ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Август н. 2—7
  • Иеговэ и унагъуэм фызэрыщыщыр лъапІэу флъытэ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и унагъуэм фызэрыщыщыр лъапІэу флъытэ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ЦІЫХУХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ПЩІЭ ЯХУИГЪЭФЭЩА?
  • ИЕГОВЭ ЕВГЪЭЛЪАГЪУ АБЫ И УНАГЪУЭМ ЩЫЩУ ФЫЩЫТЫНУ ФЫЗЭРЫХУЕЙР
  • ИЕГОВЭ И БЫНХЭМ ГУФІЭГЪУЭ МЫУХЫЖ КЪАПЭЩЫЛЪЩ
  • Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • ГъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Сыт Алыхьым дэ къытхуищІар?
    ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
  • Иеговэ и унагъуэшхуэм нэхъ гъунэгъу зыхуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Август н. 2—7

СТАТЬЯР 30

Иеговэ и унагъуэм фызэрыщыщыр лъапІэу флъытэ!

«Уэ ар мелыІычхэм нэхърэ тІэкІу нэхъ лъахъшэу бгъэуващ, щІыхьрэ пщІэрэ хуэбгъэфэщащ абы» (ПС. 8:5).

123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Иеговэ къигъэщІа Дунеишхуэм и инагъым дыщегупсысым деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы къыдитрэ?

ИЕГОВЭ къигъэщІа Дунеишхуэм и инагъым дыщегупсысым деж Даут зыхищІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри зыхэтщІэфынущ. Абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэу мыпхуэдэу еупщІат: «Уэ уи ІэдакъэщІэкІыу щыт уафэм, уэ къэбгъэщІа мазэмрэ вагъуэхэмрэ сыщеплъым деж, сэ согупсыс: лІэныгъэ къызыпэщылъ цІыхур сыт зищІысыр уэ ар пщымыгъупщэну икІи цІыхум къилъхуам уи нэІэ тебгъэтыну?» (Пс. 8:3, 4). Пэж дыдэу, вагъуэхэмрэ галактикэхэмрэ я инагъым елъытауэ, дэ сабэм дыхуэдэщ икІи гъэщІэгъуэнщ Иеговэ гу къызэрытлъитэр! Ауэ мы статьям къыщытлъэгъунущ Иеговэ япэ цІыхуитІыр къызэригъэщІам нэмыщІ абыхэм и нэІэ зэрытригъэтар икІи и унагъуэм щыщ зэрищІар.

2. Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт хуэдэ къалэн яритар?

2 Япэу Иеговэ щІылъэ бын хуэхъуар Іэдэмрэ Хьэуарэщ. Езы Иегови абыхэм лъагъуныгъэ зыхэлъ Адэ яхуэхъуащ. Абы япэ цІыхуитІым мыпхуэдэ къалэн яритащ: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» (ЩІэдз. 1:28). НэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм бын къалъхун икІи ЩІылъэм я унэм хуэдэу кІэлъыплъын хуейт. Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щытамэ, абыхэмрэ я щІэблэмрэ Алыхьым и унагъуэм щыщу игъащІэкІэ щытыфынут.

3. Иеговэ япэ цІыхуитІым пщІэ зыпылъ увыпІэ и унагъуэм щаритауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

3 Иеговэ япэ цІыхуитІым пщІэ зыпылъ увыпІэ и унагъуэм щаритащ. Библием Алыхьым цІыхур къызэригъэщІам теухуауэ щыжыІащ: «Ар мелыІычхэм нэхърэ тІэкІу нэхъ лъахъшэу бгъэуващ, щІыхьрэ пщІэрэ хуэбгъэфэщащ абы» (Пс. 8:5). ДауикІ, мелыІычхэм я акъылым, къарум, зэфІэкІым хуэдэ дэ диІэкъым (Пс. 103:20). Ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, цІыхухэр «мелыІычхэм нэхърэ тІэкІу нэхъ лъахъшэу» аращ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъу щытами!

4. Іэдэмрэ Хьэуарэ я жыІэмыдаІуэныгъэм сыт къыпэкІуар икІи мы статьям щызэпкърытхынур сыт?

4 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и унагъуэм щыщу щытыну яІа хуитыныгъэр зыфІагъэкІуэдащ. Абы нэмыщІ а Іуэхугъуэм я щІэблэми гугъуехьрэ гуауэрэ къахуихьащ. Ауэ Иеговэ и мурадым зихъуэжакъым: ар хуейщ абы хуэжыІэдаІуэ цІыхухэр и быну игъащІэкІэ щытыну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ цІыхухэм сыт хуэдэ пщІэ яхуигъэфэщами. Абы нэмыщІ дегупсысынущ Алыхьым и унагъуэм дыхыхьэну дызэрыхуейр дауэ къэдгъэлъэгъуэфынуми. ИкІи дэ къэтщІэнущ Алыхьым и бынхэм сыт хуэдэ гъащІэ дахэ къапэщылъми.

ИЕГОВЭ ЦІЫХУХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ПЩІЭ ЯХУИГЪЭФЭЩА?

Муж и жена обучают сыновей. Одному сыну они при помощи видео объясняют, для чего Иегова заплатил выкуп. А другого учат при помощи книги «Учимся на примерах из Библии». Семья представляет себя в раю в окружении разных животных.

Иеговэ сыт хуэдэ пщІэ къытхуигъэфэщар? (5—11-нэ абзацхэм феплъ.)b

5. Иеговэ езым и хьэл-щэнхэм хуэдэ тхэлъу дыкъызэригъэщІам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

5 Иеговэ езым и хьэл-щэнхэм хуэдэ тхэлъу дыкъигъэщІащ (ЩІэдз. 1:26, 27). Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым иІэ хьэл-щэнхэм ящыщ куэдыр дэри зыхэтлъхьэфынущ, псалъэм папщІэ, лъагъуныгъэр, гущІэгъур, пэжагъыр икІи захуагъэр (Пс. 86:15; 145:17). Иеговэ щапхъэ тетхыну дыщыхущІэкъум деж абы и цІэр догъэлъапІэ икІи ди гум илъ фІыщІэр догъэлъагъуэ (1 Пет. 1:14—16). Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм игу зэрырихьым хуэдэу дунейм дыщытетым деж дэ езыр насыпыфІэ дохъу. Абы нэмыщІ езы Иеговэ хэлъ хьэл-щэнхэр тхэлъу дыкъызэригъэщІам къегъэлъагъуэ ар зыхуейм хуэдэ цІыху дызэрыхъуфынур.

6. Иеговэ ЩІылъэр къыщигъэщІым щыгъуэ цІыхухэм дапхуэдэу пщІэ зэрахуищІар?

6 Иеговэ унэ дахащэ тыгъэу къыдитащ. ЦІыхухэр къигъэщІын ипэ зэман куэд иІэу Алыхьым ЩІылъэр игъэхьэзыращ (Иов 38:4—6; Иер. 10:12). Абы и хьэлэлагъым къыхэкІыу гъащІэм гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьу дунейр зэхилъхьащ (Пс. 104:14, 15, 24). Иеговэ ЩІылъэр къыщигъэщІым щыгъуэ зэман-зэманкІэрэ ищІам еплъыжти, абы арэзы техъуэт (ЩІэдз. 1:10, 12, 31). Абы нэмыщІ Алыхьым цІыхум хуигъэфэщащ псэущхьэхэмрэ къэкІыгъэхэмрэ я тепщэу щытыну (Пс. 8:6). Алыхьыр хуейщ дагъуэ зимыІэ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэну икІи гуфІэгъуэ яІэу абы и ІэдакъэщІэкІхэм кІэлъыплъыну. Апхуэдэ гъащІэ дахэ диІэну дыкъызэригъэгугъэм щхьэкІэ Иеговэ сыт щыгъуи фІыщІэ хуэтщІу пІэрэ?

7. ЦІыхум зыхуейр къыхихыну хуитыныгъэ зэриІэм Иисус Навин 24:15 итыр дауэ щыхьэт техъуэрэ?

7 Иеговэ дызыхуейр къыхэтхыну хуитыныгъэ къыдитащ. Абы къокІ ди гъащІэм сыт хуэдэ гъуэгу къыхэтхынуми дэ езым унафэ зэрытщІыр. (Къеджэ Иисус Навин 24:15.) ФІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьыр мэгуфІэ дэ езыр дыхуейуэ абы и лэжьакІуэ дыщыхъум деж (Пс. 84:11; Прит. 27:11). А хуитыныгъэр дэ къэдгъэсэбэп хъунущ нэгъуэщІ унафэхэр къыщытщтэм дежи. Абы теухуауэ Хьисэ Мэссихь къигъэна щапхъэм деплъынщ.

8. Хуитыныгъэ диІэр къызэрыдгъэсэбэпыным теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?

8 Дэ, Хьисэ щапхъэ тетхыу, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхур ди щхьэ Іуэхум ипэ идгъэщыфынущ. Зэгуэр Хьисэрэ и апостолхэмрэ загъэпсэхун щхьэкІэ зыри здэщымыІэ щІыпІэм кІуэт. Ауэ абыхэм ар къехъулІакъым. ЦІыхухэр Хьисэ едэІуэну хуейти, ар къагъуэтащ. Хьисэ абы щхьэкІэ къэгубжьауэ пІэрэ? Хьэуэ, къэгубжьакъым. Уеблэмэ, а цІыхухэм игу ящІэгъури «Іуэхугъуэ куэд яригъащІэу щІидзащ» (Мк. 6:30—34). Хьисэ хуэдэу, нэгъуэщІхэм щхьэкІэ ди зэманымрэ ди къарумрэ щыдгъэкІуэдым деж уафэм щыІэ ди Адэм щІыхь къыхудохь (Мт. 5:14—16). АбыкІэ иджыри Иеговэ идогъэлъагъу и унагъуэм щыщ дыхъуну дызэрыхуейр.

9. Адэ-анэхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?

9 ЦІыхухэм сабий зрагъэгъуэтыну яІэ Іэмалыр — Иеговэ и тыгъэщ. Абы иджыри адэ-анэхэм къалэн яритащ я сабийхэм ар фІыуэ ялъагъуу икІи Алыхьым хуэлэжьэну гукъыдэж яІэу ягъэсэну. Адэ-анэхэ, а уасэ зимыІэ тыгъэр лъапІэу флъытэу пІэрэ фэ? Иеговэ мелыІычхэм зэфІэкІ куэд яритами, абыхэм сабий яІэфынукъым. Фегупсысыт: Алыхьым цІыхухэм щІыхьышхуэ яхуищІащ нэгъуэщІ цІыхум гъащІэ иратыну зэфІэкІ зэраритамкІэ. Сыту дзыхьышхуэ къытхуищІа дэ Алыхьым! Сабийхэр «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету» япІыну икІи ягъэсэну адэ-анэхэм я къалэн лъапІэщ (Еф. 6:4; Втор. 6:5—7; Пс. 127:3). Абыхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ Алыхьым и организацэм публикацие, видео, уэрэд, интернет-статья куэд къыдегъэкІ икІи а псом наІуэ ещІ Иеговэрэ Хьисэрэ ди сабийхэр фІыуэ зэралъагъур (Лк. 18:15—17). Адэ-анэхэр Иеговэ щыщыгугъым икІи лъагъуныгъэ хэлъу я сабийхэм я нэІэ щытрагъэтым деж ар мэгуфІэ. Апхуэдэ адэ-анэхэм я сабийхэм Іэмал ират игъащІэкІэ Иеговэ и унагъуэм хэтыну.

10, 11. Иеговэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ Іэмал диІэ хъуа?

10 Иеговэ и Къуэ лъапІэм и гъащІэр дэр щхьэкІэ зэритамкІэ Іэмал къыдитащ и унагъуэм щыщ дыхъужыну. 4-нэ абзацым зэритымкІэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и унагъуэм хэтыну яІа Іэмалыр зэрызыфІагъэкІуэдам нэмыщІ я щІэблэми фІагъэкІуэдащ (Рим 5:12). Абыхэм ящІэр къагурыІуэжу Иеговэ и жыІэм ебэкІуащ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ахэр и унагъуэм къызэрыхихуар яхуэфащэт. Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэр-щэ? Иеговэ хуэжыІэдаІуэу щыт цІыхухэм и унагъуэм къагъэзэжыну хуитыныгъэ яІэн щхьэкІэ «езым и Къуэ закъуэ» Хьисэ Мэссихь и гъащІэр къурмэныпхъэу итащ (Ин. 3:16; Рим 5:19). А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ хуэпэж 144 000 хъу цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ и бын ищІыжащ (Рим 8:15—17; Апок. 14:1).

11 Абыхэм нэмыщІ Алыхьым хуэжыІэдаІуэу щыт мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэми Іэмал яІэщ абы и унагъуэм щыщ хъужыну. Ар къыщыхъунур иужьрей гъэунэхуапІэм ахэр пхырыкІа иужьщ, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманым и кІэм (Пс. 25:14; Рим 8:20, 21). Апхуэдэ гугъэ зэраІэм къыхэкІкІэ ахэр иджыпсту щыщІэдзауэ «ди Адэ» жаІэу Иеговэ зыхуагъазэ (Мт. 6:9). ЛІахэм къахэтэджыкІыжа цІыхухэми Іэмал яІэнущ Иеговэ къацІыхуну икІи абы и хабзэхэр къащІэну. Абыхэм ящыщу Алыхьым хуэжыІэдаІуэу щытыну цІыхухэри икІэм-икІэжым абы и унагъуэм хыхьэнущ.

12. АдэкІэ сыт хуэдэ упщІэ зэпкърытхынур?

12 Зэрытлъагъущи, Иеговэ цІыхухэм щІыхьышхуэ яхуищІащ. Абы уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр и бын ищІыжащ, «цІыху куэдыкІейм» щыщхэми Іэмал яритащ дунеищІэр къэса иужь и бын хъужыну (Апок. 7:9). Дауэ-тІэ Иеговэ зэредгъэлъэгъунур и унагъуэм щыщ дыхъуну дызэрыхуейр?

ИЕГОВЭ ЕВГЪЭЛЪАГЪУ АБЫ И УНАГЪУЭМ ЩЫЩУ ФЫЩЫТЫНУ ФЫЗЭРЫХУЕЙР

13. Алыхьым и унагъуэм щыщ дыхъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? (Марк 12:30).

13 Иеговэ фІыуэ флъагъу икІи фи гум къыбгъэдэкІыу абы фыхуэлажьэ. (Къеджэ Марк 12:30.) Иеговэ къыдита тыгъэ лъапІэхэм ящыщщ — абы дыхуэлэжьэну Іэмал дызэриІэр. Дэ Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетымкІэ ар фІыуэ зэрытлъагъур идогъэлъагъу (1 Ин. 5:3). Хьисэ и Адэм и цІэкІэ къалэн къыдитащ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну икІи псым щІэдгъэуэну (Мт. 28:19). Абы иджыри жиІащ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъын зэрыхуейр (Ин. 13:35). А хабзэхэм тет цІыхухэр Иеговэ и унагъуэм хигъэхьэнущ (Пс. 15:1, 2).

14. Ди лъагъуныгъэр нэгъуэщІхэм дауэ зэредгъэлъэгъуфынур? (Маттэ 9:36—38; Рим 12:10).

14 НэгъуэщІхэр фІыуэ флъагъу. Лъагъуныгъэр — Иеговэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэ дыдэщ (1 Ин. 4:8). Дэ ар къэдмыцІыху щІыкІэ езым фІыуэ дыкъилъэгъуащ (1 Ин. 4:9, 10). ЦІыхухэр фІыуэ тлъагъумэ, дэ Иеговэ щапхъэ тыдох (Еф. 5:1). Ди лъагъуныгъэр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм ящыщ зыр — ар иджыри зэман щыІэ щІыкІэ абыхэм Иеговэ къацІыхуну дадэІэпыкъуныращ. (Къеджэ Маттэ 9:36—38.) Апхуэдэу дэ цІыхухэм Іэмал ядот къэкІуэну зэманым Алыхьым и унагъуэм щыщ хъуну. ЦІыхум псым зыщІигъэуа иужьи дэ ар фІыуэ тлъагъун икІи пщІэ хуэтщІын хуейщ (1 Ин. 4:20, 21). Псалъэм папщІэ, цІыхум зыгуэр щІищІам и щхьэусыгъуэр дымыщІэми, абы и ІуэхущІафэхэм мурад Іей гуэр лъабжьэ хуэхъуауэ дэ дегупсысынукъым. Абы ипІэкІэ а цІыхум пщІэ хуэтщІынущ икІи дэ нэхърэ «нэхъ ину» тлъытэнущ (Флп. 2:3; къеджэ Рим 12:10).

15. ГущІэгъурэ щабагърэ хэлъу хэт дызыхущытын хуейр?

15 ГущІэгъурэ щабагърэ хэлъу псоми фахущыт. Иеговэ и унагъуэм дыхэтыну дыхуейуэ щытмэ, Библием ит принципхэм дытету дыпсэун хуейщ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ цІыхухэр игъасэт гущІэгъурэ щабагърэ хэлъу цІыху псоми, уеблэмэ, я бийхэми яхущытын зэрыхуейм теухуауэ (Лк. 6:32—36). Ауэ нэгъуэщІхэм апхуэдэу дахущытыну щымытынши къохъу. Абы къыхэкІкІэ дэ Хьисэ и гупсысэкІэмрэ и щытыкІэмрэ щапхъэ тетхын хуейщ. Дэ сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ и жыІэм дыщІэтыну дыхущІэкъумэ икІи Хьисэ щапхъэ тетхмэ, абыкІэ къэдгъэлъэгъуэнущ Алыхьым и унагъуэм игъащІэкІэ дыхэтыну дызэрыхуейр.

16. Иеговэ и унагъуэм и цІэр къабзэу къэнэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

16 Иеговэ и унагъуэм и цІэр къабзэу къэнэн щхьэкІэ къару ефхьэлІэ. И нэхъыбэм унагъуэм щыщ сабий нэхъыщІэхэм быным я нэхъыжьхэм щапхъэ трах. Псалъэм папщІэ, къуэ нэхъыжьыр Библием ит принципхэм тету псэууэ щытмэ, ар нэхъыщІэм щапхъэфІ хуэхъунущ. Ауэ къуэ нэхъыжьым гъащІэ мыхъумыщІэ ирихьэкІыу щІидзэмэ, и къуэш нэхъыщІэр абы дэплъеину шынагъэ щыІэщ. Иеговэ и унагъуэми апхуэдэу къыщыхъуфынущ. Япэм Алыхьым хуэпэжу щыта цІыхур абы щепцІыж е гъащІэ мыхъумыщІэ ирихьэкІыу щыщІидзэ къохъу. Ар нэгъуэщІхэм щалъагъукІэ абы щапхъэ трахыу щІадзэнкІэ хъунущ икІи абыкІэ Иеговэ и унагъуэм и цІэр ягъэулъиифынущ (1 Фес. 4:3—8). Дэ апхуэдэу дыщыт хъунукъым. Абы нэмыщІ уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм пэІэщІэ дыхуэзыщІыну хъуа псоми зыпыІуддзын хуейщ.

17. Сыт хуэдэ гупсысэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

17 Ахъшэмрэ мылъкумрэ фыщымыгугъыу Иеговэ фыщыгугъ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ абы игъэува хабзэхэмрэ ди гъащІэм япэ увыпІэр щедгъэубыду щытмэ, дызыхуэныкъуэ ерыскъыри, щыгъынри, дызыщІэсыну унэри къызэрыдитынумкІэ Иеговэ дыкъегъэгугъэ (Пс. 55:22; Мт. 6:33). Абы къыхэкІкІэ дэ мы дунейм зыщызыубгъуа гупсысэкІэр зыхэтлъхьэнукъым: ахъшэмрэ мылъкумрэ дыкъахъумэн икІи насыпыфІэ дащІыфын хуэдэу. Гупсэхугъуэ нэгъэса къытхуэзыхьыр дэ Иеговэ и Іэмырыр зэрыдгъэзащІэращ (Флп. 4:6, 7). Дызыхуейуэ хъуар къэтщэхуну Іэмал диІэу щытми, дэ мыпхуэдэу дызэупщІыжын хуейщ: «Хьэпшып къэсщэхуар къэзгъэсэбэпыну икІи абы сыкІэлъыплъыну къарурэ зэманрэ сиІэну пІэрэ? Си мылъкум си гур кІэрымыпщІэну пІэрэ?» Иеговэ и унагъуэм дызэрыщыщым къыхэкІкІэ къыдита къалэныр зыщыдмыгъэгъупщэным икІи ар дгъэзэщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Аращи, дэ нэгъуэщІ ІуэхукІэ дытеплъэкъукІ хъунукъым. Иеговэ хуэлэжьэну икІи и къуэ хъуну Іэмал зиІа, ауэ ар мылъку щхьэкІэ зыІэщІэзыгъэкІа щІалэщІэм ещхь дыхъуну дыхуейкъым (Мк. 10:17—22).

ИЕГОВЭ И БЫНХЭМ ГУФІЭГЪУЭ МЫУХЫЖ КЪАПЭЩЫЛЪЩ

18. Иеговэ и жыІэм щІэт цІыхухэм сыт хуэдэ щІыхь икІи сыт хуэдэ тыгъэ яхуигъэфэщэнур?

18 Алыхьым и жыІэм щІэт цІыхухэм псом хуэмыдэ щІыхьышхуэ къалъысынущ — игъащІэкІэ абы хуэлэжьэну икІи и ныбжьэгъуу щытыну! ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм Іэмал яІэнущ Алыхьым унэу къыдита ЩІылъэ дахащэр зрахьэну. Куэд мыщІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и фІыгъэкІэ ЩІылъэр къэщІэрэщІэжынущ, абы щыІэну гъащІэми фІыкІэ зихъуэжынущ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и унагъуэм къызэрыхэкІам къыпэкІуа Іей псор Хьисэ игъэкІуэдынущ. Иеговэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр лІахэм къахигъэтэджыкІыжынущ икІи узыншагъэ быдэрэ гъащІэ мыухыжрэ яІэу жэнэт хъужа ЩІылъэм щыпсэуну Іэмал яритынущ (Лк. 23:42, 43). ЩІылъэм щыІэ Иеговэ и бынхэр дагъуэншэ хъужа иужь Даут зи гугъу ищІа «щІыхьрэ пщІэрэ» нэгъэсауэ ягъэлъэгъуэфынущ (Пс. 8:5).

19. Сыт дэ зэи зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

19 Уэ «цІыху куэдыкІейм» уащыщу щытмэ, гугъэ дахэ уиІэщ. Иеговэ уэ фІыуэ укъелъагъу икІи абы и унагъуэм щыщ ухъуну Іэмал къыует. Абы къыхэкІкІэ уи дуней тетыкІэмкІэ махуэ къэс ар гъэгуфІэ икІи абы укъызэригъэгугъа Іуэхугъуэхэр уи гум игъэлъ. Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм ухуэлэжьэну икІи игъащІэкІэ и цІэр бгъэлъэпІэну уиІэ Іэмалыр лъапІэу лъытэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ цІыхухэм сыт хуэдэ пщІэ яхуигъэфэща?

  • Иеговэ и унагъуэм щыщ дыхъуну дызэрыхуейр дапхуэдэу зэредгъэлъагъу хъунур?

  • Иеговэ и бынхэм сыт къапэщылъыр?

107-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох

a Унагъуэм ехъулІэныгъэ иІэн щхьэкІэ абы щыщ дэтхэнэ зыми и къалэныр ищІэн икІи зыр зым дэІэпыкъун хуейщ. Адэр — ар лъагъуныгъэ зыхэлъ унагъуэм и нэхъыжьщ, анэр — абы и дэІэпыкъуэгъущ, сабийхэр абыхэм я унафэм щІэтщ. Алыхьым и унагъуэри апхуэдэущ зэрызэтеухуар. Дэ Иеговэ и жыІэм дыщІэту щытмэ, абы и унагъуэм игъащІэкІэ дыхэтыфынущ.

b СУРЭТХЭР. Зэщхьэгъусэхэм Иеговэ къытхилъхьа лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ ягъэлъагъуэ. Абыхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъу, езы тІур фІыуэ зэролъагъу, я бынхэри фІыуэ ялъагъу. Зэщхьэгъусэхэр я къуэхэм доІэпыкъу Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэмрэ абы хуэлэжьэну яІэ гукъыдэжымрэ хагъэхъуэну. Видеороликыр къагъэсэбэпу абыхэм я бынхэм къыгурагъаІуэ Иеговэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр щІитам и щхьэусыгъуэр. Абы нэмыщІ ЩІылъэмрэ псэущхьэхэмрэ жэнэтым игъащІэкІэ дызэрыкІэлъыплъынур абыхэм къыгурагъаІуэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын