ДИ ГЪАЩІЭР
Буклетхэр къэбгъэсэбэпу цІыхум уепсэлъэн зэрыщІэбдзэ хъуныр
2018 гъэм и щІышылэм къыщыщІэдзауэ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъхэм и япэ напэкІуэцІхэм цІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр иту къыдагъэкІ. АбыкІэ къуэшхэм дыхуагъэуш цІыхухэм публикациехэр етт къудейуэ щымыту, абыхэм депсэлъэну. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэм апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм зрагъэсэн щхьэкІэ Библием фІэкІа къомыгъэсэбэпу цІыхухэм уепсэлъэн зэрыщІэбдзэ хъуныр къэзыгъэлъагъуэ видеороликхэр ди организацэм къыдегъэкІ. Абы къикІрэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ щыдгъэІукІэ публикациехэр къэдгъэсэбэпын хуэмейуэ (псалъэм папщІэ, электроннэ форматкІэ)? Хьэуэ! Псалъэм папщІэ, буклетхэр цІыхухэм епсэлъэн зэрыщІэбдзэ хъуну ІэмэпсымэфІщ. Уэ сыт хуэдэ буклет къыхомыхами, мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэ къэбгъэсэбэп хъунущ:
Буклетым и япэ напэкІуэцІым ит упщІэр тыи абы ит жэуапхэри къебжэкІ.
ЕтІуанэ напэкІуэцІым и щхьэм деж ит едзыгъуэм къеджи, а упщІэм Библием ирит жэуапыр егъэлъагъу. ЦІыхум зэман иІэу щытмэ, 2-нэ, 3-нэ напэкІуэцІхэм ит гупсысэхэм щыщ къеджэ.
УІукІыжын ипэ иужьрей напэкІуэцІым ит «Егупсысыт» жыхуиІэ псалъэм кІэщІэт упщІэм гу лъегъати, абы Библием жэуап зэрыритыр иужькІэ ебгъэлъэгъуну гурыІуэ.
ЕтІуанэ къэкІуэгъуэм къэбгъэна упщІэм Библием жэуап зэрыритым тепсэлъыхь икІи иужькІэ сыт хуэдэ упщІэ зэпкърыфх хъунуми фызэгурыІуэ. Ди сайтым е буклетым и иужьрей напэкІуэцІым къыщыхьа публикацием зэпкърыпх хъуну упщІэр къыщыбгъуэтыфынущ. «Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр» жыхуиІэ брошюрэм е хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ публикацие гуэрым ит гупсысэхэри цІыхум ущепсалъэкІэ къэбгъэсэбэп хъунущ.