ДИ ТХЫГЪЭХЭМ ЕДЖЭХЭМ Я УПЩІЭХЭР
Дапщэщ Хьисэ Дин пашэшхуэ щыхъуар икІи зэгурыІуэныгъэщІэм къару щигъуэтамрэ лэжьэн щыщІидзамрэ зы зэман?
Хьисэ Дин пашэшхуэ щыхъуар ди эрэм, 29-нэ гъэм псым зыщыщІигъэуам щыгъуэщ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамкІэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и мурадыр къэзыгъэлъагъуэ къурмэнщІыпІэм и гъащІэр къыщихьыну зэрыхьэзырыр (Гал. 1:4; Евр. 10:5—10). А «къурмэнщІыпІэр» Хьисэ псым зэрызыщІигъауэ лъандэрэ щыІэщ. КъурмэнщІыпІэр Алыхьым и унэшхуэм хэту щыщытакІэ, а зэман дыдэм уафэм Алыхьым и унэшхуэр къыщыунэхуауэ къыщІэкІынущ. А унэшхуэм къигъэлъагъуэр щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну диІэ Іэмалыращ (Мт. 3:16, 17; Евр. 5:4—6).
Уафэм щыІэ Алыхьым и унэшхуэм дин пашэшхуэ щылэжьэн хуейт. А къалэныр Иеговэ Хьисэ и пщэм дилъхьащ, «и Псэ ЛъапІэмрэ [къару лъапІэмрэ, ДЩІ] къаруушхуэмрэ» абы щритам щыгъуэ (Апост. 10:37, 38; Мк. 1:9—11). Ауэ дэнэ дэ щытщІэр Хьисэ яукІын икІи лІахэм къахэтэджыкІыжын ипэ Дин пашэшхуэ зэрыхъуар? Мы упщІэм и жэуапыр къэтщІэн щхьэкІэ, Хьэрунрэ адрей дин пашэшхуэхэмрэ Мусэ и хабзэм тету зэрылэжьа щІыкІэр дигу къэдгъэкІыжынщ.
Мусэ и хабзэмкІэ шэтыр лъапІэм (иужькІэ Алыхьым и унэшхуэм) и пэш нэхъ лъапІэм щІыхьэну хуитыр дин пашэшхуэ закъуэрат. Абы и щІыхьэпІэм Іупхъуэ фІэлът. Дин пашэшхуэр абы щыщІыхьэр гуэныхьхэр щапшыныж Махуэ закъуэрат (Евр. 9:1—3, 6, 7). Хьэрунрэ абы иужькІэ абы и къалэныр зыгъэзэщІахэмрэ дин пашэшхуэ мыхъуауэ хуиттэкъым а пэш нэхъ лъапІэм щІыхьэну. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ яукІын икІи «гъащІэ къыдэзыт гъуэгущІэу Іупхъуэм» хуэдэу щыт и пкъым «блэкІыу» уафэм дэкІуэижын ипэ Дин пашэшхуэ зэрыхъуар (Евр. 10:20). Аращ Паул щІитхар «Мэссихь дин пашэшхуэу» къэкІуауэ икІи иужькІэ «мы дунейм тет шэтырым нэхърэ нэхъ шэтырышхуэу икІи нэхъ нэгъэсауэ щытым», е нэгъуэщІу жыпІэмэ «уафэу Тхьэр здэщыІэ щІыпІэ дыдэм», щІыхьауэ (Евр. 9:11, 24).
ЗэгурыІуэныгъэщІэм къару щигъуэтамрэ лэжьэн щыщІидзамрэ зы зэманщ. Сыт апхуэдэу щІыжытІэр? Хьисэ уафэм дэкІуеижу и гъащІэ дагъуэншэм и уасэр Алыхьым щритам щыгъуэ зэгурыІуэныгъэщІэм къару игъуэту щІидзащ. Къару щигъуэта дыдэм ар лажьэу щІидзащ. Сытыт зэгурыІуэныгъэщІэм хыхьэр?
Япэрауэ, Хьисэ Иеговэ и пащхьэ иуващ; етІуанэрауэ, къурмэныпхъэу къихьа и гъащІэм и уасэр Иеговэ иритащ; ещанэрауэ, Иеговэ а къурмэныпхъэр къищтащ. А псор къэмыхъуауэ зэгурыІуэныгъэщІэм лэжьэн щІидзэнутэкъым.
Библием щыжыІакъым Хьисэ и къурмэныпхъэр Иеговэ къыщищтар дапщэщми. Абы къыхэкІкІэ зэгурыІуэныгъэщІэм къару игъуэту лэжьэн щыщІидза зэманыр тхужыІэнукъым. Ауэ дэ дощІэ ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэр къэсыным махуипщІ иІэжу Хьисэ уафэм зэрыдэкІуеижар (Апост. 1:3). Абы къегъэлъагъуэ а зэман кІэщІым къриубыдэу Хьисэ и гъащІэм и уасэр Иеговэ зэрыритар икІи Иеговэ а къурмэныпхъэр къызэрищтар (Евр. 9:12). Пэнтэкост махуэшхуэм къэхъуар наІуэу щыхьэт тохъуэ зэгурыІуэныгъэщІэм къару игъуэту лэжьэн зэрыщІидзам икІи абы шэч лъэпкъ хэлъыжтэкъым (Апост. 2:1—4, 32, 33).
КІэщІу къэтпщытэжынщ. ЗэгурыІуэныгъэщІэм къару игъуэту лэжьэн щыщІидзар Иеговэ Хьисэ и къурмэныпхъэр къищта иужьщ. А зэгурыІуэныгъэщІэр зэзыщІылІахэм я зэхуаку дэтыр Дин пашэшхуэ Хьисэщ (Евр. 7:25; 8:1—3, 6; 9:13—15).