ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Март н. 30
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • Дунейпсо псыдзэшхуэм щыщІэдзауэ Мысырым къыщикІыжам нэсыху
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Унагъуэр Мысырым мэІэпхъуэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Мысырым пщы бзаджэ теуващ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Март н. 30
Мадиан лъэпкъым щыщ сатуущІэхэм Исуф Мысырым яшэ.

ПщІэуэ пІэрэ?

Израил лъэпкъыр Мысырым гъэру щыІауэ Библием итщ. ЩІэныгъэлІхэм къахута сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр абы щыхьэт техъуэрэ?

Библием зэрыжиІэмкІэ, мадиан цІыхухэм Исуф Мысырым яша иужь, и адэ Екъуб Ханаан щІыналъэм къикІри и унагъуэр и гъусэу абы Іэпхъуащ. Ахэр Гощэн (Гесем) щІыналъэм итІысхьащ, Нил псым и дельтэм деж (Нил псыр зэхэкІыу, Средиземнэ Хым щыхэлъадэ щІыпІэшхуэм Нилым и дельтэкІэ йоджэ) (ЩІэдз. 47:1, 6). Израил цІыхухэм я бжыгъэр псынщІэу хэхъуэт икІи «ахэр кІуэтэхукІэ нэхъ къарууфІэ хъут». Апхуэдэу зэрыхъум мысыр цІыхухэр игъэгузавэти, израил цІыхухэр ягъэпщылІу щІадзащ (Исх. 1:7—14).

Языныкъуэ цІыхухэм абы теухуауэ Библием итыр я фІэщ хъукъым икІи ар шыпсэу жаІэ. Ауэ пасэрей зэманым щыгъуэ Мысырым пщылІу щыІа цІыхухэм семитхэрa хэту зэрыщытам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр щыІэщ.

Псалъэм папщІэ, археологхэм къагъуэтащ Мысырым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ цІыхухэр щыпсэуа щІыпІэхэр. Библием елэжь Джон Би́мсон зэрыжиІэмкІэ, семитхэр щыпсэуауэ нэхъ мащІэ дыдэу щІыпІэ 20 къагъуэтащ. Мысырым и тхыдэм елэжь Джеймс Хоффма́йер жеІэ: «Ди эрэм ипэ, 1800 гъэм щыщІэдзауэ, 1540-нэ гъэм нэсыху КъухьэпІэ Азием къикІыурэ (Екъуб и унагъуэр къыздикІам) семит лъэпкъхэр Мысырым щІэх-щІэхыурэ Іэпхъуэт... А зэманыр Ибрэхьим, Исхьэкъ икІи Екъуб сымэ щыпсэуа зэманыращ, абы къыхэкІкІэ а зэманыр тохуэ ЩІэдзапІэ тхылъыр зытепсэлъыхь зэманымрэ зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэмрэ».

Библием итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ нэгъуэщІ Іуэхугъуи щыІэщ — Мысырым ипщэ лъэныкъуэмкІэ папирус къыщагъуэтащ. Ар «период Среднего царства» жыхуаІэ зэманым ятхауэ ябж (хуэгъэфэщауэ ди эрэм ипэ 2000 гъэм щыщІэдзауэ 1600 гъэм нэс). Мысырым ипщэ лъэныкъуэмкІэ щыІа зы цІыху гуэрым и щІапІэм щылажьэу щыта пщылІхэм я цІэхэр абы итщ. А цІэхэм ящыщу 40-р семит цІэщ. А пщылІхэр пщафІэт, щэкІ ящІт икІи нэгъуэщІ лэжьыгъэ хьэлъэхэр ягъэзащІэт. Джеймс Хоффмайер мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «Фиваи́дэ [Мысырым ипщэ лъэныкъуэмкІэ] щыІа зы щІапІэ закъуэм семиту 40-м щІигъу щылэжьакІэ, къэрал псом апхуэдэ пщылІхэр куэду щыІэу къыщІэкІынт, псом хуэмыдэу Нилым и дельтэмкІэ».

Археолог Дэвид Рол итхащ: «Языныкъуэ пщылІхэм я цІэхэр Библием къихам хуэдэщ». Псалъэм папщІэ, Библием ит Иссашхар, Ащэр икІи Шифрэ цІэхэм ещхь цІэхэм папирусым ущрохьэлІэ (Исх. 1:3, 4, 15). «Ар щыхьэт тохъуэ израил цІыхухэр Мысырым пщылІу зэрыщыІам»,— жеІэ Дэвид Рол.

Джон Бимсон жеІэ: «Израил цІыхухэр Мысырым щыІауэ икІи абы къикІыжауэ Библием ит псалъэхэм тхыдэм тегъэщІа лъабжьэ быдэ яІэщ».

a «Семит» псалъэр Щэм (Сим) цІэм къытехъукІащ, ар Нухь и къуищым щыщ зыт. Щэму къыщІэкІынщ эламитянхэр, ассирийцхэр, халдейхэр, журтхэр, сирийцхэр икІи Аравием щыпсэу лъэпкъхэр къызытехъукІар.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын