АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 21, 22
Иеговэ гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу уэри хущыт
Иеговэ и дежкІэ дэтхэнэ зы цІыхуми и гъащІэр лъапІэщ. Дэри гъащІэм апхуэдэ еплъыкІэ худиІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
НэгъуэщІхэр уи гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ плъагъуу икІи пщІэ яхуэпщІу зегъасэ (Мт 22:39; 1Ин 3:15).
ХъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу узэрыхэтымкІэ уи лъагъуныгъэр гъэлъагъуэ (1Кр 9:22, 23; 2Пт 3:9).
Уи гъащІэми нэгъуэщІхэм я гъащІэми хуэсакъ икІи абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр зыщомыгъэгъупщэ (Пр 22:3).
НэгъуэщІхэм я лъыр къыттемыхуэн щхьэкІэ, гъащІэм пщІэ зэрыхуэтщІым дауэ дыкъызэрихъумэр?