ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Октябрь н. 20—25
  • Иеговэ и организацэр еунэтІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и организацэр еунэтІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • ИЕГОВЭ ЗЭХЭГЪЭЖ ЗЫМЫЩІ АЛЫХЬЩ
  • ИЕГОВЭ И ІУЭХУ ПСОРИ ЗЭТЕУХУАЩ ИКІИ АР МАМЫРЫГЪЭМ И АЛЫХЬУ ЩЫТЩ
  • ИЕГОВЭ ДРЕГЪАДЖЭ ИКІИ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭУ ХЪУАР КЪЫДЕТ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Октябрь н. 20—25

43 СТАТЬЯР

Иеговэ и организацэр еунэтІ

«„ДзэкІэкъым, къарукІэкъым, атІэ си къару лъапІэмкІэщ“,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ» (ЗАХ. 4:6).

40-НЭ УЭРЭДЫР Хэт уэ узыхуэпсэур?

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Псым зыщІагъэуа иужьи, Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт ящІэн хуейр?

ПСЫМ зыщыщІигъауэм деж цІыхум нэгъуэщІхэм псоми ярегъэлъагъу Иеговэ и фІэщ зэрыхъур икІи абы и лъэпкъым щыщ хъуну зэрыхуейр. ДауикІ, псым зыщІигъэуа иужьи цІыхум Алыхьым хуиІэ фІэщхъуныгъэр адэкІи хигъэхъуэн хуейщ икІи Иеговэ и организацэр зэриунэтІым шэч къытрихьэн хуейкъымb.

2, 3. Дауэ Иеговэ и организацэр зэриунэтІыр? Щапхъэхэр къэфхь.

2 Иеговэ и организацэр зэриунэтІым ущеплъым деж, абы и хьэл-щэнхэм, и мурадхэм икІи и хабзэхэм теухуауэ нэхъыбэ къыпхуэщІэнущ. Организацэр зэрылажьэм къыхэщ Иеговэ и хьэл-щэнищыр мы статьям щызэпкърытхынущ.

3 Япэрауэ, Иеговэ — зэхэгъэж зымыщІ Алыхьщ (Апост. 10:34). Лъагъуныгъэм Алыхьыр хуигъэушащ и Къуэм «и псэр цІыху псоми щхьэщэхужу» яхуитыну (1 Тим. 2:6; Ин. 3:16). Иеговэ и лэжьакІуэхэм унафэ яритащ абыхэм къедаІуэ псоми хъыбарыфІыр хуаІуэтэну. Апхуэдэу абы щхьэщэхужыр зи фІэщ хъу дэтхэнэ зыми къелыну Іэмал ирет. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ и Іуэху псори зэтеухуащ икІи ар — мамырыгъэм и Алыхьу щытщ (1 Кор. 14:33, 40). Абы къыхэкІкІэ дыщыгугъ хъунущ абы и лэжьакІуэхэми я Іуэхухэр зэтеухуауэ икІи я зэхуаку мамырыгъэ дэлъу зэрыщытыным. Ещанэрауэ, Иеговэ — «УщиякІуэшхуэщ» (Ис. 30:20, 21). Аращ Иеговэ и организацэм къару щІрихьэлІэр Библием ит пэжхэм дригъэджэным икІи абыхэм нэгъуэщІхэм хуедгъэджэну къыддэІэпыкъуным. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ и организацэм япэ лІэщІыгъуэм икІи етІощІанэ лІэщІыгъуэм иригъэкІуэкІа лэжьыгъэм. Абы нэмыщІ ди зэманми иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм дытепсэлъыхьынщ. ИкІи ипэкІэ зи гугъу тщІа Иеговэ и хьэл-щэнищыр абы къызэрыхэщыр къэтщІэнущ. Иджыри зэпкърытхынущ организацэм и гъусэу Иеговэ дыхуэлэжьэну Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур.

ИЕГОВЭ ЗЭХЭГЪЭЖ ЗЫМЫЩІ АЛЫХЬЩ

4. Апостолхэм 1:8 зэритымкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ унафэ ярита икІи ахэр сыткІэ къигъэгугъа?

4 Япэ лІэщІыгъуэм. Хьисэ игъэІу хъыбарым цІыху псоми гугъэ яритт (Лк. 4:43). Абы и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІат къригъэжьа лэжьыгъэр икІэм нагъэсыну икІи хъыбарыфІыр щІым и гъунэм нэсыху ягъэІуну. (Къеджэ Апостолхэм 1:8.) ДауикІ, а лэжьыгъэр езыхэм я къарукІэ абыхэм яхуэгъэзэщІэнутэкъым. Ахэр Алыхьым и къару лъапІэм хуэныкъуэт — Хьисэ къаритыну къызэригъэгугъа «дэІэпыкъуэгъум» (Ин. 14:26, ДЩІ; Зах. 4:6).

5, 6. Алыхьым и къару лъапІэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дапхуэдэут зэрадэІэпыкъур?

5 Ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къаІэрыхьащ. А къару лъапІэм и фІыгъэкІэ абыхэм занщІэу хъыбарыфІыр ягъэІуу щІадзащ икІи зэман кІэщІкІэ Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр цІыху мин бжыгъэм къащтащ (Апост. 2:41; 4:4). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърахуэкІыу щыщІадзам щыгъуэ, ахэр шынакъым, атІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэри къадэІэпыкъуну елъэІуащ: «Уэ уи псалъэхэр цІыхухэм дытегушхуауэ хуэтІуэтэну дэ, уи ІурыщІэхэм, къару къыдэт». Абы иужькІэ «Тхьэм и Псэ ЛъапІэр [«къару лъапІэр», ДЩІ] псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цІыхухэм хуаІуатэу» щІадзащ (Апост. 4:18—20, 29, 31).

6 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр нэгъуэщІ гугъуехьхэми пэщІэхуэт. Псалъэм папщІэ, а зэманым Алыхьым и Псалъэр зэрыт свитоку мащІэт щыІэр. Абы нэмыщІ Библиер щыдджкІэ дэ нобэ къэдгъэсэбэп Іэмэпсымэхэр абыхэм яІэтэкъым. А псом къищынэмыщІауэ, бзэ зэхуэмыдэ куэдкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІыр хуаІуэтэн хуейт. Ауэ, а гугъуехьхэм емылъытауэ, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм яхуэмыгъэзэщІэну къыпщыхъуфыну Іуэхур ягъэзэщІащ: илъэс 30 хуэдиз дэкІа иужь «хъыбарыфІыр уафэм и щІагъым щыпсэу цІыху псоми хуаІуэтащ» (Кол. 1:6, 23).

7. Илъэсищэ ипэ псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм Алыхьым къахуигъэувым теухуауэ сытыт къагурыІуэр икІи ар къазэрыгурыІуэм ахэр сытым хуигъэушрэт?

7 Ди зэманым. Иеговэ и лэжьакІуэхэр ноби еунэтІ икІи и мурадыр ягъэзэщІэн щхьэкІэ къару яхелъхьэ. Абы щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтха и Псалъэр псом хуэмыдэу къегъэсэбэп. Абы къыщыпщІэфынущ Хьисэ иригъэкІуэкІа лэжьыгъэмрэ и лъэужь ирикІуэхэм а лэжьыгъэр ирагъэкІуэкІыну унафэ зэрахуищІамрэ теухуауэ (Мт. 28:19, 20). 1881-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым мыпхуэдэу итащ: «Дэ Алыхьым дыкъыщІыриджар е и къару лъапІэр къыщІыдитар пщІэ зыхуедгъэщІын е мылъку зэхуэтхьэсын щхьэкІэкъым, атІэ ди гъащІэмрэ диІэу хъуамрэ къанэ щымыІэу хъыбарыфІыр дгъэІуным тедгъэкІуэдэн щхьэкІэщ». Абы нэмыщІ 1919-нэ гъэм «Кому доверена работа» жыхуиІэ брошюрэ къыдагъэкІауэ щытащ икІи абы хъыбарыфІыр зэрыгъэІун хуей щІыкІэм теухуа унафэхэр итт. А брошюрэм мыпхуэдэу щыжыІат: «Дэ къытпэщылъыр лэжьыгъэшхуэщ, ауэ ар Зиусхьэныращ зейр, аращи, абы и къарумкІэ дэ ар тхуэгъэзэщІэнущ». Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, а къуэшхэми лІыгъэ ягъэлъагъуэт икІи Алыхьым и къару лъапІэр къазэрыдэІэпыкъуным шэч къытрамыхьэу, егугъуу хъыбарыфІыр цІыху псоми хуаІуатэт. Дэри Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къызэрыддэІэпыкъуным шэч къытетхьэкъым.

Инструменты для служения в прошлом и сейчас. 1. Радиовещание. 2. Автомобиль с громкоговорителем. 3. Патефон. 4. Журналы «Сионская сторожевая башня» и «Золотой век». 5. Журналы «Сторожевая башня» и «Пробудитесь!». 6. Сайт jw.org. 7. Тележки для литературы.

Иеговэ и организацэм хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ Іэмэпсымэ нэхъыфІ дыдэхэр къегъэсэбэп. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)

8, 9. Иеговэ и организацэм хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ япэм сыт хуэдэ Іэмалхэр къигъэсэбэпа, ноби сыт хуэдэ Іэмалхэр къигъэсэбэпрэ?

8 Иеговэ и организацэм хъыбарыфІыр игъэІун щхьэкІэ сыт щыгъуи Іэмэпсымэ нэхъыфІ дыдэхэр къегъэсэбэп, абыхэм хохьэ традзэ ди тхыгъэхэмрэ электроннэу диІэ публикациехэмрэ. Япэм Алыхьым и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ «Фотодрама творения» жыхуиІэр, патефоныр, рупор зытет машинэр къагъэсэбэпт, радиокІи къэпсалъэт. Абы нэмыщІ Иеговэ и лэжьакІуэхэм ди тхыгъэхэр зэрадзэкІын щхьэкІэ ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм фегупсыс,— апхуэдэ лэжьыгъэ зэи зыми иригъэкІуэкІакъым! А псор щІащІэр цІыхухэм я бзэмкІэ хъыбарыфІыр зэхахын щхьэкІэщ. Иеговэ цІыху зэхэгъэж ищІкъым, абы жиІауэ щытащ «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми» Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр хуаІуэтэну (Апок. 14:6, 7). ИкІи ар хуейщ а хъыбарыр псоми зэхахыну.

9 Ауэ цІыхухэр унэм щІэсу щумыгъуэт щыІэщ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэр яхъумэ унэхэм щопсэу. Апхуэдэ цІыхухэм Алыхьым теухуауэ къащІэн щхьэкІэ организацэм зригъэпэщащ цІыхухэр нэхъыбэу щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ ягъэІуну. Апхуэдэу 2001-нэ гъэм Францием щыпсэу ди къуэшхэм УнафэщІ гупым хуит ищІа иужь ди тхыгъэхэр зыдэлъ стендыр къагъэсэбэпу щІадзащ. ИужькІэ нэгъуэщІ къэралхэми а Іэмалыр къагъэсэбэпащ. Абы фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ. Абы нэмыщІ къалэшхуэхэм цІыхухэр нэхъыбэу щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІу Іэмал къагупсысащ икІи а Іэмалыр 2011-нэ гъэм Нью-Йорк цІыхухэр нэхъыбэу щызекІуэ и зы районым къыщагъэсэбэпащ. Япэ илъэсым тхылъу 102 129 икІи журналу 68 911 ягуэшащ. Абы нэмыщІ 4 701 цІыхум Библиер яджыну хуейуэ Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхуагъэзащ! Шэч лъэпкъ хэлътэкъым Иеговэ и къару лъапІэмкІэ а лэжьыгъэр зэрадиІыгъам. Абы къыхэкІкІэ УнафэщІ гупым Иеговэ и лэжьакІуэхэр хуит ищІащ ди тхыгъэхэр зыдэлъ стендхэр къагъэсэбэпу хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІуну.

10. ЕхъулІэныгъэ уиІэу хъыбарыфІыр бгъэІун икІи цІыхухэр ебгъэджэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

10 Сыт фэ фщІэ хъунур? ХъыбарыфІыр дгъэІуу ди зэІущІэхэм Иеговэ дыщегъасэ. КъэфщІа щІэныгъэхэр къэвгъэсэбэп. ЗэІущІэ кІэщІ уздэкІуэм узыхэт гупым и гъусэу щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІыр гъэІу. Узыхэт гупым щыщ къуэш-шыпхъухэм къыбжаІэфынущ дапхуэдэу хъыбарыфІыр нэхъыфІу бгъэІу хъунуми икІи цІыхухэр ебгъаджэ хъунуми. Абы нэмыщІ абыхэм я щапхъэм уэри куэдым ухуигъэсэфынущ. Гугъуехьхэм емылъытауэ, хъыбарыфІ гъэІуным адэкІи хэт. Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм къызэрыхэщымкІэ, Алыхьым и мурадыр дэ зэрыдгъэзащІэр ди къарукъым, атІэ Алыхьым и къару лъапІэмкІэщ (Зах. 4:6). Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ дызыхуэныкъуэ къарум хуэдиз къызэрыдитынум, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дгъэзащІэр абы къалэн къыдитаращ.

ИЕГОВЭ И ІУЭХУ ПСОРИ ЗЭТЕУХУАЩ ИКІИ АР МАМЫРЫГЪЭМ И АЛЫХЬУ ЩЫТЩ

11. Япэ лІэщІыгъуэм УнафэщІ гупым хыхьэ къуэшхэм Иеговэ и лъэпкъым и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щытын щхьэкІэ сытыт ящІэр?

11 Япэ лІэщІыгъуэм. Ерусалим щыІэ УнафэщІ гупым хэт къуэшхэр зэкъуэту зэдэлажьэт, Иеговэ и лъэпкъым и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щытын щхьэкІэ (Апост. 2:42). Апхуэдэу ди эрэм, хуэгъэфэщауэ 49-нэ гъэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сунэт щІыным теухуауэ зэгурымыІуэныгъэ я зэхуаку къыдыхьат, икІи УнафэщІ гупым Алыхьым и къару лъапІэм щыгугъыу а упщІэр зэпкърихащ. А зэгурымыІуэныгъэр абыхэм зэхамыгъэкІауэ щытамэ, хъыбарыфІ гъэІуным ар зэран хуэхъунут. Ерусалим щыІэ апостолхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ журт лъэпкъым щыщми, абыхэм унафэ къащтам иудейхэм я хабзэхэри абы тетыну хущІэкъу цІыхухэри зэран хуэхъуакъым. Къуэшхэм унафэ къащтам лъабжьэ хуэхъуар Алыхьым и Псалъэращ икІи Алыхьым и къару лъапІэр абыхэм зыдагъэІэпыкъуащ (Апост. 15:1, 2, 5—20, 28). Сыт абы кърикІуар? УнафэщІ гупым ищІа унафэм фІыгъуэ кърикІуащ: Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъ хъуащ икІи абыхэм адэкІи егугъуу хъыбарыфІ гъэІуным пащащ (Апост. 15:30, 31; 16:4, 5).

12. Иеговэ и организацэм и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру зэрыщытым сыт щыхьэт техъуэр?

12 Ди зэманым. Иеговэ и организацэм и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щытыну сыт щыгъуи хущІокъу. 1895-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым итащ 1 Коринф 14:40 тегъэщІа «Благопристойно и чинно» жыхуиІэ статьяр. Абы мыпхуэдэу итт: «Япэ лІэщІыгъуэм апостолхэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІэх-щІэхыурэ яхутепсэлъыхьт цІыху лъапІэхэм я Іуэхур псори екІурэ зэтеухуауэ щытын зэрыхуейм... „Щыпкъагъэр дагъэщІэн“ щхьэкІэ ятхам адэкІи дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ» (Рим 15:4). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, ноби Иеговэ и организацэм къарууэ иІэр ирехьэлІэ зэхуэсым и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щытын щхьэкІэ. Зы щапхъэ къэтхьынщ: нэгъуэщІ зэхуэс фыкІуэмэ, уеблэмэ, нэгъуэщІ къэрал фыкІуэмэ, «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр щаджым деж фэ зэІущІэр дапхуэдэу екІуэкІми икІи сыт хуэдэ статья зэпкърахми зэхэвгъэкІын хуей хъунукъым. Псори фи зэхуэсым зэрекІуэкІым хуэдэ дыдэу екІуэкІынущ! Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ щыІэфынукъым Алыхьым и къару лъапІэр дэІэпыкъуэгъу мыхъумэ (Соф. 3:9).

13. Екъуб 3:17 ит псалъэхэм тепщІыхьмэ, дэ сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей?

13 Сыт фэ фщІэ хъунур? «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм зэакъылэгъу фищІащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыІуэныгъэмкІэ фыхущІэкъу» жыхуиІэ псалъэхэм и лэжьакІуэхэр тетыну Иеговэ хуейщ (Еф. 4:1—3). Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэу фызэупщІыж: «Зэхуэсым зэкъуэтыныгъэрэ мамырыгъэрэ илъын щхьэкІэ къару есхьэлІэрэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм жаІэм седаІуэрэ? Адрейхэр къысщыгугъ хъуну, псом хуэмыдэу зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн гуэр згъэзэщІэну къызатамэ? Псори игъуэу сщІэрэ? Си гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм садэІэпыкъурэ?» (Къеджэ Екъуб 3:17.) Зыгуэрым фелэжьын хуейуэ гу лъыфтамэ, Алыхьым фелъэІу и къару лъапІэр къывитыну. Фи хьэл-щэнхэмрэ фи ІуэхущІафэхэмрэ фхъуэжын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэр нэхъыбэу зыдэвгъэІэпыкъуху къуэш, шыпхъухэм нэхъ лъапІэу фалъытэнущ икІи нэхъыфІу фыкъалъагъунущ.

ИЕГОВЭ ДРЕГЪАДЖЭ ИКІИ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭУ ХЪУАР КЪЫДЕТ

14. Колоссэ 1:9, 10 зэритымкІэ, Иеговэ япэ лІэщІыгъуэм и лэжьакІуэхэр дапхуэдэут зэрыригъаджэр?

14 Япэ лІэщІыгъуэм. Иеговэ гуфІэгъуэ хихыу и лэжьакІуэхэр ирегъаджэ (Пс. 32:8). Уафэм щыІэ ди Адэр хуейщ ар тцІыхуну, фІыуэ тлъагъуну икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну. Абы щхьэкІэ дэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтын хуейщ (Ин. 17:3). Япэ лІэщІыгъуэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр иригъэджэн щхьэкІэ зэхуэсыр къигъэсэбэпу щытащ. (Къеджэ Колоссэ 1:9, 10.) Абы нэмыщІ и лэжьакІуэхэр иригъэджэн щхьэкІэ къару лъапІэм мыхьэнэшхуэ иІэт — Хьисэ дыкъызэригъэгугъа «дэІэпыкъуэгъум» (Ин. 14:16, ДЩІ). Иеговэ и къару лъапІэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дэІэпыкъут Алыхьым и Псалъэр нэхъыфІу къагурыІуэну икІи Хьисэ жиІахэмрэ ищІахэмрэ ягу къигъэкІыжт (иужькІэ а псор ХъыбарыфІым иратхэжащ). А зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІэныгъэ зрагъэгъуэтхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІт икІи къадэІэпыкъут Алыхьымрэ абы и Къуэмрэ нэхъыфІыжу ялъагъуну икІи езыхэми я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыну.

15. Исаия 2:2, 3 ит Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр дапхуэдэу зэригъэзащІэр?

15 Ди зэманым. Иеговэ жиІауэ щытащ «иужьрей махуэхэм» лъэпкъ псоми ящыщ цІыхухэр абы и «бгым» зэрекІуэлІэнур, нэгъуэщІу жыпІэмэ и лэжьакІуэ зэрыхъунур икІи и хабзэхэм тету псэууэ зэрызрагъэсэнур. (Къеджэ Исаия 2:2, 3c.) Иеговэ жиІа псалъэхэр къызэрыхъур нобэ дэ ди нэкІэ долъагъу. Иеговэ дызэрыхуэлажьэр бгым ебгъэщхь хъунущ икІи нэгъуэщІ цІыхухэр тхьэ нэпцІхэм зэрыхуэлажьэм нэхърэ куэдкІэ ар нэхъ лъагэщ. Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэр дэ берычэту къыдет! (Ис. 25:6). Иеговэ унэІут пэжыр къигъэсэбэпу куэду ерыскъы зэмылІэужьыгъуэ къыдет. Псалъэм папщІэ, статьяхэр, Библием тегъэщІа псалъэ гъэхьэзырахэр, видеороликхэр, абы нэмыщІ мультфильмхэр (Мт. 24:45). Іэиуб и ныбжьэгъу Елиуй иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ, абы Иеговэ щхьэкІэ мыпхуэдэу жиІащ: «Абы хуэдэ ущиякІуэ щыІэ?» (Иов 36:22).

1. Сестра сидит за столом, смотрит видеоролик о служении там, где нужно больше проповедников, и делает записи. 2. Сестра проповедует в другой стране.

Библием ит щІэныгъэхэр пэжу зэрыщытыр зэхэвгъэкІ икІи абыхэм фытету фыпсэу. (16-нэ абзацым феплъ.)d

16. Алыхьым нэхъ гъунэгъу фыхуэхъун щхьэкІэ сыт фэ фщІэ хъунур?

16 Сыт фэ фщІэ хъунур? Библиер щывджым деж къафщІэхэр фи гъащІэм къыщывгъэсэбэпыну Алыхьым и къару лъапІэр къывдэІэпыкъунущ. Псаломыр зытхам хуэдэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ: «Уэ, Иеговэ уи гъуэгум сытегъэувэ. Уи пэжыгъэм сытету сыпсэунущ. Си гур зэкъуэт щІы уи цІэм сыщышынэн щхьэкІэ» (Пс. 86:11). АдэкІи Библиемрэ Иеговэ и организацэм къыдит Библием тегъэщІа тхыгъэхэмрэ вджы. Ауэ, дауикІ, фэ фи мурад нэхъыщхьэу щытын хуейр щІэныгъэ фиІэр хэвгъэхъуэныракъым. Фэ гурэ псэкІэ Библием зыхуригъаджэр фи фІэщ хъун хуейщ икІи щІэныгъэ зэвгъэгъуэтахэм фытету фыпсэун хуейщ. А мурадыр къывэхъулІэну Иеговэ и къару лъапІэр къывдэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуэгъу уахуэхъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Евр. 10:24, 25). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, фэ псори Иеговэ и унагъуэм фыщыщщ. Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ зэІущІэхэм фи гум къыбгъэдэкІыу жэуап щыфтын щхьэкІэ, абы нэмыщІ зыщыдгъасэ школым къыщыват заданиехэр егугъуауэ вгъэзэщІэн щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, Иегови абы и Къуэми евгъэлъэгъунущ я мэл цІыкІу лъапІэхэр фІыуэ зэрыфлъагъур (Ин. 21:15—17).

17. Иеговэ и организацэм и Іуэхур зэрыдэфІыгъыр дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур?

17 Куэд мыщІэу мы дунейм къытенэнур зы организацэщ — ар Алыхьым и организацэращ. Аращи, а организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм фегугъуу фыхэт. Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу, фэри цІыхухэр фІыІуэ флъагъу. Абы щхьэкІэ цІыху зэхэгъэж фымыщІу хъыбарыфІыр вгъэІу. Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щыщытым деж, Иеговэ ифІэфІщ, абы щапхъэ тефх икІи зэхуэсым зэкъуэтыныгъэ илъын щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу фыхъу. УщиякІуэшхуэм жиІэм федаІуэ икІи абы къыдит ерыскъыр зэфхьэлІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, ШейтІаным и дунейр щыкъутэжым деж фэ фышынэнукъым икІи Иеговэ хуэпэжу и организацэм дэлажьэхэм фахэтынущ.

ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР:

  • лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну?

  • зэхуэсым и Іуэхур псори зэтеухуауэ икІи мамыру щытыну дэІэпыкъуэгъу дыхъуну?

  • Библием ит щІэныгъэхэр зэдгъэгъуэтыну икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну?

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

a Иеговэ и организацэр зэриунэтІыр фэ быдэу фи фІэщ хъурэ? Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ япэ лІэщІыгъуэм Иеговэ зэхуэсыр зэриунэтІу щытар икІи ди зэманми и организацэр зэриунэтІыр.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Иеговэ и организацэр ІыхьитІу зэхэтщ — уафэм щыІэмрэ щІылъэм щыІэмрэ. Мы статьям «организацэ» щыжиІэм деж зи гугъу ищІыр Иеговэ и организацэм щІылъэм щыІэ и Іыхьэращ.

c Исаия 2:2, 3: «Иужьрей махуэхэм Иеговэ и унэр зытет бгыр нэгъуэщІ бгыщхьэхэмрэ Іуащхьэхэм нэхърэ нэхъ лъагэ хъунущ, икІи абы лъэпкъ псори екІуэлІэнущ. Лъэпкъ куэдыр кІуэнурэ, жаІэнущ: „ФыкъакІуэ Иеговэ и бгым, Екъуб и Алыхьым и унэм, дыдэкІуеинщ. Абы и гъуэгухэм дригъэсэнущ, икІи дэ абыхэм дытетынущ“. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Сионым унафэ къикІынущ, Иеговэ и псалъэри Ерусалим къикІынущ».

d СУРЭТЫР. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм щылажьэ къуэш, шыпхъухэм теухуа видеороликым пионеру лажьэ ди шыпхъур еплъа иужь мурад ещІ абыхэм щапхъэ трихыну. ИкІи а мурадыр абы къохъулІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын