1 СТАТЬЯР
ЗэпІэзэрыту фыкъанэ икІи Иеговэ дзыхь хуэфщІ
2021-НЭ ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «ЗэпІэзэрыту фыкъанэмэ икІи дзыхь къысхуэфщІмэ, къару фиІэнущ» (ИС. 30:15).
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэр сыт хуэдэ упщІэм игъэгузавэрэ?
ДЭ ПСОРИ дыхуейщ мамырыгъэрэ гупсэхугъуэрэ диІэу дыпсэуну, ауэ зыгуэрым дыщигъэгузавэм деж, абы дегъэнэщхъей. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъащІэр гугъуехьыншэу къанэкъым. Абы къыхэкІкІэ гъэщІэгъуэнкъым Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм, пащтыхь Даут хуэдэу, Алыхьым мыпхуэдэ упщІэ зэрыратыр: «Си псэм куэдрэ хьэзаб телъыну, жэщми махуэми гукъеуэм сыхэтыну?» (Пс. 13:2, Смысловой перевод).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Дэ ди гъащІэр гузэвэгъуэншэ дыдэ тхуэщІынукъым, ауэ абыхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ куэд тхузэфІэкІынущ. Мы статьям япэщІыкІэ дызыгъэгузэвэнкІэ хъунум дыщытепсэлъыхьынущ. ИужькІэ, ди Іуэхур зэрыгугъум емылъытауэ, гупсэхугъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщих зэпкърытхынущ.
ДЫЗЫГЪЭГУЗЭВЭНКІЭ ХЪУНУР
3. ДыщІэгузавэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІэфыну икІи ахэр Іутхыну дэ тхузэфІэкІыну пІэрэ?
3 ДыщІэгузавэм щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ икІи абыхэм щыщу языныкъуэхэм дэ зыри тхуещІэнукъым. Псалъэм папщІэ, ерыскъымрэ щыгъынымрэ я уасэр зэпымыууэ хохъуэ, унэ уасэри нэхъ пуд хъукъым. Къыддеджэхэм е къыддэлажьэхэм дыхуагъэушыфынущ Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ гуэр дагъэщІэну, псалъэм папщІэ, пцІы дыупсыну е зинэ тщІэну. Ари дэ дэлъыта Іуэхугъуэкъым. Дыщыпсэу щІыпІэм къыщыхъу щІэпхъаджагъэхэри нэхъ мащІэ тщІын дэ тлъэкІынукъым. Апхуэдэ гугъуехьхэм дыщІыІущІэр дыкъэзыухъуреихь цІыхухэр Библием ит принципхэм йолъэпауэри аращ. Дунейр зи ІэмыщІэ илъ Иблисым ещІэ «мы дунейм щызекІуэ гугъуехьхэр» Иеговэ хуэлэжьэну языныкъуэхэм зэран зэрыхуэхъунур (Мт. 13:22; 1 Ин. 5:19). ГурыІуэгъуэщ цІыхухэм апхуэдиз гузэвэгъуэ щІаІэр!
4. Дэ дызыгъэгузэвэнкІэ хъунур сыт?
4 Гугъуехь гурым дыщыпэщІэхуэм деж, дауикІ, дэ абы дрогузавэ. Псалъэм папщІэ, уи унагъуэр зыхуэныкъуэ псор уи лэжьапщІэм къызэрыщІэмыкІынум уигъэгузэвэнкІэ хъунущ. Уи узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ умылэжьэфмэ е уи лэжьапІэр пфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэмэ, абыи уигъэгузэвэнущ. Абы нэмыщІ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэм зыдебгъэхьэхыу, Алыхьым и унафэм уебэкъуэнкІэ шынагъэ щыІэмэ, абы щхьэкІи угузэвэнкІэ хъунущ. Куэд мыщІэу ШейтІаным и лъабжьэ щІэт цІыхухэр хуигъэушынущ Алыхьым и лъэпкъым теуэну. А зэманым Алыхьым пэжу сыкъыхуэнэфыну пІэрэ жыпІэу уэ угузэвэнкІэ хъунущ икІи мыпхуэдэ упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: «А псом сызэригъэгузавэр тэмэму пІэрэ?»
5. Хьисэ «фымыгузавэ» щыжиІам сыт зи гугъу ищІар?
5 Дэ дощІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІар: «Фымыгузавэ» (Мт. 6:25). Абы къикІрэ фэ зы щхьэкІи фыгузэвэн хуэмейуэ? ДауикІ, хьэуэ! ЗэрытщІэжщи, япэм Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэри зыгуэркІэ егъэлеяуэ гузавэу щытащ, ауэ Иеговэ и щІыб абыхэм яхуигъэзакъым (1 Цар. 19:4; Пс. 6:3)b. Пэжыр жыпІэмэ, Хьисэ и псалъэхэм дэ гупсэхугъуэ къыдат. Ар хуейтэкъым махуэ къэс дызыхуэныкъуэхэм егъэлеяуэ дригузавэу Алыхьым дызэрыхуэлажьэм ди гъащІэм етІуанэ увыпІэр щедгъэубыдыну. ДызыгъэгузэвэнкІэ хъунухэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? («Ар зэрыпщІ хъуныр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
ГУПСЭХУГЪУЭР ЗЫФІЭДМЫГЪЭКІУЭДЫНУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУ ЧЭНДЖЭЩИХ
6-нэ абзацым феплъ.c
6. Филиппи 4:6, 7 зэритымкІэ, дызыгъэгузавэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъур?
6 1. ЩІэх-щІэхыурэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Зыгуэр щхьэкІэ фыгузавэмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну лъэІукІэ зыхуэвгъазэ (1 Пет. 5:7). Алыхьым жэуап къывитынущ икІи фэ зыхэфщІэнущ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр». (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.) Иеговэ и къару лъэщыр къывитынущ икІи фызыгъэгузавэхэм фыпэлъэщыну ар къывдэІэпыкъунущ (Гал. 5:22).
7. Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
7 Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэвгъазэм деж фи гум илъ псомкІэ фыдэгуашэ. Фи гугъуехьым теухуауэ хуэфІуатэ икІи фыщІэгузавэм и щхьэусыгъуэр жефІэ. Фи гугъуехьым хэкІыпІэ иІэмэ, Алыхьым фелъэІу хэкІыпІэ къэвгъуэтын щхьэкІэ Іущагъ къывитыну икІи а гугъуехьыр зэхэвгъэкІын щхьэкІэ къару къыфхилъхьэну. Ауэ а гугъуехьым иджыпсту хэкІыпІэ имыІэмэ, абы егъэлеяуэ фримыгузэвэну Иеговэ фелъэІу. Ди тхьэлъэІухэр нэхъ пыухыкІауэ щытыху, Иеговэ къыдит жэуапыр нэхъ наІуэу тлъэгъунущ. Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъэза иужь занщІэу жэуап къывимытмэ, фи Іэр евмыхьэх. Иеговэ фи лъэІухэр пыухыкІауэ щытыну зэрыхуейм нэмыщІ теубыдагъэ хэлъу адэкІи фелъэІуну хуейщ (Лк. 11:8—10).
8. Ди лъэІухэм сыт хэдгъэхьэ хъунур?
8 Иеговэ фызыгъэгузавэхэмкІэ фыщыдэгуашэм деж, къывдэІэпыкъуну фызэрелъэІум нэмыщІ, къыфхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хуэфщІ. Іуэхугъуэ гугъу фыщихуам дежи, Иеговэ фІы къыфхуищІэхэм фегупсысыным сэбэпынагъ хэлъщ. Иныкъуэхэм деж гугъущ ди гум илъыр псалъэкІэ Иеговэ жетІэну. Апхуэдэм деж зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ жэуап къызэрыдитынур, псалъитІ фІэкІа жыдмыІэми: «СынолъэІу укъыздэІэпыкъуну!» (2 Лет. 18:31; Рим 8:26).
9-нэ абзацым феплъ.d
9. Зыгуэр щхьэкІэ дышынэмэ, сыт тщІэн хуейр?
9 2. Фи щхьэм фыщымыгугъыу, Иеговэ и Іущагъым фыщыгугъ. Ди эрэм ипэ VIII-нэ лІэщІыгъуэм Иудэм дэс цІыхухэм ассирийцхэр къатеуэну шынагъэ щыІэт. Ассирийцхэм я пщылІыпІэм имыхуэн щхьэкІэ, ахэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ Мысырым елъэІуащ къадэІэпыкъуну (Ис. 30:1, 2). Иеговэ иудей цІыхухэм яжриІат Мысырым зэгурыІуэныгъэ зэрыращІылІэм зэранышхуэ къазэрыхуихьынур (Ис. 30:7, 12, 13). Бегъымбар Ешайа къигъэсэбэпу Иеговэ абыхэм яжриІат хэт и деж хъумапІэ къыщалъыхъуэн хуейми. Бегъымбарым абыхэм яхуитхат гупсэхугъуэ зыфІамыгъэкІуэдмэ икІи Иеговэ дзыхь хуащІмэ, къару зэраІэнур (Ис. 30:15, етІуанэ Іыхьэр).
10. Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж къыщыдгъэлъэгъуэфынур?
10 Ауэ дауэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр зэрыдгъэлъэгъуэнур? Іуэхугъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Псалъэм папщІэ, фэ ахъшэ нэхъыбэ къыщывлэжьыфын лэжьапІэ фыувыну къывжаІэ, ауэ абы зэман нэхъыбэ тевгъэкІуэдэнущ икІи иджыпсту Иеговэ фызэрыхуэлажьэм хуэдизрэ фыхуэлэжьэну ар зэран къыфхуэхъунущ. Е, псалъэм папщІэ Иеговэ и Щыхьэту щымыт фи лэжьапІэм щыщ гуэрым гулъытэ къыфхуещІ. Е уи унагъуэм щыщ фІыуэ плъагъу цІыхум мыпхуэдэу къыбжеІэ: «Къыхэх, е сэ, е уи Алыхьыр!» Зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм псоми унафэ къэпщтэну гугъущ, ауэ дэтхэнэ зы Іуэхугъуэм щыгъуи Иеговэ фигъэлъэгъунущ сыт хуэдэ унафэ къафщтэмэ нэхъыфІми (Мт. 6:33; 10:37; 1 Кор. 7:39). Ауэ Иеговэ дзыхь хуэтщІу абы дедэІуэнрэ демыдэІуэнрэ зэлъытар дэращ.
11-нэ абзацым феплъ.e
11. НэгъуэщІхэр къыщытпэщІэувэм деж Библием ит сыт хуэдэ щапхъэхэр къыддэІэпыкъуну гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну?
11 3. Библием ит щапхъэфІхэмкІэ икІи щапхъэ ІейхэмкІэ зывгъасэ. Гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыным икІи Иеговэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ куэд Библием итщ. А щапхъэхэм фегупсыс икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэм егъэлеяуэ къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ гупсэхугъуэ зыфІамыгъэкІуэдыну сыт къадэІэпыкъуами къызэрывгурыІуэным фыхущІэкъу. Псалъэм папщІэ, апостолхэм хъыбарыфІыр ямыгъэІуну Синедрионым унафэ къащыхуищІам щыгъуэ, ахэр гужьеякъым. АтІэ абыхэм лІыгъэ яхэлъу жаІащ: «ЦІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ» (Апост. 5:29). ЩІопщкІэ щаукІам щыгъуи ахэр шынакъым. Сыт щхьэкІэ? Апостолхэм ящІэт Иеговэ зэрагъусэр икІи абыхэм къазэрыхуэарэзыр. Абы къыхэкІкІэ апостолхэм хъыбарыфІыр ягъэІун пащэжащ (Апост. 5:40—42). Апхуэдэ дыдэу, Стефани щаукІынум щыгъуэ, и гум мамырыгъэ илъти, «абы и нэкІур мелыІыч нэкІум хуэдэт» (Апост. 6:12—15). Сыт щхьэкІэ? Абы шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ къызэрыхуэарэзым.
12. 1 Петр 3:14 икІи 4:14 зэритымкІэ, дыкъыщрахуэкІым дежи сыт дэ насыпыфІэу дыкъыщІэнэфынур?
12 Телъыджэ Іуэхухэр ящІэну Иеговэ апостолхэм зэфІэкІ зэраритам къигъэлъагъуэт ар абыхэм зэраригъусэр (Апост. 5:12—16; 6:8). Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм апхуэдэ зэфІэкІ яІэкъым. Ауэ Иеговэ и ПсалъэмкІэ дыкъегъэгугъэ пэжым щхьэкІэ гугъуехь тшэчмэ, насыпыфІэу дызэрыщытыфынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы и гур догъэгуфІэ икІи абы и къару лъапІэр къытщхьэщытщ. (Къеджэ 1 Петр 3:14; 4:14.) Абы къыхэкІкІэ къэкІуэну зэманым гущІэгъуншэу дыкъызэрырахуэкІынур тхуэмышэчынкІэ дыгузэвэн хуейкъым. Абы ипІэкІэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуфынум икІи дыкъызэрыригъэлыфынум теухуауэ фІэщхъуныгъэ диІэр иджыпсту щыщІэдзауэ хэдгъэхъуэн хуейщ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, дэри Хьисэ дыкъызэригъэгугъа псалъэхэм дзыхь хуэтщІын хуейщ: «Къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкІын щхьэкІэ, псалъэ Іущхэр фІурыслъхьэнущ, акъылыфІагъи фэстынущ». Абы псалъэ быдэ къыдет: «Теубыдагъэ фиІэмэ, фи псэр мыкІуэду къевгъэлынущ». НэгъуэщІу жыпІэмэ, теубыдагъэ дызэриІэм и фІыгъэкІэ ди гъащІэр къедгъэлынущ (Лк. 21:12—19). Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым: псэухукІэ Иеговэ хуэпэжу къэна и лэжьакІуэхэм щытыкІэ яІар, я хьэл-щэнхэр икІи я гурыщІэхэр ещІэж икІи ахэр къигъэтэджыжынущ.
13. Гупсэхугъуэ зыфІэкІуэдахэм икІи Иеговэ дзыхь хуэзымыщІахэм я щапхъэхэм ди дежкІэ сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
13 Гупсэхугъуэ зыфІэкІуэдахэм икІи Иеговэ дзыхь хуэзымыщІахэм я щапхъэхэм дэ куэдым дыхуагъэсэфынущ. Абыхэм къащыщІам дызэрегупсысыр дэ къыддэІэпыкъунущ апхуэдэ щыуагъэхэр дымыщІэну. Дигу къэдгъэкІыжынщ пащтыхь Асэ. Иудэм эфиоп дзэшхуэр къыщытеуам щыгъуэ, Асэ Иеговэ щыгугъати, ар абы къыдэІэпыкъуащ текІуэныгъэ къихьыну (2 Лет. 14:9—12). Ауэ иужькІэ израил пащтыхь Ваасэ Иудэм пэщІэуващ. Ваасэ и дзэр эфиоп дзэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ мащІэт. Абы щыгъуэ Асэ Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуакъым. Абы ипІэкІэ, абы Сирием и пащтыхьым уасэ иритащ, и зауэлІхэр зыдигъэІэпыкъун щхьэкІэ (2 Лет. 16:1—3). И гъащІэм и иужьрей илъэсхэм Асэ сымаджэ хьэлъэ хъуат, ауэ абы щыгъуэми, абы Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуакъым (2 Лет. 16:12).
14. Асэ и щыуагъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну?
14 ЯпэщІыкІэ гугъуехь щыпэщІэхуэм щыгъуэ, Асэ Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут. Ауэ иужькІэ и гугъуехьхэр езым и къарукІэ зэхигъэкІыну ар иужь ихьащ. Зэ еплъыгъуэкІэ Асэ сирие цІыхухэм къыдэІэпыкъуну зэрызыхуигъэзам Іущагъ хэлъу къыпщыхъункІэ хъунут. Ауэ апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм къаІэрыхьа мамырыгъэр куэдрэ щыІакъым. И бегъымбарыр къигъэсэбэпу Иеговэ Асэ жриІащ апхуэдэу къыщІэхъуам и щхьэусыгъуэр: «Уэ уи Алыхь Иеговэ ущымыгугъыу, Сирием и пащтыхьым ущыгугъащ» (2 Лет. 16:7). Дэ дегупсыс хъунукъым Алыхьым и Псалъэм зыхуэдмыгъазэу ди гугъуехьхэм дэ езым ди къарукІэ дыпэлъэщыфыну. Унафэ гуэр псынщІэу къыщытщтэн хуейм дежи, гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыным икІи Иеговэ дыщыгугъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, абы щыгъуэ ар дэ къыддэІэпыкъунущ унафэ тэмэм къэтщтэну.
15-нэ абзацым феплъ.f
15. Библием ущеджэкІэ сыт пщІэ хъунур?
15 4. Библием ит едзыгъуэхэр гукІэ зэвгъащІэ. Библием фыщеджэкІэ гупсэхугъуэ зыфІумыгъэкІуэдыным икІи Иеговэ дзыхь хуэпщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къызыхэщ едзыгъуэхэм фрихьэлІамэ, ахэр гукІэ зэрызэвгъэщІэным фыхущІэкъу. Сыт фщІэ хъунур едзыгъуэхэр псынщІэу гукІэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ? МакъкІэ фыкъеджэ е ахэр зыщІыпІэ ифтхэ, щІэх-щІэхыурэ флъэгъун щхьэкІэ. Иеговэ Нун и къуэ Ехьошуа унафэ хуищІат Алыхьым и Хабзэхэр зэрыт тхылъым махуэ къэс макъкІэ еджэну — абы и фІыгъэкІэ Ехьошуа Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къыхуэщтэнут. А тхылъым зэреджэм и фІыгъэкІэ, Нун и къуэ Ехьошуа шынэр зытримыгъакІуэу лІыгъэ хэлъу Алыхьым и лъэпкъым и пашэу щытыфынут (Иис. Н. 1:8, 9). Дыщыгузавэм е дыщышынэм деж, гупсэхугъуэ къыдэзытыфын едзыгъуэ куэд Алыхьым и Псалъэм итщ (Пс. 27:1—3; Прит. 3:25, 26, Гъэсэпэтхыдэхэр).
16-нэ абзацым феплъ.g
16. Зэхуэсыр къигъэсэбэпу Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдын икІи езым дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ?
16 5. Иеговэ и лэжьакІуэхэм фахэт. Иеговэ хуейщ дэ гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну икІи абы дзыхь хуэтщІыну. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ абы къуэш, шыпхъухэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм дэ сэбэпынагъ куэд къытхуахь: Библием тегъэщІа псалъэхэм икІи къуэш, шыпхъухэм я жэуапхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ, абы нэмыщІ Алыхьым и лэжьакІуэхэм дазэрыхэтым дегъэгушхуэ (Евр. 10:24, 25). Иджыри дэ дызыгъэгузавэр зэхуэсым хэт ди ныбжьэгъухэм яжетІэфынущ. Ди ныбжьэгъум и «псалъэ гуапэм» гупсэхугъуэ къыдитыжыфынущ (Прит. 12:25, Гъэс.).
17-нэ абзацым феплъ.h
17. Еврейхэм 6:19 зэритымкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дызэрыщыгугъыр зэман гугъухэм щыгъуэ гупсэхугъуэ диІэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
17 6. Гугъэ фиІэр фхъумэ. Пащтыхьыгъуэм дызэрыщыгугъыр «хъурзэм (якорым) хуэдэу ди гум илъу» жыпІэ хъунущ: ар къыддоІэпыкъу гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну. (Къеджэ Еврейхэм 6:19.) КъэкІуэну зэманым фегупсыс: Иеговэ дыкъегъэгугъэ абы щыгъуэ гупсысэ Іейхэм ди лъэр щІамыхыну (Ис. 65:17). Гузэвэгъуэ лъэпкъ здэщымыІэну дунеищІэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ (Мих. 4:4). Абы нэмыщІ ди гугъэм теухуауэ нэгъуэщІ цІыхухэм дащыдэгуашэм деж, ар нэхъ быдэ дощІ. ХъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэр гъэхьэзырынымрэ фыхэтын щхьэкІэ къарууэ фиІэр ефхьэлІэ. А псор фщІэмэ, гугъэ быдэ зэвгъэгъуэтынущ (Евр. 6:11).
18. КъэкІуэну зэманым сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэну икІи абыхэм дапэлъэщыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
18 Мы дунейм и кІэухыр къызэрысам къыхэкІкІэ гугъуехь нэхъыби дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ нэхъыби диІэнущ. 2021-нэ гъэм хухаха пычыгъуэр къыддэІэпыкъунущ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж ди къарум дыщымыгугъыну икІи гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэду, Иеговэ дзыхь хуэтщІыну. Мы илъэсым и кІуэцІкІэ ди ІуэхухэмкІэ къэдвгъэгъэлъагъуэ Иеговэ и псалъэхэм шэч къызэрытедмыхьэр: «ЗэпІэзэрыту фыкъанэмэ икІи дзыхь къысхуэфщІмэ, къару фиІэнущ» (Ис. 30:15).
8-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ
a 2021-нэ гъэм хухаха пычыгъуэм къыдгурегъаІуэ дызыгъэгузавэ Іуэхугъуэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, иджыпстуи къэкІуэну зэманми Иеговэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Мы статьям щызэпкърытхынущ гупсэхугъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну икІи Иеговэ дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунуми.
b Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр сымаджэщ — абыхэм я гум гузавэ илъу, шынэ яІэу щытщ. Ар узыфэщ икІи Хьисэ зи гугъу ищІа гузэвэным ар хэдгъэгъуэщэн хуейкъым.
c СУРЭТЫР. 1) Махуэм и кІуэцІкІэ ди шыпхъум Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуегъазэ икІи и гукъеуэхэр абы жреІэж.
d СУРЭТЫР. 2) ЛэжьапІэм щыІэу шэджагъуашхэ щищІым деж, Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къигъуэтын щхьэкІэ ар Библием йоджэ.
e СУРЭТЫР. 3) Библием ит щапхъэфІхэмрэ щапхъэ Іейхэмрэ ар йогупсыс.
f СУРЭТЫР. 4) Абы гукІэ зригъэщІэну мурад ищІа едзыгъуэр тхылъымпІэм тритхауэ холодильникым кІэрегъапщІэ.
g СУРЭТЫР. 5) ХъыбарыфІыр щигъэІукІэ ар гуфІэу шыпхъум доуэршэр.
h СУРЭТЫР. 6) Ар къэкІуэну зэманым йогупсыс икІи абы гугъэ иІэр нэхъ быдэ ещІ.