ХЪЫБАРЫФІЫР НЭХЪЫФІУ ДГЪЭІУУ ЗЫДОГЪАСЭ
Брошюрэр дгуэшын щхьэкІэ зэрыщІэддзэ хъун псалъэхэр зэрыдгъэхьэзыр хъуныр
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР. Публикациер ептын щхьэкІэ зэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр дызэрылажьэ тхылъым итщ. Ауэ а псалъэхэр гъэкІэщІауэ щытщи, щхьэж езым и псалъэкІэ жиІэн хуейщ. Уэ нэгъуэщІ бгъэдыхьэкІэ къэбгъэсэбэпыну е уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм нэхъ гъэщІэгъуэн ящыхъуну къыпщыхъу темэм гу лъебгъэтэну нэхъ къапщтэу къыщІэкІынущ. Апхуэдэу щытмэ, брошюрэм уеджа иужь икІи зэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэмрэ видеороликхэмрэ уеплъа иужь, уэ езым зэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр къэбгупсысын щхьэкІэ, ищІагъым къыщыхьа чэнджэщхэр къэбгъэсэбэп хъунущ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ЗэупщІыж: «ЗэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэм щыщ зы къэзгъэсэбэпыну сыхуей?»
НТІЭ
Къызэребгъэжьэну псалъэхэр къэгупсыс. ЦІыхум сэлам ехи, укъыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр жыІэ. (Псалъэм папщІэ, жыІэ: «Сэ сыкъыщІэкІуар...»)
Егупсыс упщІэм иужь Библием ит едзыгъуэм узэрыхуэкІуэным икІи едзыгъуэм иужь публикацием узэрытехьэным. (Псалъэм папщІэ, едзыгъуэм укъеджэн ипэ, жыпІэ хъунущ: «А упщІэм и жэуапыр мыбы итщ».)
ХЬЭУЭ
Брошюрэм ит темэхэм щыщу фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэмрэ уэрэ нэхъ ффІэгъэщІэгъуэныр къыхэх
ЦІыхур егупсысын щхьэкІэ икІи псалъэмакъыр къыбдиІыгъын щхьэкІэ упщІэ ептыным егупсыс, ауэ а упщІэм цІыхур игъэукІытэн хуейкъым. (Псалъэм папщІэ, брошюрэм и 2-нэ напэкІуэцІым къыщыхьа упщІэхэр къэгъэсэбэп.)
Библием щыщ укъызэджэну едзыгъуэр къыхэх. (Библиер фІыуэ зымыцІыху е диным дзыхь хуэзымыщІхэм щхьэкІэ ятха брошюрэ щыбгуэшкІэ едзыгъуэм укъемыджэми хъунущ.)
Узэпсалъэр статьям еджэмэ сэбэп къыхуихьынур зы псалъэухакІэ е тІукІэ жыІэ
СЫТ КЪЫХОМЫХАМИ
ЕтІуанэу тебгъэзэжа иужь упщІэ зэпкърыпхынур къэгупсыс
ЕтІуанэу тебгъэзэжа иужь псалъэмакъыр зэрыбухуэным и план зэхэлъхьэ