ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Июль н. 26—30
  • Сэ сщІэн хуейращ сщІар

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сэ сщІэн хуейращ сщІар
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПЭЖЫР КЪЫЗОЩІЭ
  • СТЭНЛИ ТЕАТРЫР ДОЩІЫЖ
  • СЫМАДЖЭХЭМ ЛЪЫ ХАМЫГЪЭЛЪАДЭУ ЯГЪЭХЪУЖЫНУ ДАДОІЭПЫКЪУ
  • УНАГЪУЭ ЗЫЗОГЪЭГЪУЭТ
  • СИ ІУЭХУМ ЗЕХЪУЭЖ
  • «Мыр Иеговэ и зауэщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Июль н. 26—30

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сэ сщІэн хуейращ сщІар

ЖЫЗЫІЭЖАР ДОН РИДЛИЩ

Дон Ридли.

ИЛЪЭС щэщІым щІигъукІэ ди къуэш Дональд Ри́дли Иеговэ и Щыхьэтхэм я адвокату лэжьащ. Лъы зыхэт хущхъуэхэр зыхэзыгъэлъэдэну хуэмейхэм я хуитыныгъэр хъума хъун щхьэкІэ абы лэжьыгъэшхуэ иригъэкІуэкІащ. Ар къызэрыддэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ США-м и суд Нэхъыщхьэ зыбжанэхэм дэ текІуэныгъэхэр къыщытхьащ. Абы и ныбжьэгъухэр къызэреджэр Донт. Ар лэжьакІуэшхуэу, псэемыблэжу икІи зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэж цІыхуу щытащ.

2019-нэ гъэм Дон яхуэмыгъэхъуж узыфэ хьэлъэ иІэу къагъуэтащ. Узыр псынщІэу хэтІасэри, 2019-нэ гъэм, шыщхьэІум и 16-нэ махуэм ар дунейм ехыжащ. Абы и гъащІэм теухуа адэкІэ деплъынщ.

Сэ 1954-нэ гъэм Сент-Пол жыхуаІэ къалэм (штат Миннесота, США) католик унагъуэм сыкъыщалъхуащ. Сэ сабиитхум щыщу сыетІуанэт икІи ди унагъуэр къулейхэми къулейсызхэми щыщтэкъым. Сэ католикхэм я пэщІэдзэ школым сыкІуэт икІи священникым ирихьэкІ лэжьыгъэмкІэ сыдэІэпыкъут. Ауэ Библием сэ хэсщІыкІыр мащІэт. Псори къэзыгъэщІа Алыхьыр зэрыщыІэр си фІэщ хъуми, члисэм сэ гузэрыдзэ хуэсщІат.

ПЭЖЫР КЪЫЗОЩІЭ

Уи́льям Ми́тчелл и цІэкІэ щыІэ Юридическэ колледжым япэ курсым сыщеджэм си деж Иеговэ и Щыхьэтхэр къэкІуат. Сэ сыжьыщІэти, иужькІэ къытрагъэзэжыну абыхэм жаІащ. Абыхэм я къэкІуэгъуэм сэ упщІитІ къэзгъэхьэзыращ: «Мы дунейм цІыху Іейхэм я Іуэхур щхьэ кІуатэрэ? Сыт цІыхур нэгъэсауэ насыпыфІэ зыщІыр?». Абыхэм сэ къызатащ «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэ тхылъымрэ жинт удзыфэ зытелъ ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиемрэ. Сэ Библиер сджыуэ щІэздзэри, абы си нэр къигъэплъэжащ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дуней псом и тепщэу зэрыщытынур икІи ар цІыхухэр егъэлеяуэ зыхуэныкъуэ правительствэу зэрыщытыр къыщысщІам щыгъуэ, а гупсысэм икъукІэ си гур хигъэхъуащ. Си дежкІэ наІуэт цІыхухэм я тепщэныгъэр зэрымыхьэнэншэр: абыхэм я ягъэкІэ дунейр узкІэ, гугъуехькІэ, хабзэншагъэкІэ икІи насыпыншагъэкІэ гъэнщІащ.

1982-нэ гъэм сэ си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм ислъхьащ икІи а гъэ дыдэм Сент-Пол къалэм щекІуэкІа «Истина Царства» жыхуиІэ конгрессым псым зыщыщІэзгъэуащ. КъыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэм а къалэ дыдэм сэ экзамен щыстащ. Жэпуэгъуэ мазэм и пэм хъыбар сагъэщІащ экзаменыр фІыуэ зэрыстар икІи адвокату сылажьэ зэрыхъунур.

А конгрессым сэ зэзгъэцІыхуащ Бруклин щыІэ Вефилым щылажьэ Ма́йк Ри́чардсон. Абы къызжиІащ дунейпсо ІуэхузехьэпІэм юридическэ отдел зэрызэрагъэпэщар. Апостолхэм 8:36 ит Ефиопием щыщ лІым и псалъэхэр сигу къэзгъэкІыжри, сызэупщІыжащ: «Сыт сэ зэран къысхуэхъур юридическэ отделым сыщылэжьэну?» Абы щыгъуэ сэ Вефилым сыщылэжьэну заявленэ стхащ.

Иеговэ и Щыхьэт сызэрыхъуам си адэ-анэр щыгуфІыкІакъым. Си адэр къызэупщІащ Вефилым сызэрыщылэжьэнур си ІэщІагъэм зэран хуэхъунрэ хуэмыхъунрэ. Сэ абы къыгурызгъэІуащ арэзыуэ абы сызэрыщылэжьэнур икІи мазэм доллар 75 къызэрызатынур — арат абы щыгъуэ Вефилым щылажьэхэм мазэм кърат пособиер зэрыхъур.

1984-нэ гъэм сызыгъэлажьэм и пащхьэ щызиІэ къалэнхэр гъэзэщІэн сыухри, Бруклин (Нью-Йорк) щыІэ Вефилым лэжьэн щІэздзащ. Сэ юридическэ отделым сагъэкІуащ. Адвокату сызэрылэжьам и фІыгъэкІэ Вефилым къыспэщылъ лэжьыгъэм сыхуэхьэзырт.

СТЭНЛИ ТЕАТРЫР ДОЩІЫЖ

Театр Стэнли в 1983 году.

Стэнли театрыр къыщытщэхуам щыгъуэ

1983-нэ гъэм, щэкІуэгъуэ мазэм ди организацэм Джерси-Сити (штат Нью-Джерси) дэт Стэнли театрыр къищэхужащ. Электропроводкэмрэ водопроводымрэ ящІыжын щхьэкІэ, къуэшхэм заявкэ ятхри, къулыкъущІэхэм яхуэзащ, а театрыр Иеговэ и Щыхьэтхэм конгресс щрагъэкІуэкІ Унэ ящІыжыну зэрыхуейр жраІэну. Абдежым зы гугъуехь къыкъуэкІащ. А къалэм къыдигъэкІа унафэмкІэ диным епха унэхэр здэщыІэн хуейр цІыхухэр щыпсэу щІыпІэрат. Стэнли театрыр къалэм и кум деловой кварталкІэ зэджэ щІыпІэм щыІэт. Абы къыхэкІкІэ театрым делэжьыну хуит дыкъащІакъым. Къуэшхэр а унафэм арэзы темыхъуэу иджыри зэ я лъэІур ятхащ, ауэ абы щыгъуэми хуитыныгъэ абыхэм къратакъым.

Вефилым сыщылажьэ япэ тхьэмахуэ дыдэм ди организацэм «Федеральный окружной суд» жыхуаІэм иск щІилъхьащ, къалэм и къулыкъущІэхэм ящІа унафэр иригъэкъутэжыну. Сент-Пол къалэм дэт «Федеральный окружной суд» жыхуаІэм илъэситІкІэ сыщылэжьати апхуэдэ Іуэхухэм хъарзынэу хэсщІыкІт. Ди адвокатхэм ящыщ зым судым хуитыныгъэ къыщІыдитын хуейм и щхьэусыгъуэ къихьащ: япэм Стэнли театрым зэІущІэ зэмылІэужыгъуэхэр щрагъэкІуэкІт — кино, рок-концерт, нэгъуэщІхэри. Апхуэдэу щыщыткІэ диным епха зэІущІэхэр абы щебгъэкІуэкІ щІэмыхъунур сыт? Судыр ди Іуэхум хэплъэри къалэм и унафэщІхэм къалэн яхуищІащ хуитыныгъэ къыдатыну. Иеговэ и Іуэхур игъэкІуэтэн щхьэкІэ, юридическэ текІуэныгъэ къызэрыдитыр абы щыгъуэ сэ япэу слъэгъуащ. Сэри а лэжьыгъэм сэбэп сызэрыщыхъуар икъукІэ си гуапэт.

Къуэшхэр театрым елэжьын зэрыщІадзэрэ илъэси дэмыкІауэ, 1985-нэ гъэм, фокІадэм и 8-м Галаад Школым и 79-нэ классым и выпускыр абы щекІуэкІащ. Адрей ди юристхэм я гъусэу Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур кІуэтэн щхьэкІэ сэбэп сызэрыхъуам сэ хуабжьу сригуфІэт. Вефилым сыкъэкІуэн ипэ юристу сыщылэжьам щыгъуэ сиІа ехъулІэныгъэхэм апхуэдиз гузэгъэгъуэ сэ зэи къысхуахьакъым. Си щхьэм къэкІыххэтэкъым апхуэдэ къалэн дапщэ Иеговэ иджыри схуигъэхьэзырами.

СЫМАДЖЭХЭМ ЛЪЫ ХАМЫГЪЭЛЪАДЭУ ЯГЪЭХЪУЖЫНУ ДАДОІЭПЫКЪУ

1980-нэ гъэхэм дохутыр куэдым ядэтэкъым Иеговэ и Щыхьэтхэм лъы хамыгъэлъадэу ягъэхъужыну. Псом хуэмыдэу гугъу ехьхэр лъэщыджэ хъуа ди шыпхъухэрат. Судым зэрилъытэмкІэ, абыхэм лъы зыхамыгъэлъэдэну хуитыныгъэ яІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхубзым лъы хамыгъэлъадэмэ, сабийр анэншэу къэнэну шынагъэ щыІэт.

1988-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 29-нэ махуэм ди шыпхъу Дени́з Николо́ зэфІэкІа иужь лъы куэд фІэкІуэду щІидзащ. Абы и гемоглобиныр хуабжьу ехуэхат — зы литрым грамм 50-м нэхърэ нэхъ мащІэ хуэзэу. Дохутырыр хуейт абы лъы хигъэлъэдэну, ауэ шыпхъум ар хуит ищІакъым. Пщэдджыжьым сымаджэщым судым зыхуигъэзащ ди шыпхъум лъы хагъэлъэдэну хуит къащІыну хуейуэ. Судыр зэрекІуэкІын хуейм хуэдэу иримыгъэкІуэкІыу икІи ди шыпхъури абы и щхьэгъусэри къекІуэкІ Іуэхум щыгъуазэ имыщІу хеящІэм сымаджэщым хуитыныгъэ иритащ.

Дыгъэгъазэм и 30-м, мэрем махуэм дохутырхэм ди шыпхъу Николо лъы хагъэлъэдащ, палатэм щІэса и щхьэгъусэмрэ адрей и Іыхьлыхэмрэ жаІэм емылъытауэ. А махуэ дыдэм Николо и унагъуэм щыщ цІыху зыбжанэрэ зэхуэсым и нэхъыжь зы-тІурэ ягъэтІысащ. Ахэр ягъэкъуэншащ дохутырхэр ди шыпхъум и гъуэлъыпІэм бгъэдыхьэну икІи абы лъы хагъэлъэдэну зэран хъуа хуэдэу жаІэри. Дыгъэгъазэм и 31-м, щэбэт махуэм Нью-Йоркымрэ Лонг-Айлендымрэ я СМИ-м а хъыбарыр ягъэІуащ.

Дон Ридли и Филип Брамли.

Филип Брамли и гъусэу

Блыщхьэ пщэдджыжьым судым и председателу лажьэ Ми́лтон Мо́ллен сэ сыхуэзащ. Іуэхур зыІутыр абы къыгурызгъаІуэри, псом хуэмыдэу къыхэзгъэщащ судыр зэрекІуэкІын хуейм хуэдэу иримыгъэкІуэкІыу хеящІэм ди шыпхъум лъы хагъэлъэдэну хуит зэрищІар. Моллен къызэлъэІуащ нэхъ гувауэ абы и деж сыщІыхьэну, а Іуэхур зэпкърытхын икІи абы епха законхэм дыхэплъэн щхьэкІэ. Пщыхьэщхьэм си отделым и нэхъыжь Фи́лип Бра́мли и гъусэу сэ абы и деж тезгъэзащ. ХеящІэми сымаджэщым и юрисконсультыр къригъэблэгъащ. ГуащІэу дызэпсэлъащ дэ а пщыхьэщхьэм. Дыпсалъэу дыздэщысым Брамли и блокнотым щитхри сигъэлъэгъуащ мы псалъэхэр: «ТепыІэ тІэкІу». Иджыпсту сэ къызгуроІуэ абы а псалъэхэр игъуэу зэрызигъэлъэгъуар, сыту жыпІэмэ юрисконсультым жиІэм сэ хуабжьу сыпэрыуэу щІэздзат.

Ричард Моук, Грегори Олдз, Пол Полидоро, Филип Брамли, Дон Ридли и Марио Морено у здания Верховного суда США.

СэмэгурабгъумкІэ щыщІэдзауэ ижьырабгъумкІэ кІуэуэ: адвокату лажьэ Ричард Моук, Грегори Олдз, Пол Полидоро, Филип Брамли, сэ, Марио Морено США-м и суд Нэхъыщхьэм «Общество Сторожевой башни против поселка Страттон» жыхуиІэ Іуэхум щыгъуэ. (2003-нэ гъэм, щІышылэм и 8-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым къыщыхьа статьяхэм феплъ: «Как все началось», «Верховный суд принимает дело на рассмотрение», «Первый шаг. Прения в Верховном суде», «Верховный суд защищает свободу слова».)

Сыхьэт хуэдиз дэкІауэ хеящІэ Моллен къыджиІащ пщэдджыжь ди Іуэхур япэу зэрызэпкърахынур. ДыщыщІэкІыжым абы жиІащ: «Сымаджэщым и юристыр пщэдей хуабжьу къэпщІэнтІэну къысщохъу». Абы къигъэлъагъуэт дохутырхэр захуэ хуэдэу судым и фІэщ ищІыну юрисконсультым и дежкІэ гугъуу зэрыщытынур. Абы щыгъуэ къызгурыІуащ Иеговэ зэрызигъэлъагъур дэ текІуэныгъэ къызэрытхьыфынур. Сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ дэ дыкъызэригъэсэбэпар.

Жэщыбг хъуху дэ судым зыхуэдгъэхьэзыращ. Судыр щекІуэкІ унэр Вефилым пэжыжьэтэкъыми, ди отдел цІыкІур къанэ щымыІэу псори нэкІуащ. ХеящІиплІ къыдэдэІуащ икІи абыхэм унафэ ящІамкІэ ди шыпхъу Николо и лъэныкъуэр яубыдащ. Абы нэмыщІ судым жиІащ сымаджэм хъыбар иумыгъащІэу икІи судыр зэрекІуэкІын хуейм хуэдэу иумыгъэкІуэкІыу цІыхум лъы хагъэлъэдэну хуит пщІыныр Конституцием зэримыдэр.

Нью-Йорк штатым и суд Нэхъыщхьэ дыдэри ди шыпхъу Николо къыдэщІащ икІи лъы хамыгъэлъадэу ягъэхъужыну абы хуитыныгъэ зэриІэр жиІащ. Лъы хэгъэлъэдэным пыщІауэ сэ сызыхэта ІуэхугъуиплІым щыщу мыр зыт. Ахэр штат зэмылІэужьыгъуэхэм я суд нэхъыщхьэхэм щызэпкърахащ. («Штатхэм я суд нэхъыщхьэхэм къыщытхьа текІуэныгъэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Абы нэмыщІ сэ Вефилым щылажьэ адвокатхэм садэІэпыкъуащ сабийр къызыхуэнэным, нэчыхь егъэкъутэжыным, мылъкум икІи щІым епха Іуэхухэр щызэхагъэкІкІэ.

Штатхэм я суд нэхъыщхьэхэм къыщытхьа текІуэныгъэхэр

Эрнести́н Гре́гори и Іуэхур (1989-нэ гъэ). Иллино́йс штатым и суд Нэхъыщхьэм жиІащ ищІэр къызыгурыІуэж сабийми хуитыныгъэ зэриІэр зэрызигъэхъужыну Іэмалыр къыхихыну икІи лъы зыхримыгъэгъэлъэдэну.

Фонд здравоохранения округа Дейд против Уонс жыхуиІэ Іуэхур (1989-нэ гъэ). Флори́да штатым и суд Нэхъыщхьэм жиІащ ищІэмкІэ жэуап ихьыжыну зи ныбжь нэса цІыхур зэрыхуитыр лъы зыхимыгъэлъэдэну.

Фо́змайр против Николо́ жыхуиІэ Іуэхур (1990-нэ гъэ). Нью-Йорк штатым и Апелляционнэ судым (ар штатым и суд нэхъыщхьэ дыдэщ) жиІащ жэуап ихьыжыну зи ныбжь нэса цІыхур зэрыхуитыр зэрызигъэхъужыну Іэмалыр езым къыхихыну икІи лъы зыхимыгъэлъэдэну.

Больница Ста́мфорда против Ве́га жыхуиІэ Іуэхур (1996-нэ гъэ). Конне́ктикут штатым и суд Нэхъыщхьэм жиІащ Иеговэ и Щыхьэту щыт анэм лъы зыхимыгъэлъэдэну иІэ хуитыныгъэмрэ сымаджэм и Іэпкълъэпкъым унафэ хуищІыжыну иІэ хуитыныгъэмрэ зэрызэпхар.

