ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb23 Январь н. 11
  • Иеговэ и гупсысэкІэр зэгъэгъуэт

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и гупсысэкІэр зэгъэгъуэт
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Иеговэ зыгъэгуфІэн унафэхэр къафщтэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Библием махуэ къэс уеджэурэ Іущагъ зэгъэгъуэт
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Адэ-анэхэ, Иеговэ фІыуэ ялъагъуу фи сабийхэр вгъасэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
mwb23 Январь н. 11

ДИ ГЪАЩІЭР

Иеговэ и гупсысэкІэр зэгъэгъуэт

Дэ тщІэ псомкІи Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуейщ (Пр 27:11). Унафэ гуэр къэтщтэну дыхуейуэ, ауэ абы хуэкІуэ хабзэ пыухыкІа щыщымыІэ къохъу. Апхуэдэм дежи ди Іуэхум Иеговэ и еплъыкІэкІэ деплъын хуейщ. Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур?

Махуэ къэс Библиер дджын хуейщ. Библием дыщеджэм деж дэ Иеговэ и гъусэу зэман дгъакІуэу жыпІэ хъунущ. Библием дыщеджэкІэ Иеговэ и лъэпкъым дапхуэдэу хущытами дэ долъагъу икІи абы едэІуахэмрэ емыдэІуахэмрэ я щапхъэм догупсыс. Абы и фІыгъэкІэ дэ Иеговэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдощІэ. Унафэ къыщытщтэн хуейм деж Алыхьым и къару лъапІэм Библием къыщытщІа принципхэр дигу къигъэкІыжыфынущ (Ин 14:26).

Уи упщІэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Унафэ къэпщтэн ипэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Мы упщІэм теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэр къызгурыІуэн щхьэкІэ Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэхэмрэ хъыбархэмрэ къыздэІэпыкъуну?» Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Библием ит принципхэр къэбгъуэтын икІи ахэр къызэрыбгъэсэбэп хъуну щІыкІэр нэхъыфІу къыбгурыІуэн щхьэкІэ ди организацэм къыдигъэкІауэ уи бзэкІэ щыІэ Іэмэпсымэхэр къэгъэсэбэп (Пс 25:4).

«МЫ ДОЛЖНЫ БЕЖАТЬ „СО СТОЙКОСТЬЮ“. ПОЛНОЦЕННО ПИТАЙТЕСЬ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Видеом хэта ди шыпхъу ныбжьыщІэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа?

  • Ди шыпхъур зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэхэм хуэдэ уихуэмэ, уи упщІэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр къыбдэІэпыкъуну?

  • Библиер дджын икІи ди упщІэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІмэ, ар дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъунур унафэ пэж къэтщтэну? (Евр 5:13, 14).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын