ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb20 Август н. 3
  • Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ хуэпэжу щыт

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ хуэпэжу щыт
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. ЛІыгъэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • ЛІыгъэ зыхэбгъэлъыну пхузэфІэкІынущ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • «ЛІыгъэ... зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • ЛІыгъэ къысхэлъхьэ!
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
mwb20 Август н. 3

ДИ ГЪАЩІЭР

Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ хуэпэжу щыт

АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Куэд мыщІэу Іуэхугъуэ телъыджэхэр къэхъунущ. А зэманым дэ псом хуэмыдэу Иеговэ дзыхь хуэтщІын икІи лІыгъэ дгъэлъэгъуэн хуей хъунущ. Дин нэпцІыр зэрагъэкІуэдынумкІэ гузэвэгъуэшхуэр щІидзэнущ (Мт 24:21; Апок 17:16, 17). А зэман гугъум дэ Иеговэ и хьэкумым теухуа хъыбар шынагъуэр дгъэІуну къыщІэкІынущ (Апок 16:21). Дэ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыттеуэнущ (Иез 38:10—12, 14—16). Ауэ Иеговэ и лъэпкъыр къихъумэнущ икІи Армагеддон зауэмкІэ ахэр къригъэлынущ (Апок 16:14, 16). А Іуэхугъуэхэр къыщыхъукІэ лІыгъэ тхэлъын щхьэкІэ, дэ иджыпсту щыщІэдзауэ диІэ гугъуехьхэм емылъытауэ Иеговэ хуэпэжу дыщытын хуейщ.

АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:

  • Иеговэ и хабзэхэм быдэу тет (Иса 5:20).

  • Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу адэкІи Иеговэ хуэлажьэ (Евр 10:24, 25).

  • Иеговэ и организацэм ищІ унафэхэр занщІэу гъэзащІэ (Евр 13:17).

  • Япэм щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрыригъэлу щытам егупсыс (2Пт 2:9).

  • Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи абы дзыхь хуэщІ (Пс 112:7, 8).

«КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ ЛІЫГЪЭ ДЫЩЫХУЭНЫКЪУЭНУ ІУЭХУГЪУЭХЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ И ЗЫ ІЫХЬЭ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • НэгъуэщІ зэхуэсым кІуэну къуэш, шыпхъухэм щыжраІам абыхэм жыІэдаІуэныгъэ ягъэлъэгъуэну щІафІэмытыншар сыт?

  • ЛІыгъэмрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ дауэ зэрызэпхар?

  • Армагеддон зауэм деж дэ лІыгъэ щІэдгъэлъэгъуэн хуейр сыт?

  • ЛІыгъэ щыбгъэлъэгъуэн хуей хъуну Іуэхугъуэхэм иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэгъэхьэзыр

    Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэрыригъэлыфынум Библием щыщ сыт хуэдэ пычыгъуэ щыхьэт техъуэр? (2Лт 20:1—24).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын