ДИ ГЪАЩІЭР
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ зэманым хъыбарыфІыр нэхъыбэу зэрыбгъэІуным хущІэкъу
Илъэс къэс Иеговэ и лэжьакІуэхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щагъэлъапІэ махуэм йожьэ. Псом хуэмыдэу Хьисэ Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ зэманым Іэмал диІэщ щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІыну икІи щытхъу къыхуэтхьыну (Еф 1:3, 7). Дэ къарууэ диІэр идохьэлІэ а махуэ лъапІэм нэгъуэщІхэр къедгъэблэгъэн щхьэкІэ. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я Іуэхухэр траухуащ гъатхэпэ мазэмрэ мэлыжьыхьымрэ сыхьэт 30-кІэ е 50-кІэ подсобнэ пионеру лэжьэн щхьэкІэ. Ухуейт уэри а зэманым нэхъыбэу хъыбарыфІыр бгъэІуну? Ухуейуэ щытмэ, сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
Зэман иІэу ди Іуэхухэр зэтедухуэмэ, дэ нэхъыбэ тхузэфІокІ (Пр 21:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ махуэр псынщІэу къэблэгъэнущи, иджыпсту щыщІэдзауэ уи Іуэхур зэтебухуэмэ нэхъыфІщ. ХъыбарыфІыр нэхъыбэу бгъэІун щхьэкІэ сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъунуми икІи ахэр къохъулІэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунуми егупсыси, Иеговэ елъэІу уи мурадхэр къыуигъэхъулІэну (1Ин 5:14, 15).
Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэ зэманым хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ сыт уэ пщІэ хъунур?