къэфхь (Рим 1:20).

10 Дыкъэзыухъуреихь дунейм ущыкІэлъыплъкІэ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм абы теухуауэ къыбгурагъаІуэм гу лъытэ. (Къеджэ Рим 1:20.) Псалъэм папщІэ, фэ фщІэуэ къыщІэкІынщ Дыгъэм хуабэмрэ нэхумрэ къызэрыдитым нэмыщІ цІыхум и дежкІэ зэран зыпылъ «ультрафиолетовое излучение» жыхуаІэри къызэрыбгъэдэкІыр. А излучением ЩІылъэр щызыхъумэ гуэр щыІэщ — ар «озоновый слой» жыхуаІэращ. Зэран зыпылъ бзийхэр абы зыщІешэ икІи а бзийхэр нэхъыбэ щыхъум деж атмосферэм щыІэ озонри нэхъыбэ мэхъу. Апхуэдэу зэтеухуауэ щыт дыкъэзыхъумэ Іуэхугъуэр езыр-езыру къэхутэну Іэмал щыІэу пІэрэ? Хьэмэрэ зыгуэрым лъагъуныгъэ хэлъу цІыхухэр къихъумэн щхьэкІэ ар къигупсысауэ пІэрэ?

11. Алыхьым псори къызэригъэщІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къыщыбгъуэтыфынур дэнэ? («КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр уи фІэщ хъуну сыт къыбдэІэпыкъунур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

11 Алыхьым псори къызэригъэщІам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ нэхъыбэ къэбгъуэтын щхьэкІэ «Индекс публикаций Сторожевой башни» е jw.org сайтым «къэлъыхъуэн» жыхуиІэ Іэмалыр къэгъэсэбэп. «Случайность или замысел?» жыхуиІэ рубрикэм ит статьяхэмрэ видеохэмрэ щыщІэбдзэ хъунущ. Ахэр кІэщІщ икІи абыхэм псэущхьэхэмрэ Алыхьым и нэгъуэщІ ІэдакъэщІэкІхэмрэ теухуауэ гъэщІэгъуэн куэд къыщыхьащ. Абы нэмыщІ а статьяхэмрэ видеохэмрэ щыжыІащ щІэныгъэлІхэм дыкъэзыухъуреихь дунейм щалъагъухэм зыгуэр тращІыкІыну зэрыхущІэкъур.

КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр уи фІэщ хъуну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Молодой человек изучает доказательства в пользу существования Творца при помощи книги «Существует ли заботливый Творец?», брошюр «Была ли жизнь создана?» и «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа», а также материалов с нашего сайта. 1) ДНК. 2) Муравей. 3) Планеты Солнечной системы.

Брошюрэхэр:

«У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа»

«Была ли жизнь создана?»

Тхылъхэр:

«Существует ли заботливый Творец?»

Журналхэр:

«Существует ли Творец?» (2006-нэ гъэм, фІокІадэм хэхауэ къыдагъэкІа «Фыкъызэщыу!» журналыр)

Видеохэр:

«Чудеса творения прославляют Бога»

Статья гупхэр:

«Случайность или замысел?» («Фыкъызэщыу!» журналымрэ jw.org сайтымрэ ит рубрикэ)

12. Библиер щыбджкІэ гу зылъыптэн хуейр сыт?

12 Библиер куууэ джы. НэхъапэІуэкІэ зи гугъу тщІа биохимику лажьэ ди къуэшым япэм Алыхьыр и фІэщ хъууэ щытакъым, ауэ зэман дэкІа иужь КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэм шэч къытримыхьэу хъуащ. Ар къыддогуашэ: «Си фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар наукэм и закъуэкъым, атІэ Библиер куууэ зэрызджари абы сэбэп хуэхъуащ». Уэ Библием зыхуригъаджэр фІыуэ пщІэуэ къыщІэкІынщ, ауэ КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэмкІэ уиІэ фІэщхъуныгъэм хэбгъэхъуэн щхьэкІэ адэкІи Алыхьым и Псалъэр бджын хуейщ (Иис. Н. 1:8; Пс. 119:97). Гу лъытэ, Библиер зытхахэр щхьэж и зэманым псэуами, абыхэм ятхар зэрызэтехуэм, тхыдэм теухуауэ Библием итыр зэрыпэжым икІи абы ит къэхъун хуей псалъэхэр къызэрыхъуу щытам. Апхуэдэу Библиер зэрыбджым и фІыгъэкІэ лъагъуныгъэрэ Іущагъышхуэрэ зыхэлъ Алыхьым псори къызэригъэщІар икІи абы и къару лъапІэр къигъэсэбэпу Библиер зэрыригъэтхар нэхъ уи фІэщ хъуурэ кІуэнущd (2 Тим. 3:14; 2 Пет. 1:21).

13. Библием ит чэнджэщхэм сэбэпынагъ зэрыхэлъым теухуауэ щапхъэ къэфхь.

13 Абы нэмыщІ Библиер щыбджкІэ абы ит сэбэпынагъ зыпылъ чэнджэщхэм гу лъытэ. Псалъэм папщІэ, илъэс мин зыбжанэ ипэ къихуэу абы щыжыІауэ щытащ ахъшэм хуиІэ лъагъуныгъэм цІыхум и гъащІэр зэрызэтрикъутэр икІи «гухэщІ Іэджэ» къызэрыхуихьыр (1 Тим. 6:9, 10; Прит. 28:20, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мт. 6:24). А чэнджэщым ди зэманми сэбэпынагъ пылъу пІэрэ? «Эпидемия нарциссизма» жыхуиІэ тхылъым мыпхуэдэу щыжыІащ: «Къапщтэмэ, мылъкум хущІэкъу цІыхухэр адрейхэм нэхърэ нэхъ насыпыншэщ икІи депрессием нэхъ пэщІохуэ. Уеблэмэ, ахъшэр тІэкІу нэхъыбэу зиІэну хуей цІыхухэми акъылым епха узыфэхэр нэхъ къоуз, абы нэмыщІ я узыншагъэми нэхъ хощІ». Ахъшэр фІыуэ плъагъуным къыпэкІуэм теухуауэ Библием щыгъуазэ дызэрищІыр сыту фІы! Уи гъащІэр нэхъыфІ пщІыну къыбдэІэпыкъуа Библием ит нэгъуэщІ чэнджэщхэми егупсыс. Абы и фІыгъэкІэ лъагъуныгъэрэ Іущагъышхуэрэ зыхэлъ КъэгъэщІакІуэм дзыхь нэхъ хуэпщІу ухъунущ (Екъуб 1:5). Абы и чэнджэщхэм сыт щыгъуи сэбэпынагъ хэлъщ икІи гуфІэгъуэ къытхуахь (Ис. 48:17, 18).

14. Библиер зэрыдджым и фІыгъэкІэ Иеговэ теухуауэ сыт къатщІэр?

14 Иеговэ нэхъыфІу къэцІыху (Ин. 17:3). Библиер щыбджкІэ аращ уи мураду щытын хуейр. Ар къэпцІыхуу щытмэ, уэ къэплъэгъунущ Библиер къызыбгъэдэкІым и хьэл-щэнхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр къэзыгъэщІам и хьэл-щэнхэмрэ зэрызэтехуэр. Библиер Иеговэ и хьэл-щэнхэм апхуэдизу наІуэу топсэлъыхьри, гурыІуэгъуэ мэхъу ар цІыхухэм къагупсысауэ зэрыщымытыр, атІэ ар пэж дыдэу зэрыщыІэр (Исх. 34:6, 7; Пс. 145:8, 9). Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуху ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи абы худиІэ лъагъуныгъэмрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ хохъуэ.

15. Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм зэражетІэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

15 Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм яжеІэ. Апхуэдэу уэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІынущ. Ауэ хъыбарыфІымкІэ узыдэгуашэ цІыхум КъэгъэщІакІуэ зэрыщыІэм шэч къытрихьэу икІи абы жэуап ептыныр умыщІэу щытмэ-щэ? Абы теухуауэ ди публикациехэм итымрэ абыхэм къыщыхьа Библием ит едзыгъуэхэмрэ уеплъ хъунущ, иужькІэ а цІыхум удэгуэшэн щхьэкІэ (1 Пет. 3:15). Абы нэмыщІ а Іуэхум нэхъ щыгъуазэ къуэш, шыпхъухэм уелъэІу хъунущ ахэр къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ. Узэпсалъэ цІыхур уи жэуапым арэзы темыхъуэми, а упщІэр куууэ зэрызэпкърыхам и фІыгъэкІэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ. Абы щыгъуэ Іущагърэ акъылыфІагърэ зыбгъэдэлъу къыпщыхъу, ауэ КъэгъэщІакІуэр зи фІэщ мыхъу гуэрым и псалъэхэр уи фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъуфынукъым.

УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР МАХЭ МЫХЪУН ЩХЬЭКІЭ ХУЭСАКЪ!

16. Ди фІэщхъуныгъэм зэпымыууэ хэдмыгъахъуэмэ, сыт дэ къытщыщІынкІэ хъунур?

16 Илъэс дапщэ хъуауэ Иеговэ дыхуэмылажьэми, ди фІэщхъуныгъэм хэдгъэхъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар махэ хъуфынущ. ЗэрыжытІащи, фІэщхъуныгъэр «нэрымылъагъу Іуэхугъуэхэр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ» фактхэм тегъэщІауэ щытщ. Зыгуэр щыдмылъагъум деж ар псынщІэу тщогъупщэ. ГъэщІэгъуэнкъым, апостол Паул фІэщхъуныгъэ махэм «дызэщІэзубыдэ гуэныхькІэ» зэреджар (Евр. 12:1). Сыт-тІэ тщІэ хъунур а къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ? (2 Фес. 1:3).

17. Ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ сыт дэ дызыхуэныкъуэр?

17 Япэрауэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну щІэх-щІэхыурэ елъэІу. Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? ФІэщхъуныгъэр къару лъапІэм къыбгъэдэкІ фІыхэм ящыщщи (Гал. 5:22, 23). КъызэрыщІэкІымкІэ, Алыхьым и къарур къыдимытмэ, фІэщхъуныгъэр зэдгъэгъуэтыфынукъым икІи абы хэдгъэхъуэфынукъым. Аращи, Иеговэ абы щхьэкІэ зэпымыууэ делъэІумэ, шэч хэмылъу ар къыдитынущ (Лк. 11:13). Уеблэмэ, Иеговэ мыпхуэдэу зыхуэдгъазэ хъунущ: «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ» (Лк. 17:5).

18. Псалом 1:2, 3 зэритымкІэ, сыт хуэдэ тыгъэ Иеговэ къыдитар?

18 ЕтІуанэрауэ, Библиер зэрыбдж графикым тет. (Къеджэ Псалом 1:2, 3.) Япэ Псаломыр щауса зэманым щыгъуэ Иеговэ и Хабзэр зэрыщыту тхауэ зиІэу щытар пащтыхьымрэ дин пашэхэмрэт. Адрей цІыхухэр — цІыхухъухэр, цІыхубзхэр, сабийхэр икІи хэхэсхэр — Алыхьым и Хабзэм илъэсиблым и кІуэцІым зэ едэІуэфу арат (Втор. 31:10—12). Хьисэ щыпсэуа зэманми Алыхьым и Псалъэр зит свитокхэр гъуэтыгъуейт икІи ахэр къэбгъуэтын щхьэкІэ синэгуэгум укІуэн хуейт. Ди зэманым Іуэхур нэгъуэщІущ зэрыщытыр: Библиер зэрыщыту е абы и Іыхьэхэр тыншу хэти къыхуэгъуэтынущ. Сыту пщІэшхуэ Алыхьым и Псалъэр уиІэныр! Ар фІыщІэ зэрытщІыр Иеговэ дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуэфынур?

19. Ди фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

19 Иеговэ и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр едгъэлъэгъунущ, Библием махуэ къэс деджэмэ икІи ар куууэ зэпкърытхмэ. Ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ а Іуэхум зэман хухэтхын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэманыр езыр-езыру къэхутэнукъым. Апхуэдэу тщІэмэ, ди фІэщхъуныгъэр махэ хъунукъым.

20. Сыт дэ дызыхущІэкъун хуейр?

20 Мы дунейм щыщ «цІыху губзыгъэхэмрэ цІыху Іущхэмрэ» елъытауэ, ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъур Алыхьым и Псалъэращ (Мт. 11:25, 26). Абы дызэреджэм и фІыгъэкІэ дэ дощІэ мы дунейр нэхъ Іей щІэхъум и щхьэусыгъуэмрэ Иеговэ а Іуэхум къызэрыхэІэбэнумрэ. Аращи, ди фІэщхъуныгъэм хэдвгъэгъахъуэ икІи тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр псоми къащІэн щхьэкІэ (1 Тим. 2:3, 4). Абы щыгъуэ ди нэкІэ тлъагъунущ щІылъэ псом тет цІыхухэм Апокалипсис 4:11 ит псалъэхэр зэрыжаІэр: «Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэр... зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори къэзыгъэщІар уэращ».

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ФІэщхъуныгъэ пэжыр сыт зищІысыр?

  • КъэгъэщІакІуэр зэрыщыІэр ди фІэщ хъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

  • Ди фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

2-НЭ УЭРЭДЫР Уэ уи цІэр — Иеговэщ

a Тхыгъэ ЛъапІэм гурыІуэгъуэу щыжыІащ Алыхь Иеговэ псори къызэригъэщІар. Абы емылъытауэ, цІыху куэдым ар я фІэщ хъукъым икІи гъащІэр езыр-езыру къэунэхуауэ жаІэ. Ауэ дэ абыхэм я псалъэхэр зэран къытхуэхъунукъым, Алыхьымрэ Библиемрэ худиІэ фІэщхъуныгъэм зэпымыууэ хэдгъахъуэу щытмэ. Ар зэрытщІ хъуныр мы статьям щызэпкърытхынущ.

b Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуауэ школ куэдым щылажьэ егъэджакІуэхэм сабийхэм зыри жраІэкъым. Абыхэм я еплъыкІэм къызэрыхэщымкІэ, апхуэдэу ящІэу щытамэ, еджакІуэхэм Алыхьыр я фІэщ хъун хуейуэ хагъэзыхьынут.

c «Индекс публикаций Сторожевой башни» къэбгъэсэбэпу цІыху 60-м щІигъу ІэщІагъэлІхэмрэ щІэныгъэлІхэмрэ Алыхьыр я фІэщ щІэхъум теухуауэ жаІэр къыщыбгъуэтыфынущ («Наука» Іыхьэм и «Учёные, выражающие веру в сотворение» жыхуиІэ заголовокым феплъ). Абыхэм теухуауэ иджыри къыщыбгъуэтыфынущ «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэм («Наука и техника» жыхуиІэ темэр, «Интервью» подзаголовокыр).

d Псалъэм папщІэ, 2011-нэ гъэм мазаем къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Согласуется ли Библия с наукой?» жыхуиІэ статьям, абы нэмыщІ 2008-нэ гъэм щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Всё предсказанное Иеговой сбывается» жыхуиІэ статьям феджэ хъунущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын