ШыщхьэІум и 31 — фокІадэм и 6
ИСХОД 21, 22
141-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Иеговэ гъащІэм зэрыхущытым хуэдэу уэри хущыт» (дакъ. 10)
Исх 21:20. Иеговэ цІыху укІыныр гуэныхьышхуэу къелъытэ (it-U «Бить, побои», абз. 2)
Исх 21:22, 23. Иеговэ иджыри къамылъхуа сабийм и гъащІэр лъапІэу елъытэ (lvs 95, абз. 16)
Исх 21:28, 29. Дэ ди гъащІэм дыхуэсакъыжыну Иеговэ къытщогугъ (w10-U 15/4 29, абз. 4)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
Исх 21:5, 6. Мы едзыгъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр? (w10-U 15/1 4, абз. 4, 5)
Исх 21:14. Мы едзыгъуэм сыт къикІыр? (it-U «Рог», подзаг. «Рога жертвенников», абз. 4)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Исх 21:1—21 (th 5-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. ЦІыхур зэІущІэм къегъэблагъэ (th 2-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеороликым узэпсалъэ цІыхум гу лъегъати зэпкърых (езы видеороликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 20-нэ урокыр).
Псалъэ (дакъ. 5 е нэхъ мащІэ): w09-U 1/4 31. «Иеговэ — зеиншэхэм я Адэщ» жыхуиІэ темэр (th 19-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«Алыхьым и дежкІэ дэтхэнэ зы цІыхуми и гъащІэр лъапІэщ» (дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын. Мы видеороликыр гъэлъагъуэ. Абы иужь къодаІуэхэм еупщІ: цІыхубзыр щыуэндэгъум деж сыт хуэдэ гугъуехьхэр къыкъуэкІынкІэ хъуну? Исход 21:22, 23 зэритымкІэ, сабий егъэкъутэжыным дауэ Алыхьыр зэрыхущытыр? Иеговэ и жагъуэ зымыщІын унафэ къэпщтэн щхьэкІэ, иныкъуэхэм деж фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ ущІыхуейр сыт? ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ гугъэм сыт хуэдэ гупсэхугъуэ къыдитрэ?
Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къытхуихьыр? (дакъ. 5). 2010 гъэм, щІышылэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и н. 4, абз. 4—7 итым тегъэщІа псалъэ. Библие зыджхэр хуэгъэуш я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иралъхьэу псым зыщІагъэуэну мурад ящІыну.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): bhs пс. 15, абз. 8—14
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
15-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