ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Август н. 2—7
  • «МыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэм фыпэплъэрэ фэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «МыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэм фыпэплъэрэ фэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «МЫКІУЭДЫЖЫН ЛЪАБЖЬЭХЭР ЗИІЭ» КЪАЛЭР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
  • ИБРЭХЬИМ СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ ПЭЩІЭХУА?
  • АБЫХЭМ ИБРЭХЬИМ ЩАПХЪЭ ТРАХТ
  • Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Ибрэхьимрэ Сарэрэ Алыхьым хуэжыІэдаІуэт
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр гъэунэхуа зэрыхъуар
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Куэдрэ зыпэплъа къуэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Август н. 2—7

СТАТЬЯР 31

«МыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэм фыпэплъэрэ фэ?

«Къалэшхуэу Тхьэм игъэпсауэ, игъэувауэ, мыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэм пэплъэу щытащ» (ЕВР. 11:10).

22-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр кърекІуэ!

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым сыт къагъэнэн хуей хъуар икІи сыт щхьэкІэ?

НОБЭ мелуан бжыгъэ хъу Алыхьым и лэжьакІуэхэм зыгуэр къагъэнэн хуей мэхъу. Къуэш, шыпхъу куэдым унагъуэ ямыухуэну мурад ящІащ. Щхьэгъусэ зиІэхэм сабий зрамыгъэгъуэтыну траухуащ. Сабий зиІэхэм мылъку зэгъэпэщэным хущІэмыкъуну мурад ящІащ. Апхуэдэ мурад щІащІам щхьэусыгъуэшхуэ иІэщ — ахэр хуейщ зэрыхъукІэ нэхъыбэу Иеговэ хуэлэжьэну. А къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэ икІи шэч лъэпкъ къытрахьэкъым зыхуэныкъуэу хъуар Иеговэ къазэрыритынум. Ахэр зэгуэр хущІегъуэжыну пІэрэ? Хьэуэ! Сыт абы шэч къыщІытедмыхьэр? Япэми Иеговэ и лэжьакІуэхэм зыхуэныкъуэр яриту щытащ. Псалъэм папщІэ, «фІэщхъуныгъэ зиІэхэм адэ» яхуэхъу Ибрэхьим абы и нэфІ щыхуауэ щытащ (Рим 4:11).

2. 1) Еврейхэм 11:8—10, 16 зэритымкІэ, Ур къалэр Ибрэхьим хьэзыру къыщІигъэнар сыт? 2) Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?

2 Ур къалэм Ибрэхьим щрихьэкІа гъащІэ тыншыр хьэзыру къигъэнащ. Сыт щхьэкІэ? Ар «мыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэм пэплъэт. (Къеджэ Еврейхэм 11:8—10, 16.) Сыт хуэдэ «къалэт» ар? А къалэр къэунэхуным пэплъэхукІэ Ибрэхьим сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа? Ибрэхьимрэ абы щапхъэ тезыха ди зэманым псэу цІыхухэмрэ дэ сыткІэ щапхъэ ятетх хъуну?

«МЫКІУЭДЫЖЫН ЛЪАБЖЬЭХЭР ЗИІЭ» КЪАЛЭР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?

3. Сыт хуэдэ «къалэт» Ибрэхьим зыпэплъэр?

3 Ибрэхьим апхуэдизу зыпэплъа «къалэр» Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. А Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Алыхьым тригъэувар Хьисэщ икІи Алыхьым и къару лъапІэр зрита 144 000-м Хьисэ и тепщэныгъэр даІыгъынущ. Паул а Пащтыхьыгъуэм «гъащІэ зиІэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыІэ ЕрусалимкІэ» еджащ (Евр. 12:22; Апок. 5:8—10; 14:1). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъасэт а Пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъэзэну: а Пащтыхьыгъуэр къакІуэу, Алыхьыр зыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щыхъуну (Мт. 6:10).

4. ЩІэдзапІэ 17:1, 2, 6 зэритымкІэ, Ибрэхьим сытыт ищІэр Иеговэ къызэригъэгугъа «къалэм» теухуауэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ Пащтыхьыгъуэм теухуауэ?

4 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэрызэхэтынур Ибрэхьим ищІэу пІэрэт? Хьэуэ. ЛІэщІыгъуэ куэдкІэ ар «Тхьэм и мурад щэхуу» щытащ (Еф. 1:8—10; Кол. 1:26, 27). Ауэ Ибрэхьим ищІэт и щІэблэм щыщ языныкъуэхэр пащтыхьу зэрыщытынур. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 17:1, 2, 6.) Ибрэхьим Иеговэ къызэригъэгугъахэр быдэу и фІэщ хъути, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу щытын хуей Мэссихьыр илъагъум хуэдэт. Аращ Хьисэ иудейхэм щІажриІар: «Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икІи гуфІэрт. Ар илъэгъуащ икІи щыгуфІыкІащ» (Ин. 8:56). Нэрылъагъущ: Ибрэхьим ищІэт и щІэблэр Иеговэ игъэува Пащтыхьыгъуэм и пащтыхьу зэрыщытынур икІи ар хьэзырт Алыхьым къызэригъэгугъар игъэзэщІэху ежьэну.

Авраам помогает Сарре сойти с верблюда. На заднем плане изображены их слуги, занятые повседневными обязанностями.

Ибрэхьим дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар Иеговэ къызэригъэгугъэхэр и фІэщ зэрыхъур? (5-нэ абзацым феплъ.)

5. Дэнэ дэ щытщІэр Ибрэхьим Иеговэ къызэригъэгугъа «къалэм» пэплъэу зэрыщытар?

5 Ибрэхьим дапхуэдэут къызэригъэлъагъуэр Иеговэ къызэригъэгугъа «къалэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ Пащтыхьыгъуэм пэплъэу зэрыщытар? Япэрауэ, ар щІылъэм щыІэ пащтыхьыгъуэ гуэрым и лъабжьэ щІэувакъым. Зы щІыпІэ гуэр къыхихыу ар абы сыт щыгъуи щыпсэуакъым, атІэ щІыпІэ-щІыпІэкІэ Іэпхъуэу псэуащ икІи щІылъэм щыІэ пащтыхьхэм я пащтыхьыгъуэр зэи диІыгъакъым. Абы нэмыщІ езым и пащтыхьыгъуэ игъэувынуи иужь итакъым. Ар Алыхьым жиІэм едаІуэт икІи къызэригъэгугъар щигъэзэщІэнум пэплъэт. Апхуэдэу Ибрэхьим Иеговэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэрыхуиІэр къигъэлъэгъуащ. АдэкІэ зэпкърытхынщ Ибрэхьим сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуами икІи абы и щапхъэм дэ сытым дыхуигъэсэфынуми къэтщІэнщ.

ИБРЭХЬИМ СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ ПЭЩІЭХУА?

6. Ур сыт хуэдэ къалэу щыта?

6 Ибрэхьим къызыдэкІа Ур къалэр ущыпсэуну тыншу, узыхуейр щыбгъуэту щытт икІи а къалэр яхъумэт. Ар блынышхуэхэм къихъумэт, абы нэмыщІ къалэм и лъэныкъуищымкІэ дэтІыкІат икІи абы псы итт. Ур къалэм дэс цІыхухэр еджат икІи арифметикэр ящІэт. Археологхэм куэду къагъуэтыжа документхэр щыхьэт тохъуэ а къалэм сату щІыным зыщиужьауэ зэрыщытар. Унэхэр чырбышкІэ ящІт, блынхэр штукатур ящІти, сэху иратыжт. Языныкъуэ унэхэр пэш 13—14 хъут, пщІантІэ лъэгур мывэкІэ къищІыкІат.

7. Ибрэхьим езыри и унагъуэри Иеговэ къызэрихъумэнур быдэу и фІэщ щІэхъун хуейр сытыт?

7 Ибрэхьим быдэу и фІэщ хъун хуейт езыри и унагъуэри Иеговэ къызэрихъумэнур. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Ибрэхьимрэ Сарэрэ ущыпсэуну тынш икІи яхъумэ Ур къалэм къыдэкІат икІи Ханаан щІыналъэм щІыпІэ-щІыпІэкІэ Іэпхъуэу щыпсэун хуей хъуат. Ибрэхьимрэ и унагъуэмрэ афІэкІа блынышхуэхэми къалэм лъэныкъуищкІэ къекІуэкІ псыми къахъумэжтэкъым. Абыхэм сыт хуэдэ дакъикъэми бийхэр къатеуэфынут.

8. Зэгуэр Ибрэхьим сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуат?

8 Ибрэхьим Иеговэ жиІэм сыт щыгъуи едаІуэт, ауэ зэгуэр абы и дежкІэ гугъу хъуат и унагъуэр игъэшхэну. Иеговэ ар здигъэкІуа щІыналъэм гъаблэ къыщыхъуат. Іуэхур апхуэдизкІэ гугъу хъуати, Ибрэхьим и унагъуэр и гъусэу Мысырым зэман гуэркІэ Іэпхъуэну унафэ ищІащ. Ауэ Мысырым и фирхьэуным Сарэ игу ирихьати, щхьэгъусэ ищІыну хуейуэ и унэшхуэм ишэри щІигъэтІысхьат. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, Иеговэ фирхьэуным тезыр трилъхьэу, Сарэ къригъэутІыпщыжыху Ибрэхьим и гум щыщІар! (ЩІэдз. 12:10—19).

9. Ибрэхьим и унагъуэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр илъа?

9 Ибрэхьим и унагъуэ Іуэхури гугъут. Абы фІыуэ илъагъу и щхьэгъусэ Сарэ сабий иІэтэкъым. Сабий зэрамыІэр ягу къеуэу илъэс куэдкІэ ахэр псэуащ. ИкІэм-икІэжым Сарэ и унэІут Хьэджэр Ибрэхьим иритащ, абы сабий къахуилъхун щхьэкІэ. Ауэ Хьэджэр Исмэхьил къилъхуну лъэщыджэ щыхъуам, абы Сарэ нэмыплъ ириту щІидзат. Іуэхур гугъу хъуат икІи Сарэ Хьэджэр «дикъузэу щІидзати», Хьэджэр щІэпхъуэжащ (ЩІэдз. 16:1—6).

10. Ибрэхьим Иеговэ дзыхь зэрыхуищІым сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр гъэунэхуапІэ хуэхъуа?

10 Зэман дэкІри Сарэ лъэщыджэ хъуащ. Абы Ибрэхьим къуэ къыхуилъхуащ икІи Исхьэкъ фІащащ. Ибрэхьим и къуитІри фІыуэ илъагъут — Исмэхьили, Исхьэкъи. Ауэ къуэ нэхъыжьыр нэхъыщІэм Іейуэ хущытт, абы къыхэкІкІэ Ибрэхьим дихун хуей хъуащ Исмэхьилрэ Хьэджэррэ (ЩІэдз. 21:9—14). Илъэс куэд дэкІа иужь Иеговэ Ибрэхьим елъэІуащ Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьыну (ЩІэдз. 22:1, 2; Евр. 11:17—19). А ІуэхугъуитІым щыгъуи Ибрэхьим Иеговэ дзыхь хуищІын хуейт икІи шэч лъэпкъ къытрихьэн хуейтэкъым Исмэхьилрэ Исхьэкърэ теухуауэ къызэригъэгугъар абы зэригъэзэщІэжынум.

11. Ибрэхьим сытыт шыІэныгъэ хэлъу Иеговэ ежьэн щІыхуейр?

11 Илъэс куэдкІэ Ибрэхьим шыІэныгъэ хэлъу Иеговэ къызэригъэгугъар игъэзэщІэху ежьэн хуейт. Ибрэхьим и унагъуэр и гъусэу Ур къалэм къыщыдэкІам щыгъуэ илъэс 70-м щІигъуауэ къыщІэкІынт (ЩІэдз. 11:31—12:4). Ар илъэсищэм щІигъукІэ шэтырхэм щІэсу, зы щІыпІэм икІыу нэгъуэщІ щІыпІэм Іэпхъуэу, Ханаан щІыналъэм щыпсэуащ. Ибрэхьим илъэс 175 хъууэ дунейм ехыжащ (ЩІэдз. 25:7). Ибрэхьим илъэгъуакъым Иеговэ къызэригъэгугъа щІыналъэр и щІэблэм къызэрыІэрыхьэр. ИкІи ар апхуэдизу зыпэплъа «къалэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр, илъэгъуакъым. Дапхуэдэу мыхъуами, Библием зэритымкІэ, «гъащІэм гу щихуауэ лІащ ар» (ЩІэдз. 25:8). Ибрэхьим зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэхэм емылъытауэ, и фІэщхъуныгъэр быдэу къэнащ икІи ар Иеговэ ежьэну хьэзырт. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Ибрэхьим псэуху Иеговэ и хъумакІуэу икІи и ныбжьэгъуу щытащ (ЩІэдз. 15:1; Ис. 41:8; Екъуб 2:22, 23).

Пожилые супруги верно служат Иегове, несмотря на трудности. 1. Они присутствуют на встрече в Зале Царства. Муж с улыбкой смотрит на жену, которая дает ответ во время изучения «Сторожевой башни». 2. Сидя на диване, они рассматривают в одной из наших книг иллюстрацию с изображением рая. На заднем плане видна их фотография в молодости.

Алыхьым и лэжьакІуэхэм Ибрэхьимрэ Сарэрэ щапхъэ трахыу фІэщхъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуэфынур? (12-нэ абзацым феплъ.)f

12. Сыт дэ псори дызыпэплъэр? АдэкІэ сыт зэпкърытхынур?

12 Дэри Ибрэхьим хуэдэу «мыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэм дыпоплъэ. ДауикІ, ар къэунэхуным дэ дежьэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ 1914-нэ гъэм щыщІэдзауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм уафэм тепщэныгъэ щиІэщ (Апок. 12:7—10). Ауэ дэ дыпоплъэ ар щІылъэм тепщэу щыщытыну зэманым. ЗэкІэ дэри Ибрэхьимрэ Сарэрэ яІа гугъуехьхэм хуэдэ дыІуощІэ икІи абыхэм щапхъэ ятетхыфынущ. «ХъумакІуэ чэщанэм» къыщыхьа ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъащІэм теухуауэ жаІэж статьяхэм дыщеджэм деж, дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Ибрэхьимрэ Сарэрэ хуэдэу ди зэманми куэдым фІэщхъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ зэрагъэлъагъуэр. АдэкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ.

АБЫХЭМ ИБРЭХЬИМ ЩАПХЪЭ ТРАХТ

Билл Уолден.

Билл Уолден зыгуэр зыхуигъэныкъуэну хьэзырт икІи Иеговэ и нэфІ абы щыхуащ

13. Билл Уолден и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

13 Зыгуэр къэвгъэнэну хьэзыру фыщыт. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ди гъащІэм япэ увыпІэр щиІыгъыну дыхуейуэ щытмэ, дэри Ибрэхьим хуэдэу Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ зыгуэр къэдгъэнэну дыхьэзыру дыщытын хуейщ (Мт. 6:33; Мк. 10:28—30). Ди къуэш Билл Уо́лденb и щапхъэр зэпкърытхынщ. 1942-нэ гъэм абы университетыр къиухт икІи степень бакалавра къратын хуейт. А зэманым ирихьэлІэу ар Иеговэ и Щыхьэтхэм хуэзащ икІи абыхэм я гъусэу Библиер джын щІидзащ. Зэман дэкІа иужь университетым и егъэджакІуэр фирмэ гуэрым гурыІуат Билл еджапІэр къызэриухыу лэжьапІэ къащтэну, ауэ Билл идакъым. Абы егъэджакІуэм къыгуригъэІуащ и къарур карьерэм тримыгъэкІуадэу, Алыхьым хуэлэжьэным тригъэкІуэдэну зэрыхуейр. Абы иужь куэд дэмыкІыу Билл армэм ираджащ. Абы и еплъыкІэр пщІэ хэлъу яжриІэри, армэм кІуэн идакъым. Абы щхьэкІэ ди къуэшым доллар 10 000 штрафу тралъхьащ икІи илъэситхукІэ тутнакъым исыну унафэ ящІащ. Илъэсищ дэкІа иужь Билл къаутІыпщыжащ. ИужькІэ ар Галаад Школым щеджэри, миссионер лэжьыгъэр щигъэзэщІэну Африкэм ягъэкІуащ. Зэман дэкІа иужь Билл Евэ зи цІэ шыпхъу къишэри, абы и гъусэу адэкІи миссионер лэжьыгъэм пищащ икІи а лэжьыгъэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ абыхэм куэдым зыхуагъэныкъуэн хуейт. Илъэс зыбжанэ дэкІри абыхэм Америкэм ягъэзэжын хуей хъуащ, Билл и анэм кІэлъыплъыжын щхьэкІэ. Билл ирихьэкІа гъащІэм теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «ГуфІэгъуэ нэпсхэр къысфІыщІож Иеговэ щІыхьышхуэ къысхуищІам сыщегупсысым деж — илъэс 70-м щІигъукІэ абы и лэжьыгъэм сыкъыщигъэсэбэпащ. Сэ Алыхьым щІэх-щІэхыурэ фІыщІэ хузощІ абы и лэжьыгъэр си гъащІэм псом япэ изгъэщыну къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ». Фэри полновременнэ лэжьыгъэр фи гъащІэм псом япэ ивгъэщыфыну пІэрэ?

Элени и Аристотелис Апостолидис.

Апостолидис Эленирэ Аристотелисрэ Иеговэ къару къазэрыритыр зыхащІэт

14, 15. Апостолидис Аристотелисрэ Эленирэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

14 Гугъуехь фимыІэну фимыгугъэ. Ибрэхьим и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, Иеговэ хуэлэжьэныр я гъащІэм псом япэ изыгъэщахэми гугъуехьхэр яІэнущ (Екъуб 1:2; 1 Пет. 5:9). Ар зэрыпэжыр ди къуэш Аристоте́лис Апостоли́дисc и щапхъэм къегъэлъагъуэ. Абы 1946-нэ гъэм Грецием псым зыщыщІигъэуащ. 1952-нэ гъэм абырэ Эле́ни зи цІэ шыпхъумрэ зэрышэну псалъэ зэратащ. А шыпхъури хуейт и къарууэ хъуар Иеговэ и лэжьыгъэм тригъэкІуэдэну. Ауэ Элени сымаджэ хьэлъэ хъуат: и щхьэ куцІым опухоль иІэу дохутырхэм къагъуэтащ. Ар операцэ ящІри, опухолыр кърагъэжащ, ауэ зэрыша иужь илъэс зыбжанэ дэкІри узым къытригъэзэжащ. ЕтІуанэу операцэ ящІа иужь Элени и Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэ языныкъуэхэр къыдэмыбзыж хъуащ икІи тэмэму мыпсэлъэфу хъуащ. Ауэ зэрысымаджэм икІи Грецием и къэрал унафэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр къызэрырахуэкІым емылъытауэ, Элени жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным хэтт.

15 Аристотелис илъэс 30-кІэ и щхьэгъусэ сымаджэр зэрихьащ. А илъэсхэм абы зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр игъэзэщІащ, конгрессхэмрэ комитет зэмылІэужьыгъуэхэмрэ щылэжьащ икІи конгрессхэр щекІуэкІ Унэ ухуэным хэтащ. 1987-нэ гъэм Элени я унэм и гъунэгъуу хъыбарыфІыр щигъэІум гъущІыбжэшхуэр къридзылІэри ириудащ, ар гъуэгум тридзэри удын хьэлъэ игъуэтащ. ИлъэсищкІэ комэм ита иужь Элени лІащ. Аристотелис ирихьэкІа гъащІэм теухуауэ жеІэ: «Си гъащІэм къриубыдэу Іуэхугъуэ гугъу куэдым сыпэщІэхуащ икІи сызыхуэмыхьэзыр гъэунэхуапІэхэм сихуащ. Абы къыхэкІкІэ шыІэныгъэшхуэрэ теубыдагъэрэ згъэлъэгъуэн хуей хъуащ. А псоми сыпэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ сызыхуэныкъуэ къарум хуэдиз сыт щыгъуи къызитащ» (Пс. 94:18, 19). ГъэунэхуапІэхэм емылъытауэ, я гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ хуэлажьэхэр, абы фІыщэу елъагъу!

Одри Хайд.

Одри Хайд къэкІуэну зэманым тыгъэ къыпэщылъым зэрегупсысыр къыдэІэпыкъут гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэдыну

16. Нейтан Норр сыт хуэдэ чэнджэщ и щхьэгъусэм ирита?

16 Тыгъэ къыфІэрыхьэнур фи гум ивгъэлъ. Ибрэхьим Иеговэ къызэригъэгугъа тыгъэр зэи щыгъупщакъым икІи ар и гум зэрилъыр къыдэІэпыкъуащ гугъуехь зыпэщІэхуэхэм пэлъэщыну. Ди шыпхъу О́дри Хайд гугъуехь куэд иІами, гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым. Абы и япэ щхьэгъусэр, Не́йтан Норр, рак узым илІыкІащ, етІуанэ щхьэгъусэм, Гленн Хайд, Альцгеймерd узыр иІэт. Одри жеІэж Норр лІэну тхьэмахуэ зыбжанэ иІэжу къыжриІа псалъэхэр къызэрыдэІэпыкъуар. Ар къыддэгуэшащ: «Нейтан сигу къигъэкІыжащ: „ЛІэныгъэмкІэ псори иухкъым. Дэ гугъэ быдэ диІэщ икІи афІэкІа зэи гугъу дехьынукъым“. ИтІанэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ сигъэгушхуащ: „ИпэкІэ плъэ — уи тыгъэр здэщыІэмкІэ“ [...] Абы иджыри жиІащ: „НэгъуэщІхэм сыт щыгъуи уазэрыдэІэпыкъуным хущІэкъу. Ар къыбдэІэпыкъунущ гъащІэм гуфІэгъуэ хэпхыу упсэуну“». Ар сыту чэнджэщыфІ: нэгъуэщІхэм фІы гуэр яхуэпщІэну икІи гугъэ уиІэм ущыгуфІыкІыу упсэуну! (Рим 12:12).

17. 1) КъэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ быдэ диІэу дыпсэун щІыхуейр сыт? 2) Иеговэ къыдитыну тыгъэр къытІэрыхьэну Михей 7:7 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъунур?

17 Ноби мыхьэнэшхуэ иІэщ дэри тыгъэ къытІэрыхьэнур зыщыдмыгъэгъупщэным. Мы дунейм къыщыхъум уегупсысмэ, иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур къыбгуроІуэ. Куэд мыщІэу «мыкІуэдыжын лъабжьэхэр зиІэ» къалэр щІылъэ псом и тепщэу щыщытыну зэманым дыпэплъэн хуеинукъым. Дэ гуфІэгъуэ куэд диІэнущ. Псалъэм папщІэ, лІэныгъэм тІэщІиха фІыуэ тлъагъу цІыхухэр тлъэгъужынущ. А зэманым фІэщхъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ Ибрэхьими и тыгъэр къылъысынущ. Иеговэ Ибрэхьимрэ и Іыхьлыхэмрэ гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну Іэмал яритынущ. Абыхэм дазэрыхуэзэжынур гуфІэгъуэшхуэщ, пэжкъэ? Фэ а зэманыр флъэгъунущ Ибрэхьим хуэдэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щхьэкІэ зыгуэр къэвгъэнэну хьэзыру фыщытмэ, гугъуехь фыщиІэм деж фІэщхъуныгъэ фиІэр фхъумэмэ икІи шыІэныгъэ фхэлъу Иеговэ фежьэмэ. (Къеджэ Михей 7:7e.)

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ибрэхьим сыт хуэдэ «къалэт» зыпэплъэр?

  • Ибрэхьим сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?

  • Ибрэхьим дауэ щапхъэ зэрытетх хъунур?

74-НЭ УЭРЭДЫР Пащтыхьыгъуэм и уэрэдым фыдежьу!

a Иеговэ дыкъызэригъэгугъахэм дызэрежьэр ди фІэщхъуныгъэмрэ шыІэныгъэмрэ гъэунэхуапІэ хуэхъуфынущ. Ибрэхьим и щапхъэр дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъунур адэкІи шыІэныгъэ тхэлъу Иеговэ дыкъызэригъэгугъахэм дежьэну? Абы нэмыщІ ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

b 2013-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 8—10-нэ напэкІуэцІхэм Билл Уолден и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэфынущ.

c 2002-нэ гъэм, мазаем и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 24—28-нэ напэкІуэцІхэм ди къуэш Апостолидис и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэфынущ.

d 2004-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 23—29-нэ напэкІуэцІхэм ди шыпхъу Хайд и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэфынущ.

e Михей 7:7: «Сэ Иеговэ сыпэплъэнущ, сыкъезыгъэлыну Алыхьым шыІэныгъэ схэлъу сежьэнущ. Си Алыхьым сызэхихынущ».

f СУРЭТЫР. Гугъуехь зэраІэм емылъытауэ, зи ныбжь хэкІуэта зэщхьэгъусэхэр Иеговэ хуэпэжу адэкІи хуолажьэ. Тыгъэ къаІэрыхьэнум зэрегупсысыр абыхэм къадоІэпыкъу я фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын