ДИ ГЪАЩІЭР
ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?
ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр бгъэхьэзырыным къару куэд ехьэлІэн хуейщ икІи къуэшхэм ахэр щагъэхьэзыркІэ куэдым йогупсыс. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэм жаІэ ахэр фІы дыдэу къазэрыдэІэпыкъур. ХъыбарыфІыр зыхуэтІуатэ цІыхухэр зэрызэмыщхьым къыхэкІкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр щагъэІукІэ я щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэным елъытауэ я бгъэдыхьэкІэхэмрэ темэхэмрэ яхъуэж хъунущ. Ауэ кампание хэха щыщыІэм деж къыдат унафэм дытетын хуейщ. Дэ ди къалэныр — Хьисэ къытхуищІа унафэм дытету Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуныращ (Мт 24:14).
ЗэІущІэм зэрызыдгъасэ заданиехэр щыдгъэзащІэм деж «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым ит цІыхум узэрепсалъэ хъун планым и темэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Ауэ а планым теухуауэ нэгъуэщІ унафэ щымыІэмэ, а щІыпІэм тещІыхьауэ псалъэмакъыр зэрыщІэддзэну упщІэр, Библием ит едзыгъуэр, къызэІухауэ къэдгъэнэну упщІэр дэ езым къыхэтх хъунущ. Мы унафэхэм 2020-нэ гъэм мэкъуауэгъуэм къыдэкІа дызэрылажьэ тхылъым и 8-нэ напэкІуэцІым ит унафэхэр ехъуэж.