УНАГЪУЭ ЗЫЗОГЪЭГЪУЭТ

Дон Ридли со своей женой Дон.

Си щхьэгъусэ Донрэ сэрэ

Зэгуэр сэ ди зы шыпхъу зэзгъэцІыхуат. Абы и цІэр Донт. Донрэ абы и щхьэгъусэмрэ я нэчыхьыр ирагъэкъутэжат икІи абы и закъуэу сабиищ ипІт. Абы и унагъуэр и закъуэу зыхуей зэрыхуигъазэм нэмыщІ, пионеру лажьэт. Дон и гъащІэр тынштэкъым, ауэ ар Иеговэ гурэ псэкІэ хуэпэжт икІи абы сэ сыдихьэхащ. 1992-нэ гъэм, Нью-Йорк щекІуэкІа «Носители света» жыхуиІэ конгрессым Донрэ сэрэ дызэпсэлъэну дызэгурыІуащ, нэхъыфІу дызэрыцІыхун щхьэкІэ. Илъэс дэкІри дэ дызэрышащ. Иеговэ хуэпэж икІи нэжэгужэу щыт цІыхубз сэ тыгъэу къыслъысащ. Дызэрызэдэпсэу лъандэрэ Дон махуэ къэс фІы куэд къысхуещІэ (Прит. 31:12).

Дэ дыщызэрышам щыгъуэ сабийхэм я ныбжьыр илъэс 11, 13, 16 хъут. Абыхэм адэфІ сахуэхъуну сыхуейти, ди тхыгъэхэм адэнэпІэсым теухуауэ ит псоми сызэреджэным икІи ар къызэрызгъэсэбэпыным иужь ситт. Гугъуехь гуэрхэр диІами, зэман дэкІри сабийхэм ныбжьэгъу пэж икІи лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ сахуэхъуфащ. Абыхэм ящІэт я ныбжьэгъухэм щхьэкІэ ди бжэр сыт щыгъуи Іухауэ зэрыщытыр, икІи щІалэгъуалэ нэжэгужэм дыхэсыну дэри ди гуапэт.

Зи ныбжь хэкІуэта ди адэ-анэр зетхьэжын щхьэкІэ, 2013-нэ гъэм Донрэ сэрэ Висконсин штатым дыІэпхъуэжащ. ГъэщІэгъуэныращи, а зэманым къызжаІащ Вефилым сыдэлэжьэну Іэмал сызэриІэр. Сэ зэман-зэманкІэрэ си ІэщІагъэмкІэ ди организацэм сыдэІэпыкъуу щІэздзащ.

СИ ІУЭХУМ ЗЕХЪУЭЖ

2018-нэ гъэм, фокІадэ мазэм сэ гу лъыстащ щІэх-щІэхыурэ сызэрыпсчэм. СыздэкІуа дохутырым си лажьэр къыхуэщІакъым. ИужькІэ нэгъуэщІ дохутырым чэнджэщ къызитащ невропатологым деж сыкІуэну. 2019-нэ гъэм, щІышылэ мазэм невропатологым хуэгъэфэщауэ диагноз схуигъэуващ: прогрессирующий надъядерный паралич жыхуаІэр. Ар цІыху куэдым япкърымытми, егъэлеяуэ узыфэ хьэлъэщ.

Махуищ дэкІауэ конькикІэ къэзжыхьу сыджалэри си Іэдакъэ ижьыр скъутэжащ. Абы щыгъуэ къызгурыІуащ си Іэпкълъэпкъыр къызэрызэмыдэІуэжыр. Сэ си гугъакъым узым апхуэдэу псынщІэу сызэщІищтэну: кІуэ пэтми нэхъ къызэхьэлъэкІ хъут сыпсэлъэну, сызекІуэну икІи си къурмакъейм зыгуэр езгъэхыну.

Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур кІуэта хъунымкІэ си ІэщІагъэр сэбэп зэрыхъуам насыпыфІэ сещІ. Сэ профессиональнэ журналхэм щхьэкІэ статьяхэр стхыуэ щытащ икІи къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм медицинэм пыщІа семинархэм сыкъыщыпсэлъащ, Иеговэ и Щыхьэтхэм лъы зыхамыгъэлъадэу загъэхъужыну яІэ хуитыныгъэр схъумэу. А псом емылъытауэ, Лука 17:10 итыр зыщызмыгъэгъупщэу жызоІэ: «Сэ зыми сримыщІыс унэІутщ. Сэ сщІэн хуейращ сщІар».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын