ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Сентябрь н. 27—32
  • «ЛІыгъэ... зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «ЛІыгъэ... зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЛІЫГЪЭ ЗЫГЪЭЛЪЭГЪУАХЭМ Я ЩАПХЪЭХЭР
  • СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ДЕЖ ЛІЫГЪЭ ЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ХУЕЙР
  • ЗЭХУЭСЫМ ЛІЫГЪЭ ЗЭРЫЩЫДГЪЭЛЪАГЪУЭ ХЪУНЫР
  • «ИЕГОВЭ... УИ ГЪУСЭЩ»
  • ЛІыгъэ зыхэбгъэлъыну пхузэфІэкІынущ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • ЛІыгъэ къысхэлъхьэ!
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
  • Алыхьым ифІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэ. ЛІыгъэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Сентябрь н. 27—32

«ЛІыгъэ... зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ»

«ЛІыгъэрэ теубыдагъэрэ зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ. Умышынэ икІи умыгужьей, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхь Иеговэ... уи гъусэщ» (1 ЛЕТ. 28:20).

УЭРЭДХЭР: 38, 34

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • НыбжьыщІэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ дауэ лІыгъэ зэрагъэлъэгъуэфынур?

  • Зи ныбжьыр хэкІуэта ди шыпхъухэм дапщэщ лІыгъэ щагъэлъэгъуэн хуейр?

  • Къуэшхэм лІыгъэ дауэ зэрагъэлъэгъуэфынур?

1, 2. 1) Сэлмэн сыт хуэдэ лэжьыгъэшхуэт къыпэщылъыр? 2) Сытыт Даут Сэлмэн щхьэкІэ щІэгузавэр?

СЭЛМЭН лэжьыгъэшхуэ къыпэщылът. Иеговэ ар къыхихат мыхьэнэшхуэ зиІэ ухуэныгъэ иригъэкІуэкІыну — абы Алыхьым и Унэшхуэр Ерусалим щищІын хуейт. А унэм «и дахагъэр дуней псом щыІун хуейт». ИкІи абы апхуэдэу мыхьэнэшхуэ щІиІэр ар «Алыхь закъуэ Иеговэ и унэ» зэрыхъун хуейр арат (1 Лет. 22:1, 5, 9—11).

2 Даут шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ Сэлмэн зэрыдэІэпыкъуным. Ауэ ар «иджыри щІалэт» икІи ухуэныгъэм теухуауэ щІэныгъэ бгъэдэлътэкъым. Сэлмэн лІыгъэ хурикъуну пІэрэ Иеговэ и унэр иухуэну, хьэмэрэ абы и ныбжьыр зэран къыхуэхъуну? А къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, абы лІыгъэ хэлъу а лэжьыгъэм иужь ихьэн хуейт.

3. ЛІыгъэм теухуауэ Сэлмэн и адэм и щапхъэм сытым хуригъэсауэ щыта?

3 Сэлмэн Даут и щапхъэм лІыгъэм теухуауэ куэдым хуригъэсауэ къыщІэкІынущ. Даут иджыри щІалэу и адэм и мэлхэр щигъэхъум абыхэм къатеуа аслъэнымрэ мыщэмрэ иукІат (1 Сам. 17:34, 35). Абы лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуащ иныжьым щыпэщІэувам щыгъуэ. Алыхьым и фІыщІэкІэ Даут мывэ пІащІэкІэ зауэлІ Іэзэу щыта ДжэлутІ иукІащ (1 Сам. 17:45, 49, 50).

4. Сытыт Сэлмэн лІыгъэ щІыхуейр?

4 Даут езым лІыгъэшхуэ зэрыхэлъам щхьэкІэ, Сэлмэн лэжьыгъэ къыпэщылъым лІыгъэ хэлъу иужь ихьэну хуигъэушыфынут. (Къеджэ 1 Летопись 28:20a.) Сэлмэн лІыгъэ хуримыкъуатэмэ, шынэ къытекІуэу, абы а лэжьыгъэр щІимыдзэнкІэ хъунт. ИкІи ар нэхъ шынагъуэт а лэжьыгъэр щІидзэу, и кІэм нимыгъэсыным нэхърэ.

5. Сыт дэ лІыгъэ щІытхэлъын хуейр?

5 Дэри Иеговэ къытхуигъэфэща къалэнхэр Сэлмэн хуэдэу лІыгъэ тхэлъу дгъэзэщІэн щхьэкІэ Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэщ. Абы щхьэкІэ пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм лІыгъэ зэрагъэлъэгъуам дытепсэлъыхьынщ. Абы нэмыщІ дэри лІыгъэ зэрыдгъэлъэгъуэфыныр икІи Иеговэ къытхуигъэфэща къалэнхэр зэрыдгъэзэщІэфыныр зэпкърытхынщ.

ЛІЫГЪЭ ЗЫГЪЭЛЪЭГЪУАХЭМ Я ЩАПХЪЭХЭР

6. Сыт гъэщІэгъуэну хэлъыр Исуф лІыгъэ зэригъэлъэгъуам?

6 Дигу къэдгъэкІыжынщ Исуф ищІар Потифар и щхьэгъусэм ар иригъусэну щыхигъэзыхьам. Исуф ищІэу къыщІэкІынт а цІыхубзым жиІэр имыгъэзащІэмэ абы кърикІуэныр. Ауэ абы емылъытауэ Исуф шынэ зытригъэкІуакъым. Ар зэрыщІэпхъуэжамкІэ лІыгъэ игъэлъэгъуащ (ЩІэдз. 39:10, 12).

7. Рахав лІыгъэ зэригъэлъэгъуам фытепсэлъыхьыж. (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

7 ЛІыгъэ зыхэлъахэм ящыщ зыщ Рахав. Израилым къикІыу тІасхъэщІэхитІ Ерихон къыщыкІуам щыгъуэ Рахав шынэ зытригъэкІуатэмэ, абыхэм дэмыІэпыкъункІэ хъунут. Ауэ абы Иеговэ дзыхь хуищІти тІасхъэщІэххэр и деж щигъэпщкІуащ икІи ахэр щІэпхъуэжыну дэІэпыкъуащ (Иис. Н. 2:4, 5, 9, 12—16). Рахав и фІэщ хъут Иеговэ Алыхь пэжу зэрыщытыр икІи абы израил лъэпкъым къызэригъэгугъа щІыналъэр зэрыритынур. Ар зыми щышынакъым, Ерихон и пащтыхьми, абы и цІыхухэми. Апхуэдэу Рахав езым и гъащІэри и унагъуэри къригъэлащ (Иис. Н. 6:22, 23).

8. Хьисэ лІыгъэ зэрыхэлъар дауэ и апостолхэм зэрыдэІэпыкъуар?

8 Хьисэ и апостол пэжхэми лІыгъэм теухуауэ щапхъэфІ къытхуагъэнащ. Абыхэм Хьисэ лІыгъэ зэригъэлъагъуэу щытар ялъэгъуащ икІи абы и щапхъэр езыхэми а хьэл-щэныр зыхалъхьэну къадэІэпыкъуащ (Мт. 8:28—32; Ин. 2:13—17; 18:3—5). Апостолхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэтакъым, саддукейхэр къащыпэщІэувам щыгъуи (Апост. 5:17, 18, 27—29).

9. 2 Тимофей 1:7 зэрыжиІэмкІэ, хэт дэ лІыгъэ къытхэзылъхьэфынур?

9 Исуфи, Рахави, Хьиси, апостолхэми лІыгъэ яхэлъу пэжым тетыну хущІэкъут. Ахэр зыщыгугъар я къаруракъым, атІэ Иеговэщ. Дэри лІыгъэ щыдгъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэ дыпэщІэхуэмэ, ди щхьэм дыщымыгугъыжу Иеговэ дыщыгугъын хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 1:7.) АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ унагъуэми зэхуэсми лІыгъэ зэрыщыдгъэлъэгъуэфыным.

СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ДЕЖ ЛІЫГЪЭ ЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭН ХУЕЙР

10. Сыт Алыхьым хуэлажьэ ныбжьыщІэхэм лІыгъэ хэлъын щІыхуейр?

10 Алыхьым хуэлажьэ ныбжьыщІэхэр лІыгъэ щагъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэхэм щІэх-щІэхыурэ хуозэ. Абыхэм Сэлмэн щапхъэ трах хъунущ. А пащтыхьым лІыгъэ зэрыхэлъар Алыхьым и Унэшхуэр щиухуэм унафэ пэж ищІахэм къыхощ. ДауикІ, Иеговэ хуэлажьэ ныбжьыщІэхэр я адэ-анэхэм ечэнджэщын хуейщ, ауэ абыхэм езыхэми мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр ящІын хуейщ (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр.) ЛІыгъэр дэ къыддэІэпыкъунущ Іущагъ дгъэлъэгъуэну ныбжьэгъухэмрэ зэрызыдгъэпсэхун щІыкІэмрэ къыщыхэтхым деж, абы нэмыщІ къабзагъэ тхъумэну икІи ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэну лІыгъэм дытригъэгушхуэнущ. Апхуэдэ лъэныкъуэхэмкІэ унафэ пэж зыщІ ныбжьыщІэхэр Алыхьыр зыгъэкъуэншэну иужь ит ШейтІаным пэщІоувэ.

Сыт щыгъуи лІыгъэ вгъэлъэгъуэну фыхьэзыр? (13—17 абзацхэм феплъ.)

11, 12. 1) Дауэ Мусэ лІыгъэ зэригъэлъэгъуар? 2) Дапхуэдэу ныбжьыщІэхэм Мусэ щапхъэ зэрытрахыфынур?

11 Иеговэ хуэлажьэ ныбжьыщІэхэм я гъащІэм сыт япэ ирагъэщынми къыхахын хуейщ. Языныкъуэ къэралхэм ныбжьыщІэхэр хуагъэуш школыр къауха нэужь щІэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну е ахъшэфІ къыщалэжьыфын лэжьапІэ къагъуэтыну. ЦІыхухэр хуэмыщІауэ щыпсэу къэралхэм ныбжьыщІэхэм я гугъэщ я унагъуэм ахъшэкІэ дэІэпыкъуныр я къалэн нэхъыщхьэу. Зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм хуэдэ дэри дитмэ, Мусэ и щапхъэм дегупсыс хъунущ. Ар фирхьэуным и пхъум зэрипІам къыхэкІкІэ абы увыпІэ лъагэрэ мылъкурэ зригъэгъуэтыну Іэмал иІат. Абы хущІэкъуну хуагъэушу щытауэ къыщІэкІынущ ар щапІа унагъуэм щыщхэм, и егъэджакІуэхэм, и чэнджэщэгъухэм. Ауэ Мусэ абыхэм жаІэм емыдаІуэу, и гъащІэр Алыхьым иритыну мурад ищІат. Абы Іэмал иІахэр къимыгъэсэбэпу Алыхьым зэрыщыгугъамкІэ лІыгъэ къигъэлъэгъуащ (Евр. 11:24—26). Иеговэ Мусэ и нэфІ щыхуащ икІи къэкІуэну зэманми абы фІыгъуэ куэд хуигъэхьэзыращ.

12 Апхуэдэу ныбжьыщІэхэм лІыгъэ яхэлъу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ мурадхэр щагъэувым икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ щрагъэщым деж, Иеговэ абыхэм арэзы яхуохъу. Абыхэм я унагъуэхэр зыхуей хуагъэзэну Иеговэ дэІэпыкъунущ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа ныбжьыщІэ Тимофей Иеговэ и лэжьыгъэр зэригъэкІуэтэным хущІэкъут. Фэри абы и щапхъэм фытет хъунущb. (Къеджэ Филиппи 2:19—22.)

13. Сыт ди зы шыпхъу ныбжьыщІэм мурад ищІахэр къехъулІэн щхьэкІэ лІыгъэ щІыхуеяр?

13 Алабамэ (США) щыщ ди зы шыпхъур лІыгъэ хуейт Иеговэ и лэжьыгъэр япэ иригъэщын щхьэкІэ. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ сыщыцІыкІуам укІытэх Іейуэ сыщытащ. ЗэІущІэм къакІуэ цІыхухэм сепсэлъэну къызэгугъуэкІт, абы нэхърэ нэхъ гугъужт сымыцІыхухэм я деж сыкІуэу хъыбарыфІымкІэ садэгуэшэну». Ауэ абы и адэ-анэмрэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ къызэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ абы и мурадыр къехъулІащ — пионеру лэжьэн щІидзащ. Абы жеІэ: «ШейтІаным и дунейм ди фІэщ ищІыну хуейщ нэхъыщхьэ щІэныгъэ, щІыхь, ахъшэ, мылъку нэхъыбэ зэдгъэгъуэтыныр мурадыфІу щыту. Ауэ апхуэдэ мурадхэр и нэхъыбэм къомыхъулІэу, гуауэрэ гукъеуэрэ фІэкІ къыпхуахькъым. Ауэ Иеговэ сэ сызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэшхуэрэ гупсэхугъуэрэ къысхуехь».

14. Адэ-анэхэм дапщэщ лІыгъэ щагъэлъэгъуэн хуейр?

14 Сабий зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэми лІыгъэ яхэлъын хуейщ. Унагъуэм зэгъусэу Библиер вджыну, хъыбарыфІыр вгъэІуну е зэІущІэм фыкІуэну щытевухуа зэманыр лэжьыгъэм тевгъэкІуэдэну лэжьапІэм фи нэхъыщхьэр щІэх-щІэхыурэ къывэлъэІункІэ хъунущ. ЛІыгъэ пхэлъын хуейщ лэжьыгъэр япэ йомыгъэщу уи сабийхэм щапхъэфІ ебгъэлъэгъун щхьэкІэ. Е къэхъункІэ хъунущ фэ фи сабийхэм хуэвмыдэр нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм я сабийхэм хуадэу. Апхуэдэ адэ-анэхэр фи сабийхэм зыгуэр щІыхуэвмыдэр къащІэну хуейуэ къыщывэупщІым деж, лІыгъэ фхурикъуну пІэрэ абы и щхьэусыгъуэр щабэу къагурывгъэІуэну?

15. Псалом 37:25-мрэ Еврейхэм 13:5-мрэ ит псалъэхэр дауэ адэ-анэхэм зэрыдэІэпыкъур?

15 ЛІыгъэ пхэлъын хуейщ уи сабийр Алыхьым гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр игъэувыну хуэбгъэушын щхьэкІэ. Языныкъуэ адэ-анэхэм я сабийхэр хуагъэушкъым пионеру лэжьэну, хъыбарыфІыр зылъэмыІэса щІыпІэхэм кІуэну, Вефилым щылэжьэну е ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтыну. Ахэр гузавэу къыщІэкІынщ я ныбжьыр хэкІуатэмэ я сабийхэр абыхэм дэмыІэпыкъуфыну. Ауэ Іущагъ зыхэлъ адэ-анэхэм Алыхьым ахэр къызэримыгъэнэныр быдэу я фІэщ мэхъу. (Къеджэ Псалом 37:25c; Еврейхэм 13:5.) ЛІыгъэ зыхэлъ икІи Иеговэ щыгугъ адэ-анэхэм я сабийхэр хуагъэуш я щапхъэм тетыну (1 Сам. 1:27, 28; 2 Тим. 3:14, 15).

16. Иеговэ гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр ягъэувыну языныкъуэ адэ-анэхэр я сабийхэм дауэ зэрыдэІэпыкъуар икІи абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къахуихьа?

16 Америкэм щыщ зэлІзэфызым я сабийхэр хуагъэушт Алыхьым гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэм хущІэкъуну. Унагъуэм и нэхъыжьым жеІэж: «Ди сабийхэм псалъэкІи къэкІухьыкІи зрамыгъасэ щІыкІэ дэ абыхэм яжетІэт пионеру улэжьэным икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм удэІэпыкъуным гуфІэгъуэшхуэ къызэрыпхуихьыр. Иджы езыхэри абы хущІокъу. Ди сабийхэм апхуэдэ мурадхэр зэраІэр къадоІэпыкъу ШейтІаным и дунейм пэщІэтыну икІи Иеговэ и лэжьыгъэр япэ ирагъэщыну». СабиитІ зиІэ ди къуэшми жеІэ: «Адэ-анэ куэдым къарурэ зэман куэдрэ трагъэкІуадэ, я сабийхэм спортымкІэ, искусствэмкІэ ехъулІэныгъэ яІэн щхьэкІэ е щІэныгъэшхуэ зрагъэгъуэтын щхьэкІэ. Ауэ абы нэхърэ нэхъыфІщ уи сабийхэм Иеговэ ныбжьэгъу хуэзыщІын мурадхэм хущІэкъуну удэІэпыкъумэ. Дэ ди сабийхэм я мурадхэр къызэрехъулІам икІи ахэр абы зэрыхуэдгъэушыфам гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь». Иеговэ хуэлэжьэну зи сабийхэм дэІэпыкъу адэ-анэхэм шэч хэмылъу Иеговэ и гур ягъэгуфІэ.

ЗЭХУЭСЫМ ЛІЫГЪЭ ЗЭРЫЩЫДГЪЭЛЪАГЪУЭ ХЪУНЫР

17. Зэхуэсым лІыгъэ дапщэщ щыгъэлъэгъуэн хуейр?

17 Зэхуэсми лІыгъэ щыдгъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм а хьэл-щэныр яхэлъын хуейщ зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь ищІауэ абы и Іуэхур щызэпкърахым деж е къуэш, шыпхъухэр сымаджэщым щІэхуауэ я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ шынагъуэ щыщыІэм деж. Языныкъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр тутнакъхэм макІуэ, абы исхэр Библием ирагъэджэн щхьэкІэ. Щхьэгъусэ зимыІэ шыпхъухэми лІыгъэ ягъэлъэгъуэфынущ. Апхуэдэ шыпхъу куэдым Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэну мурад ящІ, псалъэм папщІэ пионеру мэлажьэ, хъыбарыфІыр зылъэмыІэса щІыпІэхэм мэІэпхъуэ, ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ, «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм щоджэ. Языныкъуэ шыпхъухэм Школа Галаадми кІуэну Іэмал яІэщ.

18. Дауэ зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъухэм лІыгъэ зэрагъэлъэгъуэфынур?

18 Зи ныбжьыр хэкІуэта ди шыпхъухэр дэ фІыуэ долъагъу икІи лъапІэу долъытэ. Пэжщ, абыхэм щыщ гуэрхэм япэм Иеговэ хуащІэу щытам хуэдиз хуащІэжыфкъым. Ауэ абы емылъытауэ абыхэм лІыгъэ ягъэлъэгъуэфынущ. (Къеджэ Титу 2:3—5.) Псалъэм папщІэ, зи ныбжьыр хэкІуэта ди шыпхъум зэхуэсым и нэхъыжьхэр къелъэІуфынущ ди шыпхъу ныбжьыщІэ гуэрым и теплъэм теухуауэ чэнджэщ иритыну. ДауикІ, абы щхьэкІэ лІыгъэ пхэлъын хуейщ. Зи ныбжьыр хэкІуэта ди шыпхъум ди шыпхъу ныбжьыщІэм и теплъэм щхьэкІэ емышхыдэу, щабэу къыгуригъэІуэфынущ, абы и зыхуэпэкІэр нэгъуэщІхэм зэран зэрыхуэхъуфынур (1 Тим. 2:9, 10). Зи ныбжь хэкІуэтахэм я лъагъуныгъэр апхуэдэу щагъэлъагъуэм абы зэхуэсыр нэхъ зэкъуэт ещІ.

19. 1) Дауэ зэхуэсым щыщ къуэшхэм лІыгъэ зэрагъэлъэгъуэфынур? 2) Филиппи 2:13-мрэ 2 Коринф 4:7-мрэ итыр къуэшхэм лІыгъэ зыхалъхьэну дауэ къазэрыдэІэпыкъуфынур?

19 Зэхуэсым щыщ къуэшхэми лІыгъэ яхэлъын хуейщ. НэгъуэщІхэм щхьэкІэ нэхъыбэ зыщІэну хущІэкъу къуэшхэр зэхуэсым дэІэпыкъуэгъушхуэ хуохъу (1 Тим. 3:1). Ауэ иныкъуэхэр хущІэкъукъым къалэн нэхъыбэ ягъэзэщІэну. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым япэм щыуагъэ зэрищІам щхьэкІэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу е и нэхъыжьу щытыну хуэмыфащэу ибжу къыщІэкІынущ. А лэжьыгъэр яхуэмыгъэзэщІэнуи зи гугъэхэри щыІэщ. Фэри апхуэдэу фегупсысмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъунущ лІыгъэ зыхэфлъхьэну. (Къеджэ Филиппи 2:13; 2 Коринф 4:7.) Муси япэщІыкІэ Иеговэ и пщэ къыдилъхьа къалэныр хуэмыгъэзэщІэну и гугъуащ (Исх. 3:11). Ауэ абы Иеговэ лІыгъэ къыхилъхьащ икІи абы и фІыщІэкІэ Мусэ и къалэныр игъэзэщІащ. Зэхуэсым щыщ къуэшым лІыгъэ зыхилъхьэфынущ, Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэмэ икІи махуэ къэс Библием еджэмэ. Ар иджыри егупсыс хъунущ лІыгъэ зыгъэлъэгъуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэхэм. Апхуэдэ къуэшым и къалэныр нэхъыфІу игъэзэщІэн щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэсэну елъэІу хъунущ икІи езыри хьэзыру щытын хуейщ хузэфІэкІымкІэ нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуну. Дэ къуэшхэр псори худогъэуш лІыгъэ яхэлъу я зэхуэсхэм дэІэпыкъуну!

«ИЕГОВЭ... УИ ГЪУСЭЩ»

20, 21. 1) Сыт Даут Сэлмэн игу къигъэкІыжар? 2) Сыт дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъуныр?

20 Пащтыхь Даут Сэлмэн игу къигъэкІыжащ Алыхьым и Унэшхуэр ищІыху Иеговэ абы зэригъусэныр (1 Лет. 28:20). А псалъэхэр абы и гум хыхьащ икІи абы и ныбжьымрэ щІэныгъэ зэрыбгъэдэмылъымрэ зэран зыхуигъэхъуакъым а лэжьыгъэм пэрыхьэну. Абы лІыгъэшхуэ игъэлъагъуэри къыпэщылъ лэжьыгъэм иужь ихьащ икІи Алыхьым и фІыгъэкІэ илъэсиблрэ ныкъуэкІэ Алыхьым и Унэшхуэр иухуащ.

21 Иеговэ Сэлмэн зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу фэри лІыгъэ фхэлъу фи къалэнхэр унагъуэми зэхуэсхэми щывгъэзэщІэну къывдэІэпыкъунущ (Ис. 41:10, 13). ЛІыгъэ тхэлъу Иеговэ дыхуэлажьэмэ, дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ иджыпстуи къэкІуэну зэманми абы и нэфІ къызэрытщыхуэныр. Аращи, дыхущІэвгъэкъу сыт щыгъуи лІыгъэ дгъэлъэгъуэну!

a 1 Летопись 28:20: «Даут и къуэ Сэлмэн жриІащ: „ЛІыгъэрэ теубыдагъэрэ зыхэгъэлъ икІи Іуэху къыппэщылъым иужь ихьэ. Умышынэ икІи умыгужьей, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхь Иеговэ, си Алыхьыр, уи гъусэщ. Абы укъигъэнэнукъым икІи ар къыббгъэдэкІынукъым, Иеговэ и унэм пыщІа лэжьыгъэхэр и кІэм нэсыху“»

b Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІын мурадхэр къыдэхъулІэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъун чэнджэщхэр 2004 гъэм, бадзэуэгъуэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Пусть твои духовные цели прославляют Создателя» жыхуиІэ статьям къыщыбгъуэтынущ.

c Псалом 37:25: «Сэ ныбжьыщІэу сыщытащ икІи жьы сыхъуащ, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къигъэнауэ икІи абы и щІэблэр щІакхъуэ щхьэкІэ лъаІуэу слъэгъуакъым».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын